ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гулъытэ зэи  щремыщIэ

2020-10-06

  • Хабзэ хъуауэ, жэпуэгъуэ мазэм дэнэкIи щагъэлъапIэ Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэр. ПщIэрэ нэмысрэ сыт хуэдэ зэманми зыхуэщIыпхъэ нэхъыжьхэм гулъытэ хэха къызэралэжьым иджыри зэ дрегъэгупсыс абы. Нэхъыжьхэм тхузэфIэкI псомкIи защIэдгъэкъуэн хуейщ дапщэщи, ди псалъэ гуапэ нэхъыбэрэ зэрызэхедгъэхыным, я гъащIэр, я псалъэ Iущыр ди дежкIэ зэрылъапIэр зыхедгъэщIэным, я гукъыдэжыр къызэрытIэтыным дыхущIэкъуу.

  • Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэр ди щIыналъэми щагъэлъэпIащ. ЕджапIэхэм щекIуэкIащ а махуэм теухуа лэжьыгъэ. Класс сыхьэтхэм къриубыдэу егъэджакIуэхэм сабийхэм жраIащ абы къежьапIэ хуэхъуам теухуа хъыбархэр. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Зи ныбжь хэкIуэтахэм махуэ щхьэхуэ яхухэхынымкIэ жэрдэмыр япэ дыдэу къыщыхалъхьар Япониеращ. Жэрдэмыр 1947 гъэм къыхилъхьащ а къэралым и Хёго щIыналъэм щыIэ къуажэхэм ящыщ зым и Iэтащхьэ Кадоваки Масао. Абдежым щрагъажьэри, махуэ хэхам техуэу а щIыпIэм щрагъэкIуэкIын щыщIадзащ зи ныбжь хэкIуэтахэм гулъытэ хэIэтыкIа яхуэщIыным хуэгъэза псапащIэ Iуэхухэр, «Ди нэхъыжьыфIхэм я Iущагъыр ди тегъэщIапIэу къуажэм и гъащIэр идогъэфIакIуэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту. Зэман дэкIри, махуэшхуэр Японием и щIыпIэ псоми къыщащтащ. 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ жэпуэгъуэм   и 1-р Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэу (International Day of Older Persons) къалъытэным ехьэлIауэ.
  • Нэхъыжьхэм папщIэ гъэ къэс зэхашэу щытащ гуапагъэрэ хуабагъэкIэ гъэнщIа зэIущIэхэр, пшыхьхэр, псапащIэ Iуэхухэр къызэрагъэпэщ. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр «дыжьын уэшхыр зи щхьэцым хэшха» ди нэхъыжьыфIхэм я лъэр жан щIынырщ, гъащIэм и IэфIагъыр аргуэру зэ зыхегъэщIэнырщ, я гукъыдэжыр хъуэхъу дахэхэмкIэ къэIэтынырщ.
  • Мы гъэм апхуэдэ Iуэхугъуэхэр сакъыу фIэкIа ебгъэкIуэкI хъуркъым, коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм дэнэкIи зэрызыщиубгъуам къыхэкIыу. Апхуэдэу щытми, сабийхэр гуапэу ехъуэхъуащ я унэхэм щIэс, гъунэгъуу псэу нэхъыжьыфIхэм. Къапщтэмэ, Налшык дэт курыт школ №9-м и 2-нэ классым щIэс сабийхэр иджыблагъэ хьэщIапIэ хуэкIуащ зэшыпхъухэу Лобжанидзе Валентинэрэ Батырбековэ Лидэрэ.
  • Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зи сабиигъуэр ирихьэ-лIа а тIум Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэмкIэ ехъуэхъуныр жэрдэм ищIат «Урысейм и гугъапIэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и пашэ Букинэ Еленэ. Абы, сабийхэмрэ абыхэм я анэхэмрэ щIыгъуу, нэхъыжьыфIхэм удз гъэгъахэмрэ ерыскъы щIэщыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ яхьащ, унагъуэ Iуэху гуэрхэмкIи дэIэпыкъуэгъу хъуащ. Нанэхэ-ри гуапэу къаIущIащ хьэщIэхэм. Пхъэщхьэмыщхьэрэ IэфIыкIэкIэ сабийхэм къахуэупсащ, фэеплъ сурэтхэри зытрагъэхащ.
  • Дэри захудогъазэ ди нэхъыжьыфIхэм икIи дохъуэхъу узыншагъэ быдэ яIэну, я бынхэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм, гъунэгъухэм я гулъытэ щымыщIэу куэдрэ псэуну.
  • Къардэн Маритэ.