ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шурдым  Гъэзалий ящыгъупщэркъым

2020-10-06

  • Ди республикэм и къалащхьэ Налшык мы махуэхэм щекIуэкIащ «Электролит гъэткIуахэмрэ быдэхэмрэ я физическэ химиемрэ электрохимиемрэ» («Физическая химия и электрохимия расплавленных и твердых электролитов») фIэщыгъэр зиIэ XVIII Урысейпсо конференц, хамэ къэрал къикIа лIыкIуэхэри хэту. Ар зэхашащ ЩIДАА-м и академик, Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-м и член-корреспондент, КъБКъУ-м Химиемрэ биологиемкIэ и институтым неограническэ, физическэ химиемкIэ и кафедрэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Шурдым Гъэзалий Къасбот и къуэм (1934 — 2019) и фэеплъу.

  • ЩIэныгъэ зэхуэсыр къызэзыгъэпэщар Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыращ, РАН-м Уралым щиIэ къудамэм ЭлектрохимиемкIэ и институтымрэ Ельцин Борис и цIэр зезыхьэ Урал федеральнэ университетымрэ и гъусэу. Конференцым псори зэхэту кърихьэлIащ щIэныгъэлI 312-рэ. Ахэр я лIыкIуэт ди къэралым химие, электрохимие унэтIыныгъэхэм щелэжьу щыIэ щIэныгъэ центрхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, лэжьапIэ IэнатIэхэм. Апхуэдэ-уи конференцым и лэжьыгъэм хэтащ Инджылызым (University of Birmingham), США-м (Теннеси университет), Франджым (Ecole Nationale Superieure d Ingenieurs de Kaen), Китайм (Guangxi University), Кореем (Korea Atomic Energy Research Institute; University of Science and Technology), Алыджым (University of Thessaly), Польшэм (Jerzy Haber Institute of Catalysis and Surface Chemistry, Polish Academy of Sciences; Research and Development Center of Technology for Industry), Индием, Азербайджаным, Белоруссием, Къэзахъстаным къикIа химик цIэрыIуэхэр.
  • Конференцым кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ   ди университетым и ректор Алътуд Юрэ. АдэкIэ къызэхуэсахэм я пащхьэ Шурдым Гъэзалий и гъащIэмрэ   и лэжьыгъэмрэ ятеухуа доклад купщIафIэ щыIуащ. Абы зэрыщыжаIамкIэ, лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэны-гъэшхуэ хуэзыщIа еджагъэшхуэт Шурдым Гъэзалий. Аращ физическэ химие унэтIыныгъэмкIэ адыгэхэм ящыщу япэу щIэныгъэхэм я доктор цIэр зыфIащауэ щытар. КъБКъУ-р къыщызэрагъэпэща илъэсым, 1957 гъэм, къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху Шурдымыр щылэжьащ а еджапIэ нэхъыщхьэм, и зэфIэкIи и щIэныгъи щIэблэм яхуигъэпсу. Гъэзалийщ университетым физическэ химие унэтIыныгъэмкIэ кафедрэ къыщызэзыгъэпэщар, а щIэныгъэм и лъабжьэр ди республикэм щызыгъэбыдар, аспирантури диссертацэ совети абыкIэ къыщызэIузыхар. Шурдым Гъэзалий и нэIэм щIэту щIэныгъэм и гъуэгу бгъуфIэм теша хъуащ химие щIэныгъэхэм я кандидатрэ доктору пщIы бжыгъэхэр.
  • ЩIэныгъэлI цIэрыIуэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэрт дунейпсо, къэралпсо зэхыхьэхэм, симпозиумхэм, конференцхэм. Езыми КъБКъУ-м жыджэру къыщызэригъэпэщырт дунейпсо, союзпсо, урысейпсо щIэныгъэ зэхуэсхэр.
  • Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэм къыдэкIуэу Шурдымым дапщэщи иригъэкIуэкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ псори зэхэту щIэныгъэ лэжьыгъэ 500-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ монографие щхьэхуэу 4, студентхэр зэреджэн тхылъу 5, нэгъуэщI тхыгъэ цIэрыIуэхэри. Ахэр къытрадзащ СССР-м, УФ-м, хамэ къэралхэм къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм.
  •  Еш имыIэу зэфIих апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэм папщIэ Шурдым Гъэзалий къэрал гулъытэ лъагэ игъуэтащ. Абы къыхуагъэфэщащ «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран», нэгъуэщI къэрал дамыгъэхэр, егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. ЕстествознаниемкIэ Урысейпсо Академием и Президиумым и унафэкIэ Шурдым Гъэзалий нэгъабэ къыфIащат «ЩIэныгъэ школым и къызэгъэпэщакIуэ» цIэ лъапIэр. Апхуэдэуи РАЕН-р къызэрыунэхурэ илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу «PRIMUS INTER PARES» («Зыхуэдэхэм я нэхъыфI») орденыр къыхуагъэфэщащ. Шурдым Гъэзалий и цIэр итщ «Урысей Федерацэм и цIыху щэджащэхэр» щIэнгъуазэ тхылъым.
  • Адыгэ щIэныгъэлI щыпкъэм и фэеплъым пщIэ хуащIу, зэхуэсым къыщыпсэ-лъа щIэныгъэлIхэм доклад купщIафIэхэр ящIащ Шурдымым и гуащIэ зыхилъхьа, зи лъабжьэр игъэтIылъа химие унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щекIуэкI къэхутэныгъэхэм ятеухуауэ. УрысыбзэкIи инджылызыбзэкIи ящIа а докладхэр традзэнущ «International Journal of Hydrogen Energy», «Chimica Techo Acta», «Расплавы», «International Journal of Hydrogen Energy» и «Crystals» щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм.
  • Конференцым хэтахэм зэрыжаIамкIэ, ар хъуащ дунейм и химик цIэрыIуэхэр       я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдэгуашэ, ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэмкIэ здынэса лъагапIэхэр къыщаIуатэ, физическэ химиемрэ электрохимиемрэ зыужьыныгъэщIэ езыт зэIущIэ щхьэпэ.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.