Хэку зауэшхуэм теухуауэ иджыри зэ
2020-09-24
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №115-м итщ).
- ЦIыхухэм я фIэщхъуныгъэр зэфIэгъэувэжын и лъэныкъуэкIэ къыпхуэмылъытэным хуэдиз мыхьэнэ иIащ Октябрь революцэр илъэс 24-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу щэкIуэгъуэм и 7-м Ут Плъыжьым щрагъэкIуэкIа дзэ парадым. Нацистхэр Москва гъунэгъу къыщыхуэхъупа зэманым совет унафэщIхэр абы тегушхуэну куэдым ягугъакъым. Бийр лъэщу къебгъэрыкIуэрт, ауэ Сталиным и гупым ялъагъурт абы и къарур зэрыщIэкIыр. Иджы къэнэжыр абы псэемыблэжу икIи къэмыдзыхэу пэщIэтынырт. ИтIанэ…
- Мы Iуэхум егъэлеяуэ щэхуу зыхуагъэхьэзыращ. Пщэдджыжьыр сыхьэти 8-м (парадым гъэкIэ щыщIидзэ хабзэ зэманыр къагъэIэпхъуат) радиом Ут Плъыжьым къритыкI репортажыр къыщыIуам фашистхэм япэщIыкIэ я фIэщ хъуакъым зэхахыр. АрщхьэкIэ куэд дэмыкIыу я нэхэм къыщхьэрипхъуауэ къызэрехьэжьащ. Мыбдежым абыхэм къащыпэплъэрт ди зенит Iэмэпсымэхэр. ПIалъэ кIэщIым абыхэм зэрыпхъуакIуэхэм я кхъухьлъатэ 34-рэ къраудыхащ, адрейхэм пIащIэу ягъэзэжащ къызытелъэтыкIа аэродромхэм.
- Парадым къыщыпсэлъар абы и унафэщIу щыта Будённэркъым, атIэ езы Сталинырщ. Абы жиIащ: «Фэ евгъэкIуэкI зауэр къэралыр хуит къэзыщIыжщ, захуагъэ зыхэлъщ».
- Абдеж псоми къащыгурыIуащ нэмыцэхэм Москва къызэрамыщтэфынур. АдэкIэ къэхъуам дыщыгъуазэщи, зедгъэубгъункъым. ЯпэщIыкIэ бийр къызэтрагъэувыIащ, щыхьэрым Iуахужащ. Дуней псом илъэгъуащ: фашистхэми уатекIуэфыну къыщIокI. Ар яфIэтелъыджэт — зэрыщыту Европэр къыщизэум абы «къикIуэт» жыхуаIэр ящIатэкъым. Иджы мис…
- Тхыдэр зэрырагъэдж тхылъхэм Москва иужькIэ къыщыкIуэр Сталинградщ, абы егъэщIылIа зауэрщ. Ауэ и хьэлъагъкIи, и гущIэгъуншагъкIи емыбэкIмэ, къыкIэрыхуркъым. Индыл и Iуфэм Iус Ржев къалэ цIыкIум и деж щекIуэкIащ зэхэуэ гуащIэхэр. 1942 гъэм щIышылэм и 5-м Сталиным унафэ ищIащ зы тхьэмахуэ зэхуакум къитIасэу ар хуит къащIыжыну. Ди дзэхэр ебгъэрыкIуащ, ауэ хэщIыныгъэ инхэр ягъуэтауэ къикIуэтыжын хуей хъуащ. Ягъэува пIалъэр мазэ 14-кIэ зэпыша хъуащ: дыдейхэр ебгъэрыкIуэрт, ауэ бийм япэлъэщыртэкъым. Фронт корреспондент Твардовский Александр а щIыпIэм щыIащ, ауэ илъэгъуар апхуэдизу игу щIыхьати, хуэтхыжакъым. Ди сэлэтхэм окопэхэри, ерыскъыи яIэтэкъым, шэхэр къаймэщIэкIырт, я къарур яухат. Уает, ауэ мафIэ ящI хъуртэкъым нэмыцэхэм зыкърамыгъэлъагъун папщIэ. Гъэмахуэм хуабэм иукIырт. ЩIалъхьэну зыхунэмыс хьэдэхэм къакIэрих мэм игъэбауэртэкъым. Мыбдежым кIэ щигъуэтащ 33-нэ армэм. Нацистхэм къаухъуреихьа иужь, кхъухьлъатэ къагъэкIуат абы и Iэтащхьэ генерал Ефремов Михаил мафIэм хашыну. АрщхьэкIэ мыдрейм итIысхьэн идакъым: «Сэ сэлэтхэр си гъусэу сыкъэкIуащ, сэлэтхэр си гъусэуи сыкIуэжынущ!» жиIэри. КхъухьлъатэмкIэ иригъэшэжар дивизэхэмрэ полкхэмрэ я ныпхэрщ. Псэууэ къэна зауэлIхэр и гъусэу Ефремовыр хэтащ Угра псымкIэ бийм и къапхъэным къикIыну, арщхьэкIэ, уIэгъэ хъури, фашистхэм заIэщIимыгъэхьэн папщIэ зиукIыжащ. Совет лъэхъэнэм а псоми темыпсэлъыхьмэ нэхъ къащтэрт. Мыбы щекIуэкIахэм ящыщу дэ тщIэр иужькIэ классик хъуа Твардовскэм итха «Я убит под Ржевом» усэ цIэрыIуэм и закъуэт. Иджы а щIыпIэм мемориалыщIэ щаухуащ, а мызахуагъэр ягъэкIуэдыжыну къыщIэкIынущ.
- Европей къалэ зыбжанэм Сталинград и уэрамхэр щыIэщ. А зы закъуэм къыбжеIэ абы къыхуащI пщIэр зыхуэдизыр. Сталинград и деж зыщихъуэжащ Хэку зауэшхуэм и екIуэкIыкIэм. Сыт хуэдиз къару ирамыхьэлIами, фашистхэм къалэр къахуэщтакъым, кхъухьлъатэкIи топхэмкIи ар зыхъумэхэм къебэкI пэтми. А ефIэкIыныгъэр генерал Чуйков Василий игъэкIуэдащ окопэхэр зэрыпхъуакIуэхэр зэрысхэм пэгъунэгъу дыдэ ищIри, иджы бомбэхэмрэ топышэхэмрэ бийм и зауэлIхэм яхэхуэжынут. Нэмыцэхэр дыдж хэлъу гушыIэрт: «Зы фэтэрым и зы пэш къэтщтащ, иджы адрейм дыщIозэу». ИкIэм-икIэжым, яхуэшэчыжакъым: фельдмаршал (а цIэр абы Гитлер къыфIищат игъэгушхуэн мурадкIэ) Паулюс гъэру зыкъитащ сэлэтхэу, офицерхэу, генералхэу минищэ и гъусэу. Абы иужькIэ гурыIуэгъуэ хъуащ зауэм хэт щытекIуэну-ми.
- Сталинград и ужькIэ Гитлер къыгурыIуащ и хъуэпсапIэр — дунейпсо тепщэныгъэр иубыдыныр — къызэрызэтещахэр. А къалэм нэмыцэхэр екIуэлIэн и пэкIэ фюрерым жиIат: «Сэ Грознэ и щIыдагъэмрэ Баку и бензинымрэ симыIэмэ, зауэр згъэувыIэн хуейщ». Индыл зэпрыкIамэ, а щIыналъэхэм уахуэзышэ гъуэгухэр къызэIуха хъурт. ЕтIуанэрауэ, къалэм зэрихьэрт езым къыпэщIэт къэрал нэхъ лъэщ дыдэм и Iэтащхьэм и цIэр. Абыи зы лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт, ауэ нэхъыщхьэр нэмыцэхэр Индыл къызэпрымыкIынырт. ИужькIэ ар дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэху хъуащ.
- Дуней псом щынэхъ ину щыта танк зауэри щекIуэкIар 1943 гъэрщ. Ар апхуэдэу тхыдэм хыхьащ икIи къыхэнэжащ. Ауэ мымащIэу щыIэщ пэжыр зэзыхьэкIыну хущIэкъухэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэмыцэ журналист Келлерхофф Феликс 2018 гъэм итхащ 1943 гъэм и бадзэуэгъуэм Прохоровкэ губгъуэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъу щIыпIэм щагъэува «Звонница» фэеплъыр ирахыжын хуейуэ: «Курск дугам советхэр ауэ жыжьэуи щатекIуакъым». Абы и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, зэхэуэм нэмыцэ танки 186-р совет танк 672-м щапэщIэтащ, абы щыгъуэми, дэ танк 235-рэ тфIэкIуэдащ, дыдейхэм якъутэфар нэмыцэ танки 5 къудейщ…
- А бжыгъэхэр абы къыздрихар къэдмылъыхъуэми ягъэ кIынукъым икIи зыкIи дыхуейкъым. Прохоровкэ губгъуэм щекIуэкIа япэ зэхэуэм нацистхэм танки 100-м щIигъу зэрыщафIэкIуэдам псори щыгъуазэщ. Абыхэм ящыщу 19-р езым и гугъапIэхэр зрихьэлIэ «Тигрхэу» зэрыщытыр къищIа иужь, Гитлер и Iэблэхэр сыс хъуат, ар апхуэдизу и гум ежэлIати. А танк лIэужьыгъуэщIэр езы фюрерым и кIэлъыплъыныгъэ ткIийм щIэту яухуат, и броныр нэхъ Iуву икIи топ лъэщкIэ зэщIэузэдат. Ауэ япэ гъэунэхуныгъэм къигъэлъэгъуащ абыи узэрыпэлъэщынур. Сержант Борисов Михаил и батареем и закъуэ апхуэдэ гъущIышу 7 икъутащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ щIалэм «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр фIащащ, ауэ абыи къыщынакъым: ар яхэхуащ Гитлер езым и щхьэкIэ и бийхэм. Ахэр зритхэ тетрадым япэу итыр Сталинырт, инджылыз премьер Черчиль етIуанэт, Жуковыр, американ генерал Эйзенхауэр, радиом и диктор Левитан Юрий сымэ, нэгъуэщIхэри якIэлъыкIуэрт. Иджы а гупым къыхэхутат сержант ныбжьыщIэри.
- Дэ дызэреплъымкIэ, а зы щапхъэ закъуэм псори къыбжеIэ. СлIожь, лейуэ утепсэлъыхьыжкIэ…
- 1944 гъэм и япэ зэхуэдитIым СССР-м и щIыналъэхэу бийм иIыгъхэм я нэхъыбэр хуит къащIыжакIэт.
- Ди дзэхэм къапэплъэрт Европэр, фашистхэм я гъуэ Берлин. А псори зэрекIуэкIар тхыдэм апхуэдизкIэ быдэу хэуващи, яхухэдзынукъым хэт сыт хуэдэ хьэгъэщагъэ зэримыхьами.
- Езым хуэфэщэн
- Ди республикэм ТекIуэныгъэ Иным хуищIа хэлъхьэныгъэм, абы фронтым игъэкIуахэм зэрахьа лIыгъэм тражыIыхьар мащIэкъым. 115-нэ Къбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм игъэхъахэри гурыIуэгъуэу ди пащхьэ къралъхьащ абы хэта Куэтэншы ТIалэ, журналист КхъуэIуфэ Хьэчим, къэхутакIуэ Пщыбий СулътIан сымэ, нэгъуэщIхэми. Зи цIэ къитIуахэм я лэжьыгъэхэм щымыгъуазэхэм яжетIэн къудейщ шу мини 6-рэ 200-рэ хъууэ дивизэр Ростов областым и Сальск губгъуэхэм танкхэм зэращыпэщIэувар. ЩIыпIэм щыпсэу нэхъыжьхэм иджыри ягу къагъэкIыж къарухэр зэбгъапщэ зэрымыхъунум щхьэкIэ ди щIалэхэр къызэримыкIуэтар. Ящыщ куэд хэкIуэдащ, псэууэ къэнахэр Сталинград, зауэм и нэгъуэщI IэнатIэхэм щызэуащ. ГурыIуэгъуэщ ахэр езыхэм яхуэдэхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, румын шу дивизэхэм япэщIэтамэ, я Iуэху нэхъ къикIыну зэрыщытар. Ауэ Тхьэм я натIэ къритхар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэгъуэщIт икIи ар пхузэхъуэкIыжынукъым.
- Дэ ди жагъуэ хъууэ къэдгъэлъэгъуэну дызыхуейр нэгъуэщIщ иджыкIэ: ар ди лъахэгъухэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу къыхуащI пщIэр щагъэлъахъшэ къызэрыхъурщ. Иджыри къэс абы и гугъу ящIакъым, ауэ ди гъунэгъу лъэпкъхэр я хэкум зэрырагъэкIам ижь зыщIихуар абыхэм я закъуэкъым. Абы и щыхьэтщ дамыгъэ лъапIэхэр къыхуамыгъэфащэу къызэрынар. Сэ щапхъэ щхьэкIэ жыжьэ сыIэбэнукъым, сызыщыгъуазэращ вжесIэр: зэрахьа хахуагъэм папщIэ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр фIащыну ягъэлъэгъуат Куба къуажэм щыщхэу КIэбышэ Хъусен (хэкIуэдащ), Шорэ Музэчыр, Шэшэн Данил сымэ (кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэ ТхьэкIумащIэ Андулыхь нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ а цIэр къыфIамыщу къэнащ), арщхьэкIэ сыт щыгъуи фронтым и штабым щакъутэжащ, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэкIэ зэрахъуэкIри. АтIэ зыгъэлъагъуэхэм нэхърэ ищхьэкIэ щыIэхэм нэхъ хащIыкIрэт хэт сыт хуэфащэми? Мы Iуэхум политикэ Iуэху хэлъащ: адыгэхэри епцIыжакIуэу къыщIрагъэдзыну хэтагъэнущ, хэкум драшынуи хуейт. «ЩIыхь» орденым и нагъыщитI зрата Беслъэней Хьэжпагуэрэ Теунэ Шагъиррэ ещанэр къащIылъымысар къызыхэкIари арагъэнущ. Дауи, Куба и закъуэкъым апхуэдэ къызращIар. Аращи, къэтIэщIыжын хуейщ, ауэ ди деж лъыхъуэныгъэ лэжьыгъэр щыгъэувакъым зэрыщытын хуейм хуэдэу, ди щIалэхэри зыщIэзэуар пщIэкъым, атIэ я Хэкурщ. Мис апхуэдэ Iуэху нашэкъашэхэр уигу къоуэ.
- КIэухыу
- Ди Хэкум и лъэпкъ псоми я бынхэм зэрахьа лIыгъэр дэ ди фIыгъуэ зэдайщ. Мыбы зыри ириджэгу хъунукъым: СССР-м къыпэщIэтащ зауэр Сталиным и зэранкIэ къэхъеяуэ къыщIезыгъэдзыну хущIэкъу Евросоюзым къанэ щIагъуэ щымыIэу хэт къэрал псори. Дэ къыдэбгъэрыкIуащ прибалтхэм я дивизэхэри, украин националистхэри, уеблэмэ француз легионерхэри. Польшэм и дзэм и зэхуэдитIыр Германием и лъэныкъуэу щытащ.
- Иджы а псори нэгъуэщIу къыщIрагъэдзыну хущIокъу, европей къэралхэм нэхъ къащтэ хуит къэзыщIыжар зыщагъэгъупщэмэ, ди текIуэныгъэр ттрахыну хэтщ. Ар зыми яхуэддэн хуейкъым.
- ШАЛ Мухьэмэд,
- КъБР-м щIыхьзиIэ и журналист.