Мамрэш Светланэ: Дибзэргугъуми, ар цIыхухэм зэхедгъэхыфынущ
2020-09-24
- Ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ пасэуи и гугъу фхуэтщIауэ щытащ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Аиссе» романымкIэ фильм зэрытрахым. Режиссёр Муратов Александр зыдэлажьэ гупым апхуэдэ Iэмал къаритащ Адыгэ Республикэм и президенту щыта, псапащIэ IуэхухэмкIэ цIэрыIуэ хьэрычэтыщIэ Щэумэн Хьэзрэт. Фильмым епха лэжьыгъэхэр и кIэм нэсащ, куэд дэмыкIыу ар цIыхубэм я пащхьэ кърахьэнущ. Нобэ ди псэлъэгъущ зи гугъу тщIы фильмым роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа Мамрэш Светланэ.
- Дызэрыт зэманым псори зэхуэзэгъуей дызэрищIам къыхэкIыу, ди псэлъэгъур редакцэм къедгъэблэгъэну Iэмал щыдмыгъуэтым, Хэкум къэкIуэжауэ зыщызыгъэпсэху актрисэр арэзы хъуащ хьэзыру хуедгъэхьа упщIэхэм жэуап къаритыну.
- Светланэ, уи махуэ фIыуэ!
- «Аиссе» фильмыр хьэзыр зэрыхъуамкIэ дынохъуэхъу. Дакъикъэ зыбжанэ ипэкIэ Хьэмокъуэ Олег- рэ Къаныкъуэ Заринэрэ зэгъусэу ягъэхьэзыра «Зэрыдзахэр» («Узлы») фильмым узэрыщыджэгунум теухуа хъыбар зэбгратыкIащ, абы щхьэкIи Iэгуауэшхуэ пхудоIэт.
- Узытедгъэпсэлъыхьыну ди мурад «Аиссе» фильмым деплъауэ щытамэ, ди уэршэрри нэхъ гъэщIэгъуэн тхуэщIынт, дызытепсэлъыхьын нэхъыби дгъуэтыну къыщIэкIынт, шэч хэмылъу. ИтIани, адыгэ тхакIуэм и романымкIэ къэрал утыкум къыщагъэлъэгъуэну фильм махуэ къэс урысыбзэкIэ трахыркъым. А хъыбарым адыгэ дунейр апхуэдизкIэ къызэщIиIэтащи, дэри премьерэм и пэ дыкъилъэдауэ, упщIэ зыбжанэкIэ зыпхудогъазэ.
- Ди лъэIум къыпэджэжу, Светланэ дэтхэнэ зы упщIэми «уатсапым» макъ зэрыщебгъэхь IэмалымкIэ жэуап къыдитащ. «ФIыщIэ фхузощI, зэрыслъэкIкIэ жэуап естынщ фи упщIэхэм», — апхуэдэу иришэжьащ актрисэм и джэгукIэм хуэдэ дыдэу удэзыхьэх и гупсысэкIэм дыщыхигъэплъа уэршэ-рыр.
- — Сыт хуэдизкIэ лъагэу уаIэтрэ уи «адыгэ дамэхэм»? Къэрал утыкум, дуней псом щыцIэрыIуэ уи лэжьэгъухэм я пащхьэ укъызыхэкIа лъэпкъым теухуа теплъэгъуэ ипхьэну Iэмал зэрыбгъуэтам гукъыдэж лей къуиту щыт? Узыдэлэжьэну къыпхуихуа гупыр сыт хуэдэу къыщIэкIа?
- — УпщIэр зытеухуар си «адыгэ дамэхэмрэ» си лэжьэгъухэр къызэрысщыхъуамрэщ. Шэч хэмылъу, сэ зыхызощIэ си лъэпкъ цIыкIум сызэрыщыщыр. ЗыхызощIэ дэ лей зытехьа, куэд зышэча, итIанэми, зыкъиIэтыжу адэкIэ зиужьыныр къызыпэщылъ лъэпкъыу дызэрыщытыр.
- Дауи, IэщIагъэлIхэм ягъэува, цIыхушхуэ зэплъыну фильмымрэ абдеж уэрэ-уэру щызэбгъэпэща теплъэгъуэмрэ зэхуэдэкъым. ПщIэр цIыху куэдым зэралъагъунум уи Iуэху бгъэдыхьэкIэри нэхъ щIегъэхуабжьэ. Ар зи фIыгъэр, дауи, тхакIуэ телъыджэ МэшбащIэ Исхьэкърэ а республикэм щыщ псапащIэхэмрэщ. Ахэр егъэлеяуэ цIыху хьэлэлу къызэрыщIэкIар гулъытэншэу къыпхуэмыгъэнэн Iуэхущ. Ахэращ Iэмал къыдэзытар IэщIагъэлI нэгъэсахэм я гъусэу лэжьыгъэр къызэдгъэпэщыну. А псори, кIэщIу жыпIэмэ, лъэщ защIэт.
- СщIэркъым, е апхуэдэу зэрымыщIэкIэ ирихьэлIа? Сытми, фильмым елэжьахэр Бытырбыху щыщ гупщ, нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. IэщIагъэлI нэхъ лъагэ дыдэхэрщ дызыдэлэжьэну къытхуихуар. Псалъэм папщIэ, кадрхэр зыгъэхьэзыра бзылъхугъэр Сокуров Александр и «Фауст»-м елэжьауэ щытащ. Апхуэдэ дыдэт ди гримёрхэри. Щыгъынхэр тхуэзыгъэхьэзыра Тамарэ къэзымыцIыху щыIэкъым, дунейм теткъым абы хуэдэу Iэзэу фащэ телъыджэхэр зыхуэщI. Ди оператору щыта щIалэ Рождественский Никитэ, ди насып кърихьэкIри, нэгъуэщI фильмым елэжьын хуейуэ, дэ къытлъысащ. Ар ди режиссёр Муратов Александр нэхъ пасэуи дэлэжьати, дэ ди чэзуми и щхьэгъусэ Ром-Рождественская Александрэ и гъусэу къыдапхащ. Сытми, ди гупыр гуп телъыджэт. Сэ япэу роль нэхъыщхьэ фильмым щызгъэзащIэу арати, ар сымыгъэунэхуауэ нэгъуэщI зыгуэрт, сытым дежи кадрым уиту. Ар нэгъуэщI жэуаплыныгъэщ, узэритхьэкъури нэгъуэщI IэмалкIэщ. Зы лъэныкъуэкIэ, Серебренников Кирилл деж «Гоголь-Центр»-м сызэрыщылажьэр, театрым сызэрыщыIэр сэбэп къысхуэхъуащ, зы дубль е тIу нэхъыбэ дымыщIу хьэзыр тхуэщIырт кадрыр. Ауэ щIэ куэди зэзгъэщIащ. ДызэрыIыгъыу, зым жиIэр адрейм зэхихыу дызэдэлэжьащ. Никитэ-операторми Александр-режиссёрми сахуэарэзыщ. АпхуэдизкIэ ди акъыл зэтехуати, мазэ ихьакъым ди лэжьыгъэр хьэзыр хъуным.
- — Сценарийр зэрызахэлъхьар уигу ирихьа? Сыт хуэдизкIэ Аиссе зэрыщытамрэ романым зэрыхэува щIыкIэмрэ зэщхьэщыкIрэт? Уэ ар къызэрыбгъэлъэгъуар абыхэм ещхьу, хьэмэрэ уэ езым къэбгъэщIыжа образ утыку укъызэрихьар?
- — Сценарийр фIы дыдэу ятхащ. «Классическэ» жыхуаIэм хэзгъэхьэнт ар. Зэрыунагъуэу, сабий цIыкIухэр здэпшэу узэплъ хъун фильмщ. «17-м щIигъуа», «16-м щIигъуа» фIэкIа еплъ хъунукъым жаIэу, узыгъэукIытэ теплъэгъуэхэр хэтынукъым абы. Драмэ жыхуаIэ жанрым щыщщ, унагъуэр зэгъусэу еплъ хъунущ.
- Дауи, Шарлоттэ-Аиссе сэ си псэм кIуэцIрысхыурэщ къызэрызыфIэзгъэщIар, нэгъуэщI Iэмал щыIэтэкъым. Седжащ сэ абы итхахэм, Каландрини гуащэмрэ абырэ зэIэпаха тхыгъэхэм.
- И дневникыр, махуэ къэс къыщыщIхэр зритха тхылъыр, гъэщIэгъуэн дыдэт, абы куэд къыбжеIэ а хъыджэбзым теухуауэ. Пщащэ губзыгъэм гъащIэ гъуэгу тынш къылъысауи пхужыIэнукъым. Зэманым и нэщэнэхэми гу лъытэн хуейщ. Ахэр дэ дэщхьу тыншу зэхуэзэфыртэкъым. Дэ дыщыхуей сыхьэтым машинэм дотIысхьэри дожьэ. Абыхэм я гуимэхэр зэщIащIэн, гъуэгу зэпачын хуейт, я ныбжьэгъум хуэзэн щхьэкIэ — дэ ди зэманым ещхьу псынщIэу узэкIэлъыкIуэфыртэкъым. НэгъуэщI зэман. НэгъуэщI гъащIэ зыхэщIэкIэ. Шэрыуэу псалъэрт хъыджэбзыр. Псэм дыхьэ цIыхут Аиссе, шэч хэмылъу. ЗэрысхузэфIэкIкIэ ар къэзгъэлъэгъуэну сыхэтащ. Фильмыр Iыхьэ-IыхьэкIэ гуэшащ. Сэ си пщэ дэлъыр фильмым нэхъ гущIыхьэу къыхэувэхэрт.
- Хъыджэбзыр щыцIыкIуар, балигъ зэрыхъуар… Апхуэдэурэ гуэшати, сэ нэхъ гугъу щехьахэрат сыщыджэгур. И сабиигъуэм, и гукъэкIыжхэм ятеухуа Iыхьи хэтщ, абыи уигу хэзыгъэщIын щыпхурокъу. Абы щыджэгуар Даянэщ, Адыгейм щыщ пщащэ цIыкIу. Ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ а хъыджэбзыфI дыдэмрэ сэрэ.
- — Фильмым къыщагъэщхьэпа щыгъынхэм итхьэкъуаи щыIэщ, ахэр зигу иримыхьаи урохьэлIэ. Уэ дауэ къыпщыхъуа ахэр? Зыгуэр пхъуэжынт, апхуэдэ Iэмал уиIамэ?
- — Фащэ тхуадахэм я гугъу пщIымэ, ди сурэтыщIхэр Бытырбыху щыщт. КъыбгурыIуэн хуейщ дэ ди япэ итахэм я зыхуэпэкIэр дэ къызэрызыфIэдгъэщIымрэ абыхэм къызэрызыфIагъэщIымрэ зэрызэтемыхуэнур. Адыгэ гупсысэкIэр нэгъуэщIщ, пасэрей щыгъынхэри нэгъуэщIущ и нэгу къызэрыщIэувэр.
- КъыбгурыIуапхъэщ фильмыр тхыдэ теплъэгъуэу зэрыщымытри. Мыр тхыгъэ зэхэлъхьащ, «художественнэ» жыхуаIэращ зыщыщыр. СурэтыщIхэр пасэрей гравюрэхэм хэплъэурэ, езыхэми зыгуэрхэр къагупсысурэ, зыгуэрхэр дыщIагъуурэщ зэрылэжьар. Ар пэжкъым пхужыIэнущ сытым теухуауи, ауэ, жызоIэри, мыр тхыдэм теухуа, дэфтэрхэм тещIыхьа фильмкъым. Абы къыхэкIыу, зигу ирихьи зигу иримыхьи зэрыщыIэнур гурыIуэгъуэщ. Ар щхьэж и къыхэхыкIэращ зэлъытар. Мыхьэнэ зиIэр мыр зэрымытхыдэ лэжьыгъэр, зэрымымузейр къагурыIуэн зэрыхуейрщ. Бытырбыху къикIа гупым къызэрызыфIагъэщIым хуэдэу ящIащ фащэхэр. Мыхьэнэ зиIэр ахэр IэщIагъэлI нэгъэсауэ зэрыщытырщ, абы къыхэкIыу ящIар зэрыхъуарщ.
- — «Ди зэманым и лIыхъужьым» хэта Лермонтов и Бэлэмрэ Аиссерэ зэплъытмэ, сыт уигу къагъэкIыр? Зы лъэныкъуэкIэ — зэрыпхъуакIуэм IэщIэхуа «къуажэдэс» адыгэ пщащэ. АдреймкIэ — хамэ щIыпIэм зи нэфI къыщыщыхуахэм я фIыгъэкIэ щефIэкIуа адыгэ хъыджэбз? Дэтхэнэр нэхъ ппэгъунэгъу уэ икIи сыт мыхьэнэ нэхъ зиIэу къэплъытэр? Узыхуейм утеIэбэныр ара нэхъапэр, хьэмэрэ узыхуейм утезыгъэIэбэ Iэмалхэми яхэдэн хуейуэ къэплъытэрэ?
- — УпщIэ гугъущ мыр. Бэлэ и ролыр сэ театрым щызгъэзэщIауэ щытащ. Сэ ар къысщыхъуртэкъым «къуажэдэс» хъыджэбзу. Сэ сыщыджэгум къэзгъэлъэгъуэну сызыхэта ролым абы езым и къыхэхыкIэ щиIэжт. Бэлэ и ролри, Верэ и ролри щызгъэзэщIащ сэ Лермонтовым и «Ди зэманым и лIыхъужьым». КъуажэдэскIэ къуажэдэст Бэлэ, ауэ зыхуеймрэ зыхуэмеймрэ зыщIэж пщащэут сэ ар зэрыслъагъур.
- А тIур — Бэлэрэ Аиссерэ — гъащIэ гъуэгукIэ жыжьэрэ гъунэгъуу зэбгъэдыхьэркъым. Аиссеи ухыгъэм и унафэкIэ хамэ щIыпIэм къыщыхутауэ арат. Ари а къыщыхута псэукIэм хэзэгъэн хуэдэу ягъэсат, итIани, и къежьапIэхэм къыхуеIэрт. Зэщхькъым а хъыджэбзитIым я гъащIэр.
- Сэ си щхьэ еслъыту щытмэ, ухыгъэр езыр зы лъагъуэ итхъам хуэдэу солъагъу. Иныкъуэхэм деж урикIуэну хьэлъэ дыдэу. Ар езыр макIуэ, зыри хэпщIыхьыфыркъым. СщIэркъым. Мыращ нэхъ спэгъунэгъур жысIэуи схужыIэнукъым. Мыхьэнэ зиIэр узрикIуэ гъуэгур уэ ууейуэ зэрыщытырщ. Сэ езым си гъуэгур нэхъ спэгъунэгъущ, си щхьэ сытепсэлъыхьыжмэ. Уи натIэ итыр итщ, ухэмыIэбэфу. ИтIани, зыми сыхущIегъуэжыркъым икIи псори фIыщIэ сощI. Жэуап естыфауэ пIэрэ уи упщIэм?
- — Хамэ щIыпIэм къыщыхута адыгэр дагъуэ иIэнкIэ Iэмал имыIэу къыщыдгъэлъагъуэкIэ, тIэкIу едгъэлейуэ къыпфIэщIкъэ? ИтIани, дэ ттеухуа псори тфIэфIщ, мащIэу зэрызыдгъэщIагъуэри тхыдэ гъуэгум гугъу дызэрыщехьам щхьэкIэ къытхуагъэгъун хуейуэ долъытэ. Сыт жыпIэн а Iуэхум теухуауэ?
- — Сэ шэч закъуи къытесхьэркъым зэчий зыбгъэдэлъ адыгэ тхакIуэхэр, зэрыадыгэм щхьэкIэ къэмынэу, дуней псом щагъэлъапIэхэм япэ зэрищыфынум. Iэзэ дыдэу тхэхэр. Ар лъэпкъ укъызыхэкIам зыкIи елъытакъым. Iэзагъыр Iэзагъщ, ар лъэпкъракъым зэлъытар.
- МэшбащIэ Исхьэкъ (и цIэмрэ и адэцIэмрэ къреIуэ) и гугъу пщIымэ… Дэ телефонкIэ щIэх-щIэхыурэ дызопсалъэ, зыгуэрхэм дытопсэлъыхь. МэшбащIэр илъэс 90 мэхъу. Шэч закъуи хэмылъу, ар сыт и лъэныкъуэкIи адыгэлIщ, и акъылри нэхущ. Бгы къыгуэудам хуэдэу жанщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар зы махуэ къэмынэу, махуэ къэс сыхьэтитIкIэ матхэ. Лэжьыгъэшхуи кърихьэлIащ. Лъабжьэшхуэ иIэщ, псори нэгъэсауэ зэрищIыным иужь итщ. ЩIэнгъуазэм, езы тхыдэм пхухуэгъэдэну цIыху жаIэ апхуэдэхэм щхьэкIэ. Зы мэскъалкIи и фIыщIэр хэзгъэкIуэдэну сыхуейкъым, ар цIыху абрагъуэщ. Пэжщ, япэ къэсым игу унэмысынкIи мэхъу Iуэхур тхыдэм щытеухуам деж, аращи, шэч зыхэмылъ фIагъ куэд бгъэдэлъщ МэшбащIэ Исхьэкъ. Сценарийр зытха Сасинэ Маринэ романым и сюжетыр зыгуэру Iэзэу кино Iэмалхэм иригъэзэгъауэ собж, еплъым къызэрищтэфынкIэ зэригъэзэхуащ. Абы и фIыгъэкIэ, тхыдэ напэкIуэцIхэри уджэгуфын хуэдэу зэрихъуэкIыфащ. Деплъынщ зэрыхъуам.
- Ди тхакIуэхэр апхуэдизкIэ мащIэщи, ахэр фIыуэ плъагъуныр, уащытхъуныр, зэрыщыIэ къудейм ущыгуфIыкIыныр сфIэзахуэщ. Лъэбакъуэ закъуэ фIэкIа ямычми, гуфIэгъуэщ ар. МэшбащIэ Исхьэкъ лъэбакъуэ абрагъуэ ичащ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ адыгэхэм я дежкIэ. Сэ сызэреплъымкIэ, ар мыхьэнэ зиIэ цIыхушхуэщ. Дауэ мыхъуами, и романым нэхъ дахэ дыдэу хэт напэкIуцIхэрщ фильмым къыщагъэщхьэпар. НэгъуэщIу жыпIэмэ, кином хэзэгъэну хэлъ фIы псори къыхахащ.
- — Фильмым къыщыбгъэлъэгъуа хъыджэбзым, езы Аиссе, дауэ ухущыт? Ар узыдэплъеипхъэ щапхъэу, литературэми гъащIэми зэхуэдэу хуэIэзэу псэуауэ къэплъытэрэ?
- — Аиссе-Шарлоттэ и цIыху щIыкIэм дытепсэлъыхьмэ, абы герцог Орлеанский жыхуаIэ цIыху цIэрыIуэри, Людовик XIV къыхузэпещэу щытауэ жаIэ. Къэралышхуэм и тепщэм ауэ сытми хъыджэбз къызэрыгуэкIым и гулъытэ къилъыхъуа къыщIэкIынкъым, пэжкъэ, къыдихьэхыну хэту? Абы къикIращи, а зэманым бзылъхугъэ дахэу щалъытэхэм язт Аиссе. Нобэ сурэтыжьхэм деплъмэ, дауи, ар Джоли Анджелинэ ещхьу дахэу щымытауэ къытщыхъункIи мэхъу, ауэ езы Джоли Анджелини а лъэхъэнэм щафIэмытхьэIухудынкIи хъунт. Шэч зыхэмылъыр ар теплъэ и лъэныкъуэкIэ къахэщу зэрыщытарщ.
- Зэрыдахэм нэмыщI, ар икIи гуакIуэу, къыщопсалъэкIэ удихьэхыфу, губзыгъэу щытауэ къызыфIызогъэщI. ЦIыху хэлъэтыншэтэкъым. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхубзт. Адэ хуэхъуа граф Ферриоль иригъэджат ар. Апхуэдэ тхыгъэхэр яхуебгъэхьыфын хуейкъэ уи ныбжьэгъухэм! Е уи махуэкъэс Iуэхухэр апхуэдэу уипхъуатэу къептхэкIыжын! Тхыгъэ щызэIэпахырт а зэманым псоми, дневникхэри яIэт, ауэ а ятхахэр тхыдэмрэ литературэмрэ къыхэнэну, тхылъу къыдагъэкIыу къеджэн щхьэкIэ, Iэзэ дыдэу ущытын хуейт. Апхуэдэущ си нэгум къызэрыщIэувэр. Псэ зыIут пщащэ жыджэрт ар, хэлъэт иIэрэ, уитхьэкъуу.
- — Уэ ухэту сызэплъа интервью зыбжанэм зэманым демыкIуныр и щхьэм хуэзымыгъэфэщыжын, итIанэми, ищIэр ищIэжу и къежьапIэхэм быдэу япыщIа хъыджэбзу си нэгу укъыщIагъэхьэ. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, уэри зыгуэркIэ иджырей Аиссеуэ зыкъэплъытэжыфынущ. Дапхуэдэу узэрыщыт дыдэр?
- — Си щхьэм и гугъу сщIымэ, сщIэркъым сызэрыщытыр. Сымыращ жысIэу схужыIэнукъым. Зыкъэслъыхъуэжу жыпIэ хъунущ. Мис, мы теплъэгъуэм сыщыджэгури, сэ стеухуауэ зыгуэр щIэуэ къэсщIащ. СыкъызыхэкIам сызэрызыщIишэми шэч хэлъкъым. Ар уукIуриину Iэмал къозымыт щIакъуэ башхэм ещхьщ, итIанэ- ми, цIыху къэс щхьэхуэщ, зыми ещхькъым. Зи гъуэгу къэзылъы- хъуэж цIыхуу сыщыту къыщIэкIынщ. Зызыужьыну хуей. Языныкъуэ лъагъуэхэм сыщымызыриуэ, сытенэпауэ зыкъысщохъуж. ЗыщIыпIэхэм деж сыщыкIуэцIрыкI хуэдэу мэхъу. Зыхуейр иджыри къэзымыгъуэта цIыхуу сыщытщ, аращ пэжыр.
- — Ди газетыр къызэрыдэкIыр анэдэлъхубзэщ. Иджыпсту абы щэнхабзэ утыкум пщIэшхуэ зэрыщимыIэр ди гукъеуэхэм язщ. АдыгэбзэкIэ упсалъэу утыку укъихьэфынт?
- — Адыгэбзэм и гугъу пщIымэ, а зи гугъу пщIа «Зэрыдзахэр» зэрыщыту адыгэбзэкIэ йокIуэкI. Иджыпсту тыдохри, лэжьыгъэр зэфIэувэу жыпIэ хъунущ. Езы бзэм и гугъу пщIымэ, ар иджыпсту къэщIэрэщIэжу къалъытэ. Зыгуэрым къызжиIащ, мы илъэсым и закъуэ ди республикэм фильмитху адыгэбзэкIэ зэрыщытрахар.
- Мес, иран кинор щапхъэу къэдвгъащтэ, жыжьэ кIуэцIрыкIыфащ ар. Ираным щэнхабзэ куу дыдэ иIэщ, я кинохэр зэIэпах, зыри ялъэщIэмыхьэу. Иджыпсту лъабжьэжь зиIэхэм, зыми емыщхьхэм уасэшхуэ хуащI. Дэ ди бзэр, зы лъэныкъуэкIэ, апхуэдизу гугъуми, ар зыми ещхькъым. ЦIыкIуми инми, ди лъэпкъри ди щэнхабзэри езырыжщ. Бжыгъэракъым зэлъытар лъэпкъым къыбгъэдэкI лъэщагъыр. Щхьэж езым и теплъэ, и фэ иIэжщ. Дэри а зыми емыщхьыныгъэр дбгъэдэлъщ. ИкIи ар къэдгъэлъэгъуэну, абыкIэ зыкъедгъэцIыхуну Iэмал диIэщ.
- Си щхьэкIэ зыкъэсщтэжмэ, бзэм и Iуэхур Iуэху тыншкъым си дежкIэ. Си гъащIэм и зы ныкъуэр Мэзкуу, адрей ныкъуэр Нарткъалэ щесхьэкIащ. Иджы зыхуей хуэзауэ къыслъыс псалъэхэр адыгэбзэкIэ схужыIэн папщIэ, псалъэуха убгъуахэм, ауэ сытми уэршэрыбзэракъым зи гугъу сщыр, Iуэху сщIыуэ селэжьын хуейщ. ИтIани, солIалIэ, хъуну сыщогугъ, мыхъуу хъунукъым.
- Ди бзэр гугъуми, ар цIыхухэм зэхедгъэхыфынущ. Дызытепсэлъыхьыр Iуэху мыублэуи щыткъым. Битокъу Владимир и «Псы куухэр» мыадыгэхэми ягу ирохь. «Аиссем» зэрыпэплъэм и хъыбари зэхэсхащ, псом хуэмыдэу, хэхэс адыгэхэр. Ахэри хуейщ дэ къыдэузхэр, дыщIэгуфIэр, дыщIэнэщхъейр, дыщIэгушхуэр зыхащIэну. Бзэри, шэч хэмылъу, дызищIысыр къызэредгъэщIэфыну Iэмалхэм япэ итщ.
- Епсэлъар Чэрим Марианнэщ.