Нэхущ шу телъыджэ
2020-09-24
- Мы тхыгъэр зэхэзылъхьари зытеухуари Нартан къуажэм щыщщ: ПащIэ Бэчмырзэрэ КIэрэф Залымджэрийрэ. ЛIыгъэ здэщыIэм абы хуэфэщэн псалъи щызэхалъхьэф. Апхуэдэ щапхъэхэм язт Япэ дунейпсо зауэм зыхуей хуэза Iэщэ IэщIамылъхьэу Iуашауэ IурагъэукIыхь адыгэ щIалэхэм къащхьэщыжа ПащIэ Бэчмырзэ и псалъэри. ХахуагъкIэ яхуэдэ узыгъэлъыхъуэн адыгэ зауэлIхэр топрэ фочкIэ узэда бийм сэшхуэрэ джатэкIэ пагъэувыну хуежьахэм зэрахуимыдарт КIэрэфым дагъуари укI тезыр къыщIытралъхьари. А псори къыхощ Бэчмырзэ абы хуиуса лIыхъужь уэрэдым.
- Нобэ утыку илъ дэфтэрхэм хъарзынэу щыгъуазэ уащI КIэрэф Залымджэрий и гъащIэ гъуэгу кIэщIым. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар а зэманым щIэныгъэ зиIэу лъэпкъым къыхэкIа закъуэтIакъуэхэм ящыщт, «Бгырыс псалъэIуатэ суд» жыхуаIэм зэдзэкIакIуэу щылэжьэн хуэдизу урысыбзэ ищIэу. Зауэм щыIухьам щIалэр илъэс 33-рэ хъурт. Хъадыджэтрэ Залымджэрийрэ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэт, етIуанэ щIалэ цIыкIур и адэр зауэм щыIэу дунейм къытехьащ. ЛIыхъужьым и лIакъуэр, дауэ мыхъуами, зэпыуакъым. Хейуэ дунейм ехыжа Залымджэрий и къуэ Токъан и щIэблэр Франджым щыщ Корсикэ хытIыгум щыпсэууэ хъыбар щыIэщ.
- Адыгэ литературэм пщIэ щызиIэ тхы- дэ романхэм язщ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан урыс-япон зауэм адыгэхэр зэрыхэтар къыщигъэлъэгъуэжа, КIэрэф Залымджэрий и образым узыщрихьэлIэ «Нэхущ шури».
- ЧЭРИМ Марианнэ.
- ПАЩIЭ Бэчмырзэ
- КIэрэф и къуэ
- Залымджэрий
- 1
- КIэрэф Безырыкъуэ законкIэ Iэзэщ,
- Тамбий и къуэр уэ къоIэзэкIри,
- КIэрэф и къуэр урегъэукI.
- Уи шыпхъу дахэр лагырыжьым
- къыщызэрашэ,
- Пхъэмбгъужьым ущырашалIэм,
- Къэбэрдейм я гур мэуз.
- Арысей пхъэмбэр гъущI IунэкIэ
- къызэщIаIулIэ,
- Дзэшхуэм зэщIиIулIар
- КIэрэф и къуэ Залымджэрийщ.
- Уи дыжьын сэшхуэр дыгъэм полыд,
- КIэрэф и къуэм и хьэдэ дахэр
- Пхъэмбеижьым укъолындыкI.
- Уи шы пэхушхуэм дахэу зегъазэ,
- Зи гущIэм зыкъигъэзар
- Хьэжыхэ Хъадыджэт дахэщ.
- Уи шыпхъу дахэр дзэбгъум
- къыщогъэджэгу,
- КIэрэф и къуэм и дэджэгуэгъухэр
- Налшык къалэ къыдэнэжащ.
- Уи шырыкъу цIыкIур лъапэм
- щопсалъэ,
- Тамбийм и къуэм жиIа псалъищым
- КIэрэф и къуэр траукIащ.
- 2
- КIэрэф и къуэм и портретыр
- Пхъэбгъужьым къыкIэраIулIэ,
- Къэзакъышэм зэщIиIулIар
- КIэрэф и къуэу Залымджэрийщ.
- Ликирнэу и шырыкъуитIыр,
- Яу мыгъуэ, лъэдакъэ псалъэщ,
- Тамбий и къуэм псалъэ жиIащ
- жери,
- КIэрэф и къуэр ярегъэукI.
- Яу мыгъуэ, Безырыкъуэжьым,
- Яриуэу, шыхъужь егъашхэ,
- Тамбий и къуэр шхыгъуэм
- щыгугъри
- КIэрэф и къуэр яригъэукIщ.
- Маузиру кIэрахъуэ фIыцIэр,
- Ярией, уи IэрыIуантIэт,
- Данагъуэу и пащIэкIитIыр
- Утыкум къыщоIуэнтIэж.
- АтIэ мыгъуэ, уи шыгъуэ цIыкIур,
- Я Алыхь, уанэгу нэщIщ,
- МыдэкIэрэ пщIантIэ нэщIышхуэм
- ДыуэщIыр зэбгрокIыж.
- Сэрмахуэ, уи шыгъуэ цIыкIур,
- Я Алыхь, нахътэм доджэгу,
- МыдэкIэрэ уи дэджэгуэгъухэр
- Я Алыхь, зэхопыхьэж.
- 3
- Залымджэрий, уи шыгъуэ дахэр
- Уанэгу нэщIурэ къытхудашэж.
- Залымджэрий, уи хьэдэшэжым
- Уи къуэшыжь закъуэр хамыгъэтыж.
- Дунейм и дыгъэр къыптемыпсэну
- Уэ мащэ кIыфIым удохьэхыж,
- Уи шыгъуэ дахэр псафэ ишэфу
- КъыпщIэнаIатэмэ, уилъ ищIэжынт.
- Къэбэрдей хэкум и
- пщыжь-уэркъыжьхэм
- Уэ урабийуэ гъащIэр уэ пхьат,
- Уи къуэшыжь закъуэр мащэ
- кIыфIыжьым
- Щырадза жэщым уэ уаукIащ.
- Илъ ищIэжыну уи къуэшыжь
- закъуэр
- А махуэм щхьэпылъэу ныфIадзэ,
- Залымджэрий, уи дыщэ къамэр
- Лэгъунэ нэщIым ныфIадзэжащ.
- КIэрэф и къуэм уи чэсей джанэр
- А махуэм лъы фIыцIэм къреIэ.
- Къэбэрдейм ди гум къеIар
- Залымджэрийщи, тщыремыгъупщэ.
- 4
- Уи къатыр цIыкIур городым
- щопсалъэ.
- КIэрэф и къуэм и псалъэмакъым
- Жылагъуэр ныщIобэг.
- Чэсей хужь джанэр лъыпсым
- къреIэ,
- Къэбэрдейм ди гум къеIари
- КIэрэф и къуэу Залымджэрийщ.
- Уи сыхьэт цIыкIур дыгъэм полынд,
- Сэлэт хьэдэм къахэлындыкIыр
- КIэрэф и къуэу Залымджэрийщ.
- Уи къатыр цIыкIур зэрылъапашэ,
- Тамбийхэ я унэ лъашэм
- Пщы щауэ щIремыхьэж.
- 5
- КIэрэф и къуэу Залымджэрийр
- ЗаконкIэ Iэзэт,
- Тамбий и къуэр къыдоIэзэкIри
- НэщанэкIэ дрегъэукI.
- КIэрэф и къуэм и шы пэху цIыкIум,
- АтIэ мыгъуэ, дахэу зегъазэ,
- Японышэм игъэзэгъари
- КIэрэф и къуэу Залымджэрийщ.
- Нэганурэ кIэрахъуэ цIыкIур
- Шхужьыщхьэмэ ныщогъэлындыр,
- Сэлэт хьэдэм къахэлындыкIыр
- КIэрэф и къуэу Залымджэрийщ.
- Перво сотнэм фи командирым
- Командэр дахэурэ къещI,
- Къэбэрдейри дызэрымыщIэурэ
- КIэрэф и къуэр къедгъэукIащ.
- Уи жагъуэгъуу инэралыжьым
- БэлътокукIэ уи нэр къыщепхэ.
- КIэрэф и къуэр укIэрепхэжри
- НэщанэкIэ урегъэукI.
- Боксэурэ уи шырыкъу цIыкIум,
- АтIэ мыгъуэ, лъэхэр къехузыр,
- КIэрэф и къуэм и гузэвэгъуэр
- Къэбэрдеймэ тщыремыгъупщэ.
- 1904 гъэ