ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Республикэм и Iэтащхьэр къыщыпсэлъащ  КъБР-м и егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэм

2020-08-29

  • ЩIэныгъэм и махуэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм щыщIадзэжынумрэ и пэ къихуэу курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэту Налшык дэт еджапIэ №33-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэм я шыщхьэуIу зэIущIэр.

  • ЕгъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К., Правительствэм и УнафэщI Мусуков А., КъБР-мкIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Т., Урысейм ЩIэ-ныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Свистунов А., КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн М., школ егъэджакIуэхэр, гъэзэщIакIуэ властым, щIыпIэ самоуправленэм, егъэджэныгъэ, профсоюз, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я Iэтащхьэхэр.
  • Тепсэлъыхьащ курыт, IэщIагъэ щрагъэгъуэт, гуэдзэн егъэджэныгъэм, щIалэгъуалэ политикэм заужьын папщIэ япэ игъэщыпхъэхэм, 2020 — 2021 гъэ еджэгъуэм щIэныгъэр хэгъэхъуэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр яубзыхуащ.
  • ВидеоIэмалхэр къигъэсэбэпри, зэIущIэм хэтхэм захуигъэзащ Урысей Федерацэм щIэныгъэ щегъэгъуэтынымкIэ и министр Кравцов Сергей. Абы ди егъэджакIуэхэм фIыщIэ къахуищIащ гъэ блэкIа гугъум я лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ къызэрырахьэлIам папщIэ икIи зэпэщIэхауэ сабийхэр егъэджэным ехьэлIа Iэзагъ дэтхэнэми зэригъуэтар къыхигъэщащ. «ЗэпэщIэхауэ зэрырагъаджэ зы Iэмалри пэхъунукъым дызэреса егъэджэкIэм. Абы къыхэкIыу онлайн щытыкIэм еджапIэхэр зэи дыхуэкIуэнукъым», — къыхигъэщащ федеральнэ министрым.
  • КъищынэмыщIауэ, Кравцовым хъыбар къаригъэщIащ Урысей Федерацэм щIэныгъэ щегъэгъуэтынымкIэ министерствэм ЕгъэджакIуэхэм я совет къызэрыщызэрагъэпэщыр. Абы хыхьэнущ щIыналъэ къэс цIыху зырыз.
  • Зэхуэсым кърихьэлIахэм фIэхъус ярихри, КIуэкIуэ Казбек яжриIащ къэралми республикэми я дежкIэ егъэджэныгъэр япэ игъэщын хуей Iуэхугъуэхэм зэрыщыщыр. ШыщхьэуIу зэIущIэхэр, къыхигъэщащ абы, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы блэкIа гъэ еджэгъуэм кърикIуахэр къыщыдопщытэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэм зэрызиужьынур щыдоубзыху.
  • «Къыпэубыдыныгъэхэр къызэрежьэрэ, иджы япэу, фокIадэм и 1-м цIыхухэм — школакIуэхэм, студентхэм, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм — куэду зэуIуу зэхуэсу щIадзэжынущ. БлэкIа гъэ еджэгъуэр хуабжьу гугъуу зэфIэтхащ, коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ. Апхуэдэу щIэдзэн хуей хъунущ еджэгъуэщIэми — санитар-эпидемиологие щытыкIэм къигъэувхэм дытету, сыту жыпIэмэ, республикэм щыпсэухэм, сабийхэм я узыншагъэращ Iуэхур зытеухуар. Абы дэ жэуаплыныгъэшхуэ ди пщэм кърелъхьэ икIи зэгъусэу дыпэлъэщыпхъэщ», — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. Школ егъэджакIуэхэмрэ унафэщIхэмрэ республикэм и Iэтащхьэм къыхуриджащ Роспотребнадзорым къигъэувхэм ткIийуэ тетыну.
  • ЩIыналъэм и зыужьыныгъэр зэлъыта къалэныщIэу КIуэкIуэм жиIащ егъэджэныгъэр егъэфIэкIуэныр. «Дэ тлъэкI псори длэжьын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэр къэралым щынэхъыфIипщIым хэдгъэхьэн папщIэ. Си фIэщ мэхъу нобэ абы дызэрыпэлъэщынур», — къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
  • Егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр техникэ и лъэныкъуэкIэ къызэгъэпэщынми мыхьэнэшхуэ зэриIэм гу лъаригъэтащ республикэм и лIыщхьэм. Мы зэIущIэр лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ иджыблагъэ яухуа школыщIэм зэрыщрагъэкIуэкIри зэрымыщIэкIэ къызэрымыхъуар къыхигъэщащ. Ар щапхъэ яхуэхъупхъэщ адрей еджапIэхэми — республикэм и унафэщI IэнатIэхэм, егъэджэныгъэ IэнатIэхэр я щIэгъэкъуэну, лъэпкъ проектхэм къыхузэIуах Iэмал гъуэзэджэхэр къагъэсэбэпыпхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм я щытыкIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ.
  • КIуэкIуэ Казбек щхьэхуэу къытеувыIащ пэщIэдзэ классхэм щIэс сабийхэр шхын пщтыркIэ къызэгъэпэщыным. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ а программэр зэригъэзэщIэну мылъкур: «Урысей Федерацэм и Президентым и жэрдэмыр дэ нэсу дгъэзэщIэн хуейщ».
  • Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ егъэджакIуэм и мыхьэнэр. Школ унафэщIхэмрэ щIыналъэм я Iэтащхьэхэмрэ зэгъусэу елэжьыпхъэщ егъэджакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным, я псэупIэр егъэфIэкIуэным, псом ящхьэращи, — егъэджакIуэм и пщIэр къэIэтыным. «Фи лэжьыгъэм уасэ иIэкъым, ар мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Фыпсэу!», — жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм икIи зэIущIэм хэтахэм, егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыт псоми узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэ-ну ехъуэхъуащ.
  • Доклад ящIу шыщхьэуIу зэIущIэм къыщыпсэлъахэщ Урысейм ЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Свистунов А., КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ А., Тэрч щIыналъэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Варий М., Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыIэ Эльбрус къуажэм и курыт еджапIэм и унафэщI Залиханов А., «ДыгъафIэ къалэ» ГБОУ-м сабий зэчиифIэхэр къэхутэнымрэ ядэлэжьэнымкIэ и «Антарес» центрым и унафэщIым и къуэдзэ Айбазов Т., КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хь., егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я лэжьакIуэхэм я профсоюзхэм            я рескомым и унафэщI Карныш С. сымэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.