Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъасэ
2020-08-29
- Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ КъуэкIыпIэ Сыбырымрэ я дзюдоист ныбжьыщIэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ мазэ ныкъуэкIэ зыщагъэсащ.
- Мыгъэрей зэхуэсым, адрейхэм хуэдэу, куэд кърихьэлIакъым. АбыкIэ зэран хъуащ дуней псор зыгъэгулэз Covid-19 узыр иджыри зэрымысабырар. Апхуэдэу щыт пэтми, Iуащхьэмахуэ лъапэ къэкIуа ныбжьыщIэхэм я Iэзагъым хэпщIыкIыу хагъэхъуащ. ГъэсакIуэ цIэрыIуэхэу Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залым, абы и къуэш УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Джэданэ Алим, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер Давтян Рафаэль, Урысейм спортымкIэ и мастер Бэрэздж Светланэ сымэ я лъэкI къагъэнакъым къуршым зэрыщыIа зэманыр зэгъэзэхуауэ икIи сэбэпынагъ ин пылъу къагъэсэбэпын папщIэ. Дзюдоист ныбжьыщIэхэм куэд къыщащIащ дунейми Европэми я чемпион Лъэцэр Хьэзрэт и дежи. Ари сыт щыгъуи абыхэм ядэщIыгъуащ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм хуигъасэрэ чэнджэщ щхьэпэхэр къариту.
- «Лъэцэр Хьэзрэт къытхуэкIуэну пасэу дыгурыIуат. Дыхущокъу дзюдоист ныбжьыщIэхэр абы хуэдэ спортсмен телъыджэхэм дэдгъэплъеину. КъищынэмыщIауэ, ар Iэзагъ ин зыбгъэдэлъ тренер гъуэзэджэщ икIи 2000 гъэхэм я пэщIэдзэм Италием и командэ къыхэхам я тренер нэхъыщхьэу щытащ», — къыджиIащ зыгъэсэныгъэхэр къызэзыгъэпэща Джэданэ Залым.
- Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIа зэхуэсым кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ КъуэкIыпIэ Сыбырымрэ я дзюдоист ныбжьыщIи 100-м нэблагъэ. Абыхэм яхэтащ урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Тренерхэм я фIэщ мэхъу я гъэсэнхэм я зэфIэкIымрэ ехъулIэныгъэхэмрэ иджы нэхъыбэж зэрыхъунур.
- Жыласэ Замир.