Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-08-29
- Шхыныгъуэхэр
- ТебэкIэ гъэжьа бжэныл
- гъэгъупцIа, кIэртIоф, бжьын щIэлъу
- Бжэныл гъэгъупцIар зэпауд е зэпаупщI г 40-50 хъу тыкъыр цIыкIуурэ, псы хуабэкIэ ятхьэщI, тебэм иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри, тебащхьэр трапIэ. Хьэзыр хъуху, псыр щIэвэщIэху, зэзэмызэ зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету ягъавэ. Псыр щIэвэщIа нэужь къыщIидза дагъэмкIэ дакъикъи 5-8-кIэ, тхъуэплъ хъуху, зэIащIэурэ ягъажьэ. КIэртIофыр IупщIэурэ яупщIатэ, шыгъу трагъэщащэ, тIэкIу ягъэжэпхъыжри, лы жьэм зэIащIэурэ халъхьэ. Тебащхьэр трапIэри, дакъикъи 10-12-кIэ ягъажьэ, зэзэмызэ зэIащIэурэ. ИтIанэ бжьыныщхьэ упщIэта халъхьэ, псори зэIащIэри, хьэзыр, тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ. Жьэным зы дакъикъэ е тIу фIэкIа имыIэжу шыбжий сыр хьэжа траудэ. Хьэзыр хъуа лыр пэшхьэкум къытрах, джэдгын траудэри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 4-5-кIэ щагъэт. Пщтыру яшх. Дашх пIастэ хуабэ, мырамысэ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- бжэныл гъэгъупцIауэ — г 400,
- кIэртIоф укъэбзауэ — г 100,
- бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 80,
- псы щIыIэу — г 150-рэ,
- шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Джэш лыбжьэ
- Джэшыр зэхадз, фIыуэ ялъэс, псы къэкъуалъэм хакIутэри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтрэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Шыгъу хадзэри, иджыри апхуэдизкIэ ягъавэ. АпщIондэху псыр щIэващIэмэ, псывэ щIакIэ. Джэш вар зэрыпщтыру яуб е лыхьэжым щIагъэкIри, шыуаным иралъхьэж. Абы тхъукIэ гъэлыбжьа бжьын халъхьэ, шыбжий сыр хакIутэ, а псори зэIащIэ, шатэ хакIэри, дакъикъи 7-8-кIэ къагъэкъуалъэ.
- Хьэзыр хъуа джэш лыбжьэм джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ тIэкIурэ щагъэт мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ. Пщтыру яшх, щIакхъуэ е пIастэ и гъусэу.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- джэшу — г 200,
- псыуэ — г 1450-рэ,
- бжьын укъэбзауэ — г 30,
- тхъууэ — г 60,
- шатэу — г 160-рэ,
- шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
- Чэнджэщхэр
- Ху хьэжыгъэр щагъэлъкъым
- Бжэныл ягъэгъуркъым, ягъэгъупцIу аращ.
- Нэхъапэм Iэщышхуэм и кIапэм сампIалъэ къыхащIыкIыу щытащ.
- КIэртIоф гъэжьа зэрылъ тебэм и щхьэр тепIауэ куэдрэ щыбгъэтмэ, йоуцIыныхь.
- Мэл е бжэн къызэраубыдыр мэлыхъуэбашщ. IэкIэ къэбубыдмэ, узэIуса лыр фIыцIафэ хъууэ къалъытэ.
- ФIагъэжу зи фэр траха Iэщышхуэм е Iэщ цIыкIум лыджанэкIэ йоджэ.
- ПIащIэ хъуа шыпсым бажэ шыпскIэ йоджэ.
- Джэшыр хуабапIэм щахъумэркъым, хьэпIацIэ хещIэри.
- Къуэнтхъурей цIынэ куэд пшхыреймэ, жьэжьейр егъэкъабзэ.
- Дэшхуэр яшхыну сэбэпышхуэщ лъы зи мащIэхэм, щыгъупщэххэм.
- ГъэтIылъыгъэ ящIа кхъуейр яшхыну къыхаха нэужь псы щIыIэ дагъэжэх. Пхуэмышхыу къэнар хэплъхьэж хъунукъым, кхъуейр щащэ ещI, зэIегъыхьэ.
- Шыгъу ипкIутынуи утеувэнуи гуэныхьышхуэ пылъу къалъытэ.
- Хугу хьэжыгъэр щагъэлъкъым, дыдж мэхъури.
- Ху мэжаджэ нэхъ щащIыр сабийм лъэтеувэ щыхуащIым и дежщ.
- Къэб яупщIэтар е зэгуаудар ямыгъавэу е ямыгъажьэу махуитI нэхърэ нэхъыбэ щагъэлъкъым, зэIохьэри.
- Къубатий Борис.
- Сабийхэм папщIэ
- Бжы зэпеуэ
- ТхьэлъэIу, вакIуэ къихьэж щащIхэм деж хьэблэ-хьэблэу е къуажэ-къуажэу щIалэгъуалэр зэдэджэгуу щытащ. Къуажэ къэс шыкIэ нэхъ IэкIуэлъакIуэу, зэфIэкI яIэу шу зыхыбл къыхахырт. Абы хуэдизыбзэ адрей къуажэми къигъэувырт. ГупитIым я зэхуаку ящIырт зы шы илъыгъуэрэ ныкъуэрэ – тIу нэс. Абы нэмыщI, къуажэ шу гуп къэс я гупэм къихуэу лъэбакъуэ 15-20 хъун я зэхуакуу зэдэкIуэу сатыр тIурытI датIыкIырт, IупщIу плъагъуу. СатыритIым я зэхуакум зыри дэткъым, нэщIщ. Ар пIрегугъуэу аращ.
- Иджы пхъэидзэкIэ зэхагъэкI дэтхэнэ къуажэм я шу гупым зэхьэзэхуэр къыщIадзэнуми. А къыщIэзыдзэну зи пхъэ къикIахэм щIопщ фIэкIа яIыгъкъым. Адрейхэм псоми бжы зырыз (шэбарым къыхэщIыкIа баш кIыхь е дей баш захуэ) яIыгъщ. Бжыхэр пагуэщ, къыптехуэмэ, имыгъэузын хуэдэу.
- Аращи, техьа гупым ящыщ зы шу къожэ. Ар мыдрейхэм я пIрегугъуэм илъадэу игъэзэжу езым я пIрегугъуэм нэсыжын хуейуэ аращ. Шур я пIрегугъуэм къызэрихьэ нэхъ пIалъэ имыIэу, мыдрей гупым щыщ зы шу бжыр хьэзыру иIыгъыу абы кIэлъожэ, лъэщIыхьэу бжымкIэ къиуIэн и гугъэу. Пэж дыдэу, бжы идзар кIуэжым техуэмэ, ар зы текIуэныгъэщ. Темыхуэу фIэкIуэжмэ, зыми зыри къихьакъым. Ауэ шу кIуэжыр къызэплъэкIыурэ бжы къадзар Iэзэу къиубыдмэ, абы и ужьыр къэзыхур кърихужьэжынущ. Ар я пIрегугъуэм нэмысыжу къыхуэуIэмэ, бжыр къэзубыдам и гупым текIуэныгъищ къахуехь. КъимыуIэфу щытми, бжыр къызэриубыду модрейр зэрырихужьэжыфам щхьэкIэ текIуэныгъитI иIэщ.
- Апхуэдэурэ техьа гупым я шу псоми чэзур къалъыса нэужь, бжыхэр адрей гупым иратри, аргуэру къыщIадзэж. Дауи, пашэ хъур текIуэныгъэ нэхъыбэ къэзыхьырщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, шымрэ бжымрэ нэхъ зыгъэIэкIуэлъэкIуэфхэрщ.
- МафIэдз Сэрэбий.
- Хъыбархэр
- ХьэщIэмрэ бысымымрэ
- Зы къуажэ, яужэгъужауэ, зы щIалэжь дэсти, «сыкъыщамыщIэ сыщыхьэщIэнщ» жери, ежьащ. Зыкъомрэ къиущыхьауэ, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуагъэнти, зы хьэщIэщ ихьащ. Гъуэгу тетыху шхатэкъыми, хьэщIэщым зыщIигъэзэгъауэ, и гурыIупс къожэри, щысщ: «Тхьэ ямыIуамэ, сызэдзэкъэн гуэр кърахьэнкъэ», — жери. Пшапэр зэхэуауэ хьэщIэщым зы пщащэ къихьэри, щIалэжьым и пащхьэ Iэнэ къригъэуващ.
- — ЗумыгъэхьэщIэ, едзакъэ, гъуэгу ущытетакIэ, умэжэлIагъэнщ, — жери пщащэр хьэщIэщым икIыжащ.
- Iэнэм пIастэ бзыгъищрэ зы лы Iыхьэрэ телъщ. Iэнэм еплъри, щIалэжьыр и щхьэм щIэтIэхъуащ.
- — ПIастэ бзыгъищри сшхымэ, емыкIу сыкъащIынщ, — егупсысащ щIалэжьыр.
- – Зы бзыгъэр сшхыху, шху фалъэ нэхъ мыхъуми, зыгуэр къыкIэлъахьмэ, етIуанэ бзыгъэр дэсшхынщи, ещанэр щIезгъэхыжынщ, армыхъумэ нэмысыншафэ къызаплъынщ.
- Зы бзыгъэмрэ лы Iыхьэмрэ ишхри, щIалэжьыр Iэнэм бгъэдэтIысхьэжащ, и Iэр зридзэри:
- — КъыкIэлъахьынум сыпэплъэнщ.
- ЩIалэжьыр Iэнэм здыпэрысым, пщащэр хьэщIэщым къихьащ, хьэщIэм пIэ хуищIщ, Iэнэр щIихыжри щIэкIыжащ.
- – СыкъэвукIщ, — жиIащ щIалэжьым, пщащэм Iэнэр щIихыжа нэужь. — МыфIэкIа сымышхауэ, ныжэбэ сезэгъын?
- Ныбэ нэщIкIэ нэху зэригъэщынум егупсысурэ, жэщыбг хъуауэ, щIалэжьыр щхьэгъубжэм дэплъащ. ПщэфIапIэ щхьэгъубжэм уэздыгъэ нэху къыдидзырт. «Си Iуэху зэрахуэркъым мыбы, езыхэр зэхэтIысхьэжауэ машхэ, — жиIащ щIалэжьым. — СыкIуэнщи, сакIэщIэдэIухьынщ».
- ХьэщIэщым икIри, пщэфIапIэм кIуащ, щхьэгъубжэм дэплъмэ, я лIыжьым щхьэ егъэлыгъуэ, я фызыжьым тхьэмщIыгъуныбэ ещI, я нысэм тхьэв еху, я пхъум джэд ефыщI. «Сэ фэ сыфхурикъунщ», — жери щIалэжьыр бжэм теуIуащ. ЩIалэжьыр бжэм щытеуIуэм, модрейхэм щхьэри, тхьэмщIыгъуныбэри, тхьэври, джэдри зрагъэтIылъэкIащ.
- — Хэт ар? — къэджащ лIыжьыр.
- — Сэращ, — жери щIалэжьыр пщэфIапIэм щIыхьащ. — Зы хъыбар сигу къэкIыжащи, фезмыгъэдэIуауэ сыгъуэлъыжынукъым — хьэщIэщ сихьэмэ, аращ си хабзэр. Си нэкIэ слъэгъуа фезгъэдэIуэн хьэмэ си тхьэкIумэкIэ зэхэсха фезгъэдэIуэн?
- — ТхьэкIумэм Iэджи зэхех, уи нэкIэ плъэгъуа дегъэдаIуэ, – жиIащ лIыжьым.
- — ФезгъэдаIуэмэ, мыращ… Нобэ гъуэгу сыздытетым, зы блэ срихьэлIащ. Мо нанэм и тхьэмщIыгъуныбэм хуэдиз хъунт блэр. Фи дадэм игъэлыгъуа щхьэм хуэдиз хъууэ зы мывэ хъурей къасщтэри, блэм езутIыпщащ. Фи нысэм иху тхьэвым хуэдэу, супIэщIащ блэр. ПцIы сыупсмэ, фи пхъум ифыщIа джэдым хуэдэу, джафэ срехъу, — жиIащ щIалэжьым, жыхафэгум теувэри.
- Унагъуэм сыт ящIэжынт? Мэл яукIати, ягъавэри, щIалэжьыр къагъэхьэщIащ.
- Къэрмокъуэ Хьэмид.
- Хъуэхъу
- Хьэгуарэ (ГъукIакъуэ) Ритэ ХьэпащIэ и пхъум и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу
- Уи узыншагъэр мыкIуэщIу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ уиIэу, гъащIэм и IэфIыгъэ псори зыхэпщIэу, нанэ жьыщхьэ махуэ къыпхужаIэу куэдрэ укъытщхьэщытыну ди гуапэщ. Уи гуащIэ уемыблэжу унагъуэм урищIэгъэкъуэнщи, уи гугъуехьыр псапэу Тхьэм къуитыж. Пхэлъ гуапагъэмрэ цIыхугъэмкIэ удигъуазэщ. Уи къуэрылъху цIыкIу Инар и насып плъагъуну, абы и бынхэми ухигъэплъэну Тхьэм жиIэ!
- Уи щхьэгъусэр, уи дэлъхухэр, уи шыпхъухэр, уи нысэхэр.
- Адыгэ псалъэжьхэр
- Дыщ мэжаджэ IэфIщ
- Дыщэ лъэнкIэпс, уэсэпс хэмыхьэ.
- Къуажэ ив нэхърэ къуажэ и благъэ.
- Дунейр бжьакъуэпэкIэ зэредзэ.
- Зи нэгу къабзэм игури къабзэщ.
- Нэм пэжыжьэми, гум пэблагъэщ.
- Къуаргърэ пэт, и шырым «хужь цIыкIукIэ» йоджэ.
- Зи ныбэр зи IэфIылъэм и гур и лъэмыжщ.
- Дыщ мэжаджэ IэфIщ.
- Уи благъэ къыуитым и дзэ удэмыплъэж.
- Вы хьэху къозымытынум вы щэгъу ухегъэн.
- Гур жьы хъуркъым.
- Псалъэм и пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым.
- Гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ.
- Дыщэр къэзыгъуэт кIэншыгъулъэ иредзэ.
- Фо нэхърэ жей нэхъ IэфIщ.
- Узылъыхъуэр лъапIэ мэхъу.
- Къуийм и пыIэ щыгъупщэркъым.
- КъэзыгъэкIри зышхыжри уэрщ.
- МащIэр гуапэщ, гуапэр псапэщ.
- Къэзыдыгъур зы гуэныхьщи, зыфIадыгъур гуэныхьищэщ.
- Нэфым и нэм хихар и гум хелъхьэж.
- Къэзыхь зышхыж бей мэхъу.
- Къалэн зыщыпщIыжыр къалэн пхуохъу.
- Псы джэд псым итхьэлэркъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихьыркъым.
- Пщэдджыжь хьэщIэ гъэхьэщIэгъуафIэщ.
- Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ.
- Уэдыр Iушэщи, пшэрыр дахэщ.
- Псэлъафэхэм къарыкIыр
- Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым
- Псым хэмыхьэу — бдзэжьей ишхын фIэфIщ — Гугъу зрамыгъэхьу — «мыпщIантIэу тхъэн хьилагъэр дин зыхуэхъуахэм» ятеухуащ.
- Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ — Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
- Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым — ЦIыхур и щхьэ къыщхьэщыпсэлъыкIыну, къызыщхьэщыжыжыну, зыхуэуэчылыжыну хуитщ.
- Щхьэ къуийм и лажьэр щхьэ псом ищIэркъым — НэгъуэщIым игъэвыр, и Iуэху зыIутыр зыхэзымыщIыкIхэм яхуэгъэза псэлъафэщ.
- Пхъэ щакъутэм къуэщIий щолъей — Щыуагъи ныкъусаныгъи къыхэмыкIыу мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэху зэфIэкIыркъым, жыхуаIэщ.
- Щауэ Къэлидар.
- Фэ фщIэрэ?
- Жьы хъуа псалъэхэр
- Гуэншырыкъ – крестьянская обувь.
- Къэдабэ – бархат.
- Сэнжэху – подшивка к подолу платья.
- Къуху — пуговка.
- Шухьэ — тонкое высококачественное сукно.
- Гуэбэнэч — верхняя одежда у пастуха из войлока.
- Бырынбыху — род шелковой ткани.
- Тэбакъ — деревянная миска.
- Гуэгуэн — металлический сосуд для воды.
- Сыхьэн — миска, блюдо.
- Iэнлъэ — деревянное корыто для теста.
- УнащIэ — седельник.
- ДыщэкI — ювелир.
- ФащIэ — кожных дел мастер.
- КъамышыщIэ – мастер по изготовлению камчей.
- Iустаз — учитель.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:1. ПкъохэмкIэ лъагэу Iэта мэкъу гъэтIылъыпIэ. 4. Къуэр напщIэщ, пхъур … 7. Гъэгъа хужь Iэрамэхэр зи куэд жыг. 8. Джыдэм нэгъуэщIу зэреджэ. 9. Iэпслъэпсым щыщ. 10. Совет зэманым зекIуэу щыта ахъшэ жьгъей. 11. Къэралым и ищхъэрэ щIыналъэм Iэжьэм щыщIащIэ псэущхьэ. 12. Дэбэч, Лъэпщ сымэ я IэщIагъэ. 14. «Бжьыхьэр … пылъэлъыжыгъуэщ» — Мэзыхьэ Борис и тхылъ. 16. «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата зауэлI Мусэ … 18. Iэщ кIуэцIфэцIым къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 21. Къамылым къыхаха алэрыбгъу, лъэгурыдз. 22. Унагъуэ зэгъунэгъухэр. 23. Пасэрей Iэщэ зэрыпыджэ. 24. Пшынауэ икIи уэрэдус, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 25. Бжэн, мэл егъэзыпIэ. 29. Хьэкъущыкъу. 30. Щхьэхуимыту яIыгъ цIыху. 31. Мэрем махуэм мэжджытым щащI нэмэз 32. Ди щIыналъэм къыщыщIэж псы хущхъуэ. 33. Бэзэр Iэмэпсымэ.
- Къехыу:1. Уи щыгъыным зыкъыкIэрызыщIэ удзыжь. 2. НэщI исым и пщэдджыжьышхэ. 3. … щхьэнтэ. Е къуалэбзухэм ятет цы щабэ. 4. ХадэхэкI. 5. Дунейпсо Адыгэ хасэм и тхьэмадэу щыта … Къасболэт. 6. ГуфIэгъуэ Iэнэм щысхэм я IуэхутхьэбзащIэ. 13. Зыгуэрхэм гъусэ захуэзыщI, къыхуэмейIами закIэрызыщIэ. 15. Мэлыр … хъуауэ, пщIантIэ кIуэцIыр къеуфэрэзыхь. 17. МэкъумэшыщIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Хьэлий. 19. УсакIуэ цIэрыIуэ Гамзатов Расул и щIыналъэ. 20. Сыт хуэдэ Iуэхуми хэзагъэ. 24. ЦIыху Iэсэлъасэ. 26. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 27. Нэхъапэм адыгэхэм я унащхьэр абыкIэ ягъэбыдэрт. 28. Мынэхъыжь, мынэхъыщIэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ШыщхьэуIум и 22-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:3. Ибэ. 5. Бжьы. 6. Тешанк1э. 9. Ву. 10. Кхъужь. 11. Бжьо. 12. Рим. 15. Къуанщ1э. 18. Джэду. 19. Гъудэ. 20. Гурылъ. 23. Мэшыкъуэ. 24. Алабгъуэ. 26. Пэкъуэ. 28. Ауз. 29. Бжьын. 33. Адакъэ. 34. Нып. 35. Бгъэ. 36. Тху. 38. Гуу. 40. Фэтыджэн. 41. Сэху. 42. Хон.
- Къехыу:1. Киев. 2. ЛIыхъужь. 4. Къат. 7. Ерокъуэ. 8. КIэрэф. 11. Берд. 13. Мыхъур. 14. МыджэмыпцIэ. 16. Надэ. 17. Малъхъэунэгъу. 21. Акъужь. 22. Блэ. 25. Куба. 27. Къудан. 30. Жьажьэ. 31. Дапхъэ. 32. Iэбгъэ. 36. Тхъусэ. 37. КIыщ. 39. Уанэ.