ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-08-18

  • ШыщхьэуIум и 18, гъубж
  •  Урысейм и Географым и махуэщ. 1845 гъэм къызэрагъэпэщащ Урыс географие зэгухьэныгъэр.
  • Азербайджанымрэ Къэзахъстанымрэ щагъэлъапIэ я гъунапкъэхъумэ дзэхэм я махуэр
  • Таджикистаным и медицинэ лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • 1682 гъэм Урысей пащтыхьыгъуэм и тет хъуащ Пётр Езанэр.

  • 1782 гъэм Санкт-Петербург къалэм къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр (иужькIэ «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» зыфIащар).
  • 1787 гъэм Урысейм щыяпэу рабочэхэм я демонстрацэ щекIуэкIащ Санкт-Петербург. Пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм хуэтхьэусыхэну къызэхуэсат ухуакIуэ 400.
  • 1900 гъэм урыс инженер Перский Константин япэу къигъэсэбэпащ «телевиденэ» псалъэр.
  • 1920 гъэм США-м и конституцэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьащ, цIыхубзхэми Iэ яIэтыну зэрыхуитыр къыщыгъэлъэгъуауэ.
  • 1941 гъэм КъБР-м тхьэмахуэ щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы хэтахэм къалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм и фондым халъхьащ.
  • 1966 гъэм Мазэм и щхьэфэм сурэт трихащ НАСА-м абы хуэщIауэ иутIыпща Iэмэпсымэм икIи ахэр ЩIым къигъэхьыжауэ щытащ.
  • 1991 гъэм Горбачёв Михаил Форос (Кърым) щыIэ зыгъэпсэхупIэм къыдэкIыну хуимыту даубыдат къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щезыгъэкIуэкIыну зи мурадахэм.
  • Нэмыцэ дипломат, адыгэхэм я псэукIэ-зэхэтыкIэм тетхыхьа Олеарий Iэдэм къызэралъхурэ илъэс 420-рэ ирокъу.
  • Совет композитор цIэрыIуэ, уэрэджыIакIуэ Мигуля Владимир къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу.
  • Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, прунж гъэкIыным елэжь щIэныгъэ центрым и унафэщI Хъурым Хьэзрэт и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
  •  
  • ШыщхьэуIум и 19, бэрэжьей
  •  Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ
  • Сурэтым и дунейпсо махуэщ
  • Афганистаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
  • США-м и авиацэм и махуэщ
  • Джанэ кусэм и махуэщ. 1874 гъэм урыс флотым къулыкъу щызыщIэхэм я фащэу къащтащ кусэ щIыхухэр зыпхыкI джанэр.
  • 1839 гъэм Санкт-Петербург пэмыжыжьэу къызэIуахащ Пулковскэ обсерваториер. Иджыпсту ар Урысей Федерацэм и астрономие IуэхущIапIэ нэхъыщхьэщ.
  • 1887 гъэм шар гъэпщам ису зиIэтри, Менделеев Дмитрий кIэлъыплъащ дыгъэр зэрыкъуилъафэм.
  • 1895 гъэм Лондон къыщызэрагъэпэщащ Дунейпсо кооператив зэгухьэныгъэр.
  • 1942 гъэм Къардэн Къубатий Елхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ.
  • 1944 гъэм Покрышкин Александр къэралым щыяпэу Совет Союзым щэнейрэ и ЛIыхъужь хъуащ.
  • 1947 гъэм А витаминыр зэхалъхьащ.
  • 1960 гъэм Байконур космодромым телъэтыкIащ Белкэ, Стрелкэ хьэхэр зэрыса «Спутник-5» кхъухьыр. Ар шыщхьэуIум и 20-м къэтIысыжащ.
  • 1981 гъэм къызэрагъэпэщащ СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетым егъэщIылIа «Вымпел» гуп хэхар.
  • 1991 гъэм ГКЧП-м — къэрал унафэр зыубыдыну яужь ихьа гупым — СССР-м чрезвычайнэ щытыкIэ щигъэуват.
  • Фэилъхьэгъуэхэр къэгупсысынымкIэ, ахэр дынымкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта, ХХ лIэщIыгъуэм и модэм и тхыдэм лъэужь телъыджэ къыхэзына бзылъхугъэ Шанель Габриэль къызэралъхурэ илъэси 137-рэ ирокъу.
  • КъБР-м, КъШР-м, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БищIо Анатолий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
  • Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэжэр Валерий къызэралъхурэ илъэс 71-рэ ирокъу.
  • США-м и 42-нэ президенту щыта Клинтон Билл и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
  • Режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 — 28-рэ, жэщым градус 15 — 18 щыхъунущ.