ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIалэгъуалэр жыджэру щытын папщIэ

2020-08-18

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ зэIущIэ купщIафIэ щекIуэкIащ. «СтIол хъурей» щIыкIэу къызэрагъэпэща зэхуэсым щытепсэлъыхьащ «УФ-м и щIалэгъуалэ политикэм теухуауэ» федеральнэ хабзэм и проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр ди щIыналъэм ехьэлIауэ гъащIэм хэпщэн зэрыхуейм, абы зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри зэрыхалъхьэнум. Лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ Урысейпсо цIыху-бэ фронтым (ОНФ) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и экспертхэм.

  • ЗэIущIэм и утыку ирахьа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри хуэгъэпсат щIалэгъуалэм, зыщыщ щIыналъэмрэ яIэ социальнэ щытыкIэмрэ емылъытауэ, заужьын, жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтын папщIэ зыхуеину Iэмал псори зэхуэдэу къахузэгъэпэщын зэрыхуейм. Япэу псалъэ къэзыщтахэм ящыщщ ОНФ-м КъБР-м щиIэ къудамэм и «Егъэджэныгъэ» къудамэм и эксперт Галинский Ярослав. Абы зэрыжиIамкIэ, щIалэгъуэ ныбжьым иту дяпэкIэ къалъытэнущ илъэс 14-м къыщыщIэдзауэ 35-м нэс цIыху-хэр (ипэкIэ абы халъытэр илъэс 30 зи ныбжьым деж щиухырт). Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ Урысей Федерацэм ис щIалэгъуалэм я бжыгъэм мелуан 12,7-рэ къахэхъуащ икIи мелуан 41-м нэсащ.
  • — ЩIалэгъуалэу къалъытэхэм я ныбжьым зэрыхагъэхъуам къыхэкIкIэ, къапщтэмэ, цIыху нэхъыбэм хуитыныгъэрэ Iэмалрэ яIэ хъунущ къэралым къытхуигъэлъагъуэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм ящыщ куэд къагъэсэбэпыфыну, — къыхигъэщащ Галинскэм. — Апхуэдэу хъыбар фызогъащIэ ОНФ-м КъБР-м щиIэ къудамэм и щIыналъэ штабым и лIыкIуэхэм дызытепсэлъыхь хабзэм и проектым и 7-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэну жэрдэм къызэрыхалъхьамкIэ. Ахэр епхащ къэралпсо хабзэр ди щIыналъэм къызэрезэгъыну щIыкIэхэр убзыхуным.
  • Зэхуэсым зэрыщыжаIамкIэ, зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэну я мурадщ хабзэм и проектым и 9-нэ, 12-нэ Iыхьэхэми. Ахэр ехьэлIащ къэрал властым иригъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм ОНФ-м и лIыкIуэхэм я нэIэ тетын зэрыхуейм, ар жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ- ми зэрыщIэтынум. КъищынэмыщIауэ, экспертхэм къыхалъхьащ щIыналъэм щекIуэкI щIалэгъуалэ политикэм ипкъ иткIэ екIуэкI Iуэхугъуэ псори хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я IэмалхэмкIэ наIуэ щIын хуейуэ, ахэр Интернетым илъхьапхъэу, хэт хуейми щыгъуазэ зыхуищIыфын хуэдэу.
  • «СтIол хъурейм» и лэжьыгъэм кърикIуа чэнджэщхэр зэрыт дэфтэр хэха щагъэхьэзыращ зэхуэсым. ЩIыналъэм щыпсэу щIалэгъуалэм яхэлъ жыджэрагъыр къэIэтыным хуэгъэпса а Iуэху еплъыкIэхэр зыхуэфащэ IэнатIэм ягъэхьынущ.
  • КЪАРДЭН Маритэ.