Зи уэрэдхэр, щыкъун IэфIу, зэбграх Вындыжь Марие
2020-08-18
- Адыгэ эстрадэм и артист пажэхэу Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Хьэцей Тимур, Лий Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэ уэрэдхэу цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуахэр зи IэдакъэщIэкI Вындыжь Марие и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу мы махуэхэм. Ар Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм 8-нэ классыр ехъулIэныгъэ иIэу къыщиуха иужь, Налшык дэт педучилищэм щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Я жылэм дэт школым пэщIэдзэ классхэр зэрыщригъаджэм хуэдэурэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. ИужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и центрым инспектору щылэжьащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта иужь, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ школым щригъэджащ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэр радиом щолажьэ. Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ.
- КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Дунейпсо Арткомитетым я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ.
- Гъуазджэм и лъагапIэу къалъытэ уэрэдым хуэIэижь Вындыжьым и IэдакъэщIэкIхэр, щыкъун IэфIыр бзу быным зэрызэбграхым хуэдэу, лъэпкъым хэIущIыIу щыхъуащи, ахэр цIыхубэ уэрэду фIэкIа зымыщIэхэри щыIэщ. Абы нэхъ насып щыIэ уэрэдусым и дежкIэ?!
- Вындыжьым и усэхэм гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ. ЦIыху гукъеуэр, гупсысэр, гурыфIыгъуэр, хъуэпсапIэр Iэзэу къигъэлъэгъуэн хузэфIокI абы. Пэжщ, дахэу тхэ куэд щыIэщ, ауэ Марие и творчествэм фо хьэкIуэу гур къыIуезыгъащIэр ар ныбжь псоми «зэрепсэлъэфырщ». Абы и щыхьэтщ ар щIэх-щIэхыурэ республикэм ит курыт еджапIэхэм ирагъэблагъэурэ цIыкIухэм зэрыIуагъащIэр, творческэ пшыхь гукъинэжхэр къызэрыхузэрагъэпэщыр. Сыт и уасэ иджыблагъэ лъэпкъым зэрыхуэупса «Бзу анэм и уэрэд» сабий мюзиклыр?!
- ЗыкIи нэхъ мащIэкъым Марие адыгэ журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэр. Илъэс куэд щIауэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр радиом егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэщ.
- Ди республикэм и щIыналъэхэм а унэтIыныгъэмкIэ къыщызэрагъэпэщ зэхы- хьэхэм кIуэурэ репортаж гъэщIэгъуэнхэр ещI, еджапIэхэм щызэхаублэ зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэр къегъэпсалъэ, гулъытэ яхуещI.
- Шэч хэмылъу, а псор хузэфIэкIынымкIэ абы щIэгъэкъуэн къыхуэхъур и унагъуэ дахэрщ. Къэшэж СулътIанрэ Мариерэ я бынхэу Альбертрэ Анжелэрэ езыхэми унагъуэ яIэу, я адэ-анэм я щапхъэм тету, ехъулIэу мэпсэу. Абыхэм къатепщIыкIыжа цIыкIухэм я насыпыр тIуащIэу жыпIэ хъунущ (адрей нанэхэм быным я быныжыр IэфIыкIэрэ гулъытэ хэхакIэ ягъэгуфIэмэ, мы сабийхэр усэщIэ цIыкIухэмкIи ягъафIэ. И нэхъыбапIэм я лIыхъужьыр езыхэрауэ).
- И махуэ лъапIэм ирихьэлIэу Марие упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, къы- джиIахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
- — Сокъур Мусэрбий къызэригъэпэщауэ щыта литературэ гупжьейм кIуэн щыщIэбдзам къыщыщIэдзауэ литературэм япэ лъэбакъуэхэр хэпчауэ жыпIэ хъунущ. Вындыжь Марие сыт усакIуэ, уэрэдус зыщIар?
- — Къуажэ школым адыгэбзэмкIэ дыщезыгъэджа Лыджыдэ Хьэлимэт и фIыгъэу къэплъытэ хъунущ си усакIуэгур ушэу зэрыхуежьар. Абы литературэ гупжьей къызэригъэпэщауэ усыгъэм и гъэпсыкIэхэм дыхуигъасэрт. ИкъукIэ сигъэгушхуэрт Хьэлимэт. Педучилищэм сыщыщIэсам литературэ Iуэху зесхуакъым. ИужькIэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьэну мурад сщIащ. Экзаменым дызыхуей темэмкIэ сочиненэ ттхыну хуит дищIырти, сэ усэ истхащ. Урыс Хьэталий кърикIуэурэ, си тхылъымпIэм итым еплъри, игъэщIагъуэу: «Сыт, уэ усэ зэхэплъхьэу ара?» — жиIэри къызэупщIат. Дауи, усэ бэлыхь хъуауэ къыщIэкIынтэкъым ар, ауэ усыгъэм сызэрыдихьэхым щхьэкIэ пхагъэкIагъэнт. Университетым сыщIэтIысхьа иужькIэ Сокъур Мусэрбий сриджэу, къызэригъэпэща литературэ гупжьейм сыхыхьэну къызэрысхуигъэфащэр, си зэфIэкIыр абы пэлъэщыну къызэрилъытэр къыщызжиIэм, сыгуфIэри, кIуэн щIэздзащ. Нобэми сфIэгъэщIэгъуэнщ Мусэрбий и губзыгъагъэр, набдзэгубдзаплъагъэр.
- Еуэри, Мусэрбий «МакъыщIэхэр» зэпеуэм сыхигъэхьащ. Абы и къэпщытакIуэ нэхъыщхьэр ЩоджэнцIыкIу Iэдэмт.
- А зэманым школым егъэджакIуэу лэжьэн щыщIэздзати, зэпеуэм щы- жысIэну къыхэсхари егъэджакIуэм теухуа усэт.
- «Сыщытщ сыщIоплъэри нэ плIыщI,
- Зэмыщхьу гъащIэр щыубзыхуау…
- Зым и нэгум дохутыр хъуауэ щIызолъагъуэ» н.къ. псалъэхэр усэм хэтти, къэпщытакIуэхэм яз (езыри усакIуэт) къысщIэнакIэу «Уэлэхьи, властыр зэрыщыту езым и IэмыщIэ илъу жеIэмэ мыбы, бын куэди иIэу къыщIокIым…», — щыжиIэм, зэуэ си гур къызэфIэзэрыхьри, сызэрыкIуам щхьэкIэ си щхьэ мыгъуагъэ хуэсхьыжу сыкъыщIэкIыжащ. ИтIанэ Мусэрбий си усэ Iэрамэр сIихри:
- «Анэ быдзышэ хуэлIа сабийуэ,
- Псы хуэлIа щIылъэм и жьэр ущIащ» сатырхэм къеджэщ, къысщIэнэкIам дежкIэ зигъазэри: «АфIэкIа образ къимыгъэщIами, абыкIэ уи творчествэр къыдигуащ», — жриIат. А псалъэхэр сэркIэ дамэт.
- ЕджапIэр къэзухри, унагъуи сыхъужауэ, ХьэкIуащэ Андрей къалэм сыщыхуэзауэ, Сокъурыр зэрыщымыIэжым и хъыбар гуауэр къызжиIэри, «Уэлэхьи, хъыджэбз, Мусэрбий къызэрыпщыгугъар умыгъэпэжа уэ», — псалъэхэр гукъанэ хэлъу ды-щIигъужат.
- Си нэгур зэIууауэ сыкIуэжри, Iуэхур зытетыр си щхьэгъусэм хуэсIуэтэжа иужькIэ: «Абы щыгъуэ, иджыпсту уотIысри, зы усэ уотх, пщэдеи уотIысри, уотх, «Мусэбий къызэрыпщыгугъар бгъэпэжащ!» — къыбжаIэху уотхэ», — къызжиIат. Арати, сэри сытегушхуэри, тхэн щIэздзэжащ, ауэ стхыхэр зыщIыпIи щызгъэлъагъуэртэкъым.
- Зэгуэрым си сабийхэр Пионерхэм я уардэунэу Налшык дэтым къэсшащ уэрэд жыIэным, къэфэным дезгъэхьэхыну. ЦIыкIухэм ядэлажьэ Блашэ Владимир сыщыхуэзэм: «Марие, усэ птхыуэ зэхэсхащи, кхъыIэ, мы сабийхэм зыгуэр яхуэтх, адыгэбзэкIэ жедгъэIэн дгъуэтыркъым», — щыжиIэм, сыкIуэжри, си хъыджэбзымрэ и анэшхуэмрэ ятеухуауэ «Нанэрэ Лацэрэ» усэ цIыкIур яхуэстхащ. Владимир усэр занщIэу къищтащ. Мыхъуами, къищтэну къыщIэкIынт, нэгъуэщI игъуэтыртэкъыми (мэдыхьэшх). «НэгъуэщI мыхъуми, уи къуэми хуэтх-тIэ», — жиIэу Блашэр къыщызэлъэIум, си къуэмрэ и хьэ цIыкIумрэ ятеухуауэ стхащ. Сокъур Ольгэ и хъыджэбзымрэ сысеймрэ зэдеджэрти, а цIыкIуми уэрэд хуэстхащ. Пионерхэм я уардэунэм и пщIантIэм сыщыдыхьэкIэ сабий цIыкIухэр къызбгъэдыхьэурэ: «КхъыIэ, сэри уэрэд схуэтх», — жаIэурэ къыспежьэ хъуат. Дауэт абыхэм пхуэстхынукъым зэражепIэнур?! Апхуэдэурэ сабий усэ лъэщыгъэкIэ тхын щIызагъэдзащ.
- ИужькIэ студент хъыджэбзхэм лъагъуныгъэ уэрэд хуейуэ къысхуаIуэху. Ди благъэ хъыджэбз цIыкIум къызжеIэ: «Хэт нэхъ дахэр мамэхэм, ар сысейрщ, ар сысейрщ» — уи уэрэдым иращIар пщIэрэ? И псалъэхэр зэрахъуэкIри, «Хэт нэхъ дахэ щIалэхэм, ар сысейрщ, ар сысейрщ», — жаIэ. КхъыIэ, Марие, уэрэд тхуегъэтх» — жаIэурэ мэлъаIуэ». Абыхэм я фIыгъэкIэ, стхыр хъурэ мыхъурэ егупсысыпIэ симыIэу, къызэлъэIум Iуэхутхьэбзэ яхуэсщIэрэ, адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ япэ изгъэщурэ сагъэтхащ. ИтIанэ Сокъур Ольгэ «Сэ-щэ?!» — жиIэу къыщыувым, си усэхэм хэзгъаплъэри, «Зэхуэзэшхэр зэхуозэж» жыхуиIэр къыхихри, езым макъамэ щIигъэувэри, цIыхубэм яхихьауэ щытащ.
- — Марие, сабийхэм я гугъу щыпщIкIэ уи нэгум зэрызихъуэжым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЦIыкIухэр фIыуэ зэрыплъагъур уи усыгъэми, творчествэми, радиом щебгъэкIуэкI лэжьыгъэми щынэIурыт дыдэщ. Ауэ щыхъукIи, сабийхэм уахуэтхэн, уадэлэжьэн нэхърэ нэхъ гугъуи щыIэу къыщIэкIынкъым. Сыт хуэдэ увыпIэ абыхэм уи деж щаубыдыр?
- — ЗэрыжысIауэ, уэрэд тхын зэрыщIэ-здзар зи фIыгъэри, мюзиклыр зыхуэстхари ахэращ. Сыт хуэдэ щIэдзапIэ гъащIэм щызимыIэми, сыкъэзыгъапцIэу сыдэзыхьэхыр, ухуейрамэ, сытезыгъэгушхуэр сабийхэращ. Абыхэм фэрыщIыгъэ яхэлъкъыми, ягу иримыхьыр пIахынукъым. Сыт и уасэт «Бзу анэм и уэрэд» мюзиклым еплъа цIыкIухэм я нэгум уиплъэну! «Иджы балигъхэм яхуэдгъэтх», — жиIэри Къул Амир къызэлъэIуауэ абы яужь дитщи, сщIэркъым къызэрыдэхъулIэнур.
- Пэжым ухуеймэ, къару нэхъыбэ къызэзытри сIызыхри сабийхэращ. Абыхэм нэхъ сащошынэ, ягу иримыхьыр занщIэу я нэгум къытощри. «Сабиигъуэ гъуэгу» си тхылъым ит усэхэр Iыхьищу — «Нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ», «Сабий курыт-хэм папщIэ», «ШколакIуэ нэхъыжьхэм папщIэ» жиIэу зэпыудащ. Сабийр зэрыт ныбжьым фIэгъэщIэгъуэныну Iуэхугъуэмрэ ар зэрыбгъэдэплъхьэну бзэмрэ къэгъуэтын, къэлъыхъуэн хуейщ.
- — Сыт щыгъуэ усакIуэ, уэрэдус узэрыхъуар къыщыбгурыIуар? ЦIыху цIэрыIуэхэм уи IэдакъэщIэкIхэр ягъэзэщIэн щIадза иужькIэ?..
- — КъБКъУ-р къыщыдухым Сокъур Мусэрбий оценкэ къыдита иужькIэщ усэ зэ- рысхуэтхыр къыщызгурыIуар. Ауэ щыхъукIи, сэ дапщэщи сыхуэныкъуащ си усэхэм хэплъэн. Арати, тхэн щIэздзэжа иужькIэ си щхьэгъусэр хэзгъэплъащ. Си усэхэм еджэрти, игу ирихьмэ «Мыр КIуащ БетIалщ!» — жиIэрти сигъэгуфIэрт (езым къызэрымыкIуэу БетIал и творчествэр фIыуэ илъагъурт). Ауэ «Уей, мыр чы пыIэм!» — жиIамэ, мыхъуауэ арат. Зыкъом зэхуэсхьэсри, «Мусэрбий къысщыгугъауэ жыпIати, тхэн щIэздзэжащ», — жысIэри ХьэкIуащэ Андрей хуэсхьати, гуфIэри, сIихат. Андрей куэдкIэ щIэгъэкъуэн, гъуэгугъэлъагъуэ щысхуэхъуащ гъащIэм. Си япэ тхылъым пэублэ псалъэ хуэзытха-ри аращ.
- — Уи уэрэдхэр дахэу зыгъэзащIэ ди артист пажэхэм уазэрыдэлажьэм и гугъу къытхуэпщIамэ арат.
- — Артистхэм я зыIыгъыкIэ, уэрэд гъэIукIэ, ныбжь елъытауэщ уэрэд зэрахуэстхыр. Уэрэд жызмыIэ щхьэкIэ, сэ макъамэм хуабжьу сыхуэтхьэкIумафIэщ. «Мыр зыгуэрым сIихыну пIэрэ?» — жысIэу зы уэрэди стхакъым. Уэрэдыр зыхуэстхым и дахагъэр, и зэфIэкIыр наIуэ къэсщIынырщ къалэну зыхуэзгъэувыжыр.
- Си уэрэдхэр утыкушхуэхэм щыжаIэн щIадза иужькIэ, ар къыщыIуну пшыхьхэм срагъэблагъэрти, залым зэи сащыхуэтIысыртэкъым, сценэ къуагъым сы- къуэст, цIыхухэм я нэгум сиплъэу, къазэрыщыхъур къэсщIэну сыпIащIэу.
- — Гъэ кIуам адыгэ лъэпкъым къыхэ-хъуа хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ «Бзу анэм и уэрэд» мюзиклыр. Абы къежьапIэ хуэхъуам, ар къызэрохъулIам тхутепсэлъыхьыт.
- — Си сабий уэрэдхэм я нэхъыбэм уэрэдыпкъ яхуэзытха композитор цIэры- Iуэ Къэбэрдокъуэ Борис сабий мюзикл дыгъэтх жиIэри къызэлъэIуати, япэщIыкIэ «хьэуэ» жесIат (мюзиклым и хабзэхэм зыри хэсщIыкIыртэкъым), итIанэ сытригъэгушхуэри, тхын щIэздзауэ Борис дунейм ехыжащ. Нэзгъэса иужькIэ Къул Амир зыхуэзгъэзащ — Борис и псэр къэзгъэгугъати, сыхуейтэкъым къэзгъэпцIэжыну. Амири, сэ схуэдэу, япэщIыкIэ «хьэуэ» жиIат, игъащIэм апхуэдэ лэжьыгъэ зэримыщIар тегъэщIапIэ ищIу. Ауэ «залымыгъэкIэ» жыхуаIэм хуэдэу, абыи езгъэдащ. Тхын духа иужькIэ Амир мюзиклыр сценэм щыдгъэувмэ, абы и фIагъыр цIыхухэм я деж нэхъ тыншу, екIуу нэхьэса хъуну къызэрилъытэр щыжиIэм, дытегушхуащ. АрщхьэкIэ, абы мылъку текIуэдэнут, езы тхылъри къыдэгъэкIын хуейти. Зэ зым, зэ адрейм зыкъытщIагъэкъуэну дыкъагъэгугъэурэ илъэс бжыгъэ дэкIыжарэ, си гугъэри хэсхыжауэ, ЩоджэнцIыкIу Леонид си хъыбарыр зэхихати, жэрдэм ищIри, ЩоджэнцIыкIу Алий и фондым и цIэкIэ къысхудигъэкIащ. Си мюзиклыр зыгъэувар Къул Амир ипхъу Дайанэщ. Ар режиссёр IэщIагъэм Москва щыхуеджати, мыр и япэ лэжьыгъэу арат. Къафэхэр зыгъэувар Джашеев Алибэчщ. А мюзиклыр абыхэм къысхуэмыцIыхужу ягъэдэхат.
- — Сэ зэрысщIэмкIэ, анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIа «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэр зэрырагъажьэрэ къэпщытакIуэ гупым уахэтщ. Ар радиом щебгъэкIуэкI лэжьыгъэм щыщт, хьэмэрэ уи гумызагъагъэм, лъэпкъым хууиIэ лъагъуныгъэра зи фIыгъэр?
- — Ди республикэм зы къуажи иту къыщIэкIынкъым дэ дыздэщымыIа. Бзэм и закъуэтэкъым а зэIущIэхэм щагъэлажьэр, атIэ лъэпкъ хабзэми цIыху зэхущытыкIэми хуэгъэпсат. СфIэфIу, кърахьэжьа лэжьыгъэр ядэсIэтмэ си гуапэу илъэс 18-кIэ сахэтащ. ИкIи сыхущIегъуэжакъым.
- — «Махуэм зы цIыху къэпцIыхуамэ, уи махуэр пщIэншэ хъуакъым», — жиIэу псалъэжь щыIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ журналистхэр къызэрымыкIуэу дынасыпыфIэщ. ГъащIэм, дунейм, лъэпкъым фIы и лъэныкъуэкIэ къахэщауэ дызыхуэзэ цIыхухэм акъыл къызыхэпхын куэд къыбжаIэ. Уэ дауэ уеплърэ?
- — Журналист сымыхъуатэмэ, Вындыжь Марие къамыцIыхункIи хъунт. Усэ гуэрхэр стхыми, унэм сыщIэсамэ, сеупIэхыжынри хэлът. Ауэ журналист лэжьыгъэм цIыхухэм сахишэщ, къуажэхэм кIуэн щIэздзэри, си къэухьым зиубгъуащ, цIыхуфI куэд къэсцIыхуащ. Журналистымрэ сурэтыщIымрэ я IэщIагъэр зэщхьщ, тIуми цIыхум и сурэтыр ятх, зым псалъэкIэ, адрейм къалэмкIэ. Узэпсалъэ цIыхум жимыIэфа нэгъунэ плъагъун, къыбгурыIуэн хуейщ.
- — Уи щхьэгъусэр усэхэм пхухэплъэ- жу зэрыщытар къыхэбгъэщащ. Хуабжьу насыпышхуэщ апхуэдэу узэхэзыщIыкI цIыху къыббгъурытыныр…
- — Си щхьэгъусэм сэрэ зы зэман дыхалъхуащи, ди дуней еплъыкIэр зэтехуэкIи гъэщIэгъуэнкъым, езыри сурэтыщIщи, творчествэм и дунейм хуэхейкъым. Сэ сфIэгъэщIэгъуэнар аракъым. «Нанэрэ Лацэрэ» я уэрэдыр щыстхам си гуащэм езгъэлъэгъуати: «Си щхьэм къыщыщIэ
- дзауэ дыщэкIэ сыбблауэ фIэкIа къысщыхъуакъым», — жиIати, ауан сыкъищIарэ щыгуфIыкIарэ къызгурымыIуэу Iэнкун сыхъуат. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, анэм теухуа уэрэдыр щыстхам зызгъэщIагъуэу си анэм жесIати: «Куэд жумыIэу, унагъуэ уихьамэ, унагъуэ Iуэху щIэ» — къызжиIауэ щытащ. Арат си гуащэм и псалъэ- хэм Iэнкун сыщIащIар. «Ара нэхъапэр жыпIэу ара?» — жысIэу сыщеупщIым: «Алыхь армыра, иджыри зы птхымэ, абы афэ джанэ тебубгъуэжауэ фIэкIа къысщымыхъуну», — дыщIигъужат. Мис ахэращ сэ гушхуэныгъэ къысхэзылъхьари сытхэну къару къызэзытари.
- — Лъэныкъуэ куэдкIэ насыпыфIэ цIыху зырызхэм уащыщщ. Уи унагъуэкIи, лэжьыгъэкIи, творчествэкIи уефIакIуэ, хэбгъахъуэ зэпытщ. АтIэ, нобэкIэ сыт уи хъуэпсапIэ?
- — «Сабиигъуэ гъуэгу» тхылъ закъуэрщ дунейм къытехьауэ сиIэр. Ари зи фIы- гъэр КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсенщ.
- ИджыкIэ уэрэд 300-м щIигъу тхылъу щызэхуэсынум щIэхъуэпсу сохъумэ. Си IэдакъэщIэкIхэр зэбгрыпхъауэ дунейм тетщи, зигу ирихьым къащтэурэ я унэцIэр патхэ (апхуэдэ щапхъэ си гъунэжщ). Ахэр зыхуей хуэзэу тхылъым иту къыдэкIауэ слъэгъуамэ, афIэкIа зы хьэрф сымытхми здэнут.
- — Уи хъуэпсапIэр къохъулIэну ди гуапэщ, Марие. Уи махуэ дахэмкIэ дынохъуэхъу, уи зэфIэкIымрэ къарумрэ мыкIуэщIу, иджыри куэдрэ лъэпкъым, адыгэ щIэблэм уахуэпсэну, уахуэусэну!
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.