Урысейпсо зэдэжэм хыхьэу
2020-08-11
- Ди республикэм и къалащхьэм щыIэ ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм шыщхьэуIум и 2-м щекIуэкIащ а махуэм зэхэта урысейпсо зэдэжэм хыхьэ зэпеуэ. Ар къызэрагъэпэщащ Налшык къалэ округымрэ «Олимп совет» Къэбэрдей-Балъкъэр зэщIэхъееныгъэмрэ я щIэгъэкъуэныгъэкIэ.
- «ЗаБег.РФ» еплIанэ урысейпсо марафон ныкъуэ зи кIыхьагъ зэдэжэм щыщ Iыхьэу Налшык щекIуэкIар тхьэмахуэм и пщэдджыжьым зэхаублащ. Зи ныбжькIэ зэхуэмыдэ цIыху 200-м щIигъу абы хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ эпидемиологие щытыкIэр къалъытэри, ар кърихьэлIахэм щагъэпсынщIащ икIи гъэгуанэ кIыхьыр зэрызэпэча зэманыр къабжакъым.
- Зэдэжэр къыщызэIуахымрэ марафон ныкъуэм хэтахэр щагъэлъапIэмрэ кърихьэлIащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Зауррэ «Олимп совет» Къэбэрдей-Балъкъэр зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ Заруцкий Александррэ. Iуэху щхьэпэм хэта псоми узыншагъэ быдэ яIэну ахэр ехъуэхъуащ икIи дэтхэнэми фэеплъ саугъэтхэр тыгъэ хуащIащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Эстетическэ гимнастикэмкIэ и федерацэм и «Iуащхьэмахуэ» клубым и гъэсэн цIыкIухэм «ЗаБег.РФ» еплIанэ урысейпсо марафон ныкъуэ зи кIыхьагъ зэдэжэм щыщ Iыхьэу Налшык щекIуэкIам хэтахэм папщIэ флеш-моб удэзыхьэх къызэрагъэпэщащ.
- Хьэтау Ислъам.