Хэкупсэ нэс Сэхъурокъуэ Анатолэ
2020-07-07
- Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Старэ Шэрэдж (Дохъушыкъуей) къуажэм Хьэмдэхъу Башир и цIэр зэрихьэу дэт мэкъумэш-промышленнэ колледжым и унафэщI, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Аруан щIыналъэм и щIыпIэ самоуправленэм и депутат, цIыху щыпкъэ, хэкупсэ нэс Сэхъурокъуэ Анатолэ Хьэзрит и къуэм и ныбжьыр илъэс 60 ирикъуащ. И махуэ лъапIэм ирихьэлIэу абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- — Курыт еджапIэр 1977 гъэм къэзухащ. А гъэ дыдэм сыщIэтIысхьащ ди университетым и мэкъумэш факультетым. Къуажэм куэд щIауэ дыдэсщ, лъабжьэ щыдиIэщ, ди адэшхуэхэр мэкъумэшыщIэу щытащ. Ди адэр Iэщым хэту, зоотехникыу куэдрэ лэжьащ. Аращи, дэ ди лъым хэтщ а унэтIыныгъэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухым, аспирантурэ Iуэхуи зесхуэну сигу илъакъым, ауэ ар хьэлэмэту хъуащ. А лъэхъэнэм мэкъумэш институтыр, иджы университет хъужар, къызэIуахырти, абы и унафэщIу ягъэувар ФиIэпщэ Борисщ. Аращ сызыщеджа мэкъумэш факультетым а зэманым и декану щытари. Курсым щIэса цIыху 50-м щыщу аспирантурэм ягъэкIуэну нэхъ къикIыр си ныбжьэгъумрэ сэрэт. Езы ректо-рым дыкъицIыхурт, дригъэджати, етхуанэ курсыр къыщыдухым щIалитIыр дриджащ. «Аспирантурэм зы цIыху тхущIэгъэтIысхьэну ара-щи, тIури фыкIуэу, экзаменхэр нэхъыфIу зытыр абы къанэу, мыдрейр къэкIуэжын хуейщ», — къыджиIащ. Абдежым дызэплъыжри, нэгъуэщI къыхэдмыгъэкIыу, «хъунщ» жытIэри дыкъыщIэкIыжащ. Сэ сызэгупсысырат: «Мы щIалэм и Iуэху нэхъ хуокIуэ, и адэри, и анэри псэущ, я унагъуэкIи хуэщIащ, кIуэми хъунущ, сэ сыщалъхуа къуажэм згъэзэжынщи, и закъуэу къэна ди анэм сыб- гъэдэсынщ». АрщхьэкIэ, дыкъыщIэкIыжа иужь, а си ныбжьэгъум мыпхуэдэу жиIащ: «Уэращ аспирантурэр нэхъ зыхуэфащэр. ТIури абы дыкIуэу, абдежым дыщызэпеуэ нэхърэ, уи закъуэ кIуэи зэфIэкIащ. СощIэ экзаменхэри зэрыпхуэтынур».
- — А уи ныбжьэгъум и цIэ-унэцIэр къыджепIамэ ди гуапэт, Анатолэ.
- — Къущхьэхэ Хьэсэн. Мы зэманым ар КъБР-м дэхуэхахэмрэ зи Iуэху зэкIэлъымыкIуэхэмрэ ядэIэпыкъунымкIэ къыщызэрагъэпэща фондым, ди республикэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ зэхашам, хэтщ, ди щIыналъэми къэрал псоми фIыкIэ зи цIэр щыIуа щIалэхэу Къанокъуэ Арсен, Быф Анатолэ, Къуныжь МуIэед сымэ я гъусэу.
- — Анатолэ, аспирантурэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, ущеджэм нэхъ зытебухуа темэр сыт хуэдрат?
- — Абдежым дызэрыщыхагъади щыIакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дезыгъаджэхэм зытращIыхьар ищхьэкIэ къикIыу къахуэкIуа унафэ-рат, ди республикэм къыщыунэхуа институтыщIэр нэхъ зыхуеину унэтIыныгъэхэм ящыщу къалъыта «мелиорация и орошаемое земледелие» жыхуиIэм дыхуагъэхьэзырынырт. А лъэныкъуэм хуэгъэпсауэ ди къэралым, СССР-у щытам, аспирантурэ зыхэт институту итахэр а зэманым здэщыIар Москва, Херсон, Ташкент къалэхэрат. «Хэди, узыхуейм удгъэкIуэнущ» щыжаIэм, Ташкент нэхъ къыхэсхати, абы илъэси 3,5-кIэ сыщеджащ. Си япэ диссертацэр 1986 гъэм, си ныбжьыр илъэс 26-рэ ирикъуа къудейуэ, абдежым щыпхызгъэкIщ, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр къыщысфIащри, аспирантурэм сызыутIыпща ди институтым къэзгъэзэжащ икIи сыщылэжьащ, япэщIыкIэ ассистенту, итIанэ егъэджакIуэ нэхъыжьу, кIэлъыкIуэу доцент IэнатIэри къыщысхуагъэфэщат. ИужькIэ, 1995 гъэм, мелиорацэмкIэ кафедрэм и унафэщIу сагъэуващ. Ауэрэ, а къалэныр здесхьэкIым, Санкт-Петербург сагъэкIуащ. ИкIи, Калининым и цIэр зэрихьэу а лъэхъэнэм абы дэта Политехническэ институтым, иджы университет хъужам, 1998 гъэм си доктор диссертацэр щыпхызгъэкIащ. Налшык сыкъэкIуэжарэ сыщылэжьа институтми сыувыжауэ здекIуэкIым, илъэситI нэхъ дэмыкIыу, 2000 гъэм и мэкъуауэгъуэм, Старэ Шэрэдж къуажэм Хьэмдэхъу Башир и цIэр зэрихьэу дэт мэкъумэш-промышленнэ еджапIэм, иужькIэ колледж хъужам, и унафэщIу сагъэуващ. Абы лъандэрэ а IэнатIэр зызохьэ.
- — Институтым ущыщыIам нэхъ IэфIу, уи гур нэхъ хэзыгъахъуэу, къару къыпхэзылъхьэрэ зыдэбужьу сыт нэхъ уигу къинэжар?
- — Мэкъумэш институтыр къэмыунэху щIыкIэ сезыгъэджахэу, иу-жьым сызыдэлэжьэжа щIэныгъэлIхэм, жыпIэнур арамэ, а зэманым Совет Союз псом къыщацIыхуу щытахэм, я гугъу тщIымэ, сыт и уасэт адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат хъуа, КъБКъУ-м и ректору илъэс зыбжанэкIэ лэжьа, иужькIэ зи гугъу тщIы институтым къэкIыгъэхэмрэ гъавэ щIапIэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу къекIуэкIа КIэрэф Къамболэт уригъэджэныр, иужькIи удэлэжьэжын жыхуэпIэр! ХьэщIэлI Руслан, Къумахуэ Владимир, Хьэмыкъуэ Владимир, Мэремыкъуэ Арсен сыми я цIэхэр къыхэдгъэщамэ си гуапэт. Дауи, фIыкIэ сигу къи- науэ къыжысIэнухэм ящыщщ жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу щыта, мэкъумэш академием и ректор IэнатIэм игури и щхьэри етауэ пэрыта Жэрыкъуэ Борис и цIэри. Абырэ дэрэ КъБКъУ-м дыщызэдеджат, иужьым а институтми дыщызэдэлэжьат.
- — Узипашэ колледжым уи гур нэхъ щыхэзыгъахъуэу къэплъытэ-хэм я гугъу къытхуэщIыт, Анатолэ.
- — «Узыхэтам апхуэдиз зэфIэкI щыуиIэу, щIэныгъэхэм я доктор ущыхъуауэ, ущалъхуа жылэжьым сытым щхьэкIэ бгъэзэжат?» — къызжезыIа къахэкIащ си ныбжьэ-гъухэм, ауэ, итIани, апхуэдэу зэрысщIам сэ зэи сыхущIегъуэжакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сызыхэхуар гуп узыншэт. Абыхэм ящыщу процент 70-р езы Старэ Шэрэдж щыщт, ди унагъуэр къэзымыцIыху щIагъуэ яхэмыту. Щылажьэхэм я гугъу тщIымэ, дахэу дызэдекIуэкIрэ зым адрейм пщIэ хуэтщIу дыапхуэдэщ. Телъыджэр аращи, щIалэгъуалэр езыгъаджэхэм зи ныбжь хэкIуэтахэри куэду яхэтщ. Илъэс 65-м къыщыщIэдзауэ 75-м нэс къэзыгъэщIахэри, уеблэмэ, дызыхуэкIуэ фокIадэм зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъу зы егъэджакIуи диIэщ. Ар, а и IэнатIэм зэрыбгъэдэтрэ мы гъэм илъэс 52-рэ ирокъури, дгъэлъэпIэну ди мурадщ.
- — ЕгъэджакIуэхэм ящыщу хэт сымэ я цIэ къипIуэнт?
- — Ди еджапIэм 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ 1989 гъэ пщIондэ и унафэщIу лэжьар КъэрэцIыкIу БетIалщ. Ар лIышхуэт и IэпкълъэпкъкIэ. Ноби дэ къыдогъэсэбэп абы ди еджапIэм и пщIантIэм дригъэщIыхьауэ щыта ухуэныгъэ дэгъуэхэр, ди лэжьыгъэм дежкIэ хуабжьу щхьэпэхэр, къатищ-къатиплIу зэтет унэхэр. Абыхэм яхэтщ щрагъаджэ корпусхэр, лъэщапIэхэр, общежитыр. Ауэ щыхъукIи, ди еджапIэр а зэманми техникэу ябгъэдэлъахэмкIэ (зэуэ трактор 52-рэ щаIаи къэхъуащ), ухуэныгъэу дэтхэмкIэ ди республикэм абы хуэдэ еджапIэу а лъэхъэнэм ита псоми къахэжаныкIырт.
- — Фи деж накIуэ пщащэ цIыкIухэм сыт хуэдэ IэщIагъэ евгъэгъуэтыр?
- — ЕджапIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр мэкъумэш IэнатIэр арами, къуажэхэм дэс унагъуэ, зи бын къалэм зымыутIыпщыфхэм, къыщыхъуа я хъыджэбз цIыкIухэр дэрбзэр, пщафIэ IэщIагъэхэм щыхудогъасэ.
- — Колледжым цIыху дапщэ щеджэрэ?
- — ЦIыху 800-м нэблагъэ. Абыхэм ящыщу 450-р Старэ Шэрэдж къуажэм дэт ди еджапIэ нэхъыщхьэм, адрей 350-р Майскэм дэт ди къудамэм щIэсщ. Ди деж къакIуэхэм я нэхъыбэр класси 9 къэзыухуа ныбжьыщIэхэрщ, 11-нэ класс нэужьым къыщIэтIысхьи щыIэщ. НэгъуэщI къуажэ щыщ щIалэ цIыкIухэр, «общежит» жыхуаIэ унэм хуэдэ диIэщи, абы щIэсщ.
- — Анатолэ, колледжым адыгэбзи щевгъэджрэ?
- — Федеральнэ программэм хэмытми, щIыналъэхэм «лъэпкъ компонент» фIащу къыдата сыхьэт бжыгъэр къыдогъэсэбэпри, адыгэбзэмрэ хабзэмрэ ди ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ дощI. Дэ тфIэфIщ адыгэхэм ижькIэрэ къыддекIуэкI хабзэхэм ди гъэсэнхэр щыгъуазэу, адыгэбзэм нэхъ хуэшэрыуэу ди еджапIэм къыщIэдгъэкIмэ. Хьэлэмэтыр аращи, балъкъэр лъэпкъым къыхэкIауэ ди деж щыIэ ныбжьыщIэ зыбжанэри ди бзэм иропсалъэ.
- — УкъызыхэкIа унагъуэм и гугъу къытхуэщIыт, Анатолэ?
- — ЗэкъуэшитIрэ зэшыпхъуитIрэ дыхъурти, сэ сынэхъыщIэ дыдэщ. Нэхъыжь дыдэр Маринэщ, си къуэш Хьэутий абы къыкIэлъокIуэ, Маритэ илъэситIкIэ си япэ итщ. Ди адэр, Хьэзрит, пасэу дунейм ехыжащ, сэ илъэси 9 фIэкIа сымыхъуу. Ди анэм хуабжьу гугъу къыддехьу дипIащ. ИтIани, дызыхуей псоми дыхуигъэзащ жыпIэми ущыуэну къыщIэкIынукъым, еджапIэ нэхъыщ-хьэ къэзымыуха къытхэмыту. ПсэухукIэ, си щхьэр нэхъапэщ жиIакъым, и ныбжьыр илъэс 84-рэ хъуауэ 2009 гъэм дунейм ехыжащ. Пэжым фыхуеймэ, сэ къуажэм нэхъыбэу щIэзгъэзэжар ди анэрат. Абы и щIыхуэшхуэ ттелът, зэи тхуэмыпшыныжыну. Ди анэми илъэси 9-кIэ сыбгъэдэсыжащ, и гур нэхъ утIыпщауи згъэпсэужащ. АдэфI диIащ, пасэу тфIэкIуэдами. Ди адэшхуэм, Сэхъурокъуэ Хьэмид деж, къуажэдэсхэр чэнджэщакIуэ къекIуалIэрт, Iущагъэшхуэ бгъэдэлърэ пщIэрэ щхьэрэ зиIэ цIыхуу къалъытэрти. Иджыри къыздэсым абы и цIэр фIыкIэ зигу къэзыгъэкIыжхэм дыщрохьэлIэ ди къуажэм. И теплъэр ноби си нэгу щIэтщ: езыр лъагэрэ и щIыбагъымкIэ ирихьэкIа башыр и IэблитIым иридзэжарэ, и бгыр захуэу иIыгъыу къикIухьу зэрыщытар. Хьэмид 1967 гъэм дунейм ехыжащ, илъэситI дэкIри, ди адэр абы кIэлъыкIуащ. А тIум яужькIэ ди къуэш нэхъыжь Хьэутийщ адэ папщIэу къытщхьэщытари, ди анэм пщIэшхуэ зэрыхуищIым щапхъэ трыдигъэхыу къыддекIуэкIари.
- — Анатолэ, згъэщIагъуэр аращи, апхуэдэ еджапIэ Налшык къамыхьу, къуажэм сыту пIэрэт къыщIыщызэIуахар?
- -Япэрауэ, Аруан районыр мэкъу-мэш Iуэхум хуабжьу зыщиужьа щIыналъэт, иджыпстуи аращ. ЕтIуанэрауэ, апхуэдиз техникэр (тракторхэр, комбайнхэр, машинэхэр), губгъуэм ипшэн хуей щыхъукIэ, къалэм кIуэцIрыпшыныр къекIуртэкъым. Дохъушыкъуей деж щытхухаха ди губгъуэм щыдиIэщ ныбжьыщIэхэр IэщIагъэм щыхуэдгъасэ-щыхуедгъаджэ центр. Ещанэрауэ, тпэгъунэгъу къуажэхэм къыщыхъуа цIыкIухэм ящыщу жыжьэ IукIыну хуэмейхэм щхьэщахырт еджэн папщIэ къалэм нэс кIуэн зэрыхуейр.
- — Анатолэ, уэ езым уи унагъуэм тIэкIу укъытхутепсэлъыхьыжамэ ди гуапэт.
- — ЩIалитIрэ зы хъыджэбзрэ сиIэщ. НэхъыжьитIыр унагъуэщ. ЩIалэ нэхъыщIэм мы гъэм курыт школыр къеух. Пхъур къалэм дэсщ, адрей тIур къуажэм къыщыдбгъэдэсщ. Къуэрылъху-пхъурылъхухэри диIэщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.