Хэкужь щалъытэ, хамэщІ щахутэ
2020-07-07
- Канадэм щыщ бзэщІэныгъэлІ Коларуссэ Джон илъэс 75-рэ ирокъу
- Мы тхыгъэр зытеухуа щІэныгъэлІым и гугъу щІын едмыгъажьэ щІыкІэ, «Адыгэ псалъэ» газетым еджэхэм зы гукъэкІыж гуэркІэ сывдэгуэшэну сыхуейт. «ХамэщІ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм бзэр къабзэу яхъумащ, уахыхьэу ящІэж ІуэрыІуатэр зэхуэпхьэсыжыну уасэ иІэтэкъым», жаІэу си егъэджакІуэхэм сыщытрагъэгушхуэм, ІуэрыІуатэщыпэ гуращэр сиІэу 2005 гъэм щыпэкІуэу Тыркум сежьащ. ТхьэмахуитІкІэ щхьэкъэІэт димыІэу дадэ-нанэхэр дгъэуэршэрауэ, бысым щІалэм къыхилъхьэри, зыдгъэпсэхуну Истамбыл дишэгъат.
- ТаксимкІэ еджэу иІэщ абы зы щІыпІэ, цІыхур Іуву щызэхэзекІуэу. Абы дрикІукІыу дыздытетым, и теплъэкІэ узыІэпишэу унэ фІэрафІэ гуэр дыхуэзащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, члисэт. И кІуэцІыр слъагъуну сыхуейуэ сфІэгъэщІэгъуэн щыхъум, дыщІыхьащ. Члисэм цІыхур щІэзу щІэтт, я дин хуэІухуэщІэхэр ялэжьу. ЗыдмыгъэІэуэлъэуащэу тхылъхэр щащэ плІанэпэм дыщекІуэталІэм, тыркубзэкІэ тхауэ «Инджыл» жиІэу зытет тхылъ фафІэр сыІэбэри къэсщтащ. «ГъэщІэгъуэнкъэ, Инджылыр тыркубзэкІэ щыІэщ, Тхьэр тыркубзэкІи мэпсалъэ», жысІэу си гъусэ щІалэм щэхуу щыжесІэм, тхылъ щапІэм тет лІыр къэпсалъэри, «Тхьэр тыр-кубзэм и закъуэкъым, адыгэбзэкІи мэпсалъэ», жиІэри къызыпхигъэІукІащ. Асы-хьэтуи «ХъыбарыфІыр» жиІэу ину тетхауэ дыщэпсыр зытегъэлъэдэжа тхылъ щІыхушхуэр къызыкъуихри, лІым ди зырызу къытхуишиящ. ДгъэщІэгъуэнур дымыщІэу щІалитІыр Іэнкуну дызэплъыжащ: абдежым адыгэбзэкІэ тхауэ тхылъ къызэрыщыдатарами, уеплъакІэ адыгэу зэрыпщІэн щымыІэ лІыр адыгэбзэкІэ къызэрыдэпсэлъарами тфІэтелъыджэр тхузэхэгъэкІтэкъым.
- ЛІым къыгурыІуагъэнщ ди щытыкІэр зыхуэдэр, къыдэкІщ, тІуми къыдбгъэдыхьэщ, ІэплІэ къыдишэкІри: «Апхуэдизу бгъэщІэгъуэн хэлъкъым, си адэр пхъащІэу адыгэ къуажэ гуэрым дэтІысхьэри дэсащ, дэри абы дыкъыщыхъуати, адыгэ сабийхэм дахэтурэ адыгэбзэр зэдгъэщІа хъуащ, — жиІащ. — Мы тхылъхэри Швецием щыщу адыгэбзэр зэзыгъащІэ щІалэ гуэрым къыщІихьат, зэгуэр мыр зэрытха бзэмкІэ пса-лъэ къыщІыхьэ хъужыкъуэІамэ, абы ет», — жиІэри. Къабзэу къэбэрдей адыгэбзэкІэ къыдэпсалъэ лІыр езыр лъэпкъкІэ ермэлыхэм ящыщт, Мкртчян унагъуэцІэр зэрихьэу.
- ХамэщІ къыщыхъуауэ адыгэбзэм пэжыжьэ куэ-дым ар Іуэху ящІу зэрызрагъащІэр, къызэрахутэр гъэщІэгъуэн дыдэщ. Инджылым хуэдэ тхылъ адыгэбзэм къиплъхьэн папщІэ текІуадэр зы илъэскъым икІи илъэситІкъым. Ар зэбдзэкІын щхьэкІи адыгэбзэр зэрылажьэ хабзэхэр нэсу къыбгурыІуэн, лъэпкъым и дуней лъагъукІэми ущыгъуэзэн хуейуэ къыщІэкІынущ. Загъуэрэ адыгэбзэр зи анэдэлъхубзэхэм гу зылъамытэ Іэджэм ар къызыдамылъхуахэм ялъагъу, арыххэуи нэхъ щІэх зрагъэщІэну яхузэфІокІ. Армырамэ апхуэдэ зэдзэкІыгъэшхуэхэр дунейм къытехьэныр фІэщщІыгъуейщ. Апхуэдэу щыт пэтми, а зэдзэкІыгъэм и закъуэкъым цІыхум къалъэІэсар, абы адыгэбзэр зэпкърызых къэхутэныгъэ куухэри дыщІыгъут.
- Дуней щэхубэм я ІункІыбзэІухыр Кавказым щыгъэпщкІуауэ игъащІэми къалъытэу къэгъуэгурыкІуэрт, зыплъыхьакІуэхэмрэ къэхутакІуэхэмрэ уэру щыпэкІурт. Ятхыжыр лъэпкъ щэнхабзэм щыщ теплъэгъуэхэрами, къахьыр ІуэрыІуатэм щыщ щапхъэхэрами, зытепсэлъыхьыжыр мифологием щыщ Іуэхугъуэхэрами, ди щІыналъэм къихьахэм гу зылъата куэдым адыгэр лъэ быдэкІэ дуней жылэм хагъэуващ, мыхьэнэшхуэ зиІэ хъугъуэфІыгъуэхэр зэракъуэлъри къагъэлъэгъуащ.
- Зыми хуэдэжкъым хамэщІ щыщ щІэныгъэлІхэм адыгэбзэм драгъэкІуэкІ къэхутэныгъэхэр. Адыгэ бзэхабзэр щызэпкърыхауэ сыт хуэдиз грамматикэ дунейм къытехьар, бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэм ятещІыхьауэ сыт хуэдиз лэжьыгъэ хэІущІыІу хъуар, бзэр къахутэурэ ди тхыдэр иризэфІэбгъэувэжыну сыт хуэдиз зэгъэпщэныгъэ ящІар… КъызэрымыкІуэу куэд мэхъу ахэр. Апхуэдэу Норвегием щыщ Фогт Ганс, Франджым щыщ Дзюмезиль Жоржрэ Пари Катринрэ, Голландием щыщ Куйперс Аерт, Куржым щыщ Рогавэ Георгийрэ Ломтатидзе Кетеванрэ, Канадэм щыщ Коларуссэ Джон, нэгъуэщІ куэдми адыгэбзэм и джыным хэлъхьэныгъэ хуащІар къыпхуэмылъытэну инщ, фІыщІэшхуи ябгъэдэлъщ. Абыхэм я цІэмрэ я ІуэхущІафэхэмрэ фІэкІыпІэншэу ищІэн хуейщ зыхуэлэжьа лъэпкъым.
- ЩІэныгъэ гъуэгур, жылагъуэ Іуэхур
- Адыгэ-абазэбзэхэм я зэгъэщІэным и мызакъуэу, Кавказым щекІуэкІ гъащІэм фІыуэ щыгъуазэ, уеблэмэ къыщылъэІэси къыхэкІыу, щІэныгъэлІ цІэрыІуэу ноби къытхэтщ и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъур мы махуэхэм зыгъэлъапІэ Коларуссэ Джон. Ар 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хиубыдэ Калифорние щІыналъэм щыщ Сан-Диегэ къалэм къыщалъхуащ. ЩІэныгъэм пасэу гу хуэзыщІа щІалэр 1967 гъэм Корнелл гъуазджэмкІэ бакалавр цІэр къыщыхуагъэфэщащ, 1969 гъэм Норт-Вестерн гъуазджэмкІэ магистр щыхъуащ. И цІыкІущхьэр щигъэкІуа щІыпІэхэм пэмыжыжьэу щыІэ Гарвард университет цІэрыІуэм и аспирантурэми щеджащ, 1975 гъэм бзэщІэныгъэм тещІыхьа доктор диссертацэр абдеж щыпхигъэкІащ.
- Гарвард нэужьым Коларуссэ Джон Венэ дэт университетым зы илъэскІэ щригъэджащ. Канадэ къэралыгъуэм хиубыдэ Онтарио щІыналъэм хыхьэ Гамильтон къалэм и МакМастер университетым антропологиемкІэ къудамэм щрегъаджэ 1976 гъэм щегъэжьауэ. Мы зэманым Джон антропологиемкІэ профессорщ, бзэщІэныгъэмрэ иджырей бзэхэмкІэ департаментым и щІэныгъэ лэжьакІуэщ.
- Коларуссэ Джон 1993 гъэм щегъэжьауэ 2000 гъэ пщІондэ Клинтон Билл и администрацэм чэнджэщэгъуу щылэжьащ. Ар хуэзащ икІи дэлэжьащ Урысейм и япэ президент Ельцин Борис и чэнджэщэгъуу щыта Паин Эмиль, и нэІуасэу щытащ Къалмыкъ Юрэ, Ардзинбэ Владислав, Дудаев Джохар сымэ. Коларуссэ Джон игу къызэригъэкІыжымкІэ, администрацэм щылажьэу Вашингтон щыдэса илъэсхэращ хьэкъыу щыпхыкІар къэрал къулыкъущІэхэм Кавказым теухуауэ зыри зэрамыщІэр (е ящІэр хьэдэгъуэдахэу зэрымащІэ дыдэр), адыгэхэм я къекІуэкІыкІам, Куржым, Абхъазым, Осетием я тхыдэм зэрыщымыгъуазэм.
- Къэрал департаментым и лэжьакІуэхэр Коларуссэ щІэх-щІэхыурэ чэнджэщ къыпахыну зыкъыхуагъазэрт, Кавказым и ухуэкІэ-зэхэлъыкІэм ехьэлІауэ мызэ-мытІэу «щІэныгъэ» ябгъэдилъхьэнуи къыхуихуэрт. Кавказым зауэрэ зэпэщІэувэныгъэу щекІуэкІам кърикІуэнкІэ хъунури къищІэу зэрыщытами щІэныгъэлІыр Іэджэрэ щыхьэт тохъуэж, ахэр къыумыгъэхъуфыну зэрыщытари къыхегъэщ. Коларуссо зэгуэрым Іэмал иІащ Картер и Центру Атлантэ дэтым иригъэкІуэкІа щІэныгъэ зэхуэсым абхъазхэмрэ куржыхэмрэ щызэІуигъэщІэну, я зэхуаку илъ Іуэхугъуэ мыщхьэпэхэр гъэкІуэда зэрыхъунум тригъэпсэлъыхьыну. Псалъэмакъыр кІэщІ дыдэу щытами, кърикІуа щымыІами, зэІубз хъуат лъэныкъуитІыр зэрыпхузэшэлІэнур, абы щхьэкІэ я тхыдэм, я дуней лъагъукІэм, я лъэпкъ гупсысэкІэм щыгъуазэ, фІыуэ хэзыщІыкІ дэлэл яхуэщІын хуейуэ зэрыарар. ЗэгурыІуэныгъэм шэс хуэхъун нэгъуэщІ хэкІыпІэ абы фІэкІа зэрыщымыІэр Коларуссэ къыгурыІуат.
- Коларуссэ иригушхуэу куэдрэ игу къегъэкІыж цІыху Іэпкълъэпкъыр зэтес зыщІыж хирургие Іуэхутхьэбзэ щІэнымкІэ щыІэ программэм къриубыдэу, Куржы-Абхъаз зауэм фэбжь бзаджэ зытридза бзылъхугъэ 400-м ядэІэпыкъуну зэрылъэкІар.
- ИлъэсиблкІэ зыхэта политикэ лэжьыгъэм Коларуссэ фІыуэ къыгуригъэІуащ сыт хуэдэ Іуэхуми, щІэныгъэ лъабжьэ имыІэмэ, жыжьэ зэрынэмысынур. Канадэм Іэпхъуэжа нэужь, Коларуссэ щІэныгъэм зритыжащ. 1971 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым абы иригъэкІуэкІ щІэныгъэ лэжьыгъэр зыхуэунэтІари зытещІыхьари адыгэбзэмрэ убыхыбзэмрэщ, адыгэ ІуэрыІуатэрщ. Коларуссэ Джон щІэныгъэ статья къудейуэ 100-м щІигъу и Іэдакъэ къыщІэкІащ, адыгэ-абазэ лъэпкъхэм я щэнхабзэми куууэ тетхыхь зэпытщ.
- И ублапІэм зыщыхуэбгъазэкІэ…
- Кавказым и гугъу Коларуссэ япэ дыдэу щызэхихар Гарвард университетым и аспирантурэм щыщІэсырщ. Урыс литературэмкІэ курсым, езым фІэфІу къыхихам, куэд къыщищІащ Кавказым теухуауэ. Дихьэхыу зыщигъэгъуазэрт Достоевский Федор, Толстой Лев, Маяковский Владимир сымэ я ІэдакъэщІэкІхэм. Зэгуэрым Коларуссэ ирихьэлІащ Эйзенштейн Сергей Бгырыс шуудзэм теухуауэ триха кинофильмым, дагъыстэнхэр къафэу абы хэт теплъэгъуэри и гум итІысхьащ. КъэфакІуэхэм я лъэм къыщІидз хъуаскІэр ара-ми, я нэгум къищ нэхугъэр арами, абдежым Коларуссэ Кавказым малъхъэдисым хуэдэу зыІэпишащ, и гъащІэми щыщ хъуащ.
- Коларуссэ Джон адыгэбзэм и джыным иужь щихьар 1971 гъэрщ, ауэ бзэщІэныгъэм нэхъ пасэу дихьэхащ — 1967 гъэм. ЯпэщІыкІэ абы зригъэщІащ пасэрей алыджыбзэмрэ пасэрей ермэлыбзэмрэ. ИтІанэ абы зритащ пасэрей къэжэрыбзэмрэ пасэрей куржыбзэмрэ. ЩІэныгъэгу зыкІуэцІылъ щІалэм а бзэхэр зэрищІэм иригъэувэлІащ нэхъ куууэ еІэбыхыну, бзэ зэлъапсэгъухэм я къежьапІэм и лъыхъуакІуи ищІащ. Ауэ ар итІанэт, нэхъ кІасэут, иджыпсту абы къыпэщылът Кавказым щыпсэу лъэпкъыжьхэм я бзэр зригъэщІэну.
- Коларуссэ и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къыдежьащ Инджылызым дэт Кембридж университет ехьэжьам и профессор цІэрыІуэ, абазэбзэм лэжьыгъэшхуэ езыщІэкІа Аллен Вильям Сидней (1918 — 2004) тришауэ абазэ текстхэр зытет кассетэр Гарвард университетым и егъэджакІуэ Уоткинс Кэльверт къызэрыритам. Абы макъ и лъэныкъуэкІэ лэжьыгъэ дригъэкІуэкІыну къелъэІуат. КІэщІу абы иужькІэ Коларуссэ Новергием и къалащхьэ Ослэ дэт университетым и профессор Фогт Ганс зыпищІэри, убыхыбзэм ехьэлІауэ ищІа Іэрытххэмрэ кассетэхэмрэ къритащ, убыхыбзэм елэжьын щыщІидзари абы щыгъуэщ. Абазэбзэм и макъхэр зэрызэхицІыхукІыфам Коларуссэ зэрытхьэкІумафІэр и фІэщ ищІри, убыхыбзэм гушхуауэ зритащ, ауэ, езым зэрызиумысыжымкІэ, макъ и лъэныкъуэкІэ нэхъ бзэ бей дыдэхэм ящыщ убыхыбзэм абы иужькІэ щыдэлажьэм, ар апхуэдэ дыдэу гугъу къыщыхъужакъым.
- Гугъуехьыр зищІысыр Коларуссэ щызыхищІар бжьэдыгъубзэм зрита нэужьщ. Коларуссэ Джон жеІэ: «ГъэщІэгъуэныщэу зы адыгэ диалектщ бжьэдыгъухэм я бзэр. Макъ дэгури, макъ жьгъыжьгъри, макъ пІытІари зэуэ къыхэбубыдыкІыфми, бзэ куэдым ущримыхьэлІэу макъ дэгу къыщиуд лІэужьыгъуэ гуэрхэр хэтщ абы, зэхэпхыу, ауэ къыпхуэмыубыду. Ар ебгъэщхь хъунущ «къыттебэнащ», «къыппэрыІэбащ» хуэдэ псалъэхэм тІуащІэу щызэтрихьэ макъ дэгухэм, ауэ зэхэжыхьарэ макъым иІэн хуей нэщэнэхэр псори пкърыту, мыхьэнэкІи нэгъуэщІ макъхэм япэувэу щыту. Арыххэуи, адыгэбзэр щызджым, сэркІэ нэхъ гугъу дыдэу къыщІэкІар бжьэдыгъубзэрщ, итІанэ убыхыбзэрщ, абы иужькІэ абазэбзэрщ».
- Коларуссэ зэрыжиІэмкІэ, абхъазыбзэр иригъэкІуэкІ къэхутэныгъэхэм уэру хилъхьэн хуэдизу фІы дыдэу ищІэркъым, абы нэхъ мащІэрэ зэрыдэлэжьар щхьэусыгъуэ ещІ. Ауэ къэбэрдеибзэр хъарзынэу егъэшэрыуэ. Адыгэ-абазэбзэхэм ящыщу ар псом нэхърэ нэхъ псынщІэу икІи нэхъ къэщтэгъуафІэу къелъытэ. Къэбэрдеибзэм зэрызилъэщІар, стиль и лъэныкъуэкІи зэрызиужьар, Іуэхугъуэ зэхуэмыдэ куэди кърипІуэтэфыну зэрыщытыр Коларуссэ къыхегъэщ. Пасэрей адыгэбзэжьым ижь зыщІихуа осетиныбзэм и дигор диалектыр зригъащІэмэ зэран зэрымыхъунури къыгурыІуащ Коларуссэ. Ар сытым хуэдэуи къыщыхуэщхьэпэжа иужькІэ кърихьэжьа хъуа лэжьыгъэшхуэм! Адыгэ-абазэбзэхэм дэтхэнэми, жеІэ щІэныгъэлІым, егъэлеяуэ гъэщІэгъуэн куэд яхэущэхуащ, бзэр зэзыгъащІэхэм я дежкІи, абыхэм и тхыдэхэр къэзыхутэхэм дежкІи къызэрымыкІуэу хъугъуэфІыгъуэшхуэщ.
- Сыт хуэдиз интервью имытми, адыгэбзэр зэрызригъэщІам и гугъу дэнэ щимыщІми, Коларуссэ фІыщІэгуапэ яхуищІу игу къегъэкІыж бжьэдыгъубзэр я анэдэлъхубзэу Кавказым икІауэ щыта щІалитІыр — Дахэбзу Рашидрэ Тхьэркъуахъуэ Хьисэрэ. Ахэр ЕтІуанэ дунейпсо зауэм гъэр хъууэ къаутІыпщыжахэм ящыщт, иужькІэ Нью-Джерси псэупІэ ящІауэ абдеж адыгэхэм яхэсу щыпсэурт. ЩІалитІми я хэщІапІэр Гарвард университетым пэжыжьэтэкъыми, Коларуссэ Іэмал хъарзынэ иІэт абыхэм щІэх-щІэхыурэ якІэлъыкІуэну. «А тІум къысхуащІар дунейм сытетыхукІэ сщыгъупщэнукъым, — жеІэ Коларуссэ, — шыІэныгъэ яхэлъу къызэрызбгъэдэсами, щымысхьу я зэманыр къызэрыстрагъэкІуэдами фІыщІэшхуэ хузощІ».
- Къэбэрдеибзэр къызыбгъэдиха Хьэвжокъуэ Мажди фІыщІэ мылъытэ хуегъэфащэ Коларуссэ. «Бжьэдыгъубзэр зэгъэщІэным яужь сихьэу илъэс 15 дэкІыжа нэужьщ къэбэрдеибзэм и къэхутэным сыщыхуежьар, икІи къыхэгъэщын хуейщ ар нэхъ псынщІэу къызэрысщтари. Маждэ и адыгэбзэм хэхэс гъащІэм ижь къыщІихуами, Кавказым щыпсэу адыгэхэм я бзэм ебгъэпща нэужь, макъ, псалъэ, псалъэуха я лъэныкъуэкІэ абыхэм зэрамыхьэж, адыгэбзэм и тхыдэм дежкІэ хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ куэд къыхэщырт», — игу къегъэкІыж абы.
- Дапщэрэ адыгэхэм яхэмыхьами, къыкІэлъызэрахьэ адыгагъэм, кърах хьэщІагъэм и гуапэу топсэлъыхьыж. Адыгэхэм къадэгъуэгурыкІуэ щэнхабзэри сыт и лъэныкъуэкІи фІэхьэлэмэтщ. «ГъэщІэгъуэныщэщ икІи зэтепщІыкІыу апхуэдэщ адыгэхэм я зауэ щэнхабзэр, — къыхегъэщ зэпыт Коларуссэ, — демократием и хуэмэбжьымэ къыхихымрэ уэркъыгъэмрэ апхуэдизкІэ телъыджащэу щызэхэухуэнащи, нэгъэпщІыпщІу фІэкІа къыпщыхъуркъым. Я ІуэрыІуатэр, я нарт тхыдэжьхэр, къаІуэтэжу уедэІуэныр, ятхауэ уеджэныр мащІэІуэщ, я къуэпсыр апхуэдизкІэ куууэ макІуэри. Адыгэ къафэри сфІэфІщ. Къыхощ зыІыгъыкІэ хабзэу хэлъымкІэ, зэрызэпІэзэрытымкІэ. Пкъыр зэриІыгъыр, купщІэ зэрыкІуэцІылъыр зыхыумыщІэнкІэ Іэмал иІэкъым. Уздрегъэплъей, узыІэпешэ».
- Мы зэманым Коларуссэ адыгэ псалъэухам и синтаксисым йолэжь. Къэбэрдей адыгэбзэм и грамматикэм тІэуней монографие тритхыхьащ. Коларуссэ къызэрилъытэмкІэ, адыгэбзэр, убыхыбзэр, абазэбзэр къызытекІыжа пасэрей бзэмрэ индоевропей лъэпкъыбзэхэр къызытепщІыкІыжа бзэмрэ зэбгъапщэ хъунущ, щІызэбгъэпщэн щхьэусыгъуи щыІэщ, уеблэмэ ахэр зэрызэунэкъуэщым тещІыхьауэ къэхутэныгъэхэр ебгъэкІуэкІ хъунущ. Абы хуэгъэза лэжьыгъэ зыбжани иІэщ Коларуссэ.
- Адыгэ-абазэбзэхэмрэ
- Дунейпсо бзэщІэныгъэмрэ
- Коларуссэ и лэжьыгъэ зыбжанэм къыщыхегъэщ индоевропей лъэпкъыбзэхэр къызытекІыжа бзэмрэ адыгэ-абазэбзэхэр зытеужьыкІыжа бзэмрэ зэбгъапщэ зэрыхъунур, уеблэмэ, зэрызэлъапсэгъур къыщІэбгъэщыну Іэмал зэрыщыІэми трегъэчыныхь. Пасэрей адыгэ-абазэ лъэпкъхэр щыпсэуа щІыналъэм алыджхэр Pontus Euxinus-кІэ еджэу щытащ. А щІыпІэцІэм трищІыхьри, Коларуссо адыгэ-абазэбзэхэр къызытекІыжа бзэм понтиибзэкІэ еджащ, и къэхутэныгъэхэми къыхэщыр а фІэщыгъэрщ.
- Археологие тІыгъэу ирагъэкІуэкІахэм, лъыщхьэ (генетикэ) къэхутэныгъэу утыку къихьахэм трегъащІэри, илъэс мини 5 — 9 хуэдиз ипэкІэ, хы ФІыцэ Іуфэм щыпсэуа понтийхэр зэрыпсалъэу щыта бзэр индоевропей лъэпкъыбзэхэр къызытекІыжа бзэжьым жыжьэу зэрыгухьэм и щыхьэтыгъэхэр щІэныгъэлІым и лэжьыгъэхэм къыщызэкІэлъегъакІуэ. Хэхауэ абы и къудамэ гуэрхэм нэхъ пэблагъэщ пхужымыІэми, понтиибзэм и уней щхьэхуэныгъэхэр хэхауэ иІэжу, индоевропеибзэжьым ирипсалъэхэм япэІудзауэ зэрыпсэум къыхэкІыу нэщэнэ щхьэхуэхэр къыхэхъукІмэ, абыхэм заубгъуурэ къекІуэкІауэ къелъытэ Коларуссэ.
- КъэхутакІуэм и лэжьыгъэхэм къызэрыхэщымкІэ, адыгэбзэмрэ ар зытеужьыкІыжа бзэмрэ зэрымыиндоевропеибзэр, езы индоевропей бзэжьымрэ абы къытекІа бзэ къудамэхэмрэ зэрымыпонтиибзэр зэхэмызэрыхьмэ зэрынэхъыфІыр къытригъэзэжурэ щыжеІэ. Абыхэм я зэпыщІэныгъэр куэдкІэ нэхъ куущ, уеблэмэ, индоевропеибзэжьым иджыри ирипсалъэу щыщыта лъэхъэнэм нэхърэ нэхъ куущ. ПонтиибзэкІэ Коларуссэ зэджамрэ индоевропеибзэжьымрэ я зэщхьэкІыныгъэхэр нэхъри егъэкуу. Коларуссэ къихь щапхъэхэри гъэщІэгъуэнщ:
- Понтиибзэм къыхехри, «цІыху» къызэрыкІ *a-rga псалъэм «адыгэ» мыхьэнхэр зиІэ adege, убых a-dega псалъэхэр, «лъэпкъ», «жылэ» къызэрыкІ абазэ -гІa-, абхъаз -gaa- псалъэ лъабжьэхэм «цІыху щхьэхуит» жиІэу къызэрыкІ индоевропеибзэжьым хэт *aryo-, абы къытеужьыкІа индо-ираныбзэхэм я *Aryan, къэжэрыбзэм хэт Iran, хьэтыбзэм ущрихьэлІэ *arawa, пасэрей германыбзэм къыхэщыж arjostir, пасэрей алыджыбзэм щыхъума aristos псалъэхэм ирегъапщэ. Понтиибзэм щызэфІигъэувэж *a-r-gho псалъэми «жылэу зэхэт цІыхубэ» мыхьэнэр къет. Иджырей адыгэбзэм щыхъума хъуащ «цІыху зэхуэсыпІэ» къызэрыкІ «аргъуэ», «аргъуэжь» псалъэхэр.
- Понтиибзэм хэт «щыблэ» къызэрыкІ *pNa псалъэмрэ «ехуэхын» мыхьэнэр зиІэ -xwa- псалъэ лъабжьэмрэ «щыблэм къызэщІигъэлыдэн» мыхьэнэр зиІэ убых *fa псалъэ лъабжьэм, «пылэлыхьын» къызэрыкІ *pNe-LeLe- псалъэ лъабжьэм, адыгэбзэм «техуэн» псалъэм хэт *-xw- псалъэ пкъыгъуэм индоевропеибзэжьым ущрихьэлІэ «мафІэ лъапІэ» къызэрыкІ *paxwer псалъэм, а мыхьэнэ дыдэхэр яІэу хьэтыбзэм хэт pahhur, pahhweni, алыджэбзэм щыхъума pu:r, инджылызыбзэм хэт fire псалъэхэм ирелъытри, понтиибзэм *pa-Xwa-r псалъэр щызэфІегъэувэж, «щыблэр уэн, техуэн» мыхьэнэхэр иІэу. Иджы дигу къэдвгъэгъэкІыжыт нарт тхыдэжьхэм хэт Пэкъуэ. Ар уафэм щопсэу, щыхуейм уэшх кърегъэшх, щыхуейм дунейр уэгъум ирегъэубыд, уафэ къэгъэщІыгъэхэр и Іэ илъщ.
- Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ
- Индоевропеибзэхэр куэд зэрыхъум и закъуэкъым абы я тхыдэр мащІэми куэдми нэхъ зэфІэгъэувэжыгъуафІэ зыщІыр. Нобэ зэрахьэ бзэм иІа щытыкІэ тІорысэхэр пасэу тхыбзэр зыІэрагъэхьэу зэратхыфам и фІагъи къокІуэ, къыхегъэщ Коларуссэ. ИкІи, адыгэ-абазэбзэхэм я гугъу щищІкІэ, а бзэхэр зезыхьэу щыта лъэпкъхэм тхыбзэ зэраІам, тхэкІэ Іэмалхэр къагъэІурыщІэу зэрыщытам шэч къытрихьэркъым. А гупсысэм и щыхьэту адыгэбзэм хэт «тхэн», «тхылъ», «тхыгъэ» псалъэхэр щапхъэу къехь, ахэр ауэ сытми щІыІэнэщІым къызэримыхъукІари жеІэ. «Тхыдэ щхьэусыгъуэхэм понтийхэм я тхыбзэр яІэщІигъэхуами, — гу лъетэ Коларуссэ, — абыхэм я тхэкІэ хабзэхэр пасэрей алыджыбзэм е пасэрей къэжэрыбзэм я тхыбзэм тещІыхьауэ щытагъэнущ».
- ЩІэныгъэлІыр пасэрей бзэхэмкІэ дуней псом щыцІэрыІуэ ІэщІагъэлІ Мейер Адриеннрэ гъуазджэм и тхыдэмкІэ профессор Сондерс Дэвидрэ куэд щІакъым зэрадэлажьэрэ. «Зыми щымыщу», «мыхьэнэ имыІэу», «купщІэншэу» къалъытэу къекІуэкІ тхыгъэжьхэу пасэрей алыдж кхъуэщынхэм тетхэм я щэхур къахутэу, тетхам къеджэу лэжьыгъэ зэдрахьэкІащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, абы тетт пасэрей адыгэбзэм, убыхыбзэм, абазэбзэм яІа щытыкІэр къызытещ цІэхэр, псалъэхэр, псалъэ зэрыІыгъ гуэрхэр. Мыхьэнэ зимыІэу ялъытэу щыта тхыгъэжьхэр понтиибзэкІэ къэпсэлъащ. Ари, езы адыгэ-абазэбзэхэм я щыхьэтыгъэхэри къелъытэри, Коларуссэ понтийхэм зи ныбжьыр илъэс 2500-рэ хъу тхыгъэжьхэр адыгэбзэм ІэщІэхужа тхыбзэм и щапхъэу егъэув.
- Нарт тхыдэжьхэмрэ
- Дунейпсо мифологиемрэ
- Коларуссэ Джон куэд лъандэрэ дихьэхыу зэхуехьэс Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я нарт тхыдэжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ. Абы теухуауэ лэжьыгъэ зыкъоми иІэщ, тхылъ зыбжани къыдигъэкІащ. Ди япэ ита нэхъыжьыфІхэм я фІыщІэри игъэкІуэдыркъым къэхутакІуэм. «Сыт и уасэ «Нартхэр» фІэщыгъэм щІэту ХьэдэгъэлІ Аскэр къыдигъэкІыгъауэ щыта томиблым хуэдэ уиІэныр. Ар хъугъуэфІыгъуэшхуэщ. Сэри нартхэм ятеухуа ІуэрыІуатэ зыкъом зэхуэсхьэсын слъэкІащ, си Іыхьэ хэлъщ», — жеІэ гушхуэу Коларуссэ Джон.
- ЩІэныгъэлІым нарт эпосым щыщ тхыдэжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ зэхуихьэса къудейкъым, ахэр абы инджылызыбзэкІэ зэридзэкІри, текст къэсыхуи еІуэлІапхъэ шэщІахэр хуищІыжащ. Ахэр абы томитІым щызэхуэхьэсауэ къыдигъэкІащ, зым адыгэ-абазэхэм я текстхэр иту, адрейм осетин текстхэр щызэхуэхьэсауэ. Коларуссэ зеумысыж зэдзэкІыныр Іуэху тыншу зэрыщымытамкІэ. «Зы адыгэбзэ псалъэм къикІыр инджылызыбзэкІэ къэпІуэтэныр, дыкъуакъуэрэ зэщымыщхъурэ къыхэмыкІыу, езы адыгэбзэ текстым и фащэри мыкІуэду зэІупщэныр гугъу и гугъужт. ЕдгъэкІуэкІа лэжьыгъэм мыхьэнэуэ иІэр ар зылъэІэсынухэращ жызыІэфынур», — жеІэ къэхутакІуэм.
- Нарт эпосыр зы лъэхъэнэм къыдэунэхуа ІуэрыІуатэу зэрыщымытыр, атІэ абы узыщрихьэлІэ сюжетхэр къат-къаткІэрэ зэтрихьэурэ къызэрекІуэкІам и гугъу щещІ Коларуссэ и тхылъым. «Языныкъуэхэр тІорысэ дыдэщ, илъэс минитІ-минищ ипэкІэ къэунэхуауэ, — етх абы, — языныкъуэхэри щІалэ дыдэщ, илъэсищэ зыбжанэ нэхърэ нэхъыбэ мыхъуу. Абы къегъэлъагъуэ эпосыр адыгэ-абазэхэм я гурыгъу-гурыщІэхэр къыщаІуатэ, я дуней лъагъукІэр зыхаухуанэ Іэмалу къазэрыдекІуэкІар».
- НэхъапэкІэ и щхьэфэ иІэбэу щытауэ арамэ, Коларуссэ нарт эпосым дищІа лэжьыгъэм ар дунейпсо мифологиемрэ ІуэрыІуатэмрэ зэрепха щІыкІэр шэщІауэ къегъэлъагъуэ. Лъэпкъ куэдым зэдай сюжетхэри мотивхэ-ри зэрыхэтыр къыхегъэщри, адыгэ-абазэ лъэпкъхэм я къэгъэщІыгъэу дунейпсо мифологием хыхьари утыку кърехьэ. Коларуссэ хузэфІэкІащ Кавказым къыщыунэхуауэ щытыгъа цивилизацэм и лъэужьхэр нарт тхыдэжьхэм къызэрыхэнари сэтей къищІын. Нарт эпосым щелэжьым, Коларуссэ индоевропей бзэжьымрэ понтиибзэмрэ жыжьэу зэрызэунэкъуэщым щыхьэт техъуэ куэд къыхигъуэтауэ жеІэ, арыххэуи нартхэм яхуищІ пщІэр къызэрымыкІуэу инщ.
- Коларуссэ иригъэкІуэкІа къэхутэныгъэм зэгъэпщэныгъэ куэд дыдэ хэлъщ. Апхуэдэу абы Прометейрэ Циклопрэ ятеухуа мифхэм хэухуэна мотивхэр абыхэм къызэращтар, ахэр адыгэ мифологием къызэрыхэкІам и щыхьэтхэр утыку къещІ. Адыгэ и цІэу хэт зымыщІэр Нэсрэн ЖьакІэрэ Иныжь нэ закъуэмрэ я хъыбарыр.
- ХьилагъкІэ къыхэщ нарт Сосрыкъуэ, пэжым сыт щыгъуи и лъыхъуакІуэ Бэдынокъуэрэ Бэтрэзрэ, лъхугъэм и гуащэ Сэтэней, ныбжькІэ езым нэхърэ куэдкІэ нэхъыщІэ къэзыша Уэзырмэс, текІуэныгъэр сыт щыгъуи зи Іэдэж Псэтын сымэ епха миф мотивхэмрэ сюжетхэмрэ пасэрей славян, индо-арий икІи герман мифологием уазэрыщыІущІэнум и щапхъэ хъарзынэхэр Коларуссэ и къэхутэныгъэхэм къыщехь. Апхуэдиз зэщхьыр щІэныгъэлІым индоевропей бзэжьымрэ понтиибзэмрэ зыуэ щыщыта лъэхъэнэм къыдежьэу хуегъэфащэ.
- Зыуэ щыт тхыбзэмрэ лъэпкъ щІэжымрэ
- Лъэпкъ щІэжым и инагъыр бзэм и щытыкІэмкІэ къыпхуэщІэнущ. «Адыгэм и щІэныгъэмрэ и щэнхабзэмрэ лъэпкъ хъугъуэфІыгъуэм щыщу къилъытэмэ, а псор и бзэкІэ къызэриІуэтэнум икІи зэрихъумэнум иужь итынущ», — жеІэ Коларуссэ. Адыгэ псэлъэкІэхэм ящыщу литературэбзэм и лъабжьэ хъун хуеймкІэ адыгэхэм я зэхуаку нобэ илъ зэныкъуэкъум Коларуссэ щыгъуазэщ. «СызэреплъымкІэ, тхыбзэ хабзитІ зэфІэувауэ хъарзынэу заужь. Зыр Кавказым и КъухьэпІэм щыпсэу адыгэхэм зэрахьэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэкІэ зэджэращ, адрейри КъуэкІыпІэмкІэ щызекІуэ кІахэбзэращ. ТІуми заужь, тІури къызэдэгъуэгурыкІуэ хъунущ. Ауэ Іэмалыншэу зы бзэ щыІэн хуейуэ лъэпкъым иукъуэдиймэ, сэрамэ, нэхъ гугъу дыдэр къыхэсхынт — шапсыгъыбзэр е бжьэдыгъубзэр. Мыр си еплъыкІэщ, щІэныгъэ еплъыкІэу сыхэплъэуи къыщІэкІынущ. Псалъэм щхьэкІэ, бзэм ирипсалъэм зэригъэзэхуэн хуейкъым жиІэр е къипсэлъыр апхуэдэу щІыжиІэр е къыщІипсэлъыр. Зэрыщытын хуейр ещІэри аращ апхуэдэу щІыжиІэр е къыщІипсэлъыр. Бжьэдыгъубзэм пэзгъэув къэбэрдеибзэм ирипсалъэм езым и къэпсэлъыкІэм темыхуэ жыІэкІэ лІэужьыгъуэр къемызэгъ гуэру е пхэнжу къилъытэнурэ, къигъэсэбэпынур езым и диалектыращ. Ар елІэлІэнукъым бжьэдыгъум и жыІэкІэ хабзэхэм, тхыбзэр игъэІэкІуэлъакІуэу щытми. Апхуэдэ щапхъэхэр щыгъунэжщ урысыбзэм щегъэжьауэ инджылызыбзэм щыщІитІыкІыжу. Нэхъ нэрылъагъу хъун щхьэкІэ, инджылызыбзэм ирипсалъэхэм «w»-м къигъэлъагъуэ макъыр «write» икІи «what» псалъэхэм зэрыщыІур щапхъэу къэтхьынщ. Япэ псалъэм ар «rayt» щохъу, етІуанэм дежкІэ «wat»-у укъоджэ. Апхуэдэ зыгуэрщ къыщыщІынур зыуэ щыт тхыбзэ адыгэхэм зыІэрагъэхьэми. Абы шэч хэлъкъым».
- Коларуссэ къихьа щапхъэм ипкъ иткІэ бжьэдыгъубзэмрэ къэбэрдеибзэмрэ бзэ зэпэщхьэхуэу къызэримылъытэми трегъэчыныхь. «Зэми согупсыс абыхэм португалыбзэмрэ испаныбзэмрэ е нидерландыбзэмрэ нэмыцэбзэмрэ яІэ зэщхьэщыкІыныгъэм хуэдиз яІэу къэплъытэ хъуну, зэми, ари дэлъу къыщІэкІынкъым, жызоІэ, — йогупсыс Коларуссэ. Хэбгъэзыхьыпэмэ, арауэ къыщІэкІынущ нэхъ сыкъызытеувыІэри, сыту жыпІэмэ, зы лъэпкъыцІэ зэрахьэ, зы бзэ ирипсалъэу жаІэ. ЩыІэр зы адыгэбзэщ, жысІэнт, фІыуэ зэщхьэщыкІ диалектхэр иІэу: къэбэрдеибзэ, беслъэнеибзэ, хьэтыкъуеибзэ, бжьэдыгъубзэ, абазэхэбзэ, шапсыгъыбзэ, нэгъуэщІхэри. Убыххэм я бзэри адыгэбзэм хызогъэхьэ. Ар къэлъытауэ, мыр букъуэдий хъунущ: зи цІэ къисІуахэр псори зы лъэпкъыу нобэ къадэгъуэгурыкІуэ адыгэбзэмрэ щымыІэж убыхыбзэмрэ ирипсалъэу къекІуэкІауэ».
- Ныбжьэгъу сиІэщ, Оксфорд университетым щригъаджэу. Зэгуэрым и абы и тхылъ тыгъэу къысхуигъэхьат. ФІыщІэ хуэсщІыжу нарт тхыдэжьхэм ятеухуауэ къыдэзгъэкІагъащІэ тхылъыр кІэщІуи хуезгъэхьыжат. Еджа нэужь хъыбар къызитат нартхэр телъыджэлажьэ къызэрыщыхъуар. Апхуэдэ хъыбар къэІуэтэкІэр щІэщыгъуэ дыдэу къызэрилъытэр, дунеймкІи ар гъэщІэгъуэн дыдэ зэрыхъунур. Кавказым и кІуэцІым къихъукІа нартхэм я бзэр, адыгэбзэр, уэрэд мыужьыхыжу, дунейм щыІун хуейщ, жиІат.
- Хэкужь щалъытэ, хамэщІ щахутэ адыгэбзэм къаруушхуэ иІэщ, зыхэтщІыкІын хуейуэ аращ.
- «ФІыщІэ жыг хухэсапхъэщ», жаІэ адыгэхэм. Апхуэдиз лъытэныгъэ адыгэм къыхузиІэ щІэныгъэлІым и цІэм пщІэ хуэщІын, лъэпкъми игъэлъэпІэн зэрыхуейм шэч къытетхьэркъым. И гуащІэр хурикъуу зыщІэхъуэпс псори къыдэхъуну, адыгэбзэм теухуауэ ирихьэкІ лэжьыгъэхэр дунейм къытехьарэ щІэныгъэм зэрыхуэщхьэпэр илъагъуу ди япэ узыншэу куэдрэ итыну дыхуохъуахъуэ нэхъыжьым!
- ТАБЫЩ Мурат.