ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мдзымтэ (Мзымтэ)

2020-07-03

  • ЩIыпIэцIэхэр
  • Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сочэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэ телъыджэу иужькIэ «Красная поляна» зыфIащыжам нэхъапэхэм Къуэбыдэ (Кбаадэ) цIэмкIэ еджэу щытащ. Ар зэгъэщIылIа Мдзымтэ къуршыпс уэрым и къежьапIэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм дыгъапIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.

  • Абдежыращ зэрытыр хы ФIыцIэ Iуфэм метр мини 2-кIэ елъэгэкI щIыпIэр зыгъэдахэ Кардывач, Кардывач Ищхьэ хыжьей цIэрыIуэхэу дунеяплъэхэр куэд щIауэ дэзыхьэххэр.
  • Псыр хъухъущыщщ, и кIыхьагъкIэ уэрщи, зыдэт къуэм, бгыщхьэхэм уэсыр щыткIуж лъэхъэнэм махуэм метр зытхух хуэдизкIэ зыкъыщеIэт, километр 89-рэ ижа иужькIэ, Сочэ пэгъунэгъу Адлер къуажэ цIыкIум деж хым щыхолъэдэж.
  • Аибгэ — Ачишхо шытх бгъунжым и Iэшэлъашэм зэрынэсу, Мдзымтэ зызэщIекъуэжри, узэрыкIэлъыплъыр «зригъэщIэгъуэкI» хуэдэ, нэхъ и лъабжьэIуэкIэ щыIэ Ахъцы жьанэ Iузэвым долъадэ. Абдежыр и IуплъапIэщ «Ахъщты къуэладжэ» зыфIаща уэх екIуэлIапIэншэм икIи шынагъуэм.
  • Телъыджэр аращи, Мдзымтэ, и псыхъуащхьэхэмкIэ зыщигъэза иужькIэ, къурш тхыцIэ нэхъыщхьэм дахащэу докIуэкI. А щIыпIэхэращ узыщрихьэлIэр псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ зыщызыуфэбгъуа мэз гуэрэн дахэшхуэу а цIэ дыдэр зезыхьэм. Мдзымтэ къыхэлъэдэж псы бгъунж нэхъ инхэм ящыщщ Ачипсе (Ажэпс), Чвижепсе (ЦIыкIупс, Чэнжыпс) фIэщыгъэхэр зытеIукIахэр.
  • Мдзымтэ цIэр къызытехъукIам ехьэлIауэ
  • Къуршыпс тепыIэншэм гупсэхугъуэ зэримыIэм гу лъызыта лъахэхутэхэм ящыщ гуэрхэм къалъытащ абы зэреджэр убыхыбзэм хэт псалъэу «къибыргъукI», «къитхъутхъукI» мыхьэнэхэр зиIэм къытехъукIауэ. АрщхьэкIэ, илъэс 200 — 250-рэ ипэкIэ мы щIыпIэм зыщызыплъыхьа хамэ зекIуэлIхэм абы и зэхэлъыкIэр IупщI къытщащIын мурадкIэ зэхагъэувауэ щыта картэхэм зэрыщагъэнэIуащи, зи гугъу тщIы псым нэгъуэщI фIэщыгъэхэри (зэщхь хуэдэу къытщыхъуми) иIащ. Псалъэм папщIэ, «Мдзимта», «Миадзимта», «Мезюмта», «Медзюмта». Иужьрей тхыкIэр щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зыхуахьыр абазэ лIакъуэу мы щIыпIэм щыпсэуарщ, урысхэм — «медозюи», адыгэхэм — «мудавей» цIэхэмкIэ, «уэсым щалъхуа цIыхухэр» мыхьэнэр къикIыу, зэджэу щытарщ. ГъэщIэгъуэныр аращи, а фIэщыгъэр зытеIукIауэ къалъытэр зи гугъу тщIы тIуащIэм дэса ахъцыпсэу (ахчипсоу) абазэ лIакъуэм и закъуэтэкъым, атIэ абы и лъэпкъэгъухэу Псоу, Бзыбэ псыхъуэхэр зи хэщIапIэу къекIуэкIа Аибгъэ, Псхьу жылагъуэхэми а цIэ дыдэр зэрахьащ.
  • Урыс-Кавказ зауэм и кIэуххэм мы щIыпIэм щыпсэуар абазэхэр арами, мыбдежыр адыгэхэми я зекIуапIэу зэрыщытар къыхэгъэщыпхъэщ. Абы и щыхьэтщ фIэщыгъэхэм ящыщ куэдым, псалъэм папщIэ, Мдзымтэ хэлъэдэж псы бгъунжхэм ящыщ зыбжанэм зэрахьэ цIэхэмрэ абыхэм я Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэхэмрэ зэреджэр. ЖытIам и щапхъэщ Ахъцыпсэу (Ахчипсоу) жылагъуэм я къуажэ нэхъыщхьэм (иджырей Красная поляна) зэрихьа «Губгъуэ бгъузэ» (Губгой-абгузу) цIэри, зи гугъу тщIы псы къуэпсхэу Чвижепсе (ЦIыкIупс, Чэнжыпс), Пслух (Псыпыху), Пудзико (Пыдзэкъуэ) зи фIэщыгъэхэри, езы Мдзымтэ километр зыбжанэкIэ зыблэж Псехако (Псыхьыкъуэ) шытхым зэреджэри, иджырей Эстосадок посёлкэм деж щыса Анчу абазэ къуажэм и цIэри.
  •  КЪУМАХУЭ Аслъэн.