Псалъэзэблэдз
2020-06-11
- ЕкIуэкIыу: 1. ИлъэсиплI ипэкIэ Бразилием щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 3. Адыгэ цейм и щIагъым щIалъхьэ щыгъын. 5. ХъумакIуэ, къэрэгъул, … 7. … пыIэ. 10. Мылъку зи куэд цIыху. 11. Мэ гуакIуэ къызыхих ткIуаткIуэ. 12. НэгъуэщIхэм къахуеплъых, зи пэр дэзыгъэзей. 15. Iэпщэ лэжьыгъэм емыса щIалэм … ищIащ. 16. Данэ щэкI пIащIэ.
- 19. ХадэхэкIыр Iисраф зыщI дзыгъуэшхуэ. 20. … зэрыхьэ бей мэхъу. 21. Пхъэ уадэшхуэ. 22. Мыджа Iуданэ, вакъэнжей. 25. Махэ, мыбыдэ гуэр. 26. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор. 30. Уи анэ … уи щхьэ дэгъэсыс. 32. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, ар куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 33. А хьэкIэкхъуэкIэр мыщэм фIэбэлацэщ. 34. КъуийцIыкIу къигъэпцIа домбеижь. 35. Колхоз бригадиру щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Iэхьед. 37. Iуэхум щымыщ куэд жызыIэ, псэлъэрей. 38. Шыхъуэ, мэлыхъуэ, шкIахъуэ, къазыхъуэ, …
- Къехыу: 1. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ. 2. Адыгэ сабийхэм папщIэ къыдэкI журнал. 3. Къазышхуэм ещхьыфэ къуалэбзу пIащэ. 4. Район, псыежэх. 6. Лъэдиймрэ лъэгуажьэмрэ щIэзыгъа-нэ цIыхухъу щыгъын: ди зэманым щIагъуэу зэрахьэжыркъым. 8. КIапсэ къызыхах къэкIыгъэ. 9. И тхьэкIумэ … иригъэпщхьауэ, къыжраIэр зэхихыркъым. 13. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъу адыгэ усакIуэ. 14. … итри, къулыкъуфI зригъэгъуэтащ. 15. Iуэху къыпэщылъым темыгушхуэ, шэми шхуми ис цIыху. 17. КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэ уэрэдыжь цIэрыIуэ. 18. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 23. Уэс жьгъей дыдэ. 24. Нартхэм я гъукIэ. 27. ЖыпIэр къызыгурымыIуэ, нэгъуэщIыбзэкIэ псалъэ цIыху. 28. УкъыздэIэпыкъурэ си Iуэху зэфIэбгъэкIамэ, сыт … кIынт? 29. Яхуэмылажьэ бжьэхъушхуэ. 31. Пхъэмбейм нэгъуэщIу зэреджэ. 33. УэрэджыIакIуэ, профсоюз лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ. 35. Ди гъунэгъу лIыр лъакъуащхьэкIэ мылъкум хэтщ, … къыщепщэр имыщIэу. 36. Хьэвэ щIыкIэу зэтралъхьа пхырхэр.
- Зэхэзылъхьар
- Мыз Ахьмэдщ.
- Мэкъуауэгъуэм и 6-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Мэз. 3. Чэт. 5. Бу. 8. Хьэ. 9. Дзэлыкъуэдэс. 10. Азэн. 11. Уэд. 12. Къады. 15. КIэпхъ. 16. Курых. 18. Як. 20. Фо. 22. Бжэндэхъу. 24. Бжьэ. 25. Бру. 26. Тхъурымбэ. 29. Хугу. 33. Бо. 34. Убых. 35. Къуныжь. 37. Шэпхъ. 39. Къаз. 40. Ныбжь. 41. Бжьэпэтехуэ. 42. Хъы. 43. Къуэ. 44. Къып. 45. Анэ.
- Къехыу: 1. Мурманск. 2. Лэкъумэн. 4. Тхьэрыкъуэф. 6. Пэгун. 7. Хьэлъкъ. 13. Гупыж. 14. Аркъэ. 15. КIэ. 17. Хы. 19. Индыл. 21. Яжьэ. 23. Еру. 27. Хъудыр. 28. Банэ. 30. Гуэншэрыкъ. 31. Гуу. 32. Кхъужь. 33. Бгъэжьнокъуэ. 36. Дамэду. 38. Хъыжьэ. 40. Нэхущ.