ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТекIуэныгъэм къыхалъхуа Багъэтыр Леонид

2020-05-07

  • Фашист Германием и къалащхьэ Берлин советыдзэхэм къыщащта 1945 гъэм накъыгъэм (майм) и 2-м абы километр  мин бжыгъэкIэ пэжыжьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Курп Ищхъэрэ къуажэ цIыкIум щыпсэу Багъэтыр Мау-лэ  и  унагъуэм щIалэ цIыкIу къралъхуащ. ГуфIэгъуэ тIуащIэм зэщIищтащ илъэсиплIым нэблэгъауэ екIуэкI зауэм игъэгулэз, гуауэ куэд къыхуэзыхьа лъэпкъыр. Леонид зыфIаща сабийр пIащэтэкъым, апхуэдэуи Iэбыдэлъэбыдэтэкъым икIи пелуан нэс зэгуэр къы-хэкIыну хуэгъэфэщэгъуейт.

  • Зауэ нэужь зэманым зи сабиигъуэр хиубыда дэтхэнэми хуэдэу, Леонид гугъу ехьу къэхъуащ. ШхынкIи, щыгъынкIи, гулъытэкIи зыхуей хуэзахэм ар ящыщакъым. Арауэ къыщIэкIынщ жырым хуэдэу гъащIэм щIипсыхьари.
  • Хуэм-хуэмурэ спортым итхьэкъупащ икIи курыт еджапIэр щалъхуа щIыпIэм къыщиуха иужькIэ, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) къалэм дэт Осетие Ищ-       хъэрэ къэрал университетым физическэ гъэсэныгъэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ. Абы Iэмал щигъуэтащ остетинхэми хуабжьу фIыуэ ялъагъу икIи ехъулIэныгъэ инхэр щаIэ бэнэкIэ хуитым зыщыхуигъэIэзэну. Мыщхьэх къудеймэ, егъэджакIуэ телъыджэхэр и гъунэжт.
  • Багъэтырым и насып къикIри, пэщIэхуащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Суменов Кармен. А гъэсакIуэ гъуэзэджэм и цIэр фIыкIэ Iуат икIи игъэхьэзырыну хузэфIэкIат СССР-м спортымкIэ и мастер, зэхьэзэхуэ куэдым щытекIуа бэнакIуэ лъэрызехьэхэр. ЗэпIэзэрыт, псалъабэу щымыт адыгэ щIалэм тренер губзыгъэм дилъэгъуащ зэфIэкI лъагэ зэриIэр. Ар къызыкъуихыфын папщIэ щхьэкъэIэт имыщIэу зигъэсэн хуейт. Лэжьыгъэмрэ гугъуехьхэмрэ зэрысабийрэ щIапIыкIа Леонид абыкIэ къикIуэтынутэкъым.
  • Псом япэу къакIуэрти, зыщагъасэ пэшым иужь дыдэу щIэкIыжырт Багъэтырыр. Тренерым залымыгъэкIэ ар щыщIихужаи  куэдрэ  къэхъуащ,  апхуэдиз гугъуехьым ирищIыкIынкIэ шынэу. АрщхьэкIэ, бэнакIуэ цIэрыIуэ хъуну мурад зыщIа щIалэр къизыгъэкIуэтын щыIэтэкъым. Уеблэмэ общежитым щиIэ пэшыр зыгъэсапIэ ищIат. Абы щIэлът и узыншагъэмрэ къарумрэ зезыгъэужь Iэмэпсымэ куэд икIи ахэр увыIэгъуэ имыIэу къигъэсэбэпырт. Апхуэдэу щыт пэтми, фIы дыдэу еджэну хузэфIэкIырт.
  • А гугъуехь, ерыщагъ псори пщIэншэу кIуэдакъым. «Буревестник» ДСО-м и Совет Нэхъыщхьэм Пензэ щригъэкIуэ-       кIа чемпионатым Багъэтыр Леонид къыщыхэжаныкIащ икIи СССР-м спортымкIэ  и мастерым и мардэхэр япэу щигъэзэщIащ. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм домбеякъ медалыр абы щыгъуэм къихьащ. Ар и япэ ехъулIэныгъэ инт.
  • Осетие Ищхъэрэ къэрал университе-тым физическэ гъэсэныгъэмкIэ  и  факультетыр къиуха иужькIэ, Багъэтырыр Мэз- куу ирагъэблэгъащ. Дауи, къэралым и къалащхьэрат щызэхуашэсыр спортми  нэгъуэщI IэнатIэхэми къыщыхэжаныкIа щIалэгъуалэр. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Барбэ Виталий и деж мыгувэу зыщигъэсэн щIидзащ. АбыкIэ къыпыща хъуащ джылахъстэней щIалэм  и мурадхэр зэгъэхъулIэным ерыщу телэжьэным.
  • 1973 гъэр Багъэтырым и спорт гъащIэм зыщиузэщIа илъэсщ. Абы и пэкIэ и ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэр куржы бэнакIуэ Доборджгенидзе Романт. Зэхьэзэхуэхэм ахэр тIэу щызэхуэзати, зэрызэ текIуэныгъэр яхьат. А илъэсым и вагъуэр къэлындащ совет бэнакIуэ гъуэзэджэ Юмин Владимир. Абы и Iэзагъым куэду тепсэлъыхьырт тренерхэр, IэщIагъэлIхэр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр. ИужькIэ Юминым зыIэригъэхьащ спортсме-ныр зыщIэхъуэпс лъагапIэ псори: дуней псом и чемпион тхуэнейрэ хъуащ, Монреаль щыIа Олимп Джэгухэм щытекIуащ. Абы зэреджэр «бэнэкIэ хуитым и профессорт». Пэж дыдэуи, а спорт лIэужьыгъуэм  и щэху псори ищIэу къыпщыхъурт.
  • Зыгъэсэныгъэхэр щекIуэкIа лъэхъэнэм тхьэмахуэ къэс зэ тренерхэм зрагъэбэнырт зи хьэлъагъыр зэхуэдэхэр, хэт нэхъ лъэщми яубзыхуу, утыку кърагъэхьэнур ящIэн папщIэ. Багъэтырымрэ Юминым-рэ я зэпэщIэтыныгъэр щэнейрэ зэрытемыгъэкIуауэ иухащ. Абы щыгъуэми иужьым нэхъ жыджэрар ди лъахэгъу-       рат. Апхуэдэу щыхъум, тренер советым унафэ ищIащ тIури зэхьэзэхуэм хагъэхьэну.
  • БэнакIуэ тIощIым щIигъу кърихьэлIат килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм. Аргуэрыжьти, я хьэрхуэрэгъу  псоми ефIэкIри, финалым щызэхуэзащ Юмин Владимиррэ Багъэтыр Леонидрэ.
  • Леонид и бэнэкIэм СССР-м и тренерхэр апхуэдизу дихьэхати, гупым ар ирагъэблэгъащ. Апхуэдэу, адыгэ щIалэм, Совет Союзым и чемпионатым и дыжьын медалышхуэм дэщIыгъуу, 1973 гъэм лъагъуэ щыпхишащ дунейпсо зэхьэзэхуэ инхэм. А Iэмалыр къритащ къэралым и  гуп къыхэхам зэрыхагъэхьам.
  • ХуэнасыпыфIащ Багъэтырым къыкIэлъыкIуа 1974 гъэри. Мэзкуу и командэ къыхэхам дэщIыгъуу Венгрием и къалащхьэ Будапешт дунейпсо зэхьэзэхуэ иным щытекIуащ.
  • ИужькIи зэхьэзэхуэ ин зыбжанэм джылахъстэней щIалэр щытекIуащ. Ауэ мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIар Лас-Пальмас щыIаращ. Канар хытIыгухэм хиубыдэ Испанием и щIыпIэ дахэхэм ящыщ зым щызэныкъуэкъуащ Дунейпсо кубокыр зыхуэфащэр зэхагъэкIын папщIэ. Совет Союзым и бэнакIуэхэм къищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм кърихьэлIат Амери-кэм и Штат Зэгуэтхэм, Болгарием, Ира-ным, нэгъуэщI къэралхэм я спортсмен нэхъ лъэщ дыдэхэр.
  • Болгарием и цIэкIэ килограмм 57-м  нэс зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэрт Европэм и вице-чемпион Лютвиев Стефан. Ар хуабжьу жыджэрт, Iэзэт, къикIуэт зымыщIэт. Пхъэидзэм къикIат зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ дыдэм Багъэтырыр Лютвиевым ебэныну. Абы ди лъахэгъур дахэу щытекIуащ.
  • КъызэщIэплъа Багъэтырым адэкIэ къыпэлъэщын щыIэжтэкъым. США-м щыщ Стиврой, Ираным къикIа Салемани сымэ яхэту къыпэщIэува псори хигъащIэри,  Дунейпсо  кубокыр   зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа абы ипэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зыри щыIакъым. Ар япэт, ауэ иужьтэкъым. Багъэтыр Леонид пхиша лъагъуэ дахэм ирикIуащ адыгэ бэнакIуэ зыбжанэ, Олимп чемпионхэмрэ дуней псом щытекIуахэмрэ яхэту.
  • СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Багъэтыр Леонид бэнэныр щигъэта иужькIэ, Иорданием и командэ къыхэхар илъэс зыбжанэкIэ игъэсащ. ИтIанэ щылэжьащ «Спартак» ДСО-м и Урысей Советым Мэзкуу щиIэ хэщIапIэм. БэнэкIэ хуитым и тхыдэм ар къыхэнащ текIуэныгъэ къабзэхэм хуэIэзэу, гъащIэми зэхьэзэ-хуэр щекIуэкI алэрыбгъуми щыщапхъэу.
  • Жыласэ Заурбэч.