Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-04-30
- Къэзанокъуэм и хъыбархэр
- Хамэм фыхуемыплъэкIыу, фи хабзэ феплъыж
- Згуэрым Къэзанокъуэ Жэбагъы тридзэри, Тыркум кIуащ, я зэхэтыкIэ, я хабзэ еплъыну. Куэд дэмыкIыу къигъэзэжащ Жэбагъы.
- — Мыр сыту кIэщIу къэбгъэкIэрэхъуа? — жаIэу щеупщIым:
- — Гъуэгуанэр уигу иримыхьмэ, пIалъэр уогъэкIэщI, — жиIащ Жэбагъы.
- — А уздэщыIа хэкум сыт щыплъэгъуа? Бомэт и къуэжьым хуэIуэтэжыркъым тырку хабзэр.
- Жэбагъы, и щхьэр игъэкIэрахъуэри, жиIащ:
- — Тыркур адыгэкъым, адыгэпсэмрэ тыркупсэмрэ зэщхькъым. Тырку хабзэр адыгэм хабзэ хуэхъунукъым! Хамэм фыхуемыплъэкIыу, фи хабзэ феплъыжи нэхъыфIщ!
- Шэм нэхърэ нэхъ шынагъуэ
- Жэбагъы гъуэлъыжауэ пIэм хэлъу, зыгуэр къыщыджэм, зихуапэри щIэкIащ. «НакIуэ», — щыжаIэм, лIы и хабзэти, шэсри, Тэрч зэпрыкIащ. Жэбагъы щIэупщIакъым здашэмкIэ. АдыгэлI апхуэдэ хьэл иIэтэкъым. Тэрч шыбз гуартэ къыщрахужьэри къежьэжащ. Пхъэр къакIэлъежьэри зэхэуи къэхъуащ, ауэ Iуэхум лажьэ ямыIэу къыхэкIащ.
- — Тхьэшхуэм дыкъихъумащ, сыту шынагъуэт мы ныжэбэрей Iуэхур, — жиIащ Жэбагъы и гъусэм.
- — Сыт апхуэдизу къэхъуар? — щIэупщIащ Къэзанокъуэр.
- — Iэу, зы шэ къыттехуамэ, диукIатэкъэ? — жи.
- — Абы нэхърэ нэхъ шынагъуэр бжесIэнщ, — жиIащ Къэзанокъуэм. — Уи бынымрэ уи фызымрэ зы лъэныкъуэу, уэ жьыхуегъэзэкI ухъуарэ лейуэ укъалъытэжамэ, а зы шэ закъуэри къуагъэщтэжынщ.
- Акъылыншэри лIари зэхуэдэщ
- ХьэтIохъущокъуэ Мысострэ Къейтыкъуэ Аслъэнбэчрэ зэщыIеящ. Къейтыкъуэ Аслъэнбэч лей къытехьауэ илъытэрти, шу игъэшэсащ, ХьэтIохъущокъуэ Мысост теуэн мурад ищIри. ЩIызэщыIеяр мыхьэнэншэ гуэрт: пщитIым я мэлыхъуэ зэхуилъауэ арат, лъы щIэбгъэжэн хэлътэкъым.
- Къейтыкъуэ Аслъэнбэч шу игъэшэсауэ щызэхихым, Жэбагъы пщым деж кIуащ, лIы гуп зыщIигъури. Пщым и пщIантIэм дыхьэри, Жэбагъы щIыгъу лIы гупым дыуэ ящIащ. Къейтыкъуэ Аслъэнбэч унэм къыщIэкIащ:
- — Дыуэ щхьэ фщIырэ? — жери.
- — УлIауэ зэхэтхати, дыкъэкIуауэ дыуэ дощI, — жиIащ Жэбагъы.
- — СылIарэ сымылIарэ флъагъуркъэ? — игъэщIэгъуащ пщым.
- — Акъыл зимыIэж лIыр лIа пэлъытэщ, — жиIащ Жэбагъы. — Мыхьэнэншэ щхьэкIэ лъы щыбгъэжэфынукIэ акъыл уиIэжкъым.
- ПщырукIытэжри, IэщэригъэтIылъыжащ.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
- ЖыIэгъуэхэр
- Насыпыр мылъкум епхакъым
- Лъагъуныгъэ гуащIэр блэкIа зэмани къэкIуэну зэмани хуэныкъуэкъым.
- ПщIэ къызэрыпхуищIым папщIэ уасэ щыгугъым, езым и пщIэр ищэжу аращ.
- Iэхъуэ баш уимыIэу уIэхъуэну уемыжьэ.
- Уи гукъеуэр зейм занщIэу жепIэмэ утыншынущ, гужьгъэжьу къыкIэлъепхьэкI нэхърэ.
- ЦIыхухэм щхъухьми хущхъуэ къыхащIыкI.
- Насыпыр зыгуэрым и унафэкIэ ягуэшыркъым.
- Лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыхур зэштегъэу хуэныкъуэкъым.
- Аркъэныр щыфIыр щыкIыхьырщи, псалъэр щыфIыр щыкIэщIырщ.
- Акъылыр губжьым пIэщIихамэ, дахагъэ псори пфIэкIуэдащ.
- Зи щхьэм нэмыщI зы-ри фIыуэ зымылъагъур ещхьщ губгъуэм игъухьауэ и закъуэу ит жыгыжьым.
- Мылъку зи куэд нэхърэ акъыл зиIэ.
- Лагъуныгъэр унагъуэм и дыгъэщ.
- Уи пщIэнтIэпскIэ къэблэжьыжам нэхъ IэфI щыIэкъым.
- Уи щыуагъэхэр уэзыгъэлъагъуж бийр куэдкIэ нэхъ щхьэпэщ, ахэр къыпщызыгъэпщкIу ныбжьэгъум нэхърэ.
- ЦIыхум фIагъыу хэлъыр къыумыщIауэ и ныкъусаныгъэхэм утепсэлъыхьу щIумыдзэ.
- Насыпыр мылъкум епхакъым.
- Пэжыр хущхъуэм хуэдэщ — икIи щхьэпэщ, икIи дыджщ.
- Шхэгъуэм деж узыншэщи, лэжьэгъуэм деж быкъшыкъщ.
- Къыумылэжьауэ къыпхэхъуэр хьэлэлкъым, абы ущымыгуфIыкI.
- Гугъэм зэи кIэ иIэкъым.
- КIурашын Алий.
- ГушыIэ
- Жылэм Iэбэрабэу къебгъэкIухьыну ара?
- Чопракъхэ зэрылъэпкъыу зэхыхьэри, пщIэкIэ автобус къащтауэ зыгъэпсэхуакIуэ кIуэрт, я къуажэгъу Абдулыхь гублащхьэдэсу. Абдулыхь гушыIэрейт, псалъэ щхьэкIэ и жып иIэбэнутэкъым, жыхуаIэм хуэдэт. Хъыбархэр, уэрэдхэр я гъуэгу пкIэлъейуэ Чопракъхэ здэкIуэм, псалъэмакъыр я лIакъуэм теухуа Iуэхухэм теджэразэри, щытхъупсыр кърагъэжэхрэ нэхъ лъэпкъ лъэщ адыгэщIым къимыкIауэ тхьэ яIуэу щIадзащ. Нэхъ тезыгъэчыныхьыр лъэпкъым нэхъыжьу ис нанэрт. Хъулъхугъэу щыIэм я нэхъ хахуэр, цIыхубзым я нэхъ дахэр, сабийм я нэхъ щэныфIэр, жьыкIэфэкIэм я нэхъ акъылыфIэр Чопракъхэ къахэкIауэ жиIэрт. Мыдрейхэри къежьут, адыгэ хабзэмрэ лъэпкъ щыпкъагъэмрэ Чопракъхэ я деж къыщежьауэ хуагъэфащэу. Нанэм а псалъэмакъыр мыпхуэдэу иухащ:
- — Ялыхь, Чопракъхэ фIыуэ зымылъагъур хьэфизу къэгъанэ! — жиIэри.
- Ар зэхэзыха Абдулыхь зыгуэр жимыIэу хуэшэчынт?! Хуэшэчакъым.
- — Мыр сыт, нанэ, жылэ псор Iэбэрабэу къакIухьу къэбгъэнэну ара? — жиIащ абы.
- Думэн Мурадин.
- Iуэхутхьэбзэ
- Къэхъуа
- Къалэм къыбгъэдэс Брамтэ жылэм и къуэжэкIэм шхапIэ цIыкIу гуэр щытащ, мы дунейр къыщызэхэзэрыхьа зэманым. Иджы щымытыжми, сщIэркъым. Арати, абы псы птулъкIэ сыщефэри, си машинэм сыкъыщитIысхьэжым, Тхьэм ещIэ зэрыхъуар, си машинэ тхылъхэр дэлъу зесхьэ фэ бохъшэжьыр си жыпым ижри, ауэ къэнащ.
- Унэм сыкъэсыжри, щхьэгъусэр зы махуэ отпуск еттри и дыщ кIуэжауэ къэтти, си къуэ нэхъыщIэ Алим сэрэ ди ныбэ Iуэху зетхуэу дызэхэзеуэу телефоныр къеуащ.
- — Мыр Къэрмокъуэ Мухьэмэдхэ я унэра?
- — АтIэ, къеблагъэ, къуэш.
- — Уи еблагъэ фIы ухъу. Мухьэмэдыр уэра?
- — Сэращ.
- — АтIэ чэчрасу сыпхуейуэ арат сэ. Уэлэхьи, сыщIыпхуейри мыIуэхушхуэ дыдэ, ауэ, — Iэнкун къэхъуащ къызэпсэлъар.
- — Iуэхур цIыкIуми инми — Iуэхущ. ЖыIэ, ауэ уэ хэт ухъуну?
- — Сэри сыкъэпцIыхунщ. Мыдэ уэ япэщIыкIэ къызжеIэт: Брамтэ жылэм ущыIа нобэ?
- — Моуэ сыкъикIыжа къудейщ.
- — Ахьа! АтIэ зыри щыпфIэкIуэдакъэ абы?
- — Хьэуэ. Сыт сфIэкIуэдынур? Си машинэжьым сису арати, сису сыкъэкIуэжауэ пщIантIэм дэтщ. Си щIалэ цIыкIур сщIыгъуати, ари мис, си пащхьэм итщ.
- — А машинэ узэрысыр зебгъэкIуэну хуит узыщI тхылъ уиIэ?
- — Iэу, тхылъ уимыIэу машинэм уис хъурэ?
- — АтIэ, мыхъумэ, уэ уиси.
- — ПцIы къыстумылъхьэт, ныбжьэгъу. Мы машинэр къыщысщэхуам ГАИ-м и нэхъыщхьэ Хьэмырзэ Владимир дыдэм и Iэ тедзэжауэ права щIэрыпс къызитри къызэхъуэхъуауэ щытащ. ИкIи зы пхыудыгъи имыIэу зызохьэ
- — Уэлэхьи, зумыхьэ-тIэ, щхьэ пцIы бупсрэ?
- — Дауэ пцIы зэрызупсыр?! Уэ умылицэу ара?
- — Уэлэхьи, сымымылицэ, сэ сыадыгэ щIалэжьщ. АтIэ, умыупсмэ, сэ жыжьэ сыщыIэкъым, уи унэм сыныIухьэнщи, къыдэкIи сыгъэлъагъут а уи права жыхуэпIэр.
- — КъыIухьэ! — телефоныр согъэтIылъыжри, си жыпым соIэбэ. Бохъшэр илъыжкъым. СыкъыдокIри, зы лIы хэщIыхьа быхъушхуэ ди куэбжэпэм щытщ.
- — Къеблагъэ.
- — Дэнэ щыIэ уи правар?
- — Уэлэхьи, си правар сымыгъуэтыж.
- — АтIэ щхьэ пцIы бупсрэ? Мис уи правар, — жери бохъшэр сегъэлъагъу, ауэ къызитыжыркъым. – Мес, мо си ныбжьэгъуищ къыдэкIуейр си щыхьэтщ гъуэгум къызэрыщызгъуэтамкIи зыри къызэрыдэзмыдыгъукIамкIи, — жеIэри, щIалэжьым гъуэгум узэпрыплъмэ, адрей лъэныкъуэмкIэ мыпIащIэурэ къыдэкIуэтейхэмкIэ и Iэр ещI. — ФыкъакIуэ мыдэ, къэзгъуэтащ езы Къэрмокъуэ Мухьэмэд дыдэри.
- Зеуалэу къыдбгъэдыхьа щIалэжьищыр Тхьэ щаIуэжу щыхьэт тохъуэ си бохъшэр зэрамыдыгъуам, гъуэгум телъу къызэрагъуэтам, зыри зэрыдамыдыгъукIам. Апхуэдэурэ сигу къэмыкIыхха къом икIи сызэремыупщIа Iэджэ къысхурагъэкIуэкIри, дяпэкIэ сысакъыну саущий. ИтIанэ, псэлъапIэ къызамыту, адрей-мыдрей гуэрхэр къысхурагъэкIуэкIри, мэгарышыншэу Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур къызгурагъаIуэ. Си «еблагъэри» зыкъомрэ зрагъэщIэгъуэкIри, я щхьэ трамылъхьэ хуэдэурэ, къыдохьэ.
- — Уэлэхьи, Мухьэмэд, уи бохъшэм ахъшэ дэмылъми, уэ убейм, — жи си правар къэзыхьыжам. — Уи машинэр «Волгэ» щIэрыпсым, уи гаражыр уи пщIантIэм дэтыжым. ГъуэтыжыпщIэу уэ, дауи, нобэ мэл тхуэбукIыну къыщIэкIынщ.
- — Си мэл хъушэр Къущхьэхъу згъэкIуащи, къехыжмэ, мэлри дукIынщи, нобэ диIэри лъэныкъуэ етхьэкIыжынкъым, — жысIэурэ фыз зыщIэмыс унэм изогъэблагъэ лIышхуиплIыр.
- Унэгуащэм джэд зэрихуэти, джэдыкIэ ди куэдт, шатэ банкIрэ кхъуей цIынэ хьэлышхуэрэ щIыIалъэм дэлът. ГъуэгурыкIуэ гъэхьэщIэу къэслъытэри, тебэшхуэм шатэр фIыуэ искIэри, джэдыкIэр изу хэскъутащ, кхъуей хэзупщIэтэжри, «уи гъусэр иупхыу пшхы хъунущ», жыхуаIэм хуэдэу хъуэпсэгъуэу, тхъупсыр къыщIэжу тебэм зэрилъу къытезгъэувэри, я тепщэч цIыкIу зырыз ябгъэдэзгъэувэжащ, кхъуей цIынэ къэнари щхьэхуэу яхутезгъэувэжащ. Ди унагъуэр зэи фадэншэ хъу хабзэтэкъыми, пэлыштофищ хьэзыру щыIэу къыщIэкIри, сыгуфIэу ари къызэкъуэсхащ, хьэлвэ кIилэ хуэдэ хъун щыIэти, ари зыфIэфI къыфхэтмэ, жысIэри къытезгъэуващ.
- ЗахъунщIэн си гугъа щхьэкIэ:
- — Къэхь мыдэ сыт бгъуэтми, Мухьэмэд, — жиIэу, зы къыщыхэпсэлъыкIым, адрейм къыщIигъужащ: «ДылIышхэн защIэщ, дэ къуэш, тIэкIу гугъу уедгъэхьми, ягъэ кIынкъым. А уи правар кIуэдамэ, е дэ къэдмыгъуэту бзаджэнаджэ гуэрым Iэрыхьамэ, бэлыхьу узыхэтынум ауэ егупсысыт…
- Зэпрадзыжу апхуэдэ гуэрхэр жаIэурэ аркъэ пэлыштофищыр ирафри, арэзы зэрымыхъуар нэрылъагъути, Алим си шынэхъыщIэ гъунэгъуу къызбгъэдэсым я деж згъакIуэри зы птулъкIэ къезгъэхьати, ари дагъэкIуащ.
- КъызэрыщIэкIымкIэ, щысыхукIэ «дэ дыадыгэлIкъэ!» жаIэурэ я бгъэм мызэ-мытIэу теуIуа щIалэжьхэр зэгъунэгъут, зэефэгъут, фIыуэ къэзыцIыхухэми «Хьэжьвакъэжьышх» къыхужаIэрт. Нобэ шхапIэм щызэхуэсри, сом зырыз зэхадзамкIэ, зы птулъкIэ ирафри къэбырсеяуэ арат.
- Уи шыгъупIастэ зышхам хьэлэл хуэпщIу, фIыщIи щIыгъужын зэрыхуейр сощIэри, абы сытетщ. Мыри стхыжынутэкъым, си жагъуэ хъуа гуэр щымыIамэ. Зыкъом дэкIыжауэ а щIалэжь гупым фадэбжьэ щаIэт щIыпIэм сэ спэгъунэгъу гуэр ирихьэлIащ. Си цIэ къыщаIэтат гупым, си тхылъ еджа гуэрым къыхилъхьэри, мохэм зэпадзыжу жаIащ: «Уэлэхьи, дыхуэмей дэ апхуэдэ тхакIуэ, ауэ къызэрымыкIуэ Iуэхутхьэбзэшхуэ хуэтщIати, дригъэблагъэ хуэдэ зищIри, джэдыкIэжьапхъэкIэ зэфIигъэкIащ…»
- Сыт къысхужамыIэжами, си унагъуэ щашха ерыскъыр яхьэлэлщ. Дауэ щымытми, езыхэр зэрызэджэжыр аращи, адыгэ щIалэжьхэщ.
- Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
- ШхукIэ щIа лэкъум
- Шху гуащIэм шыгъу, джэдыкIэ цIынэ, содэ, фошыгъу, сэхуран дагъэ халъхьэ, мафIэм трагъэувэри зэIащIэурэ и хуабагъыр градус 35-рэ хъуху трагъэт, содэмрэ фошыгъумрэ ягъэткIуху. Шху хуэбар гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэв япщ, хъыдан трапхъуэри, хуабапIэм щагъэтщ дакъикъэ 20-30-кIэ.
- ИтIанэ Iэнэмрэ хупхъэмрэ сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэвыр мм 3-4 и Iувагъыу хупхъэкIэ яхури, сэкIэ зэпаупщI. Лэкъумыр сэхуран дагъэкIи тхъукIи бгъажьэ мэхъу. Тхьэв зэпыгъэжар фIыуэ къэплъа дагъэм халъхьэри, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ.
- Лэкъумыр щабэу, пIэрэпIэщэжу щытын хуейщ. Шатэ, фо, шей щIыгъуу хуабэу яшх.
- Халъхьэхэр: гуэдз хьэжыгъэу — г 700, шхууэ — г 400, джэдыкIэу — зы, шыгъуу, содэу, фошыгъуу — узыхуейм хуэдиз, зэрагъэжьэну дагъэу — зыхуейм хуэдиз.
- Шэ гъэфIэIуа
- Шэ гъэпщтам шатэ хакIэ, фIыуэ зэIащIэ, и щхьэр трапIэри, сыхьэти 10-12-кIэ хуабапIэм ягъэув. Шэр зэрыпцIэу, и щхьэр тепIауэ щIыIапIэм ягъэув. Шэ гъэфIэIуар Iувыбзэ мэхъу икIи къэуатышхуэ щIэлъщ. Чыржын, мэжаджэ, лэкъум, щIакхъуэ дашх. Мы шэ гъэфIэIуар къагъэсэбэп шхупцIатэ папщIэуи.
- Халъхьэхэр: шэуэ — г 1000, шатэу — г 150-рэ.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Псалъэжьхэр
- Адэ щIэинкIэ псэуа щыIэкъым
- Нэр зэмыплъмэ, гур зэщоплъ.
- ЦIыхуфI и Iэнэ хьэзырщ.
- Акъыл кIэщIыр бзэгу кIыхьщ.
- ЗымыщIэф унафэ щIынкIэ ерыщщ.
- ГъунэгъуфI къуэшыфI палъэщ.
- Дзыгъуэ нэпсейр шэм етхьэлэ.
- Псым итхьэлэр шхийм йопхъуэ.
- Адэ щIэинкIэ псэуа щыIэкъым.
- Анэм и быным хуищIэр фIэмащIэщ.
- ЗэгурымыIуэ бынунэм я мыгъуагъэщ.
- Зи гъунэгъу зи Iэпэгъум и насыпщ.
- Къуэр унэм и пкъощ, пхъур унэм и щIэращIэщ.
- Хэгъэрей хуэмыхум хьэ къыуегъэдзакъэ.
- ПцIыупс и кIапсэ кIыхьщ.
- Гъэмахуэм умыгъэтIылъа щIымахуэм къэпщтэжыркъым.
- Куэд жызыIэ нэхърэ куэд зылэжь.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:1. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 3. Хьэндыркъуакъуэ кърашагъащIэ. 6. Пхъэ уадэшхуэ. 10. Хывым зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 11. Адэр — дэм, … нэм хуэдэщ. 12. Дунейр … зэрыхъуу сабийхэр уэрамым къыдэужьгъащ. 13. Пшэр, зи ныбэр къежьа цIыху. 14. … зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. 16. Тхылъым и «джанэ». 18. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 19. Адыгэр дуней псом нэхъыбэу къызэрыщацIыху фIэщыгъэ. 21. Гъэмахуэ пщэдджыжь щIыIэтыIэм удзхэм япылъ псыIагъэ. 24. ЗыгъэпскIыпIэ щIыпIэ. Е бдзэжьей щагъэхъу псы емыжэх. 25. Выр зэрыщIащIэ пхъэ. 26. Щхьэхуимыту яIыгъ цIыху. 29. Зи мылъкум тегужьеикIа, жумартыгъэм хуэхей цIыху. 31. ЩIыIу иупIэ. 33. ЩIымахуэм щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 34. Псы ежэхым и … макъ. 36. Си ныбжьэгъум … ищIри, шхапIэм сыщигъэхьэщIащ. 38. ГъэшхэкI. 39. Колхоз губгъуэм къыщрахьэлIа гъавэр пIалъэкIэ щызэтракIутэ щIыпIэ. 40. Iэщ … е лIы … . Ин гуэр. 41. Псалъэ дахэм … гъуэмбым къреш. 42. Шууей гуп, … зэрыгъэхъури, зекIуэ ежьащ. 43. Къэбэрдей усакIуэ, республикэм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта. 44. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я кум илъщ.
- Къехыу:2. Мэз жыгхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ гъуабжафэ-кхъуэщыныфэ. 4. Пщэдейрей … нэхърэ нобэрей бзу. 5. УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэ бзылъхугъэ усакIуэ Iэзэ. 7. Къалэ-лIыхъужь. 8. А муслъымэн къэралым аятоллар щынэхъыщхьэщ президентым нэхърэ. 9. Егъэлеяуэ ерыщ. 15. Уафэ лъащIэм щызеджадэ «бжьэхуц» гуартэ. 17. Зеиншэ. 20. Щхьэл мывэр зэкIэрэхъуэкI гъущI яе. 22. Сабийм … егъэныщкIу. 23. Дзыгъуэм и бий кIэуфIыцI псэущхьэ дахэ цIыкIу. 27. Мылъхуанэ. 28. Адыгэ нэхъ хуэмыщIахэм ящыгъыу щыта вакъэ лIэужьыгъуэ. 30. ЦIыху Iэл, гущIэгъуншэ, жыIэмыдаIуэ. 32. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ: мэпсэлъэф, мэлъэтэф. 34. ГъущIхэкI лъапIэ. 35. Мэлыр … хъуауэ, пщIантIэ кIуэцIыр къеуфэрэзыхь. 36. Гущабэ, гумыгъуэ. 37. Нартыху … е гуэдз … .
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Гъатхэпэм и 25-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:5. Даур. 8. Губгъуэ. 10. Дапхъэ. 13. Салимэ. 15. Чыщмыщ. 16. Дыщ. 17. ПщыIэ. 19. ЕнтIыр. 23. Бжьэпэтехуэ. 24. Тхьэгъуш. 26. Дэлэн. 28. Без. 31. ХьэфIыцIэ. 34. Шумахуэ. 37. Шыуан. 39. Пхъэр. 40. Гурым.
- Къехыу: 1. Одессэ. 2. Уэд. 3. Гущэ. 4. Пэжищэ. 6. Урал. 7. Апэсы. 9. Бзум. 11. Къум. 12. Чы. 17. Пэрыт. 18. Iэжьэгъу. 20. Нэхулъэ. 21. Румын. 22. Чэф. 27. Тхьэмпэ. 29. Езауэ. 30. ХьэлIамэ. 32. ФIыцIэ. 33. ЦIэ. 35. Уэ. 36. Амур. 37. Шэд. 38. Нэд.