Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-02-22
- Псалъэжьхэр
- Хэкум емыкIу къылъысмэ…
- ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым.
- ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ.
- ЛIыгъэщIапIэ лIы икIуадэркъым.
- Дзэм хамэ хэткъым.
- Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
- ЗауэфIрэ дауэфIрэ щыIэкъым.
- Уи хэкур лъэщмэ, уогушхуэ.
- Хэкум емыкIу къылъысмэ, къыщыж.
- Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу.
- Уи нэм къеIэм и псэм еIэж.
- Япэ умыуэ, къоуэм ущымысхь.
- Хьэх Сэфарбий
- Сэлэт
- (Балладэ)
- Уэсыр къесу, дунейр щIыIэу
- Зы щIымахуэ пшапэ гуэрым
- Къэралышхуэм дзэуэ иIэр
- ЗэпрокIыр къуршыпс уэрым.
- Щосабырри джабэ нэкIум,
- ЗауэлI гуп Iэтащхьэм лIыкIуэ
- ХуещIыр псынщIэу къэрал цIыкIум:
- «Зыкъэвмытмэ,
- ЗэпытрыкIуэр
- Псоми фэ къыфхуэдгъэкIуэнущ,
- Мы щIым щыщи фытщIыжынущ!»
- Гъунэгъуейм и пIалъэ фIыуэ
- ЗыщIэ къэрал цIыкIум и дзэр
- Хьэзырыххэу зэхэтт,
- Ауэ
- ТIэкIу гузавэу псоми щIадзэр:
- Джабэ нэкIур бий зуфэбгъур
- Хэкум цIыхуу исым хуэдэу
- Щыми зыкъомыфIкIэ щIегъур!
- Ауэ, гъэр защIын ямыдэу,
- Жэщыр фIыуэ хэкIуэтауэ
- Бийм жэуапыр хурагъэхьыр.
- Зы зауэлI, мес, къраджауэ,
- ЗэкIуэцIылъ зыгуэр IэщIалъхьэр:
- «Мо я лIыкIуэхэм уащIыгъуу
- КIуэт, ет мыр я Iэтащхьэм.
- КъыщIумых ар уи блэгущIэм
- Гугъуми,
- Уихьэху бийм и пащхьэм».
- ЩIалэр ихьэу
- Бийм и пащхьэм
- А иIыгъыр ишиину
- Щыхуежьам,
- КIэрахъуэу и щхьэм
- ЩIидзат,
- Зыри лъэмыкIыжу.
- Абы иIыгъ зэкIуэцIылъыр
- КъыщыщIахым и блэгущIэм —
- ЗэфIощIыкI и дзажэналъэр.
- ЯгъэщIагъуэу я щхьэр ящIыр
- Псоми —
- ЩIэлъар и блэгущIэм
- КъыщIокI
- Былъытырыку Iэл гуэру.
- Уэсым лъыр хэлъадэрт уэру.
- КъоупщI:
- — ЩIэфыжыху уи къупщхьэм
- Щхьэ щIэбгъэлъа а псэущхьэр
- Уи блэгущIэм къыщIумыхыу?
- — Дауэ?
- Сытым ар къыхэсхыу
- Скъутэнт къысхуащIа унафэр?!»
- Бий Iэтащхьэм покIыр и фэр:
- Гъэсэныгъэу апхуэдизыр,
- Бэшэчагъыу апхуэдизыр
- Зи сэлэтым хэлъ къэралым
- Зупщытыну дзыхьщIыгъуэджэт.
- Нэху зэрыщу псы уэр Iэлым
- Бийр йокIыжри
- Тохьэж ныджэм.
- ЖыIэгъуэхэр
- Пщэдейрей ныбгъуэм IэмыщIэ нэщIу куэд къегъанэ
- НэгъуэщIым мащэ хуэптIу уи зэманри уи къарури тумыгъэкIуадэ, уэрыншэуи щхьэж езым и мащэ мыбэлэрыгъыу къетIыж…
- НэхъыфIым ущыгугъыу упсэунри хъарзынэщ — уи акъылри зэкIэ зэIыхьакъым, дунейм утетынри бужэгъужакъым, кIэщIу жыпIэмэ: гъащIэр пфIэщIэщыгъуэщ, уеблэмэ пфIэтелъыджэщ… Зи насып!..
- ПсэкIэ зыбужьауэ, зэхэщIыкI лъагэ уиIэу шэч пщIамэ, адэкIэ умыкIуэ — щихъ ухъунщи…утфIэкIуэдауэ бжы!
- Пщэдейрей ныбгъуэм IэмыщIэ нэщIу куэд къегъанэ.
- Тхьэм и нэфIыр къыпщыхуамэ, зыми зыкъыумыгъащIэ — нэ къыптрагъэхуэнщ…
- Уи акъыл къытехуэм, и щхьэ уезылъытым удэгъуэгурыкIуэныр псэгъэтыншщи, бгъахъэр къызыгурымыIуэм удэпсэуныр хьэзаб тIуащIэщ.
- Хьэту Пётр.
- Фэ фщIэрэ?
- Зауэм хэтахэм ящыщу 600-м щIигъум цIэ лъапIэр зэрахьэ
- 1943 гъэм советыдзэхэм Сталинград деж текIуэныгъэ къыщахьащ. Сталинград зауэм Гитлер къришэлIат дзэ хэплъыхьауэ дивизэ 22-рэ, псори зэхэту зауэлI мин 330-рэ.
- * * *
- 1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ. ЩIалэ дыдэу езыр щIэлъэIури, ар зауэм кIуащ. 1942 гъэм танкист хахуэр фронтым Iухьащ икIи адрейхэм сыт щыгъуи я щапхъэт. 1945 гъэм Мэсейм и закъуэ зэтрикъутащ бийм и топу 11, бронемашинэу 10, автомашинэуи апхуэдиз, гу зэщIэщIауэ 25-рэ, танк зыбжанэ, нэмыцэ офицеру, сэлэту щэ бжыгъэхэр зэтриукIащ. А псоми къыхэкIыу, 1945 гъэм мазаем и 27-м «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы Аслъэнджэрий ТекIуэныгъэм и гуфIэгъуэр илъэ- гъуакъым, зауэм лIыхъужьу хэкIуэдащ.
- * * *
- Адыгэхэм ящыщуи тхакIуэхэм къахэкIауи япэ дыдэу Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуар Андырхъуей Хъусенщ. 1940 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну ар ираджащ. Илъэс нэхъ дэмыкIауэ Хэку зауэшхуэр къэхъейри, къэралым и щхьэщыжакIуэу япэу биидзэм пэщIэувахэм яхэтащ.
- * * *
- 2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
- * * *
- Берлин папщIэ екIуэкIа зауэм хэтахэм ящыщу 600-м щIигъум «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, адрей псоми «Берлин къызэращтам папщIэ» медалыр иратащ.
- * * *
- Адыгэ кхъухьлъатэзехуэ Къуэныкъуей Назир 1943 гъэм фокIадэм и 1-м «ЯК-1» зэребгъэрыкIуэ кхъухьлъатэмкIэ зэуэн щIидзащ икIи зауэр иухыху абы лIыхъужьу хэтащ. Къалэн хэха иIэу ар 276-рэ уэгум ихьащ икIи 65-м бийм япэщIэуващ. Къуэныкъуейм и закъуэу фашист кхъухьлъатэу 15 къриудыхащ, гупым я гъусэу 8, щIым щикъутащ кхъухьлъатэу 8, автомашинэу 15, зы мафIэгу. А псом нэмыщI, Берлин щхьэщыхьэри, сурэт трихащ, а къалэм и гуащIэгъуэу щебгъэрыкIуэм яхэту. Абы къыхуагъэфэщащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр.
- Си адэшхуэмрэ нэмыцэхэмрэ
- Къэхъуа
- Хэку зауэшхуэм щыгъуэ нэмыцэхэр 1942 гъэм ди щIыпIэм къыщысам, си адэшхуэ Къагъырмэс Джэтмэржий (абы ДжэтмырзэкIи еджэхэрт) и ныбжьыр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэси 113-рэ хъуат. Абы иIэт бынипщI — къуиблрэ пхъуищрэ. Ар лIыжь ткIийт, щыщIалэми апхуэдэу щытауэ жаIэрт.
- ЗэраIуэтэжымкIэ, урысыдзэм хэту ар щызэуат Болгарием, Шипкэ деж, икIи Георгиевскэ жор дамыгъэр къратауэ къигъэзэжат.
- Джэтмырзэ и къуихыр зауэм яшат, езыр и нысэ нэхъыщIитIым къабгъэдэнауэ абыхэм зэрахьэрт. Жьы хъуами, и дзэхэм я нэхъыбэр Iутт, и шхын Iыхьи ишхыфырт.
- Нэмыцэхэр ди къуажэ къыщыдыхьэм жьыкIэфэкIэ-хэр, цIыхубзхэр, сабийхэр топышэхэм, бомбэхэм зыщахъумэу щIыунэхэм ист, ауэ дадэ, и нысэхэр гузавэу дапщэрэ емылъэIуами, щIыунэм яхуихьакъым, я пщIантIэм дэт Iуащхьэ хъурейм тесу еплъырт лъахъшэ дыдэ зыкъащIурэ абы и щхьэщыгумкIэ щхьэщылъэтыкI нэмыцэ кхъухьлъатэхэм. Хуиту илъагъурт кхъухьлъатэзехуэхэр. Уеблэмэ абыхэм ящыщ зы къыщыдыхьэшхауэ къыщыхъуати, мыжурэ зыфIэлъ и лIыжь башыр хуигъэдэлъат жаIэ.
- ИтIанэ дадэ къилъэгъуащ уэрамым дэз къэхъуауэ къыдэкIуей нэмыцэ танкхэмрэ сэлэтхэмрэ. Абы жраIауэ ищIэрт, езым зэрыжиIэу, германхэр ди къэралым къызэрезауэр, ауэ, дауи, и гугъатэкъым апхуэдэу щIэх ахэр ди щIыпIэм къэсыну. Тхьэм ещIэ асыхьэтым ар зэгупсысар. Игу къэкIыжауэ пIэрэт езыр зыхэта Шипкэ зауэр? Хьэмэрэ игъэщIагъуэрэт иджы япэу илъагъу танкхэр? Е егупсысу пIэрэт зауэм щыIэ и къуэхэм?..
- ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуху тесащ дадэ Iуащхьэм. ИтIанэ унэм щIыхьэжщ, и тахътэбаным игъуалъхьэри щылъащ, хэт щIыхьэми къемыплъу икIи къемыпсалъэу. Сытми, пщыхьэщхьэм зэнысэгъуитIым ягъэшхащ, и пIэр хуащIыжри ягъэгъуэлъыжащ.
- ЕтIуанэ махуэм пщIантIэм къыдыхьащ нэмыцитI, автоматхэр япщIыхэлърэ зы тэрмэши я гъусэу. ИувыкIри, унэр зэпаплъыхьащ, итIанэ щIыхьащ. Дадэ щылът, зихуапэри, тахътэбаным игъуэлъхьэжауэ тутын ефэу. НэмыцитIым языхэзым, абы еплъурэ зыгуэр жиIа нэужь, тэрмэшым дадэ зыхуегъазэ урысыбзэкIэ:
- — Мы унэм къыщIэтIысхьэнущ нэмыцэ офицер. Уэ мы пэшым ущIэкIын хуей хъунущ. Аращи, къэгъуэт егъэзыпIэ.
- Дадэ, зэгуэр урысыбзэ ищIэу щытами, дауи, щыгъупщэжат, и гъащIэ кIыхьым хупхрымыхыу. Щылът ар щыму, мо щхьэщыувахэм къахудэплъейуэ. Нысэ нэхъыщIэри пэшым щIэтт. Ар егъэджакIуэт, урысыбзэр фIыуэ ищIэрти, «хьэщIэхэр» къыщIэкIуар лIыжьым жриIащ. АрщхьэкIэ дадэ щылът, зыри зэхимых хуэдэ. НэмыцитIыр абы щIэкIиеу хуежьащ, автоматхэр трагъапщэри: «Ауфштейн! Шнель!» («Къэтэдж! ПсынщIэу!»). АрщхьэкIэ дадэ хьэ ебэнауэ фIэкIа къыщыхъуртэкъым абыхэм я кIий макъыр. Нэмыцэхэм я гугъат тахътэбаным къралъэфу унэм щIадзэну, ар я мураду абы щыбгъэдыхьэм, модрейр и башым епхъуэри, гъущI мыжурэр къахиIун хуэдэу ищIурэ, зыбгъэдимыгъэхьэну хэтт. АрщхьэкIэ и башыр лъакъуэкIэ IэщIаудщ, лIыжьыр зэрилъу тахътэбаныр къащтэщ, къыщIахри пщIантIэм щагъэуващи, иджы ауан ящIу абы щодыхьэшх. ЗэнысэгъуитIым гузавэу къажыхь, лIыжь ерыщыр нэмыцэхэм ямыукIащэрэт, жаIэри.
- «ХьэщIэхэр» зэрыдэкIыжу, дадэ аргуэру и пэшым щIыхьэжыну хэтат, арщхьэкIэ и нысэхэм яубыдри, пщэфIапIэм яшащ, ар хузэлъыIуахщ, и тахътэбанри абы хущIагъэувэри, я тхьэмадэжьым елъэIуахэщ нэмыцэхэр къимыгъэгубжьыну. ЖраIащ абыхэм запыпшэ зэрымыхъунур. Абы и жэуапу мопхуэдиз ныбжь зиIэ лIыжьым къажриIар мыращ: «Сащышынэркъым сэ а цIапIэхэм! Апхуэдэ Iэджэ слъэгъуащ…»
- Нэмыцэхэр ди къуажэ дэкIыжыху дадэ щIагъэхьэжакъым и унэм. Абы и жэуап хуэдэ, дадэ махуэкIэрэ къыщIэкIырти, тутынышхуэ Iурылъу, никIукI-къикIукIыу дэтт пщIантIэм, и теплъэ псомкIи нэмыцэхэм яжриIэ нэхъей: «Сыфщышынэ фи гугъэ? Фи ней къысщыхуэ!»
- Къагъырмэс Борис.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:1. ГъущI тхьэгъуурэ зэрылъ кIапсэ. 3. Къэбэрдей усакIуэ. 6. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 7. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ. 8. БгитI зэхуаку. 9. Мэрем махуэхэм мэжджытым щащI нэмэз. 12. … зэрыхьэ бей мэхъу. 13. … -Тэбэ къуажэ. 14. ЦIыхубз щыгъын. 16. Жыгыр къызэрытIэпIам и нэщэнэ. 18. Уэ … хэлъхьи, сэ берычэт ны-хэслъхьэнщ. 19. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгы абрагъуэ. 20. Пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр зэрагъэпскI «хущхъуэ». 21. ХьэгъуэлIыгъуэм хэтхэр тезыгъэу цIыху, щыгъын зэгъэдзэкIахэр щыгъыу. 24. Бдзэжьей зэрещэ. 25. Шым и кIуэкIэ. 26. Къуацэ-чыцэм нэгъуэщIу зэреджэ. 27. Гъур, пхъашэ. 31. Сэхуран гъэлыгъуа зыщэхэм яшыхь тхылъымпIэ. 33. ЦIыху мыхьэнэншэм щхьэкIэ жаIэ: «Ар … фIыцIэжь и уасэкъым». 34. ЗыкъызыфIэщIыжа цIыху е зи дахагъэр зи напщIэ телъ хъыджэбз. 35. … ущытхъумэ, бзыхьэхуэм джанэ къыпхухищIыкIынущ. 36. Шылэ. Е … бэлътоку. 37. 1992 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа япэ президент хэхыныгъэхэм 2-нэ увыпIэр щызыубыда.
- Къехыу:1. Бжьыхьэ, щIымахуэ щыгъын. 2. УзыкIуэцIрымыплъыф хьэуа. 3. Хыумысауэ, езыр-езыру хьэсэм къытеувэж къэкIыгъэ. 4. Сымаджэ хьэлъэр къызэфIэувэжати, … хуащIащ. 5. Макъ цIу зыгъэIуу адэкIэ-мыдэкIэ щызелъатэ псэущхьэ цIыкIу. 10. Зи жылэ фIыцIэ цIыкIухэр хущхъуэгъуэу къагъэсэбэп къэкIыгъэ. 11. Егъэлеяуэ къэгубжь цIыху, гущIэгъуншэ. 14. Фэ кIапсэ зэрыхъам къыхащIыкIыу щыта цIыхухъу вакъэ. 15. ЩIалэм и ныкъуэкъуэгъур къыпэувын щимыдэм … кърилъхьащ (ауан ищIащ). 17. Тутнакъэщым нэгъуэщIу зэреджэ. 22. Я бжыгъэкIэ мелуан 15-м нэблагъэ хъууэ, дуней псом щикъухьа лъэпкъ, я къэралыгъуэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэу. 23. «Гызыжу къуршхэр къепщылIэу, хьэпшыпхэр плIэкIэ кърахыу, … фIейкIэ напэр щалъэщIу…» — ЩоджэнцIыкIу Алий и «Нанэ» усэм щыщщ. 28. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 29. Пасэрей Iэщэ. 30. Хьэцэпэцэ къэкIыгъэ. 32. Псы нэпкъ лъагэ. 34. Щхьэгъусэм и шыпхъу.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мазаем и 15-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 5. Уэрдыхъу. 7. Хьэсанэ. 8. Вэгъу. 9. Къарэ. 10. Щыкъун. 11. Лэныстэ. 12. Чэнж. 14. НапIэ. 15. Чэтэн. 17. Къып. 18. Тас. 21. Шэщ. 25. Хъарып. 26. ТIуалэ. 27. Дыдж. 32. КIыр. 34. МэкI. 36. Мэхъуэш. 37. Омск. 38. Щимэ. 39. КIэрывэж. 41. Лъагъуэ. 42. Амур. 43. Ибэ. 44. Умышэс. 45. Мыщафэ.
- Къехыу:1. КIэпкъжьэпкъ. 2. Дыгъэл. 3. Iэпщэ. 4. АнэнэпIэс. 6. Къэбыстэ. 13. Жэпкъ. 14. НАТО. 15. Чыху. 16. Нэд. 19. Бакъ. 20. Гъупщ. 21. Шыд. 22. Щэдж. 23. ЯтIэ. 24. Кхъулэ. 28. Ирак. 29. Уэм. 30. Баш. 31. Амыщ. 32. КIэмэлъамэ. 33. Тхъурымбэ. 35. КIэмпIрафэ. 39. КIэрэф. 40. Жагъын.