ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мамэ Катя

2019-12-10

  • Налшык къалэм дэта Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум Хэку зауэшхуэм и иужьрей илъэсым, гъатхэ пасэу щызэрыцIыхуат урыс хъыджэбз гуакIуэ Дигурко Екатеринэрэ зауэм хэта адыгэ щауэ КIэрашэ Хьэзритрэ.

  • Екатеринэ Налшык педагогикэ институтыр къиухырт, Хьэзрит парт лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ курсхэм щеджэрт. ЕджапIэр къиуха нэужь, хъыджэбзыр лэжьакIуэ кIуэн хуейт Ботэщей (Плановскэ) къуажэм и курыт школым щригъэджэну. АрщхьэкIэ Хьэзрит абы елъэIуащ Курп Ищхъэрэ къуажэм зыкъригъэдзыжыну. Ар езыр къуажэ Советым и унафэщIти, бзылъхугъэр къигъэгугъащ зыщIэсыну унэ къигъуэтынымкIэ къыдэIэпыкъуну. Курп Ищхъэрэ къуа-жэр абы къыщIыхихын щхьэусыгъуэм щыщт Екатеринэ и адэ-анэр зыдэс Раздольнэ жылэм ар зэрынэхъ пэгъу- нэгъури — шыгукIэ сыхьэтым и кIуэцIкIэ абы унэсынут.
  • Екатеринэ арэзы хъури, 1945 гъэм шыщхьэуIум и 15-м, гъэ еджэгъуэщIэр щIадзэным тхьэмахуитI иIэу, хъыджэбзыр Курп Ищхъэрэ къуажэм кIуащ…
  • Мазищ ипэкIэ иухат Хэку зауэшхуэр. Нэмыцэхэм къуа-жэр щаубыдам, курыт школыр шэщ ящIауэ щытащ: блынхэр даудат, щхьэгъубжэхэр хакъутыкIат. ЦIыхухъуIэ хуэныкъуэт къуажэр зэфIэгъэувэжынми еджапIэр зыхуей хуэгъэзэжынми, ауэ ахэр мащIэт, зауэм зэщIикъуати. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэхэрати, щыIэххэтэкъым.
  • Екатеринэ япэ махуэ дыдэм завучу ягъэуващ. Гъэ еджэгъуэм щIимыдзэ щIыкIэ абы къуажэр къызэхикIухьурэ балигъхэри сабийхэри зригъэцIыхуащ, псом хуэмыдэу езанэ классым кIуэнухэмрэ зауэм и зэранкIэ зи еджэгъуэр къызэпыуда щIалэгъуалэмрэ гулъытэ яхуищIу. Зи ныбжьыр илъэс 80-м иджы нэблэгъа ди Iыхьлы КIэрашэ Iэуес ноби игу къегъэкIыж езанэ классым щыщIэтIысхьэм, абы и цIэр Екатеринэ «Ауэс» жиIэу дахэу итхауэ зэрыщытар.
  • Мамэ Катярэ абы и къуихымрэ.

  • Курп Ищхъэрэ курыт еджапIэм Екатеринэ тхыдэр, географиер, биологиер щригъэджырт, ауэ куэдрэ къэхъурт нэгъуэщI дерсхэри щарит, егъэджакIуэхэр яхуримыкъумэ.
  • Къуажэдэсхэм ар занщIэу я гум дыхьащ. Псоми егуэ-пэкI, дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ къыхуэзыгъуэт бзылъхугъэм цIыкIухэри къыдихьэхащ, нэхъыжьхэми фIыуэ ялъэгъуащ.
  • Мазэ зытIу хуэдэкIэ Екатеринэ адыгэбзэр зригъэщIащ, къапщтэмэ, хамэбзэхэр джыныр абы фIыуэ къызэрехъулIэм и щыхьэту. И сабиигъуэм ар щеджат нэмыцэхэр зыдэтIысхьауэ щыта Гладенбургское (иджы Винограднэ) къуажэм икIи абыхэм я бзэр зригъэщIат.
  • Алъхъо жылэжьым дэсхэр псори Екатеринэ къыдэIэпыкъурт, адыгэбзэр ирагъэщIэнымкIи лъэпкъ хабзэхэм хагъэгъуэзынымкIи. ЦIыхубзхэр абы и деж къакIуэрт чэнджэщ гуэр хуейми, украин шхыныгъуэхэр зэрапщэфI щIыкIэхэр яфIэхьэлэмэту зрагъэщIэну ягу къыщыпылъадэми. Апхуэдэ дыдэу езы Екатерини зригъэсащ лэкъум игъажьэу, джэдлыбжьэ, пIастэ, мырэмысэ, дэлэн ищIу.
  • Къуажэм къазэрыхыхьэрэ мазищ фIэкIа мыхъуауэ, Екатеринэрэ Хьэзритрэ унагъуэ яухуащ. ИлъэситI дэкIри, 1947 гъэм накъыгъэм и 9-м, абыхэм япэ сабийр (Михаил) зэдагъуэтащ. Илъэс дэкIри, ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм аргуэру техуэу, я етIуанэ щIалэр (Вовэ) дунейм къытехьащ. ИужькIэ — Тимошэ, Валерик, Сашэ, Серёжэ сымэ.
  • «Ди мамэ Катя!» апхуэдэут зэкъуэшхэр ди анэм дызэреджэр. ДыщыцIыкIум щегъэжьауэ куэдым дыхуигъэсат абы, щIакхъуэ гъэжьэным къыщыщIэдзауэ, Iэщри джэдкъазри зыхуей хуэгъэзэным щыщIэкIыжу. УрысыбзэмкIэ ди япэ егъэджакIуэу щытар ди анэращ, абы хузэфIэкIащ и къуихми щIэныгъэ нэхъыщхьэ къыдитыну.
  • Екатеринэ илъэс 51-рэ щхьэузыхь хуищIащ Курп Ищхъэрэ курыт школым, къилэжьащ къуажэдэсхэм я пщIэрэ лъагъуныгъэрэ.
  • Ди анэм хуэдэу, зауэ нэужь зэман нэхъ гугъухэм егъэджакIуэхэр къуажэ пхыдзахэм ягъакIуэу щытащ. Дэтхэнэми и къалэныр псэемыблэжу игъэзэщIащ, хамэ жылэхэм хэгъэрей щыхъужащ, къуажэм я гуныкъуэгъуэри гуфIэгъуэри дагуэшащ.
  • Шэч зыхэмылъращи, анэхэм, егъэджакIуэхэм фэеплъ яхуэбгъэувыну яхуэфащэщ, ахэр лэжьыгъэри унагъуэри зыхуей хуагъэзэнымкIэ я къару еблэжакъым. Дэ нэхъыжьхэм ахэр зэи дигу ихунукъым.
  • КIэрашэ Михаил.