Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2019-11-23
- Европей псалъэжьхэр
- НыбжьэгъузимыIэр дэни щыхамэщ
- КъэхъукъащIэ псоми щышынэр зэи хым техьэнукъым.
- Псым хэхуэ цIыхур банэм йопхъуэ.
- Пхъэщхьэмыщхьэ зыфIэфIыр жыгым дэпщеифу щытын хуейщ.
- КъопцIыжыну ныбжьэгъу нэхърэ — зы башыжь.
- Iуэхуншэм и бзэр зэи псалъэншэ хъуркъым.
- Къуаншагъэр зыщIам къыгурыIуэжамэ, и ныкъуэр хуэбгъэгъу хъунущ.
- Псым и уасэр къыщащIэр псынэр гъужа нэужьщ.
- Ныбжьэгъу зимыIэ псори дэни щыхамэщ.
- Бийм къуих лейр нэхъыфIщ, уи ныбжьэгъур къыпхуэмыарэзы нэхърэ.
- Фэ фщIэрэ?
- Лэгъунэ мафIэ
- ШкIахъуэ тыхь. Адыгэ хабзэм щыщщ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм къуажэдэсхэр зэхыхьэрти, къуажэ шкIахъуэм зы шкIэ иратырт а махуэм и щIыхькIэ.
- Жьэгу пащхьэ тыхь. Мыбы махуэ хэха иIэу щытакъым. Унагъуэм гуфIэгъуэ щилъым деж лы зыхагъэва лэпсыр е дагъэ жьэгум дэлъ мафIэм и хъуреягъкIэ къракIэкIырт, «Ялыхь, ерыскъырэ гуфIэгъуэрэ уна- гъуэр щумыгъащIэ», жаIэу тхьэ елъэIуурэ.
- Лэгъунэ мафIэ. Япэм щыгъуэ адыгэхэм нысащIэр хьэгъуэлIыгъуэ нэужьым Iуэху ирамыгъащIэу зы илъэскIэ щагъэсу щытащ. Iуэху щIэн щыщIидзэ япэ махуэм ар лъэпкъым щыщ цIыхубзхэм унэшхуэм щIашэрт. ЦIыхубз нэхъыжьым нысащIэр жьэгум дишэрти, ихъуреягъкIэ къришэкIырт, итIанэ мафIэ зэщIигъанэрти, тхьэ елъэIурт: «Ялыхь, мы жьэгум игъащIэкIэ мафIэр щумыгъэункIыфI. КъэкIымрэ къалъхумрэ тхьэм ущимыгъащIэкIэ», — жиIэрти.
- Яжьэ теудэ. И цIыхубз уэндэгъур щымылъхуэфым деж, фызгъалъхуэм жьэгу яжьэ къищтэрти, абы и ныбэм трикIутэрт, щихуэрт: «Тхьэм псынщIэу фызэIэпих», — жиIэурэ.
- Думэн Хьэсэн.
- Щэнхабзэ
- «Налмэсыр» Ставрополь къыщофэ
- Хабзэ зэрыхъуам тету, иджы илъэс ещанэ хъуауэ Ставрополь къалэм щокIуэкI «Адыгэ дуней» щэнхабзэ фестивалыр. Ар мы гъэми къызэригъэпэщащ а къалэм щыIэ «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ.
- Фестивалым хэту къызэIуахат гъэлъэгъуэныгъэ гукъинэж. Сабий творчествэмкIэ уардэунэм и пэIущIэ пэшым щегъэувэкIат адыгэ бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр — адыгэ, абазэ фащэхэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр; ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэм плIанэпэ щхьэхуэхэр хухахат. Черкесск къалэм щыщ дэрбзэр Iэзэ Нэхущ Заремэ ида фащэхэм еплъа псори хуабжьу дихьэхащ абы и IэпщIэлъапщIагъэм.
- Фестивалым гурыфIыгъуэ нэхъыщхьэу хэлъар Адыгэ Республикэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Налмэс» къэрал академическэ ансамблыр къазэрыхуеблэгъарт. Адыгейм и напщIэ телъ ансамблым и къэфакIуэхэм я лъэгу щIэплъэну, адыгэ пшыналъэм и IэфIыр зыхащIэну концертым къекIуэлIат щIалэгъуали, ныбжь зиIи, къалэ унафэщIхэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхубэри.
- Дэтхэнэри игъэгушхуащ «Налмэсым» и къафэ псынщIэхэм, и фащэ дахэхэм, къамэ гъэIэрыхуэкIэм, утыку итыкIэм. Концертыр иригъэкIуэкIащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.
- IуэрыIуатэм щыщ
- Уэзырмэс къехъулIар
- Уэзырмэс, Хъымыщ, Шужьей сымэ щакIуэ дэкIащ. Мэзым бажапцIэ къыщыхэжым, щыри зэдеуащ. Зэдеуэри, бажапцIэр къаукIащ.
- — Си шэращ техуар, — жиIащ Хъымыщ. — БажапцIэр сэ схьынщ, сэращ къэзыукIар.
- — Хьэуэ, — идакъым Шужьей. — Техуар си шэращ, сэ схьынщ бажапцIэр.
- Уэзырмэси жиIащ:
- — БажапцIэм техуар си шэращ.
- Бгъэдыхьэри, еплъащ бажапцIэм: щыми я шэр техуат. КъызэдаукIати,бажапцIэр зым лъыс хъунутэкъым. ЗэгурыIуащ:
- — Щхьэж къехъулIа къреIуати, нэхъ щIагъуэ къызэхъулIам бажапцIэр лъысынщ, — жари.
- Хъымыщ къехъулIар яхуиIуэтащ:
- — ЩакIуэ сыкIуауэ къысIэрыхьаIатэкъыми, псы Iуфэм сыIухьэри, зы бдзэжьей къыхэздзащ. «Мыр тхуэгъажьэ», — жысIэри, бдзэжьейр си пщафIэм естащ. Бдзэжьейр дзасэм пиIури, пщафIэм мафIэ зэщIигъэстащ, сэ мэзым сыщIэтурэ сешати, сыщхьэукъуащ. Сыкъызэщыужмэ, щIалэр мафIэм пэрысщ, бдзэжьейр дзасэм пылъыжкъым. «Дэнэ пхьа?» — жысIэри, сеупщIащ. «МафIэм щыпэрыслъхьэм, бдзэжьейр къэхъужри, псым хэпкIэжащ», — жиIащ пщафIэм. «АпхуэдэпцI яупсрэ?» — жысIэри, пщафIэм сыхуэгубжьащ, сыхузэгуэпати, сеуэри, сукIащ. «Бдзэжьей щхьэкIэ щхьэ сукIа щIалэр», — жысIэри, пщафIэр зэрызукIам сыхущIегъуэжащ, псым схьыуэ щыхэсщIэм, щIалэр къэхъужри, къэтэджыжащ. Ар къызэхъулIащ.
- — Сэри мыр къызэхъулIащ, — жиIащ Шужьей. — Зы щIалэ зыщIызгъури, щакIуэ сыдэкIащ. Мэзым щыхь къыхэтхуащ, деуэри, къэдукIащ. Щыхьыр зэIытхри, щIалэм мафIэ ищIащ. ЩIалэм щыхь блатхьэр мафIэм пэрилъхьауэ, сыщхьэукъуащ. «Блатхьэр жьа?» — сеупщIащ щIалэм, сыкъызэщыужри. «Жьакъым, — жиIащ щIалэм, — блатхьэр сIэпыхури, мафIэм пэрыхуащ, щыпэрыхуэм, щыхьыр къэхъужри, мэзым сфIыщIыхьэжащ, и фэр зэтриубгъуэжри». «ХьэдагъэпцIухъу ар!» — жысIэри, щIалэр сукIащ. ИтIани: «Зы щыхь щхьэкIэ щIалэр сыт щIэзукIар?» — жысIэри, сыщIегъуэжащ. «Блатхьэр мафIэм щыпэрыхуэм, щыхьыр къэхъужауэ жиIащ, ар пэжмэ, мыри къэхъужынщ», — жысIэри, мафIэм щыпэрыздзэм, щIалэр къащтэри, къэтэджыжащ. Ар къызэхъулIащ сэ.
- — Сэ къызэхъулIари вжесIэнщ, — жиIащ Уэзырмэс. — ЩакIуэ сежьэри, къызэмыхъулIаIауэ мэзым сыщIэтурэ, гъэхъунэ сихьащ. Гъэхъунэм зы тэхъуанэ итт. Тэхъуанэм сыщIыхьащ. Жыхафэм хьэмыгъашхэ Iэнэ тетщ. Iэнэм сыбгъэдэтIысхьауэ, си щIыбкIэ зыгуэр къыдыхьащ.
- — Хьэджафэ ухъу! — жери, щIопщ уэгъуищ къызихащ си щIыб къыдыхьам.
- ЩIопщ уэгъуищ къыщызихым, хьэджафэ сыхъури, тэхъуанэм сыкъыщIихуащ:
- — БжэIупэм Iулъ! — жери.
- БжэIупэм сыIугъуэлъхьащи, къакIуэр къыдэзгъэхьэркъым, къыдыхьар дэзгъэкIыжыркъым. Тэхъуанэр зей щакIуэжьыр къызогугъури, жэщи махуи си жьафэ къехыркъым. Езыр щакIуэ докI, къыдохьэж, къыдыхьэжыху лы цIынэ Iыхьэ къысхуедз.
- ЩакIуэжьым и пщIантIэм сыдэлъурэ, си хъыбар Iури, цIэрыIуэ сыхъуащ. Зы мэлыхъуэ къыдохьэ щакIуэжьым и пщIантIэм.
- — Уи хьэджафэр зы жэщкIэ къызэт, — зэрыжиIэр зэхызох. — Си хъушэм дыгъужь къеуэсащи, сеух.
- — Узот, ауэ и ныбэ умыгъэныкъуэ, и ныбэ бгъэныкъуэмэ, къыпхуищIэн щыIэкъым, — жриIащ мэлыхъуэм.
- — Згъэныкъуэнкъым, — щыжиIэм, мэлыхъуэм сритащ.
- Мэлыхъуэм сишэри, мэл хъушэм сыпэригъэуващ, сигъэшхэн зэрыхуейр и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым, кIуэри, пщыIэм щIэгъуэлъхьэжащ: «Хьэджафэр бэлэрыгъынкъым», — жери.
- Жэщыбг хъуауэ, дыгъужьыр хъушэм къыхыхьащ, зы мэл ихьри, мэзым щIыхьэжащ. Сэ сыныбаджэти, зызгъэхъеякъым. ЩакIуэжьым деж сишэжащ пщэдджыжьым:
- — И цIэ Iуа щхьэкIэ, мыбы ищIэн щыIэкъым. Ныжэбэ кIуами зы мэл сфIихьащ дыгъужьым.
- Зыбжанэ дэкIауэ, нэгъуэщI зы мэлыхъуи къыдыхьащ щакIуэжьым и пщIантIэм:
- — Си мэл хъушэм дыгъужь къеуэсащи, жэщ къэс зы мэл сфIехь, уи хьэджафэр зы жэщкIэ къызэт, — жери.
- — Узот, — жриIащ, — ауэ и ныбэ умыгъэныкъуэ. И ныбэ бгъэныкъуэмэ, къыпхуищIэн щыIэкъым.
- — Згъэныкъуэнкъым, — щыжиIэм, сритащ.
- Мэлыхъуэм и пщыIэм сишэри, си ныбэ из хъуху сигъэшхащ, жэщ щыхъум, мэл хъушэм сыпэригъэуващ. Дыгъужьыр жэщыбгым къэсащ. Си ныбэ изт, си лъэм сызэрихьэрти, дыгъужьым сыхуилъащ, щIэзгъэIэри, и ужь сиуващ, и ужь сыкъимыкIыурэ, мэзым хэсхуэри, Iуащхьэм сфIыдэкIащ. Iуащхьэм къытетIысхьауэ къызжеIэ:
- — Мэлкъым сыкъызылъежьар — уэращ. Бэлыхь узэрыхэхуар сощIэ, укъызэдаIуэмэ, бэлыхьыр птесхынущ.
- — СынодэIуэнщ, — жесIащ.
- — НтIэ, мыращ, — жиIащ дыгъужьым. — Гъэзэжи, щакIуэжьым и пщIантIэ дыхьэж, бжэIупэм Iугъуалъхьи, гукъыдэж уимыIэ зыщI, хьэIус къуиткIэ, ухуэмышхэ, умышхэурэ, гуащIэмащIэ ухъунщ, гуащIэмащIэ ухъумэ, пщIантIэм удилъэфынщи, куэншыбым ухидзэнщ. Езыр щакIуэ ежьауэ зрегъэхьэлIи, пщIантIэм дыхьэж. Къызэроуа щIопщыр и пIэщхьагъ щIэлъщ. ЩIопщыр къащти, уэгъуищ зэхыж: узэрыщыта ухъужынущ. АдэкIэ пщIэнур уэ пщIэжынщ.
- Дыгъужьым седаIуэри, щакIуэжьым и пщIантIэм сыдыхьэжащ, си псэр пыт къудейуэ фэ зытезгъауэри, щIэщIым сыщIэгъуэлъхьащ, щакIуэжьым Iус къызитакIэ, сыхуэшхакъым, къыдыхьэми и гугъу сщIыжакъым, дэкIыжми сеплъыжакъым — си жьэ зэщIэсхыжакъым. Лъэрымыхь сыхъуауэ гу къыщыслъитэм, пщIантIэм сыдилъэфри, куэншыбым сыхидзащ щакIуэжьым:
- — Мыбы къысхуищIэжын щыIэкъым, хьэ хейщ, сукIынкъым, куэншыбым езыр-езырурэ хэлIыхьыжынщ, — жери. Куэншыбым сыхидзэри, езыр щакIуэ ежьащ.
- ЩакIуэжьыр гъуащхьэм зэрытекIыххэу, сыкъызэфIэувэжащ, пщIантIэм сыдыхьэжри, тэхъуанэм сыщIыхьащ, щIопщыр пIэщхьагъым къыщIэсхри, щIопщ уэгъуищ зэсхыжащ. ЩIопщ уэгъуищ щызэсхыжым, сызэрыщыта сыхъужащ.
- ЩакIуэжьым и къэсыжыгъуэ хъуати, щIопщыр си Iэгъуапэ изгъэлъадэри, бжэ къуагъым сыкъуэуващ: «КъызэпщIар уэсщIэжынщ», — жысIэри.
- ЩакIуэжьыр къэсыжащ. Iэнэм етIысылIа къудейуэ, бжэ къуагъым сыкъыкъуэкIри, щакIуэжьым и щIыб сыкъыдыхьащ, щIопщ уэгъуищ есхри:
- — Кхъуэ ухъу! — жысIащ.
- ЩакIуэжьыр кхъуэ хъури, мэзым щIыхьэжащ, и щIопщыр къэсхьауэ иджыри зызохьэ…
- — Iэгъу! Iэгъу! — гужьеящ Хъымыщрэ Шужьейрэ: гужьейри, бажапцIэр Уэзырмэс лъагъэсащ.
- Адыгэ нэщэнэхэр
- Блэ зэраукIа башыр къыумыщтэ
- Бзэгупэр шхэмэ, пцIы къыптралъхьэ.
- Бзу абгъуэм уиIэбэмэ, Iэ бэгу уохъу.
- Блэ букIар башыпэкIэ къапщтэу ижь зыщIумыгъэху.
- Блэ зэраукIа башыр къыумыщтэ.
- Блэ щIымахуэм плъагъумэ, тхьэм ущIелъэIур къыпхуещIэ.
- Блэгъум уемыгъу — фIыкъым, лыр сэкIэ къыкIэрыбгъэжурэ пшхын хуейщ.
- Блэгъур жьэдумычу хыфIэбдзэу ядэртэкъым.
- Блэм япэ шындырхъуо плъагъумэ, уи Iэпкълъэпкъыр псынщIэу гъэр ибох.
- Блэр ныкъуэукI пщIауэ къэбгъэнэжыну фIыкъым.
- Бостейм е къэпталым и щIыIур зэблэппхыкIамэ, щыгъыныщIэ щыптIэгъэнущ.
- Джэдынэ зышхыр мастэнэкIэ Iэзэ мэхъу.
- Дзэлыр пхъащхьэм хэплъхьэну фIыкъым.
- Ежьам кIэлъыджэртэкъым, кIэлъыгъыртэкъым, фIыкъым, жаIэрти.
- Ежьауэ кIуэ шум и шыр пырхъамэ е хущхьамэ, фIыкъым, къигъэзэжын хуейщ, жаIэрт.
- Адыгэ шхыныгъуэ
- Зэпкърымыхауэ гъэжьа гуэгушыл
- Гуэгушыр ягъэкъабзэри, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI. Щхьэри, лъакъуэхэри, нэгэгъури, тхьэмщIыгъури зыхуей хуагъазэ. Гуэгушылми и кIуэцIфэцIми шыгъу щахуэ, фIыуэ хагъэхьэу. ИтIанэ ар дагъэ къэплъа зэрыт тебэшхуэм иралъхьэ, и щIыбыр егъэзыхауэ, кIуэцIфэцIри щIыгъуу. Гуэгушылым и щхьэфэм шатэ щахуэ, псы пщтыр тIэкIу щIакIэри, хьэкулъэкIэ ягъажьэ сыхьэтитI хуэдэкIэ. ЩыжьэкIэ езым къыщIэж псыри шати гуэгушым щыхуэн хуейщ, и теплъэкIэ тхъуэплъ дахэ хъун щхьэкIэ. Лы жьар тебэм кърахыжри, тепщэчым иралъхьэ. Тебэм къина псыри дагъэри яз, езы тебэр ятхьэщIри, гъущэу ялъэщIыж, ар мафIэм трагъэувэри, тхъу иракIэ. Абы цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэта бжьыныху, шыбжий плъыжь сыр хьэжа халъхьэри, бжьыныхум дыщафэ къытеуэху ягъэлыбжьэ. Гуэгушылым къыщIэжа лэпс дагъэр щIакIэ, мафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 6 — 7-кIэ къагъавэ. Тебэр къытрахыж, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 4 — 5-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, гуэгушыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах е якъутэ, тепщэчым иралъхьэри, бжьыныху тракIэж. ПIастэ хуабэ и гъусэу пщтыру яшх.
- Халъхьэхэр (цIыху тIощI Iыхьэ):
- Гуэгушу — 1 (г 8000)
- Тхъууэ — г 200
- Бжьыныху укъэбзауэ — г 300
- Шатэу — г 250-рэ
- Псывэу — г 150-рэ
- Лэпсу е псыуэ — г 460-рэ
- Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:5. ТхакIуэ цIэрыIуэхэу Налохэ Ахьмэдхъан, Заур, филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIо Борис сымэ я къуажэ. 7. Джэрмэншык жылэм щыпсэуа адыгэ тхакIуэ Къашыргъэ … 8. Вакъэдыж Iэмэпсымэ. 9. ЩIалэ хахуэ е цIыху пхъашэ. 10. Сабий зиIэ унагъуэхэм илъэсыщIэм и цIэкIэ я унэхэм щIагъэувэ жыг. 10. Зи нэгур зэлъыIуха цIыху. 12. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ. 14. ХакIуитI зы … щIэзагъэркъым. 15. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ. 18. Хадэхэм ирагъэувэ бзугъащтэ. 19. Гъавэ кърахьэлIэжам щыщу тхьэмыщкIэхэм хухах Iыхьэ. 21. Нартыху, хьэжыгъэ хуэдэхэр зракIутэ. 24. Зи … исым и уэрэд жеIэ. 25. СщIэнур сщIэркъым, шэми … сес. 26. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, ар куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 29. ГъущIыпэ … мэхъуапсэ. 32. Адыгэ таурыхъ «Мыщэ и къуэ …» 34. Нэм ику дыдэр. 35. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист. 36. … и уасэу зы уэстын хьэмэрэ зы и уасэу … уэстын? 37. Языныкъуэ уэздыгъей лIэужьыгъуэхэм къапыкIэ жылэ. 40. « … Мурат» — ПащIэ Бэчмырзэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыжь. 41. Хьэнц, хьэнц, хьэнцэгуащэ зыдошэрэ, Ялыхь … къегъэщэщэх. 43. ЛъагапIэ. 44. Къэрал … лъапIэхэр саугъэт хуащIащ лэжьыгъэ IэнатIэм щыпашэхэм. 45. Нартыху хьэжыгъэм къыхэщIыкIа хьэлу гъэва.
- Къехыу:1. Фочышэу къагъэсэбэп бзапцIэ хъурей цIыкIу. 2. Уи … еплъи, уи лъэ укъуэдий. 3. ПащIэ Бэчмырзэ и пхъурылъху, композитор, усакIуэ. 4. Бжейм къыпыкIэ жылэ. ЦIыхум яшх. 6. ЛIы ефам и … макъым фызыр нэху щыху игъэжеякъым. 13. Зэхьэзэхуэм щытекIуа бригадэм … плъыжь цIыкIу иратащ. 14. Езыр мылъэтэфми, Iэзэу бадзэ къеубыд. 15. … и губжьыр кхъуэм щехьэ. 16. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 17. Езым емыщхьу щэкIым хэт курыжэ. 20. Мэш хьэуазэ. 21. ХадэхэкI. 22. Уафэ лъащIэм къыщызыджэдыхь «бжьэхуц» гуартэ. 23. ЩIы къиуда. 27. Языныкъуэ къуажэдэс унагъуэхэм я гъавэр, ерыскъыпхъэхэр щагъэтIылъ хъумапIэ. 28. … птулъкIэ. 30. Пасэрей зауэлIым и гъущI пыIэ. 31. Адыгэ къэфэкIэ. 33. Гуэгушыхъум, къазыхъум я бгъэгум тет пшэрыпIэ. 37. ЩIалэ Iужажэр … къралъхьащ. 38. Латвием и къалащхьэ. 39. Адыгэ усакIуэ Iэзэу щыта КIэщт … 40. Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Тхьэбысым … 42. УимыIыхьлы, уимыблагъэ, зыкIи къыбгуэмыхьэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩэкIуэгъуэм и 16-м ди газетым
- тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:1. ЩIыIуб. 3. Жэп. 5. Дерт. 7. Лэкъум. 8. Уадэ. 10. Гъашэ. 11. Жей. 12. Къамэ. 15. Щэращ. 16. ДыщэкI. 19. Къэбыстэ. 20. Щэ. 21. Вы. 22. Бжьэкъунтх. 25. ХъумакIуэ. 26. Лъэмыж. 30. Хъыщт. 32. ЦIыв. 33. Банэ. 34. Журт. 36. КIарц. 37. Чысэ. 38. Уэщ. 39. Брул.
- Къехыу:1. ЩIыдагъэ. 2. Бжьэпэ. 3. Жэм. 4. Пэу. 5. Дудакъ. 6. Тэрмэш. 9. Джей. 13. Мащэ. 14. Чынт. 15. Щхьэщытхъу. 17. КIэрывэж. 18. Дыркъуэ. 23. ЖьакIуэ. 24. Тхьэм. 27. ПхъэцIыч. 28. Дыху. 29. Шэфтал. 31. Теунэ. 33. Бырыб. 35. Тау. 36. КIыщ.