Тхыдэм и дурэшхэр
2019-10-24
- Гитлер яукIыфыну щытащ, ауэ ар къригъэлащ… Сталиным
- Миклашевский Игорь и пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым и гъащIэр щэхурылажьэ IуэхущIапIэхэм быдэу япыщIауэ щытыну. КъызыхэкIа унагъуэр абы пэжыжьэт, езыри зыщIэхъуэпсыр нэгъуэщIт.
- 1918 гъэм накъыгъэм и 30-м Москва къыщалъхуа Игорь и анэ Миклашевская Августэ актрисэ цIэрыIуэт, и адэ Лыцилин Леви балетым и артистт, Театр Иным щылажьэрт. Нэчыхь зэхуаIэтэкъым, ауэ Лев зэпымыууэ и нэIэ къытригъэтт и щIасэ цIыхубзым къыхуилъхуа щIалэ цIыкIум. Зэгуэр иригъэцIыхуащ и шыпхъу Лизэ, Абы и лIыр а зэманым уей-уей жезыгъэIэ Блюменталь-Тамарин Всеволодт, театрым и вагъуэт. ИужькIэ а зэрыцIыхуныгъэр Миклашевскэм хуабжьу къыщхьэпэжащ. АрщхьэкIэ зэкIэ Блюменталь-Тамарин Игорь нэмыцэбзэм хуабжьу дригъэхьэхащ.
- И анэ Августэ цIыхугъэ куэд иIэт: абы и унэм куэдрэ щалъэгъуащ усэ зыбжанэ хуэзытха Есенин Сергей, уеблэмэ, литературэм фIыуэ хэзыщIыкI чекист унафэщI Артузов Артури. Иужьрейм и фIыгъэкIэ Игорь Iэмал игъуэтащ спортым, нэхъ щхьэтечу жыпIэмэ, псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъу боксым, зыхуигъэсэну. 1935 гъэм Физическэ щэнхабзэмкIэ къэрал институтым щIэтIысхьащ, ауэ ар кърагъэухакъым: 1938 гъэм дзэм ираджащ.
- Миклашевскэр зэуэ хагъэхьащ округым боксымкIэ и командэ къыхэхам, зэхьэзэхуэхэм хэтащ. 1941 гъэм Ленинград и чемпион хъуащ, СССР-м и чемпионатым и финалым кIуащ, ауэ абдеж къыщыувыIащ.
- 1941гъэм абы и гъащIэм аргуэру къы- хыхьащ и адэ шыпхъум илI Блюменталь-Тамарин. Илъэс 60 зи ныбжь актёрыр Москва къыхуеIэ нэмыцэдзэхэм япежьэри, и дачэм щыIэу фашистхэр къэсыным щыпэплъащ. Нацистхэм яжриIащ ядэлэжьэ-ну зэрыхуейр. Мыгувэу Блюменталь-Тамарин цIыхухэр радиокIэ къыхуриджэу щIидзащ нэмыцэхэм зыпэщIамысэну. Iэзэу зыпищIыжурэ, Сталиным и макъкIэ абы ищIа унафэхэм, СССР-м и унафэщIхэр ауан ищIырт.
- Зэрыщыту къапщтэмэ, Бюлменталь-Тамарин зэи коммунист Iуэху еплъыкIэхэр диIыгъакъым. 1918 гъэм Харьков тыгъэхэр щаприхьэжьауэ щытащ къалэр «плъыжь емынэунэхэм» къаIэщIэзыгъэкIа Деникиным и дзэм. Граждан зауэм иужькIи властыр хэутэн щищI къэхъуащ. Псом нэхърэ нэхъ телъыджэр ар зэрамыгъэтIысарщ, атIэ, уеблэмэ, зэраIэтарщ. Иджы я щыуагъэр ягъэзэкIуэжауэ къыщIэкIынущ: 1942 гъэм и гъатхэм и судыр укIкIэ ящIащ, ямыубыдами. Нэмыцэхэм псынщIэ дыдэу ягъэIэпхъуащ совет диверсантхэм яукIынкIэ шынагъуэ зылъыса артистыр. Япэ- щIыкIэ Варшавэ, иужькIэ Берлин къыщыхутащ. Ар хагъэхьащ Ещанэ рейхым, псом хуэмыдэу Геббельс и нэфI зыщыхуахэм. Дауи, и пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым и зэранкIэ езы фюрерым апхуэдиз шынагъуэ къыщхьэщыхьауэ.
- Блюменталь-Тамариныр къагъэсэбэпыну зигу къэкIар НКВД-м и ещанэ къудамэм и унафэщI Ильин Викторщ. 30 гъэхэм а къудамэр якIэлъыплъу щытащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм, абы къыхэкIыуи Августэ и унэм куэдрэ щыIат икIи ищIэрт а унагъуэр епцIыжакIуэм благъагъкIэ зэрыпыщIар.
- 1941 гъэм и бжьыхьэ кIасэм Ладогэ гуэлым и Iуфэр зыхъумэ зенит батареем и унафэщIхэр зыщIэс блиндажым ираджащ Миклашевский Игорь. Мыбы къыщыпэплъэрт НКВД-м и комиссарыр. Куэдрэ къеупщIащ, дэзыхьэххэр, и Iыхьлыхэр, и политикэ Iуэху еплъыкIэхэр зригъэщIащ. ИтIанэ къыжриIащ: «Зыгъэхьэзыр, уэ Москва къоджэ».
- Сыхьэт зыбжанэ нэхъ дымыкIыу кхъухьлъатэ щхьэхуэкIэ Москва нагъэсащ. Абы щригъэблэгъащ НКВД-м и Гуп хэхам и Iэтащхьэ Судоплатов Павел. КъехьэкI-нехьэкI хэмылъуи къеупщIащ: Миклашевскэр хьэзыр бийм и гъуэм кIуэуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн игъэзэщIэну? Игорь мыгупсысэххэу арэзы хъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ мыгувэу Киров къалэм къыщыхутащ. Ардыдэрт и анэр щылажьэ театрри здагъэIэпхъуар Абы къыхэкIыу лъагъунлъагъу ягъэкIуа хуэдэт. АрщхьэкIэ Iуэхур зыIутыр нэгъуэщIт: мы щIыпIэм щыIэт НКВД-м и тIасхъэщIэх школ щэху дыдэ.
- Илъэс псокIэ ягъэхьэзыра иужь гъуэгу трагъэхьэн и пэкIэщ ищIэн хуейр къыщыжраIар. Ипщэ къралъхьар ипэжыпIэ-кIэ укъызэмылынт: фронтым зэпрыкIыу нэмыцэхэм зарита иужь Блюменталь-Тамариныр зэриIыхьлыр яжреIэ. ИужькIэ Берлин къыщыхутэным хущIэкъун хуейт. ИтIанэ и къалэнт нэмыцэ икIи урыс актрисэ Чеховэ Ольгэ и гъусэу Ещанэ рейхым и унафэщIхэр зэраукIыну Iэмал къигъуэтыну.
- 1942 гъэм и щIымахуэм Миклашевскэм фашистхэм заритащ икIи нэмыцэбзэ шэрыуэкIэ елъэIуащ я унафэщIхэм я деж нагъэсыну. Гестапом псынщIэу къихутащ нацистхэм я пропагандист нэхъыфIхэм ящыщ Блюменталь-Тамарин IыхьлагъкIэ Миклашевский Игорь зэрыгухьэр. Iуэхур нэхъ щхьэтечу зэхагъэкIын папщIэ Игорь Берлин яшащ.
- ЗэIыхьлыхэр зэхуэзащ кIэлъыплъыныгъэ ткIийм щIэту, ауэ псынщIэу къагурыIуащ щIалэм пцIы зэримыупсыр. Берлин зэрынэсу генерал Власовым и Урыс-щхьэхуитщIыжакIуэ армэм хыхьа пэтми, ар гестапом и кIэлъыплъыныгъэм щIэкIакъым. Чеховэм хуэзэнри шынагъуэт. Мыбдежым сэбэп къыщыхуэхъуащ спортыр.
- БукI хъунукъым
- 1943 гъэм и гъэмахуэм ирихьэлIэу нэмыцэ куэдым хьэкъ ящыхъуащ псын-щIэу СССР-м текIуэным зэрыщыгугъар къазэремыхъулIар. Абы ехьэлIа гупсысэ хьэлъэхэр щхьэщахын папщIэ нэмыцэ пропагандэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къигъуэтырт. Берлин щIэх-щIэхыурэ спектаклыщIэхэр щагъэувырт, жэщи-махуи ресторанхэр лажьэрт. Гулъытэ щхьэхуэ хуащIырт спортым. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэхъ хьэлъэ дыдэхэм я деж боксымкIэ дунейпсо чемпион Шмелинг Макс и пщэ иралъхьащ 1943 гъэм Франджым Европэм и чемпионат щригъэкIуэкIыну.
- Зэхьэзэхуэхэм хэтынут нэмыцэхэр, урымхэр, франджыхэр, ауэ Геббельс къигъэуващ слявян лъэпкъхэм ящыщхэри хагъэхьэну. Шмелинг къигъуэтыфар Ленинград боксымкIэ и чемпион Миклашевский Игорь и закъуэщ. Урыс щIалэр финалым нэсащ гугъу демыхьу, ауэ мыбдеж ткIийуэ къыщыхуагъэуващ и ныкъуэкъуэгъу нэмыцэр зытригъэкIуэну. Ар Шмелинг къахуидакъым: спортыр сыт щыгъуи спорту къэнэжын хуейщ. Гестапор тегушхуакъым нэмыцэ псоми фIы дыдэу ялъагъу спортсменым пэувыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Миклашевскэр чемпион хъуащ, абы къыдэкIуэуи Шмелинг и ныбжьэгъухэм яхыхьащ.
- Нэмыцэ боксёрыр нацисттэкъым икIи абыхэм я идеологиеми хуэхейт. 30 гъэхэм абы езым и унэм журт сабийхэр щигъэпщкIуауэ, иужькIи къэралым иригъэIэпхъукIауэ щытат. Шмелинг лъэпкъ зэхэгъэж ищIыртэкъым. Арати, Миклашевскэр Ещанэ рейхым и гуп дыгъэлым хишащ. Пщыхьэщхьэ зэхыхьэ гуэрым ар Чеховэм хуэзащ. НэгъуэщIхэр къакIэщIэмыдэIухьыфын хуэдэу IукIа иужь, Миклашевскэм абы жриIащ паролыр. Апхуэдэу щIадзащ иужькIэ къызэпаудыжа Iуэхум зыхуагъэхьэзыру.
- 1943 гъэмм и бжьыхьэм Миклашевскэм Москва хъыбар иригъэщIащ Гитлер яукIыну Iэмал зэрыщыIэмкIэ. Судоплатовым Германием игъакIуэу щIидзащ ди тIасхъэщIэхым дэIэпыкъун хуей цIыхухэр. Мурадыр мыпхуэдэт: театрым и плIанэпэ хэхам — хьэщIэ лъапIэ дыдэхэм я тIысыпIэхэр зыдэщыIэм — лагъым щагъэув. Фюрерыр спектаклым езыгъэблэгъэнур Чеховэрт. Ар къайхъулIэнут: Гитлер абы и пщIэр апхуэдизу игъэлъагэрти, и лъэIур къыхуищIэнут. АрщхьэкIэ Сталин Иосиф унафэ ищIащ икIэщIыпIэкIэ Iуэхур ягъэувыIэну икIи Гитлери, нэгъуэщI нацист Iэтащхьи емыIусэну.
- 1943 гъэм и кIэухым белджылы хъуащ нэмыцэдзэм и кIуэдыжыгъуэр къызэрысар. Ар къагурыIуащ генералхэми икIи американхэмрэ инджылызхэмрэ щэхуу епсалъэу щIадзащ. Иужьрейхэр тегушхуэнутэкъым Гитлер пэщIэщIэгъу ящIын, ауэ абы и пIэ иувэнум щытыкIэр къызэригъэдзэкIынкIэ хъунут. ИтIанэ дэ къыткъуэт къэралхэр зауэм хэкIыжынкIэ, уеблэмэ, къытпэувыжынкIэ хъунут…
- Миклашевскэм пщэрылъ щащIащ нэгъуэщI: иджы абы и къалэнт Власовымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ ятеухуауэ Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэ зригъэщIэну. 1944 гъэм и кIэм американ кхъухьлъатэхэм ирадзыха бомбэхэм ящыщ зым щIалэр уIэгъэ хьэ-лъэ ищIащ.
- Хъужу къигъэзэжа иужь, 1946 гъэр къэсыху, Миклашевскэм НКВД-м къулыкъу щищIащ. Власовым и блыгущIэт куэд къигъуэтыжащ загъэпщкIуауэ. Органхэм къащыхэкIыжым Бэракъ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщащ.
- УIэгъэ хьэлъэм иужькIэ рингым ихьэжакъым, ауэ СССР-м и щIыхьыр зыIэта боксёрхэр игъэсащ. 1990 гъэм Ленинград щылIащ.