ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъабжьэр Налшык къыщожьэ

2019-08-29

  • Хамэ къэрал щыпсэуми, гукIи, псэкIи, унагъуэкIи хэкум къыпыщIа ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ КIэдыкIуейхэ япхъу, Дыгъужьхэ я нысэ Нанси. Ар ди редакцэм къытхуеблэгъа нэужь гъунэгъуу зэдгъэцIыхуауэ арами, куэд щIауэ езым и хъыбар дыщыгъуазэт, ипхъу Дыгъужь Сарэ дызэринэIуасэм къыхэкIыу. Ар КъБКъУ-м щоджэ, ди деж къыщаIэт Iуэхухэми, лъэпкъым ехьэлIауэ зэхашэ зэIущIэхэми жыджэру хэтщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къызэригъэпэщауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ екIуэкI «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм 2016 гъэм саугъэт нэхъыщхьэр къыщызыхьауэ щытар Сарэщ. Иорданием къыщалъхуами, курыт школыр абы къыщиухами, пщащэ жаныр дахэу утыку йохьэ, адыгэбзэр игъэшэрыуэрэ лъэпкъ хабзэм, щыIэкIэ-псэукIэм, щэнхабзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр игъэлъагъуэу, а щхьэхуэныгъэхэм тепсэлъыхьу.

  • Дыгъужь УаIелрэ КIэдыкIуей Нансирэ я унагъуэр Иорданием и къалащхьэ Амман щопсэу, ауэ Налшык быдэу къыпыщIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я унагъуэм къежьапIэ хуэхъуар ди республикэм щагъэкIуа студентыгъуэ илъэсхэрщ.
  • — Сэ езыр Сирием сыкъыщалъхуащ, курыт еджапIэр къэзуха нэужь, си нэхъыжьхэм апхуэдэ унафэ ящIри, хэкужьым еджакIуэ сыкъагъэкIуэжащ. КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и къудамэр къэзухащ, — къыддогуашэ Нанси. — Апхуэдэу, ди натIэ къритхати, си щхьэгъусэри Иорданием къикIауэ Налшык щеджэрт. Университетым дыщызэрыцIыхуащ, хэкужьым унагъуэ щыдухуащ икIи илъэс куэдкIэ Налшык дыщыпсэуащ, Иорданием дыIэпхъуэжауэ илъэсипщI хъуауэ абы дыщыIэщ. Ауэ иджы аргуэру къэдгъэзэжыну ди мурадщ, ди сабийхэми адэжь щIыналъэмкIэ я гур къоIэ.
  • УаIелрэ Нансирэ щIалитIрэ хъыджэбзищрэ яIэщ. ЩIалэ нэхъыжь Ислъам етIанэгъэ университетыр къеух, шыкIэпшынэ Iэзэу йоуэ. И анэм зэрыжиIэмкIэ, Налшык еджакIуэ къызэрымыкIуам хущIегъуэжу апхуэдэщ. Сарэ, зи гугъу тщIа пщащэращ, ар курыт школ нэужьым занщIэу Налшык къэкIуащ, КъБКъУ-м инженер IэщIагъэм щыхуоджэ, 4-нэ курсым щIэсщ. Абы къыкIэлъыкIуэ Ахьмэд илъэс 16, Саринэ илъэс 13, Юсуэ илъэси 7 мэхъу.
  • — Ди сабийхэр Амман дэт, пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ адыгэ еджапIэм щIэсщ. Сэри абы адыгэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ щезгъэджащ. ИкъукIэ школыфIщ, бзэм и мызакъуэу, адыгэ щэнхабзэми, гъуазджэми, хабзэми щIэблэр щыхуагъасэ. Абы щолажьэ сэ ныбжьэгъу схуэхъуа, фи газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ипхъу Дани, — жеIэ КIэдыкIуей Нанси.
  • Нанси адэжь лъахэм и IэфIыр зыхэзыщIа, хамэ хэгъэгум и гъащIэр зыгъэунэхуа бзылъхугъэщ. ЗыкIи гугъу щехьыркъым ар Амман, бынитхум я анэ насыпыфIэу щопсэу, итIани, и гур адэжь хэкум щыIэщ. «Сэ си адэ-анэри, си дэлъху-шыпхъухэри къэIэпхъуэжауэ Кавказым щопсэу. Нэхъ пасэм, дэ дыщыцIыкIум, ди адэ-анэр щIэх-щIэхыурэ къакIуэу щытащ Налшык, къищынэмыщIауэ, си адэм IуэхущIапIэ къызэIуихри, туристхэр Кавказым къишэу щIидзащ. Ауэрэ дэри, Урысейм и гражданствэ диIэу, ди хэкужь дыкъихьэж хъуащ. Сирием зауэ къыщыхъейри, сыкъызыхэкIахэр Налшык къэIэпхъуэжыпащ. Си адэ-анэм, я къуэш-шыпхъухэр  Америкэм щыкIуэжым,  абыхэм гъусэ зыхуащIын ядакъым, хэкум къэкIуэжмэ нэхъ къащтащ. Си анэр илъэсищ ипэкIэ Къэбэрдейм дунейм щехыжащ», — къыддогуашэ Нанси.
  • ПыщIэныгъэ быдэ адэжь щIыналъэм зэрыхуаIэр арагъэнщ абыхэм я бынхэри адыгэбзэкIэ щIэпсалъэр,   хэкум я нэр къыщIыхуикIыр, балигъыпIэ зэриувэу я лъахэм къэкIуэжыну къыщIэпабгъэр.
  • — Сабийм узэрепсалъэ бзэращ къищтэнур. Си щхьэкIэ хамэхэм сахэсу сыкъэхъуами, нэгъуэщI хамэбзэхэр зджами, си сабийхэм сазэрепсалъэр си анэдэлъхубзэращ. Дэ аращ дызыщIапIыкIар, ди бынхэри абы зэрыщIэтпIыкIыным иужь дитщ. Си жагъуэ мэхъу, Налшык урысыбзэкIэ псалъэу дэт адыгэ къомым сащыкIэлъыплъым деж. Куэдри сыщIоупщIэ: «Уадыгэщ, адыгэбзэкIэ щхьэ умыпсалъэрэ?». «Сэ къалэм сыдэсщи, адыгэбзэ сщIэркъым», — къыщызжаIэкIэ, сигу хощI.
  • Абыхэм ягъэунэхуакъым хэхэс гъащIэм и дыджагъыр. Уи хэку уисыжу, абы и хьэуа къабзэкIэ убауэу ущыпсэукIэ, уи анэдэлъхубзэр IэщIыб зэрыпщIынур сэ къызгурыIуэркъым.
  • Си гур къигуфIыкIыу апхуэдэщ сэ Налшык сыщыщыIэм деж. Сыкъэзыухъуреихь псори дахэщ, цIыхухэр гуапэщ, сызыхуэзэхэр адыгэщ — сыт щыIэ абы нэхърэ нэхъ насып?! Сыт хуэдизу ди Iуэху дэмыкIми, дэ хамэ щIыпIэм дыщыхэхэсщ, дыкъэзыухъуреихьхэр хамэ лъэпкъ къыхэкIа цIыхущ. Дауэ зыпхъумэжыну иужь уимытми, а псор гум тогъуалъхьэри, псэр хэкум хуозэш. Насыпыр здэщыIэр хэкуращ.
  • Иджыпсту си щIалэ курытыр си гъусэщи, «сыкIуэжыну сыхуейкъым» жиIэ зэпытщ. Ар къэгъэнауэ, хьэрып дыдэ сыщыхуэзащ Налшык. И щхьэгъусэм и анэшхуэр адыгэти, мыбы къэкIуауэ щопсэу. Ауан дыкъищIащ абы: «Мыпхуэдэ хэку дахэ фиIэу, нэгъуэщI щIыпIэхэм щхьэ фыщыпсэурэ, я адэжь щIыналъэм адыгэхэр куэду щхьэ къэмыкIуэжрэ?» — жиIэри. Хьэрыпрэ пэт, Къэбэрдейм къэкIуауэ щопсэу, дэ тщыщхэр Америкэм мэIэпхъуэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкурыс адыгэ куэдым жаIэу зэхызох: «Сыт къыщIэвгъэзэжынур, дэ езыр Урысейм дикIынт». Сэ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр къызгурыIуэркъым.
  • Хамэ хэку къыщалъхуами, адыгэгу якIуэцIылъщ Нансирэ УаIелрэ, я бынхэри хэкупсэ защIэщ. Дыгъужьхэ я унагъуэм и лъабжьэр къыщежьэр Налшыкыу зэрыщытыр арагъэнщ я насып лъагъуэхэр хэкум къыщIэкIуэжыр.
  •  
  • НэщIэпыджэ Замирэ.