Лъэс зекIуапIэр ягъэдахэ
2019-08-29
- Къалащхьэм и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуа лэжьыгъэхэм къыпащэ.
- «ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум» хуэзанщIэу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ уэрамым бгъурыт лъэс лъагъуэр къагъэщIэрэщIэж. Абдежым щащI уардэунэм и ухуэныгъэр кIыхьлIыхь зэрыхъуам къыхэкIыу, лъэс зекIуапIэри зэрагъэпэщыжыну Iэмал ягъуэтыркъым. Дауэ мыхъуми, Головкомрэ ЩоджэнцIыкIумрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм щегъэжьауэ уардэунэм и бгъум нэсыху мы махуэхэм плиткэ дахэхэр иралъхьэнущ. УхуакIуэ бригадэм зы махуэм къриубыдэу къытрагъэкъэбзыкIащ совет лъэхъэнэм тралъхьауэ нобэм къэс телъа асфальт тешхыхьар. АдэкIэ плиткэхэр къимыщэщыжын хуэдэу, абы лъабжьэ хуащI. Ахэр ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и лъэс зекIуапIэ нэхъыщхьэхэм иралъхьам хуэдэщ.
- Фызэрыщыгъуазэщи, лъэс лъагъуэ дэзыгъэзейр Долинск хьэблэм нэсыху нэхъ пасэу къращIыкIауэ щытащ. Къэнар Головкомрэ Лермонтовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрам зэхуакум дэлъ Iыхьэрщ. Къалащхьэм и махуэр щигъэлъэпIэну фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу Iуэхур и кIэм нагъэсыну я мурадщ.
- Шэрэдж Дисэ.