Ислъамым и нур
2019-08-29
- Уаз
- IэшрыI махуэр
- Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ мухьэррэм мазэм и 10-нэ махуэр IэшрыI махуэщ. Мы гъэм ар тохуэ фокIадэм и 10-м. А махуэм телъыджэ куэд къэхъуащ, ислъам диным и тхыдэми къыхэнащ а Iуэхугъуэхэр. Фигу къэдгъэкIыжынти абыхэм ящыщ зыбжанэ.
- КъурIэным къызэрыщыкIуамкIэ, IэшрыI махуэращ Алыхьым уафэхэри, щIылъэри, мелыIычхэри, япэ цIыхури (Iэдэм) къыщигъэщIар. Дунейр щыкъутэжынури IэшрыI махуэущ. IэшрыI махуэращ Iэдэм бегъымбарым и гуэныхьыр Тхьэм щыхуигъэгъуар.
- А махуэращ Нухь лIыкIуэмрэ Iиман къэзыхьа и гъусэхэмрэ псыдзэм къыщригъэлар. Нухь Алыхьым и закъуэныгъэм цIыхубэр къыхуриджат илъэс 950-кIэ. Ауэ щыхъукIи, а къыхуеджэныгъэр къабыл зыщIар цIыху 80-м нэблагъэу арат, абыхэм яхэтат Нухь и къуищри (Сам, Хьам, Яфис сымэ). Ахэр зэрыса кхъухьыр Мэчэм нэса нэужь, абы и хъуреягъыр тхьэмахуэкIэ къикIухьащ, иужькIэ, Иракым щыIэ Джуди Iуащхьэм щынэсым, IэшрыI махуэу щIылъэм ахэр техьащ.
- А махуэм Мусэ бегъымбарымрэ абы и Iумэтымрэ фирхьэун бзаджащIэм и дзэм щихъумащ.
- Мусэ лIыкIуэмрэ абы и къуэш Хьэрун-рэ IисрэIил и быным къахуигъэкIуат Алыхьым и закъуэныгъэм къыхураджэну. АрщхьэкIэ, фирхьэуным езым Тхьэуэ зибжыжырти, цIыхухэм абы щхьэщэ хуащIырт. ЛIыкIуэ лъапIэм и къалэныр псэемыблэжу илъэс куэдкIэ игъэзэщIа-ми, Iиман къэзыхьар мащIэ дыдэт. Апхуэдэу щыхъум, Алыхьым Мусэ Iэмыр хуищIащ Iиман къэзыхьахэр гъусэ ищIу Мысырыр ябгынэну. Iуэхур зыIутыр фирхьэуным къыщищIэм, Iиман къэзыхьа гупыр зэтриукIэн мурадкIэ, и дзэр гъусэ ищIри, абыхэм якIэлъыщIэпхъуащ. БзаджащIэм и дзэр зы мелуанрэ мин щихрэ хъурт. Мусэ и дзэр цIыху миних къудейт зэрыхъур. Алыхь IэмыркIэ Мусэ хы Плъыжьым щыхэуэм, хыр тIууэ зэгуэкIри, Мусэрэ и дзэхэмрэ къэунэхуа лъагъуэм техьахэщ. Ар зылъэгъуа фирхьэуным игугъащ хыр езым папщIэ зэгуэкIауэ. Муслъымэн гупым яужь иту хым щыхыхьэм, псым зызэхуищIыжри, фирхьэунри абы и дзэм хэт джаурхэри итхьэлащ.
- Зат АррикъэкIэ зэджэ зауэшхуэр яублэну щытат муслъымэнхэмрэ джаурхэмрэ зэпэщIэувэу. IэшрыI махуэм зэпэщIэуват дзэхэр. АрщхьэкIэ, джаурхэр щхьэ бжыгъэкIэ куэдкIэ нэхъыбэу щытми, шынэ я гум къихьэри, щIэпхъуэжахэщ, уеблэмэ, я мылъкури, я былымри къагъанэри.
- IэшрыI махуэм нэщI пIыгъыныр псапэщ. Абы теухуауэ Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ мыпхуэдэу: «Алыхьым папщIэ IэшрыI махуэм нэщI зыIыгъым илъэс кIуам и гуэныхь псори хуигъэгъунущ».
- Ауэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: IэшрыI махуэм унэщIыныр фарзкъым, суннэту аращ.
- Мэжджыт цIэрыIуэхэр
- Дунейм щынэхъ дахэхэм хабжэ
- Узбекистаным щыIэ «Калан» мэжджытышхуэр 12-нэ лIэщIыгъуэм яухуауэ щытащ. Тхьэм и уардэунэм цIыху мин 12-м зэуэ нэмэз щащIыфынущ. Ар апхуэдизкIэ инщ, дахэщи, турист куэд абы йокIуалIэ заплъыхьыну. Зи гугъу сщIы мэжджытыр дунейм щынэхъыжьхэм хабжэ.
- Тхыдэм нэхъ цIэрыIуэу къыхэнахэр
- «Тхыдэм нэхъ цIэрыIуэу къыхэна цIыхуи 100» фIэщыгъэм щIэту Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщыдагъэкIа тхылъ телъыджэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар дуней псом щыцIэрыIуэ тхыдэтх, математик, астроном Харт Майклщ.
- Тхыдэр куууэ зыджа, уеблэмэ, зи гъащIэ псор абы тыхь хуэзыщIа лIым къыдигъэкIа тхылъыр ятеухуащ дунейр къыщигъэщIам щегъэжьауэ нобэр къыздэсым нэхъ цIэрыIуэ дыдэу тхыдэм къыхэнахэм (фIы и лъэныкъуэкIи, Iей и лъэныкъуэкIи), абыхэм Буддэ, Конфуций, Наполеон, Гитлер, Платон сымэ, нэгъуэщIхэри яхэту. Харт Майкл цIыхуищэм я гъащIэр къритхэкIыжа къудейкъым, атIэ, я фIагъ-IеягъкIи, цIыхухэр нэхъ къызэрагъэдэIуэфакIи я увыпIэхэри яритыжащ.
- Хэт атIэ абы бжьыпэр щызыубыдар? Ар Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэ Мухьэмэд бегъымбарыращ (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуарщ), цIыху нэхъ пэж дыдэу, щапхъэу, бэр фIым къыхуриджэу дунейм зэрытетам папщIэ. Ислъам диныр зезымыхьэ щIэныгъэлI цIэрыIуэр мис апхуэдэу щыхьэт техъуащ Алыхьым и псалъэу Мухьэмэд бегъымбарым теухуауэ КъурIэным къыщыкIуам: «НыфхуэзгъэкIуащ лIыкIуэ фэркIэ щапхъэу» Iэятым.
- Гъунэгъум и хьэкъыр дэгум зэригъэзэщIар
- (Апхуэдэуи къохъу)
- Зи тхьэкIумэхэм зыри зэхамых дэгум и гъунэгъур сымаджэ хъуауэ пIэм зэрыхэлъыр къыщыгурыIуэм, мурад ищIат абы теухуауэ муслъымэным и къалэн хьэкъыр игъэзэщIэну, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэупщIакIуэ хуэкIуэну. АрщхьэкIэ, зэми егупсысыжащ: «СыкIуэр Iуэху, жиIэр зэхэсхынукъыми, аращ Iуэхур. СымыкIуэми, емыкIущ, гъунэгъум и хьэкъыр гъэзэщIапхъэщ», — жиIэурэ гупсысэрт. ИкIэм-икIэжым, триухуащ гъунэгъум и деж екIуэкIыну. «Естыну упщIэхэм къаритыжыну зыхуэзгъэфащэ жэуапхэм тIэкIу зыхуэзгъэхьэзырынщ», — мурад ищIащ лIым. «Дауэ ущыт?», жысIэнщи, сыщIэупщIэнщ. Шэч хэлъ хъункъым, «сынэхъыфIщ» къызэрызжиIэнум. «Сыту фIыт. Алыхьым и фIыщIэщ», — жесIэжынщи, зэфIэкIащ. ИужькIэ сеупщIынщ: «Сыт пшхыр?». Сыт хуэдэ жэуап къызимытми, сыгузавэркъым, «Уэлэхьи хъарзынэм, Тхьэм уи Iэпкълъэпкъым иригъэзагъэ», — жысIэнщ. ИтIанэ сеупщIынщ: «Хэт уи дохутырыр?». «Уэлэхьи, ар дохутырыфIым», жысIэнщи сыщытхъунщ, тхьэмыщкIэм и гур фIы сщIын папщIэ».
- Мис апхуэдэу зигъэхьэзырри, дэгур гъунэгъум деж щIэупщIакIуэ кIуащ.
- — Дауэ ущыт?
- — Уэлэхьи, си ныбжьэгъу, сызэрыщытхэр мыщIагъуэ, ажалыр къыспоплъэм, — ерагъкIэ къыдришейуэ жэуап къитащ сымаджэм.
- — Сыту фIыт, ярэби, сыту фIыт! — жиIащ дэгум, зэрызигъэхьэзырам тету.
- Сымаджэм и нитIыр къихуащ.
- — Сыт пшхыр? — адэкIэ щIэупщIащ дэгур.
- — Уэлэхьи, сэ си шхыныр мышхын, гынщ армыхъумэ, — тхьэусыхащ сымаджэр.
- — Хъарзынэщ, уи Iэпкълъэпкъым Тхьэм иригъэзагъэ, — жиIэри, дэгур ещанэу щIэупщIащ:
- — Хэт уи дохутырыр?
- — Сэ си дохутыр мыгъуэр псэхэхращ, — къитащ сымаджэм жэуап.
- — Уэлэхьи, абы нэхъ дохутырыфI умыгъуэтын. Ар зиужь ихьар и кIэм нимыгъэсу увыIэнукъым, умыгузавэ, си ныбжьэгъужь! — жиIэри, дэгур къыщIэкIыжащ.
- Ислъам диным пыщIа телъыджэхэр
- Мазэр зэрызэгуэкIар Мухьэмэд бегъымбарым и зэманым къэхъуа телъыджэхэм ящыщ зыщ. ЛIыкIуэм и ныбжьыр илъэс 25-м иту джаурхэм къыжраIат: «Уэ Алыхьым урилIыкIуэр пэжмэ, мо мазэр тIууэ зэгуэгъэкI». А псалъэхэр зэхэзыха бегъымбарым и Iэхэр иIэту Тхьэм щелъэIум, мазэр тIууэ зэгуэкIат (Алыхь IэмыркIэ). Ар зылъэгъуа джаурхэм, дауи, ар ягъэщIэгъуащ: «Мухьэмэд телъыджэ ищIащ!» — жаIэу.
- Ислъам диным и телъыджэхэм нэхъыбэу ущрихьэлIэр ар къыщежьа КъуэкIыпIэ Гъунэгъуракъым, атIэ Индонезие къэралыгъуэращ. Абы щопсэу муслъымэн мелуани 184-рэ.
- Индием щыпсэу муслъымэнхэр бжыгъэкIэ нэхъыбэщ Сирием, Иракым, Иорданием Палестинэм, Хьэрып хытIыгу ныкъуэм псори зэхэту щыпсэухэм нэхърэ.
- Мухьэмэд бегъымбарым и Iумэтхэр лIыкIуэу щыIам я Iумэтхэр зэрыхъуу щытам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ.
- Нэхъ джаур дыдэхэм ящыщу щыта Абу Джахьил зыгуэр макъкIэ КъурIэным къыщеджэкIэ, щэхуу щIэдэIуу щытащ, и псэм зэригъэтыншым щхьэкIэ.
- Дунейм муслъымэну мелард 1,6-м щIигъу тетщ, Урысей Федерацэм ахэр мелуан 30-м щынос.
- Мухьэмэд цIэр дуней псом щынэхъ цIэрыIуэ дыдэщ.
- Европэм хыхьэ къэралхэм ящыщу Албанием и закъуэщ муслъымэну процент 90-м щIигъу щыпсэур.
- Оксфордрэ Кембриджрэ я университетхэм япэ дыдэу къыщIэкIа студентхэр зэреджа математикэ, химие, медицинэ, астрономие тхылъхэр зытхахэр муслъымэнщ.
- Батский Аделард дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлI зыщIар муслъымэнхэм я тхыгъэхэр латиныбзэкIэ зэрызэридзэкIыжарщ.
- Бегъымбарым и мэжджыту Сауд Хьэрыпым и Мадинэ щIыпIэм дэтым хэлъ бжэм и хьэлъагъыр тонни 5 мэхъу.
- Щапхъэ
- Лъэныкъуэ куэдкIэ зызыузэщIа щIалэ
- Адыгэм псалъэжьу диIэщ: «Куэд къэзыгъэщIа нэхърэ — куэд зылъэгъуа». Мы тхыгъэр зытеухуа ныбжьыщIэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдкIэ зызыузэщIа щIалэщ.
- Зэрысабийрэ ислъам диныр и псэм хэпщIауэ къэтэджащ ар. Псэм пищIу илъэгъуа и анэшхуэм и жьауэм щIэту, жэщ-махуэ имыIэу абы бгъэдэсу къэгъуэгурыкIуащ Урысмамбэт Инал.
- 2012 гъэм школыр къиухри, а илъэс дыдэм КъБР-м и мэкъумэш академием щIэтIысхьэри, зэуэ щIэныгъэ нэхъыщхьитI абы щызригъэгъуэтащ. 2019 гъэм ар къиуха нэужь, Шэшэным кIуэри, ислъам динымкIэ курыт щIэныгъэ зригъэгъуэтащ, абыкIи тхылъ къратащ. КъищынэмыщIауэ, КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэми ислъам диным ехьэлIауэ Инал бгъэдэлъ щIэныгъэр къыщапщытати, абыи къыщыхуагъэфэщащ апхуэдэ тхылъ. Иджы, ислъам динымкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтын мурадкIэ, Налшык дэт ислъам институ-тым мы гъэм щIэтIысхьащ Инал.
- — Иджыри сысабийуэ, уеблэмэ, етIуанэ е ещанэ классым сыщIэсми арат ди егъэджакIуэр къыщыдэупщIам: «Школыр къэвухмэ, хэт сыту лэжьэну хуей?» — жиIэу. Псоми еупщIурэ, си деж къыщысым, сэ жэуап естат: «Ефэндыуэ сылэжьэнущ», — жысIэри. Абы щыгъуэм си ныбжьэгъу цIыкIухэр къысщыдыхьэшхауэ щытащ, — игу къегъэкIыж Инал.
- Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэщи, узэджэр къокIуэ, Инал нобэ Сэрмакъ къуажэм и Iимам нэхъыщхьэщ. Къуажэ ефэндыри къуажэдэсхэри акъылэгъу зэдэхъури, япэщIыкIэ ефэндым и къуэдзэу, иужькIэ ефэнды нэхъыщхьэу хахащ ныбжьыщIэр.
- Инал зэрысабийрэ гурэ псэкIэ фIэфIу зыхуэкIуа ислъам диным нэхърэ нэхъ насып зыри щымыIэу къелъытэ, ауэ щыхъукIи, диным и закъуэкъым а щIалэр дэзыхьэхыр. АтIэ ар икъукIэ IэфIу мэпщафIэ — тортым деж щегъэжьауэ, адыгэ шхыныгъуэхэм деж щиухыжу ещIыф. Ар «Ностальджи» шхапIэм пщафIэ нэхъыщхьэу щылэжьащ. КъищынэмыщIауэ, сымаджэ хъуа цIыхум псынщIэу дэIэпыкъуэгъу хуэхъуфыну апхуэдэ зэфIэкIи иIэщ.
- Инал къуажэ жэмыхьэтыр зыми я губгъэн къимыхьу зэрехьэ, унагъуэри, гъу- нэгъухэри, ныбжьэгъухэри хуэарэзыщ. Нэхъыжьми нэхъыщIэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэтыф, гъэсэныгъэ бгъэдэлъщ, пщIэ, нэмыс хэлъщ.
- ФIыщIэ лей яхуэфащэщ апхуэдэ бын зыгъэса Урысмамбэтхэ Робертрэ СэIимэтрэ.
- Хьэдис лъапIэхэр
- Ислъам диным къегъэув быным теухуауэ адэ-анэм я хьэкъыр гъэзэщIэн зэрыхуейр. Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Быным теухуауэ адэ-анэм я хьэкъщ мы Iуэхуугъуищыр: дунейм къытехьа сабийм цIэ дахэ фIэщыныр, КъурIэн еджэкIэ егъэщIэныр, и чэзум щхьэгъусэ егъэгъуэтыныр. А къалэнищыр ямыгъэзащIэмэ, адэ-анэм гуэныхь хуатхынущ».
- ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Къемэт махуэм Алыхьым и пащхьэм нэхъ лъагъугъуей дыдэу иувэжынухэр напитI зиIэхэращ (и гум зы илъу, и жьэм нэгъуэщI зыгуэр жиIэу).
- Алыхьым фIыуэ илъэгъуа цIыхур щытыкIэ гугъу ирегъахуэ, и Iиманыр игъэунэхун папщIэ.
- Хьэрэмым зыщыпхъумэныр нэхъ тыншщ, жыхьэнмэ мафIэм зыщыпхъумэн нэхърэ.
- Фыгъуэным зыщыфхъумэ, япэкIэ ялэжьа IуэхугъуэфIхэр пхъэр мафIэм зэрисым хуэдэу псынщIэу егъэкIуэдыж фыгъуэм.
- УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
- ЩIыхуэм теухуауэ
- «ЩIыхуэ птыным къыпэкIуэр псапэ хьэмэрэ гуэныхь?» — жаIэри, газетым и щIэджыкIакIуэхэр иджыблагъэ къызэупщIащ. Абы и жэуапу мы тхыгъэр фи пащхьэм нислъхьэну сыхуейщ.
- ЩIыхуэм жэнэтри жыхьэнмэри къуигъэлэжьыфынущ.
- ЩIыхуэ птыныр псапэщ. ЩIыхуэ къэщтэныр Алыхьым игъэхьэрэмакъым, ауэ ар IэмалыншагъэкIэ икIи Iуэху щхьэпэ- кIэ фIэкIа къуигъэщтэнукъым. ЦIыху гузавэм щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, абы къыпэкIуэну псапэр гъунапкъэншэщ. Абы и щыхьэтщ мы хьэдисыр: Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «ЦIыхум и гузэвэгъуэр дэзыгъэкIым Къемэт махуэм гузэвэгъуэ илъагъунукъым. ЦIыхум и гуауэр дэзыгъэпсынщIэр Къемэт махуэм гуауэм щихъумэнущ». Аращи, щIыхуэ птыныр псапэщ, ауэ щыхъукIи, ахъшэр къэзыщтам зыщигъэгъупщэ хъунукъым ар тыжын зэрыхуейр, имытыжмэ, жыхьэнмэ мафIэр къызэрилэжьынур. Абы и щыхьэтщ мы хьэдисри: «Зи псэ хэкI цIыхур жэнэтым щыкIуэнур мы Iуэхугъуищыр бгъэдэмылъмэщ: пагэу щымы-тамэ, мыдыгъуамэ, щIыхуэ темылъмэ». ЛIыкIуэм жиIауэ нэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ, сыт хуэдэ IуэхугъуэфI цIыхум имылэжьами, щIыхуэ телъу лIамэ, абы жэнэтыр зэримылъагъунур. Ауэ щыхъукIи, щIыхуэр зэритыжынум телажьэу, арщхьэкIэ хунэмысу лIам и Iуэхур щхьэхуэщ. Алыхьым щэхури нахуэри ещIэ, Ар къыпхуэгъэпцIэнукъым. Апхуэдэхэм папщIэ хьэдисым къыщыкIуащ: Бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Си Iумэтым щыщу щIыхуэр зэритыжынум телажьэу ажалыр къызылъэIэсахэм Къемэт махуэм сэ сакъыщхьэщыжынущ». Аращи, щIыхуэр птыныр псапэщ, абы теухуауэ КъурIэным Iэятхэр къыщыкIуащ, ауэ щыхъукIи, ар къэзыщтам имытыжынри хьэрэмщ.
- ЩIыхуэр тIууэ зэхедз.
- Телъхьэ къыпэкIуэу (проценткIэ) щIы-хуэ тыныр нэхъ гуэныхьышхуэхэм ящыщщ. Абы теухуауэ хьэдис щыIэщ: «Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Нэхъ гуэныхь ин дыдэу 7-м защыфхъумэ». Абы еупщIащ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ, сыт хуэдэхэра?» Бегъымбарым жэуап къитащ: «ТхьэнэпцIхэм хуэпщылIыным, хьэпэщыпхэ щIыным, цIыху укIыным, фейдэ къыпэ-кIуэу ахъшэ щIыхуэ тыным, сабий зеиншэм и мылъкур фIэшхыным, цIыхубзхэм якIэрымылъ якIэрылъхьэным, ебгъэрыкIуэныгъэ махуэм къикIуэтыным». КъурIэным итщ телъхьэ къыпэкIуэу щIыхуэ зытми къэзыщтэми Къемэт махуэм ягъэвыну хьэзабыр. Хьэдисми къыщыкIуащ мыпхуэдэу: «Тхьэм и нейр ящыхуащ проценткIэ щIыхуэ зытхэми къэзыщтэхэми, абыхэм зэращIылIэ зэгурыIуэныгъэхэм щыхьэт техъуэхэми.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щытыкIэ гугъум ихуам щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, Тхьэм жэнэт Iыхьлы уищIынущ. Ауэ щыхъукIи, проценткIэ ахъшэ щIыхуэ птымэ, жыхьэнмэ мафIэм укъыхэкIынукъым. Аращи, щIыхуэ зыгуэрым ефтын ипэкIэ, фигу къэвгъэкIыж абы теухуа хьэдисхэр.
- Къурмэн махуэр зэдагъэлъапIэ
- Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Сэрмакъ къуажэм иджыблагъэ зэхуэсышхуэ щыIащ. Нэхъыжьхэм гулъытэ хуащIыну, нэхъыщIэхэр ягъэгушхуэну Тэтрокъуэ Баширрэ Есэнкъул Резуанрэ мурад щащIым, ар трагъэхуащ Къурмэным и ещанэ махуэм.
- Зэхыхьэр зи жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщар зи гугъу сщIы щIалитIырщ, апхуэдэу жылэм щыщ хьэрычэтыщIэхэмрэ къызэрыгуэкI къуажэдэсхэмрэ ящыщу дэри ди мылъку хэтлъхьэну дыхуейщ, жызыIэхэри Iуэхум хэлэжьыхьащ. А зэхыхьэм къекIуэлIащ цIыху минищым щIигъу. Iэщищ, мэлибл, джэдкъазу 100 яукIащ а махуэм, цIыхухэм ерыскъы гурыхь ирагъэшхащ. Сабийхэр ягъэгуфIэн мурадкIэ, IэфIыкIэ зэрылъ сэмбу 1000 ящIри абыхэм хуагуэшащ, хуэмыщIауэ псэухэм ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ.