ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Берат  къалэм  зыкърех

2019-08-29

  • Берат укIуэну гугъукъым — ар Албанием и щыхьэрым зэрыпэжыжьэр километри 123-рэ къудейкIэщ. ЩIыпIэм щыпсэухэм ар къалэ-музейуэ къалъытэ. Сыт атIэ апхуэдизу цIэрыIуэ зыщIыр? Япэрауэ, лъагапIэм тетщи, абы укъытехутамэ, къалащхьэ Тиранэ и дахагъэ  псори уолъагъу. Ищхьэм щыIэщ еянэ лIэщIыгъуэм яухуа быдапIэжьри. Мыбы нэгъуэщI къэралхэм икIахэм я мызакъуэу, щIыпIэм щыпсэухэри куэду щопэкIу. ЕтIуанэрауэ, езы быдапIэ ныкъуэкъутэм пасэрей хьэпшып телъыджэхэр щызэхуэхьэса музей щолажьэ. Апхуэдэу а щIыпIэм фэеплъ сурэтхэр зыщытрагъэх зэрышагъащIэхэм. Мы щIыпIэм зэ щыIар хущIэкъунущ аргуэру тригъэзэным.