ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Алмэстыр  Кавказым зэрыщыIам  щыхьэт техъуэ  тхылъ»

2019-08-08

  • Аращ фIащар Котляровхэ Викторрэ Марие- рэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIа тхылъыщIэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхылъым и фIэщыгъэм къеIуатэ ар зытеухуар.

  • ЦIыхур а псэущхьэ телъыджэм лъыхъуэми имыгъуэту къокIуэкIри, алмэстым дыщытепсэлъыхькIэ IуэрыIуатэм щыщ пычыгъуэ гуэру е хъыбар нэпцIу къащохъу виртуальнэ дунейм нэхъ епха ди иджырей щIалэгъуалэм.
  • Къапщтэмэ, илъэс 70-80 ипэкIэ Кавказым и щIыпIэ зыбжанэм, псом хуэмыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, цIыхухэмрэ алмэстыхэмрэ куэдрэ щызэрихьэлIэу щытауэ жаIэж ди нэхъыжьхэм. Абы и закъуэ, цIыху теплъэ зиIэ а псэущхьэхэм унагъуэ Iуэху къызэрыгуэкIхэр ягъэзащIэу къуажэдэсхэм къахэсауи куэд щыхьэт тохъуэ. Алмэстым теухуа хъыбархэр зэхуихьэсыжу ди щIыналъэм илъэс бжыгъэкIэ щыхьэщIа къэхутакIуэ Кофман Жаннэ и тхыгъэхэми яхэтщ апхуэдэ щапхъэ зыбжанэ.
  • Котляров Виктор и тхылъыщIэм щызэгъэуIуащ алмэстым теухуауэ алъандэрэ альпинистхэм, тха- кIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, зыплъыхьакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр.
  • «Ди щIыналъэм алмэсты зэрыщыпсэуам щыхьэт техъуэу зы тхыгъи хъыбари къэдмыгъанэу зэхуэтхьэсыжащ. Ахэр щIэджыкIакIуэм и фIэщ хъун-мыхъуныр езым и Iуэхужщ», — жеIэ Котляровым.
  • Фырэ Анфисэ.