ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-08-08

  • Дуней щхьэхуэ
  • Хэт къэралыгъуэм ипэжкIэ щыIа Хьэтий пащтыхьыгъуэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2500 — 1700 гъэхэм) хиубыдэу щытащ Ахынрэ Iузэврэ я кавказ Iуфэхэри. КIэ зимыIэ щыIэкъым, жьыр мыбзэхыжмэ, щIэр къэунэхуркъым… Апхуэдэу, хьэтий лъэпкъыжьым и ужьыхыжыгъуэм ирихьэлIэу, къыпыхуащ ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ щиIэ щIыналъэхэр. ИужькIэ, къэралыгъуэ щхьэхуэу тIысыжри, щхьэж иубыда щIыналъэм зыщаужьыжащ хьэтийхэм я щIэблэм. Апхуэдэущ къызэрыунэхуар Хьэт къэралыгъуэр, Нарт хэкур, Къэлъхъейр*.

  • Iузэврэ (Мэуэт гуэл) Ахынрэ (тенджыз ФIыцIэ) я кавказ Iуфэм къыщыщIэдзауэ Хъэзэр тенджызым нэс я зэхуакум дэлъ щIыналъэм щыпсэурт нарт лъэпкъыжьхэр. Мэуэтхэр, щындхэр, щэрмэтхэр, агъырейхэр, тэрэуэтхэр, арыкъейхэр, дуней псом щыцIэрыIуэ нэрыбгей ябгэхэр… Мы лъэпкъыщIэхэм зэгуэр зы лъабжьэ зэраIам щыхьэт техъуэрт зэхуэдэу зэрахьэ хабзэр, яIурылъ бзэр, я теплъэр, я щэныр.
  • ЗауэлI лъэпкът ахэр, лъы пщтырт. Зы унагъуэ пэтрэ, зэгурымыIуэ къыщихъуэ щыIэт. Нартхэр зэныкъуэкъужми, хамэщI къикIыу биидзэр къащытеуэкIэ зэрыубыдырт. Жыхапхъэр гъэлъалъи зэпыщIыкI, жаIэ. А псалъэжьым и мыхьэнэр фIыуэ къагурыIуэрт абыхэми, я зэхуэдэ хьэлъэр зэдаIэтырт, зэкъуэувэрт. Нарт хэкур налъэ-налъэу зэIылът, пщым я пщыжу зы унафэщI яIэтэкъым, Хьэт къэралыгъуэм хуэдэу, ауэ щIыналъэ къэс ипщ тетыжу, я гъунапкъэхэр зэхэгъэщхьэхукIауэ, Iуэху щыIэмэ, хасащхьэ зэхашэрэ зэчэнджэщу къэгъуэгурыкIуэрт.
  • Псы Iуфэм Iусхэм кхъухьхэр яухуэрэ хым тету, хъы яджыу, тафэм тесыр щакIуэу, губгъуэм исыр вэрэ-сэуэ, бгылъэм щыпсэухэр къэрэгъулу, нэрыбгейхэр дзэ хьэзы- ру, хъумакIуэу… Дэтхэнэ лъэпкъми къалэн зырыз иIэт, щхьэжи и унэтIыныгъэм хуэIэрыхуэт.
  • Ащырми, Мысырми, Алыджейми щыIуагъэххэт нартхэм я хъыбар — Ахынрэ Iузэврэ я адрыщI Iуфэм къыщыщIэдзауэ Насып Iуащхьэ нэс я зэхуаку дэлъ щIыналъэр къызэщIиубыдэу къэралыгъуэ лъэщ къызэрыщыунэхуар. Дауи, бийр къехъуэпсащ сату зыщIхэм я зэблэкIыпIэ дахэ хъуа, Нарт хэкум хиубыдэ, Iузэв псыхъуэм дэс мэуэтхэм я щIыналъэм икIи къещэкIуэн щIадзащ, ар зыIэрагъэхьэн я гугъэу.
  • Ауэ нартхэр, зи лъабжьэр куууэ щIым екIыха, зи лъэхъыцхэм заубгъуа жыг пкъыфIэм хуэдэти, абыхэм я щIыналъэр, алыджхэм зэрагугъэм хуэ-дэу, бубыдыныр тынштэкъым.
  • Псыхъуэм дэс Мэуэтейм зэгурыIуэныгъэ иращIылIауэ, Ахынрэ Iузэврэ щызэблэкIырт щэн-къэщэхуным пыщIа хьэлъэзешэ кхъухьхэр. Абыхэм кърашалIэрт щэкI щхъуэкIэплъыкIэхэр, гъущIхэкI цIыкIуфэкIуэхэр, пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэхэр, хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр. Аскъалэ — Мэуэтейм и къалащхьэм — щIыпIэ щхьэхуэ иIэт, сатуущIхэр хуиту щызэхэту, цIыхухэр щыщахуэу е щыхъуажэу.
  • Хытхьэрыкъуэхэр зэрыгъэкIийуэ щыуфэразэрт гъащIэр къыщибыргъукI Iузэв псы Iуфэм. Дауи, зи щIыр пшэр, зи псыр къабзэ, зи мэзхэр Iув, зи цIыхухэр дахэ щIыпIэ щIэращIэм ехъуэпса алыдж лъэпкъыжьхэми ар къамызэуауэ зэрымыувыIэнур бэянт. Мэуэт пщы уардэхэми я щIымрэ щIыхьымрэ яхъумэжыну сыт щыгъуи хьэзырыххэу япэплъэрт абыхэм.
  • АдрыщI къэралыгъуэхэм япщхэр хэтащ Мэуэтейр благъагъэкIэ къаубыду, я зауэ бжыгъэншэхэм къыхашэну. Ауэ мэуэтхэм яухуа дуней щхьэхуэм зы хами къыхагъэпшэхъуакъым. Ухэмыхьэмэ — уитхьэлэнукъым. Нартхэр лейзехьэтэкъым, ауэ зэман бзаджэм, зауэ гуащIэхэм хэпсэукIыфу зызыхъумэжа хьэтий лIакъуэхэм я Iэпщэм и быдагъымрэ я джатэм и жанагъымрэ ягъэлъагъуэу утыку къихьэну и чэзут.
  •  
  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Мэуэтхэр
  • Тхыдэ роман
  • Мэуэтхэр

  • Нэрыбгей
  • Iуащхьэмахуэ лъапэ и Iэшэлъашэр псэупIэ зыхуэхъуа цIыхубз ябгэхэмрэ псы Iуфэм Iус мэуэтхэмрэ я щIыналъэхэм тхьэмахуэ гъуэгуанэ я зэхуакут. Ахэр мыдрей лъэпкъхэм къахыхьэртэкъым, Iэгъуэблагъэр къызэхакIухьын, щIащыкIын щхьэусыгъуэкIэ я быдапIэ лъагэхэм къыдэкI мыхъумэ. Хабзэ ткIийхэм щIапIыкI хъыджэбзхэм зэи зыри еупщIыртэкъым зыхуейхэмкIэ — сыт хуэдэ гъащIэ щIэхъуэпсми, унагъуэ зэрагъэпэщыну, лIы дэкIуэну е щхьэхуиту ежьэжыну нэхъ къащтэми.
  • Нэрыбгейхэмрэ нартхэмрэ я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлът зыгуэр къатеуамэ, зауэ къэхъеямэ, зыр адрейм дэIэпыкъуну, зэдамэгъуу бийм пэщIэтыну. Ауэ нэрыбгейхэм я хабзэтэкъым унагъуэ ихьэу, цIыхухъум гухэлъ хуащIу, я Iэщэ-фащэхэр зэращI щIыкIэр хэIущIыIу ящIу, нэжьгъущIыдзэр зауэ-банэм зэрыхуагъасэм и щэхухэр я щIасэлIхэм хуаIуатэу.
  • Нартхэмрэ нэрыбгейхэмрэ щызэхуэзэрт щIыпIэ хэхам щаухуа лэгъунэхэм. ЩIэблэ зригъэгъуэтын папщIэ нэрыбгейр зэ зигъуса лIым етIуанэу трагъэплъэнутэкъым, и гур кIэрымыпщIэн щхьэкIэ. И чэзур къэсрэ нэрыбгейр зэфIэкIамэ, дунейм къытехьар хэтми щIэупщIэнутэкъым, къилъхуар езым зы псалъи къыжрамыIэу щIахынурэ дэгызэхэм иратынут. ЩIалэ цIыкIухэр щыхупIэм щадзырт, хъыджэбз цIыкIухэр къэжэпхъа, илъэсищ ирикъуа нэужь, гъэсакIуэхэм яIэрыхьэрти, шы шэсыкIэ, зэуэкIэ, бэнэкIэ ирагъащIэрт, щхьэж и хьэл-щэным теухуауи ар зыхуэIэзэ зэфIэкIхэм зрагъэужьырт. Зы нэрыбгей щыIэтэкъым къэзылъхуа и анэр ицIыхуу икIи ар зи гум къеуэу щIэупщIэ. Зы ани щыIэтэкъым и ныбэ къикIа нанум зэ Iуплъауэ, и быдзышэ ткIуэпс Iуигъэхуауэ. Нэхъыщхьэхэм зэрыжаIэмкIэ, уи бгъафэ щIэпкъуза сабийм и IэфIагъыр зыхэпщIауэ зэи узэрыщыта ухъужынукъым, нэжьгъущIыдзэр къызыхуигъэщIари щыгъупщэжынут, къызэрыгуэкI цIыхубзым и гъащIэ бэIутIэIуншэр къыIурыIэфIэмэ. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ, цIыхубзыр цIыхубз зыщIыж хьэлхэмрэ гурыщIэхэмрэ нэрыбгейхэр щахъумэрт, щыцIыкIум деж щегъэжьауэ. Ауэрэ, балигъыпIэм щынэсым ирихьэлIэу, сыт хуэдэ Iэщэ лIэужьыгъуэми хуэIэрыхуэу, щIыуэпсым зыхигъэпщкIуэфрэ Iэгъуэблагъэм псэ зыIут щызекIуэу къыпхуэмыщIэну щабэрыкIуэу, зауэлI Iэзэу жыр хъыджэбз ткIийхэр къыхащIыкIырт.
  • Къыпщыхъурт нэрыбгейхэм я бгъэгур нэщIу, гу имылъыххэу. Ауэ, тхьэхэм къагъэщIа хъунтэкъым теплъэкIэ нэрыбгейхэм нэхърэ нэхъ зэкIужрэ нэхъ дахэрэ. Дэтхэнэ зы цIыхухъуми и псэр итынут, зэгуэкIуа фызшу тхьэIухудыр къыдэкIуэну, щхьэгъусэ хуэхъуну, и нэрыбгей гъащIэр къызэринэкIыну ищIамэ. Ауэ цIыхубз ябгэхэм я гум апхуэдэ гурылъ къыщызэщIэушэну Iэмал иратыртэкъым, я гупсысэхэр зэрыщыту зауэм епхауэ япIырти.
  • Пэжщ, куэдрэ къэхъурт нэрыбгейхэр я хабзэ ткIийхэм щебакъуэ, лъагъуныгъэм пэмылъэщу, я гурыщIэр гъуазэ ящIрэ я щIасэхэм ящIыгъуу щежьэж, зэи къамыгъуэтын я гугъэу зыщагъэбзэх. Апхуэдэхэм деж зи щхьи зи цIи ямыщIэ, зэи зыми имылъэгъуа, зи лэжьыгъэр фIыуэ зыгъэзащIэ «ныбжьхэр» якIэлъыпхъэрырти, зи шыпхъухэм епцIыжар пэж дыдэу лъэужьыншэу кIуэдырт, игъащIэкIэ зэи зыми имыгъуэтыжыну.
  • Дауэ мыхъуами, зи тхыдэр илъэс миным щIигъужа нэжьгъущIыдзэм зэрызихъумэжыфар зи фIыгъэр а хабзэхэрат.
  • Мэуэтхэри фIыуэ щыгъуазэт Насып Iуащхьэ ипхъу нэрыбгей хахуэхэм я псэукIэми, ямыгъэщIагъуэу къэнакъым нэжьгъущIыдзэм я щхьэгуащэ Къатинэ тегушхуэу, псы Iуфэм Iус я лъэпкъэгъухэм къыхэщыпыкIа защIэу фызшу минкIэ къазэрыхуэупсар. Бжьыхьитху ипэкIэ мэуэтхэм тыгъэ къыхуащIа нэрыбгейхэм пщIэ зэрыхуащIым и щыхьэту, абыхэм хуагъэфэщат лъэпкъым и гъащIэр зэлъытыжа хъумакIуэ, плъыр къалэнхэр. ИкIи, пэжыр пэжщ, абыхэм жейрэ псэхурэ ямыщIэу я лэжьыгъэр нэсу ягъэзащIэ. Щхьэгуащэм и унафэм щIэмытыжми, мэуэтыпщыр унафэщIу къамылъытэ хуэдэщ нэрыбгейхэм. Есакъым ахэр цIыхухъум унафэ къахуищIу. Мэуэтыпщми акъыл хурокъу фызшу Iэлхэм я ней зыщимыгъэхуэну, ахэр бий имыщIыну.
  • Ди  лъэхъэнэм ипэкIэ  1246 гъэ, гъэмахуэикIыгъуэ
  • ГъукIэм игъэжа джатэр зэпиплъыхьу кIыщым щIэтт Удынэ. Абы и нащхъуитIыр къыптриубыдамэ, блащхъуэм уигъэдиям хуэдэу, зыпхуэмыгъэхъеижу уи пIэм уижыхьырт. ГурыIуэгъуэт пщащэм а цIэр щIыфIащари…
  • ПсыIуфэ плъырхэм я нэхъыщхьэ къалэныр зи пщэ къыдалъхьа нэрыбгейм и нэбжьыц фIыцIэ кIыхьым къыщIэплъ нащхъуэр зытедия дзэпкъым къидз лыдыр пщащэм и нэгу хужь дахэм иджэгухьырт. Пэжщ мэуэтхэм жаIэр — мы псыхъуэм щыбгъуэтынукъым Джатокъуэ хуэдэ гъукIэ. ТIэкIу псэлъэгъуейщ, зэкIуэцIылъщ жумыIэмэ, и лэжьыгъэр хъарзынэ дыдэу егъэзащIэ.
  • КIыщыр къэзыгъэплъа мафIэм нэхърэ нэхъ гуащIэжщ гъукIэ бланэм и гум щыщIэр. Джатокъуэ къыщохъу Удынэ и щхьэц Iувым къыпих мэ гуакIуэм кIыщым зыщIиубгъуарэ къызэщIигъэгъэгъауэ. Абы и пащхьэ къит цIыхубзыр щIалэщ, дахэщ, мэуэтхэм къахыхьа нэрыбгейхэм я нэхъ хахуэщ, псынщIэщ, лъэрызехьэщ, жанщ, жэрщ, гумызагъэщ.
  • Пэжщ, нэрыбгейхэр зэхуэдэу ябгэу ягъасэ, ауэ щхьэж езым и хьэл хэлъыжу къалъхуркъэ! Апхуэдэу Удынэ еруми, егъэлеяуэ пагэми, щхьэзыфIэфIми, ерыщми, щхьэпсагъ хэлъкъым, атIэ зэпIэзэрытщ, губзыгъэ-бзаджэщ, бэшэчщ. Нэрыбгей щхьэплъым и гущIэм щигъафIэ гухэлъ щэхухэм къагъэнэху пщащэм и нэгу дахэри, нэхъ дахэж щIохъукI къыпкърыкI гуащIэм, узыщIешэ, укъызэщIегъаплъэ. Дауи, пщащэ куэдым я хъуэпсапIэ гъукIэ щIалэр нэрыбгей зэкIужым хьэщыкъ зэрыхуэхъуар гъэщIэгъуэнкъым.
  • Мэуэт щIыналъэр археологхэм къатIэщI. 2016 гъэ

  • Плъыртетым гу къылъимытэ и гугъэу, гъукIэр хуоплъэкI пщащэ жьэпкъ псыгъуэм. Зэпеплъыхь нэпсейуэ, жырым хуэдэ нэрыбгей Iэпкълъэпкъ зэкIужыр. Ар щIохъуэпс пщащэм и щIыфэ хужьыр IэгукIэ зыхищIэну, фом зэрыджэпс хагъэткIуа нэхъей, гъуаплъафэ щхьэц Iувыр алътесу нэкIубгъум къыIугъуэлъхьащи, абы зыхиIубэну, уеблэмэ, ерагъыу зишыIэу аращ, къыщитхъыу и гурыщIэ щэхухэр иджыпсту хуимыIуэтэн щхьэкIэ.
  • Фэ плъыжьыфэ-кхъуэщыныфэм къыхэщIыкIа лъахъстэныр лъэпс псыгъуэкIэ ешэкIащ Удынэ и лъэнкIапIэ пцIанэхэм, бынжэ лъабжьэм зы IэгупIэ хуэдизкIэ къех дэщIым бажэфэ щабэм къыхэщIыкIа кIэ кIэщI къыкIэщIэлъыр и куэпкъым и курыкупсым тоуэ. И блэгъу лъабжьэм нэса щхьэц плъыжьыфэр толъкъун хьэлъэу дамэхэм тепхъащ… Нэрыбгейм и Iэдийм къыщыщIэдзауэ и IэфракIэм нэс фIэлъщ тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIа Iэпщэрылъыр, и шхулъэмрэ и дамэпкъ зэрытыпIэмрэ уIэгъэм щихъумэу дамэтелъ телъщ. И Iэщэ-фащэмкIэ гурыIуэгъуэщ Удынэ зыхуэIэижьыр — джатэ гъэбзэныр.
  • Зэи зыми игъэгъуащэркъым ар. Нэрыбгей мин бжыгъэ къагъэувами, Удынэ къахэпцIыхукIынущ. ЦIыху цIыкIуу умыщIэну, уафэм къеха тхьэбыным хуэдэу дахэщ пщащэр.
  • КIыщым и щхьэгъубжэ цIыкIумкIэ къыдидз дыгъэпсыр зэм Удынэ и щхьэцыплъым ходжэгухь, мафIэ щIадзам хуэдэу игъаблэу, зэми ущызэкIэщIэплъ и напэ хужьым йопсэ, и нащхъуитIым хуиту ущIигъаплъэу. Узыгъэундэращхъуэ и нэ щIэншэхэр нэхъри нэхъ дахэжу нэгум къощ, и нэбжьыц кIыхьыр фIыцIафэу зэрыпилыкIам щхьэкIэ. ЗакъуэтIакъуэххэ къэхъу Iуэхущи — и джатэщIэмкIэ арэзыуэ погуфIыкI, и Iупэплъыр зэтежрэ и дзэ хужь захуэхэр къыIупсу. И напIэр къеIэтри, Джатокъуэ хуоплъэкI ар.
  • ЩIалэм и щхьэр лъэныкъуэкIэ ирехьэкI. Къыщохъу абы иджыпсту и гум къивырывыкI гурыщIэ щэхухэр Удынэ зыхищIэу, емыкIу къытехуэну. ЗышыIэн хуейщ…
  • ГъукIэр теплъэкIэ зэкIужщ, щIалэ бланэщ, Iэпщэ гъум хъужауэ. И лъэпкъэгъу пщащэ куэд къытелIэми, абы и гум илъыр зы закъуэщ — и пащхьэ къит нэрыбгейрщ. Ауэ Удынэ ар къыгурымыIуэ хуэдэщ…
  • — Сыт уасэу хуэбгъэувыр? – жиIэри, и нэр джатэ дзэпкъым ирижащ Удынэ.
  • — Зыри! – пегъэщхъ, и нэщхъыр зэхеукIэри, лэжьыгъэм пэроувэж гъукIэр.
  • — Мэл хъушэ къыпхуезгъэхунщ ныщхьэбэ, — гъукIэм жиIар зэхимыха хуэдэ, пещэ нэрыбгейми.
  • — Хьэуэ… Ар сэ тыгъэ пхузощI! – и щхьэр къызэримыIэтщ Джатокъуэ.
  • — Къахунущ жысIамэ, къахунущ, — дэщI бгъэгур зэрыгъэщIэрэщIа мыщIэ плъыжьхэмрэ налкъутналмэсхэмрэ дыгъэм пэпщIыпщIрэ нэр ирищIу кIыщым къыщIокIыж Удынэ, джатэр сампIэм ирегъэлъадэри.
  • Ар пэжыжьэт Джатокъуэ зыщIэхъуэпс Iуэхугъуэхэм. Удынэ и фIыгъуэ, и дахэгъуэ, и къару илъыгъуэ дыдэщ, ауэ ар хуэнэпсейкъым лэгъунэм, и гур зыхуэкIуэн цIыхухъу хуэзакъыми. Ар и лэжьыгъэм тегуплIащ, цIыхухъухэплъыхь ищIу игъэкIуэдын зэмани иIэкъым, армыхъумэ гъукIэ щIалэр къызэрыхуэгумащIэм гу лъимытэу, абы бын узыншэ зэрыхуэбгъуэтыфынур къыгурымыIуэу къанэркъым.
  • — Удынэ! – абы хэту къэса Жан фызшу IэмащIэлъэмащIэ цIыкIур плъыртетым и пащхьэ къиуващ бауэбапщэу. — Псым кхъухь мыцIыху гуэр тетщ…
  • Удынэ кIуэрыкIуэм тету зиIэтщ, шым шэсри, и пщэгурыгъымрэ нэзэрыхъэмрэ щIихъумэурэ и щхьэкум папцIэу щыхэIэтыкIа, дыщэ хужьым къыхэщIыкIа, маитэкIэ* гъэщIэрэщIа таж екIур зыщхьэритIагъэри, зричащ.
  • Пщащэр щIэбзэхыкIыжами, Джатокъуэ къыщыхъурт Удынэ и щхьэц гъуафэм и мэ гуакIуэр кIыщым къыщIэнауэ, къиуфэрэзыхьу хьэуам хэту. Нэщхъей-нэщхъейуэ щIэкIыпIэмкIэ еплъэкIащ щIалэ лъагэ пIащэр. Зыпэрыт дэп гуащIэм къигъэплъарэ и щхьэцым къыкIэщIэжу жьакIэ Iувым хэлъэдэж пщIэнтIэпсыр IэфракIэм нэс дэгъэджэрэзея IэщхьэмкIэ ирилъэщIэкIщ, и бгъэ лъагэр нэхъ лъагэжу иIэту ину хэщэтыкIри, и Iэпщэм къарууэ щIэлъыр гъущI жьэражьэм трикъутэу лэжьыгъэм пищэжащ гъукIэм.
  • Фызшу зэщIэузэда зыбжанэ щIыгъуу Удынэ псы Iуфэм екIуэлIащ. Къэблэгъа кхъухьыр къицIыхуащ абы, ар Хьэт къэралыгъуэм къызэрикIам шэч хэлътэкъым — щхьитI зыфIэт бгъэм и дамэхэр зэщIэхауэ тетщ чэтэн яIэтым. КъищынэмыщIауэ, кхъухьыпэм къыхэбзыкIа аслъэн пагэм и щхьэ абрагъуэр зи дамыгъэр псоми ящIэ.
  • Кхъухь закъуэр къызыкIэлъыкIуэнкIэ хъунур къагурымыIуэу къэуIэбжьащ плъырхэри быдапIэм къеплъых къэрэгъулхэри.
  • — Гъуэща хъунщ… Армырмэ, мыр икIи хьэлъэзешэкъым икIи бзаджащIэ кхъухькъым, — къэIуащ Жан и макъ псыгъуэр.
  • Нэрыбгейхэр «зэшыпхъукIэ» зэджэми, зыр зым дэIэпыкъужын хуейуэ ягъасэми, я гурылъхэмкIэ зэдэгуашэу зэныбжьэгъу куэд яхэткъым. Дэтхэнэри хущIокъу адрейхэм закъыхигъэщхьэхукIыну, и зэфIэкIхэм гу къылъатэну, къулыкъушхуэ къызэрыхуагъэфэщэн гуэр илэжьыну. Ауэ щыхъукIэ, зэхьэрхуэрэгъухэр куэдщи, нэри, тхьэкIумэри, бзэгури гъунэжщ. Нэхъыбэ дыдэу тIурытI-щырыщурэ зэрыIыгъыу аращ хъыджэбзхэр. Зэрыубыдами, зэхуэпэжу зэбгъэдэтщ, зым и псэр адрейм папщIэ итыфыну. Псоми ящIэ апхуэдэу Жанрэ Удынэрэ зэрыцIыкIурэ зэрызэныбжьэгъур.
  • Жан мылъхуэсу дунейм къытехьат. ИкIи ар къыщалъхуам щыгъуэ апхуэдизкIэ цIыкIут, IэмащIэлъэмащIэти, фызгъалъхуэм занщIэу жиIат хъыджэбз цIыкIум нэрыбгей къызэрыхэмыкIынур, а махуэм къалъхуа щIалэ цIыкIухэм ящIыгъуу щыхупIэм едзыхыни хуейуэ. Нэрыбгейхэр цIыху узыншэт, жант, къарууфIэт. Дунейм къытехьа хъыджэбз цIыкIур илъэс пщыкIущ-пщыкIуплI дэкIа нэужь фызшу лъэрызехьэу къахэувэн хуейт нэжьгъущIыдзэми, мылъхуэсхэмрэ мыузыншэхэмрэ ягъэпсэунутэкъым.
  • КъалъхуагъащIэхэр щаIыгъ пэшышхуэм и бжэкъуагъым къуэт чы матэм сабийр иридзэну щыIэбэм, нанур къапхъуэри, фызгъалъхуэм и Iэпхъуамбэр быдэу икъузащ. КъеIэмэ, къиутIыпщыртэкъым. Хъыджэбз цIыкIум и Iэпхъуамбэхэр зэщIихыу фызгъалъхуэм и Iэр хуит къищIыжыху, сабийм и лъакъуитIымкIи фызым и Iэпщэм зришэкIащ. «Упсэуну уолIэри, фейцей!» — гъумэтIымащ фызгъалъхуэр. Абы тэлайкIэ къыкIэлъыплъа гъэсакIуэр къэпсэлъащ:
  • Нэрыбей

  • — Абы, кIэпхъ цIыкIум хуэдэу, жыгыщхьэрыс хъарзынэ къыхэкIынут, хыфIыумыдзамэ!
  • — Уэ абы уелIэлIэну? — къилъащ фызгъалъхуэр.
  • — Шэч къытумыхьэ!
  • — Мэ, къащтэ. ФIэх мы зинэкIэ къалъхуар си Iэм, — жэщ псом мыжея, фызипщI игъэлъхуауэ еша цIыхубзыр къытехьэпащ.
  • — ИлъэсипщI дэкIрэ мыбы и цIэр зэхыумыхмэ, си IэкIэ сукIыжынщ, умыгузавэ! — сабийр къищтэри, дэгызэхэм яхуихьащ гъэсакIуэм.
  • Дауи, абы фIыуэ хищIыкIырт и IэщIагъэм. Нэрыбгей хъунур зэ IуплъэгъуэкIи къихутэфырт. Джанэ щыгъыу къалъхуащ жыхуаIэм хуэдэу, Жан и насыпыр текIуат а махуэм. Иджы мис, уей-уей жригъэIэу къэрэгъул лъэрызехьэ къыхэкIащ. Ар икIи нэ жант, икIи лъэ жант, икIи акъыл жант, и бзэри нэхъ тIасхъэтэкъым… Арат Жан щIыфIащари.
  • ГЪУНЭГЪУ дыдэ къэхъуа кхъухьым и бэлагъхэр иIэтщ, хъурзэр ири-дзыхри, и бгъум кIэрыпха кхъуафэжьейр хуэмурэ къраутIыпщхьэхащ. Кхъуафэжьейм зы цIыху закъуэ фIэкIа имысу псы Iуфэм къыщесылIэм, нэрыбгейхэр шым къепсыхри, абы пежьащ.
  • — ФIыкIэ укъытлъихьамэ, къеблагъэ Мэуэтейм! — япэ ищащ Удынэ, щхьэрыхъуэн зыпылъ щIакIуэ щхъуафэр зытеубгъуа мыцIыхум пежьэри.
  • —  ФIым дыхуиблагъэ, — кхъуафэжьейм къиувыкIри, щхьэщэ ищIащ мыцIыхум.
  • Хьэтхэмрэ нартхэмрэ зэрызэпэжыжьэм, илъэс мин хъуауэ зэрызэрымыщIам къыхэкIыу, я псэлъэкIэми зихъуэжауэ зэщхьэщыкIырт мащIэу. Ауэ мы щIалэр мэуэтхэм хуэдэущ къызэрыпсэлъар. Удынэ и щIыбагъ къыдэт нэрыбгейхэр къэуIэбжьри, зэплъыжащ.
  • — Ухамэ ди гугъами, ди бзэм къабзэу уропсалъэ… — Удынэ и набдзэ къурашэхэр хэлъэтащ, игъэщIагъуэу.
  • МыцIыхум и щхьэрыхъуэныр ирегъэщэтэхри, и пащхьэ къитхэм хуиту яхоплъэ. Ар зэпIэзэрытщ, ямылейуэ зы псалъэ къыфIигъэкIынуи зигъэхъеинуи хэткъым. Щыму, и нэщхъыр мащIэу зэхэлъу, и ни имыгъэпщкIуу, и щхьи имыгъэщхъыу щытщ, нэрыбгейхэм къахоплъэри. Лей зыкIэрымылъ и Iэпкълъэпкъ зэщIэкъуар щIакIуэм кIэщIигъапщкIуэми, и зыIыгъыкIэмкIэ гурыIуэгъуэщ ар къыхэщыпыкIа зауэлI лъэщхэм зэращыщыр. ЗэрыщIалэ дыдэр нэрылъагъуми, ныбжь къыхущIызыгъу жьакIэ пхъашэр иутIыпщащи, лIы ткIиифэ къытрегъауэ. Щытщ къудан екIур, щIакIуэ пIащIэр акъужьым зэрихьэу. И нэ фIыцIитIым къищыр гуныкъуэгъуи хуэдэу, мыарэзыми ещхьу, и нэщхъыр зэхэлъу пщащэхэм къахоплъэри.
  • — Сэри сымэуэтщ, — кIэщI дыдэу жиIащ щIалэм.
  • Зи бгъэгум аслъэныщхьэ къыхэIущIыкIа дэщI дыжьыныфэр тэджэлей* хужьым къытелъу зэщыхуэпыкIащ, и бгым джатэ кIэрылъщ, и Iэпщэр къупщхьэм къыхэщIыкIауэ, дыжьынрэ мыщIэ фIыцIэкIэ гъэщIэрэщIэжауэ. Зауэ губгъуэм мымащIэрэ зэрыщагъэбзам и нэщэнэу, щIалэм и IэпапIэхэр телъщ джатэ Iэпщэм. Нэрыбгей набзэгубдзаплъэхэм абы и закъуэкъым гу зылъатар. Акъужьым щIихурыхукI щIакIуэр щрихьэкIкIэ, къыщIощ уIэгъэ кIыжагъащIэхэр. Шэч зыхэмылъыр зыщ: зауэлI хахуэщ нэрыбгейхэм я пащхьэ итыр.
  • — Умэуэтми, ухамэ-благъэу фэ птетщ! Хэт ухъуну? — Удынэ къыбгъурыт и ныбжьэгъу щхьэц фIыцIэ бзаджафэр зэрыцIыху пщтырыр псоми ящIэрт.
  • Вындым хуэдэ и щхьэц кIыхьышхуэр и щхьэпхэтIыгумкIэ щызэщIэкъузати, и набдзэ фIыцIэ къурашэр ишэщIауэ, пагафэт Жан. СыцIыкIуми, сыкъыпхуоплъых жыхуиIэу, нэрыбгейм и щхьэр лъагэу иIэтри, и пыжьынэхэр триубыдащ мыцIыхум. И пкъыр захуэу иIыгъыу, и бгъэр лъагэу, и бгыр псыгъуэу, шхужь хъурей хъужарэ зэкIужу, пщащэ гурыхьым и Iэр пIэжьажьэрт шабзэм епхъуэну.
  • Жан шыIэныгъэ зэрыхэмылъым, зэрыбзаджэм хьэщIэми гу лъитат, ауэ мыцIыхур абы хуеплъэкIыххакъым. Абы пщащэр нэхъри иригубжьащ.
  • Нэрыбгейхэр лIыукI гущIэгъуншэу я хъыбар дунеижьым щыIуами, и пащхьэ къитхэм фIы ягу зэримылъыр къыгурыIуами, хьэщIэм ар зыуи къримыдзэ хуэдэщ. Абы и зыIыгъыкIэкIэ нарт лIыхъужьхэм ещхьми, теплъэкIэ, шыфэлIыфэкIэ нэгъуэщIщ…
  • Удынэ и щхьэр мащIэу Жан и лъэныкъуэкIэ иригъэзэкIащ, «увыIэ» жыхуиIэу. Нэрыбгейм ар къыгурыIуэри, икIуэтыжащ.
  • — Си цIэр Удынэщ, сыплъыртетщ. Уэ хэт ухъуну? Сыт укъызыкIэлъыкIуар? — Удынэ кIыщым къыщIиха джатэм и Iэпщэр икъузащ.
  • Джатокъуэ хуигъэжа Iэщэр игъэунэхуну IэмалыфI ихуауэ къыщыхъуащ абы.
  • — А упщIэм и жэуапыр мэуэтыпщырщ зэсхьэлIэнур, — и напIэр хуэдакъым хьэщIэм, нэрыбгейхэр хуэм-хуэмурэ къызэрызэщIэплъэм гу лъитами.
  • — Ухэт уэ, ди пщым и пащхьэ уихьэну? — Жан и плIэм идза шабзэр къызэрырипхъуэтари, и щIыбым илъ шабзэшэр къызэриузэдари къыбгурымыIуэу, напIэзыпIэм зэпхъуэкIри, хьэщIэм триукъуэдиящ.
  • ЦIыхухъум абы мыхьэнэ лъэпкъ иримыту, унафэщIыр хэтми къыгурыIуати, и нэ ешаифэр щхьэцыплъым триубыдащ, абы жиIэным пэплъэу.
  • — Уи цIэр къиIуэ! — зегъэткIий плъыртетми.
  • — Алэдамэщ си цIэр…
  • Шабзэр къэзышэщIа нэрыбгейм зыгуэр къызэригубзыгъыжыр къапщIэу и нэIур къызэхиуфэщ, зэщIэдэIукIым хуэдэу и щхьэр бгъунж ищIри, Iэщэр хуэмурэ ирахьэхыжащ. Удыни, ищIэнур къыхуэмыщIэ нэхъей, и напIэр иредзых, и Iупэплъ пIащэр зэтрекъузэ. Дауи, абыхэм зэхахат Алэдамэ и хъыбар, ауэ япэ дыдэ ирихьэлIэу арат апхуэдэ телъыджэ — ягъеижа, «щIалъхьэжа», ящыгъупщэжа пщыкъуэм апхуэдиз илъэс дэкIауэ къигъэзэжу. Сыт хуэдизрэ лъыхъуа абы Мэуэтейр, сыт хуэдизрэ нэщхъея пщышхуэу Уэрыш Хахуэр?! Ягъуэтыжатэкъым, хытет бзаджащIэхэр къатеуэу, бгъэм ихьа щынэ цIыкIуу, япхъуэта пщыкъуэр. Абы и хъыбар зымыщIи зы цIыху ису къыщIэкIынкъым лъахэм. Арат нэрыбгейхэр зэхэзехуэн щIэхъуар.
  • — Зи хъыбар зэхэсха Алэдамэр уэрамэ, зи пащхьэ уисшэну пщыр лъыкIэ уи хамэщ, — жеIэ Удынэ.
  • Алэдамэ къыгурыIуащ апхуэдизу къызыхуэпIэщIа и адэр зэримыгъуэтыжынур. Сыт хуэдэу щIэхъуэпсрэт ар и унагъуэм хыхьэжыну, и адэр къеупщIмэ, щIыпIэ жыжьэхэм щилъэгъуахэр хуиIуэтэну. Сыт хуэдиз телъыджэм и гугъу хуищIынут, хы адрыщI къыщылъ щIыналъэхэм я пащтыхьыжьхэм ятеухуауэ хъыбар куэд хуиIуэтэжынут. ИужькIэ, Алэдамэ и лIыгъэр здынэсыр ягъэунэхуа нэужь, и адэм и хъумакIуэ хъунт, е дзэгъащтэхэм яхыхьэнт… Сыт хуэдэу щыгугърэт Алэдамэ, и гущхьэ иуфIыцIыхьар къэзыгъэнэхужын, IэфI къыхуэзыщIыжын адэ гулъытэрэ анэ лъагъуныгъэрэ лъахэм щигъуэтыжыну. Ауэ… Ибгына щIыналъэми щыхамэу, хэкуми зыри къыщемыжьэу. АдэкIэ-щэ?
  • — Иужь дыдэу дэрдэнейхэр къыщыттеуам щыгъуэ, пщыжьыр зауэм хиха фэбжьхэм илIыкIащ, — и макъым нэхъ щабэ зрегъэщI Удынэ.
  • — Дэрдэнейхэр жыпIа? — зэхихар и фIэщ мыхъуа хуэдэу и нэщхъыр зэхеукIэ Алэдамэ.
  • И лъахэр зэхэзыкъута, и адэр зыIэщIэкIуэда лъэпкъым бгъурыту зауэ губгъуэ итащ Алэдамэ. Абы щыгъуэ зыри хищIыкIыртэкъым щIалэм, къуэшу ибжа алыдж лъэпкъхэм ящыщ дэрдэнейхэр Мэуэтейм зэрещакIуэм, щIэх-щIэхыу ятеуэурэ зэрытемыгъакIуэу къызэрыгъуэгурыкIуэм.
  • «ФыкIуэ» жыхуиIэу, Удынэ и щхьэр яхуещI и гъусэхэм. НапIэзыпIэм пщащэхэми загъэбзэхащ, псалъэ лей къыхамыгъэкIыу.
  • УщыцIыкIум деж псори нэхъ дахэщ, телъыджэщ, мэр нэхъ гуакIуэщ, псыр нэхъ IэфIщ, псори гукъинэж пщохъу, псысэ гъэщIэгъуэным хуэдэщ. А гукъэкIыжхэм зыкIи екIуалIэртэкъым Алэдамэ къызрихьэлIэжар. Пэжщ, псы Iуфэм къыIукIрэ цIыхум яхыхьэмэ, мэуэт щIыналъэм гъащIэ дахэ къыщикъуэлъыкIыу къихутэнуми ищIэртэкъым щIалэм. Ауэ абы и гур нэщI хъуат асыхьэтуи, зы лъэбакъуэ ичыну гукъыдэжи къаруи иIэжтэкъым.
  • — Уи анэр… Гуащэнагъуэ… — хьэщIэр гупсысэ куум къыхешыж Удынэ и макъ пхъашэм.
  • — Дэнэ щыIэ си анэр? Псэу? — фIым щымыгугъыщэу, тенджызымкIэ зигъэзарэ щIэплъыпIэм хэплъэ лIыхъужьым и нэкIубгъур къригъэзэкIащ.
  • Аддэ жыжьэу IукIуэтауэ къыщыт нэрыбгей гупым Удынэ IэпэтэрмэшкIэ яригъэлъэгъуащ шитI зэрыхуейр.
  • — Нэшэс! — унафэ ищIри, и шым зридзащ Удынэ.
  • Псэр зыхуэныкъуа, зылъыхъуа, зэи къэзымыгъэзэжыну жыжьэ гуэрым хэшыпсыхьа гукъэкIыжхэр къызэщIагъэушэрт тенджызымкIэ къихь акъужьым, мэз щIыIэтыIэм щIэт хьэуа хьэлъэм, абы щыпсэу псэущхьэхэм къагъэIу макъхэм, жыг щхьэкIэ зэхэкIэжахэм къазэпхридз дыгъэ бзий гуащIэм. Зэгуэр илъэгъуауэ щыгъупщэжа пщIыхь хуэм-хуэмурэ къигубзыгъыжым хуэдэт абы. Алэдамэ къищIэжыну хэтт вакъуэ адэм деж яшэн и пэ къихуэу, яужь дыдэу IэплIэ къыхуэзыщIыжа анэм и нэгур, и мэр, и теплъэр. Ауэ къыхуэгубзыгъыжыртэкъым. ЦIыкIущэт ар абы щыгъуэ. ЩIалэм и нэгу къыщIидзэжыр вакъуэ адэм и унэр щиса лъэхъэнэрщ. Ари хъарпщIэрти, моуэ, Iупхъуэр иригъэкIуэтэкIыу, хэкум къыщызэринэкIа сабиигъуэм и нэр щызу хэплъэну хуейуэ и гум зишхыхьыжырт. Ар егупсысыртэкъым дэнэ кIуэми, сыт хуэдэ мэз щIэтми. Алэдамэ и гупсысэ псори зэтар — мы дунеижьыр зи инагъ зы цIыху закъуэ фIыуэ къилъагъуу, къемыпцIыжауэ, жьэгур имыгъэужьыхыжауэ къыпэплъэу, къыхуэлIэу тетмэ, абы и хуабагъэм зригъэуну, и бгъэгум ищтыхьа и гур къэзыгъэвыжын анэ лъагъуныгъэ къабзэ хуэныкъуэу арати, къыхуэгъэсыртэкъым. ЩIым и гъунэм щыIэми идэрт ар. КIэлъыкIуэнут, къигъуэтынут, и анэр псэууэ зэ Iуплъэжыну ищIамэ.
  • Удынэ и щхьэцым дыгъэ бзийр щытепсэкIэ, гъуэгугъэлъагъуэ мафIэ нэхъей, дыщэплъу къызэщIэлыдэрт. Къэзыухъуреихь мэз Iувым а зырат нэр зыфIэнэурэ щIалэм и акъылыр зэщIэзыщта гупсысэ куухэм къыхэзышыжыр.
  • Зыкъомрэ кIуауэ, нэрыбгейм хуэм зищIащ. Жыгыщхьэхэр нэхъ щызэкIэщIэкI щIыпIэ нэхутхьэхум унэ закъуэ итт. Iэгъуэблагъэм псынэ зэрыщежэхыр зэхэпхыу Iущащэрт, щIыпIэр зэрымыбгына дыдэм, жылэ гуэр зэрыгъунэгъум и щыхьэтуи лъагъуэ къекIуалIэрт. Удынэ шым къепсыхри, унэмкIэ и щхьэр ищIащ.
  • ЯтIагъуэкIэ зэщIэшха бгъэныщхьэ унэ лъахъшэ цIыкIум и бжэм пэмыжыжьэу щыт тетIысхьэпIэ лъабжьэм кIэщIэлъ хьэпарийр къыщIэжри, и кIапэр игъэкIэрахъуэу къыпежьащ нэрыбгейм. Уэнжакъым къриху Iугъуэ мащIэмкIэ гурыIуэгъуэт унэм зыгуэр зэрыщIэсыр. Унэм щIэлъадэу, зи нэгу щыгъупщэжа анэр къыщигъуэтыну, абы зридзу IэплIэ хуищIыну, зэрыхуэзэшар жриIэну, и щхьэр и куэщIым ирилъхьэрэ и гур псэхужауэ ижеихьыну хуейт щIалэр. ИтIанэми, зыгуэрым иIыгът: шынэрт и анэр къыщимыгъуэтынкIэ. ЩIэсыр арами, сыт жиIэу и пащхьэ ихьэжыну?! ПщыхьэпIэм хэтым хуэдэт ар: къызэринэкIари и гъащIэм нобэ къыщыхъури къыгурымыIуэжу, и щхьэм иримыгъэзэгъэфу.
  • — КIуэ! — щэхуу къэIуащ Удынэ и макъыр.
  • Япэ лъэбакъуэр хуэм дыдэу ичу, бжьэхуцым хэтым хуэдэу, зытеувэр зыхимыщIэу ежьа щIалэм и гур къызэрыгъуэтыжщ, щIэпхъуэри, кIуэрыкIуэм тету бжэр иридзэкIащ…
  • Тхъугъэ мащIэ зыхидза и щхьэц кIыхьышхуэр лалэ-лалэу еухуэнэхарэ, зэран къыхуэмыхъун хуэдэу и щIыбымкIэ едзыхыжауэ, ипкъ зэкIужыр уардэу иIыгъыу цIыхубз щысщ, цыкIуэкIым шылэ Iуданэр трешэри. Бзылъхугъэм ныбжьышхуэ иIэкъым, ауэ гъащIэр къызэрыщымысхьар къапщIэу, и нэгу нэщхъейм зэлъа мащIэ телъщ. Жьыфэ къытеуащ толъкъун щэхуу цыкIуэкIыр зыгъэджэрэз, зэгуэр щабэу щыта, иджы пхъашэ хъуа и Iэ псыгъуэми. Бзылъхугъэ теплъафIэм и ныбжь дахэм екIурт абы и пкъым щыкъуза бостей кIыхь шагъырыфэр. КъыщIыхьам къеплъыну зыкъигъэзакъым абы, и щхьэр мащIэу игъэхъея мыхъумэ. Зэуэ цыкIуэкIыр игъэувыIэри, къэпсэлъащ макъ щабэкIэ:
  • — Нобэ сыту жьыуэ укъэкIуа, дахэ!
  • Алэдамэ къищIэжащ… КъищIэжащ анэм и макъыр зэрыIур. Абы гуапагъэрэ щабагъэу щIэлъыр. КъищIэжащ и теплъэри. Пэш нэщIым щIэс бзылъхугъэ дахэр къицIыхужащ — нэхъ тхьэIухудыжу щыта и анэ нагъуэрт.
  • — Удынэ, уэра ар? — къыщIыхьар щымт, жэуап итыжатэкъыми, щтэIэщтаблэу щIэупщIащ цIыхубзыр.
  • Алэдамэ зы псалъи къыхудэшейркъым. И бгъэгур къызэгуитхъыу, къуалэбзууэ лъэтэжыным хуэдэу, и гур къоуэ абы. И Iур игъущIыкIащи, и Iупэр пIэжьажьэ мыхъумэ, и макъым зыри къикIыжыркъым.
  • — Хэт ар? — къызэфIэувэщ, зыкъигъазэри, хэкъузауэ щIэупщIащ Гуащэнагъуэ.
  • Абы щыгъуэщ Алэдамэ къыщыгурыIуар — и анэр нэф хъуауэ арат.
  • — Ухэт? — бгырыпх псыгъуэм кIэрыщIа къамэ кIэщIыр кърипхъуэтыкIащ бзылъхугъэм.
  • — Сэращ ар… — щэху дыдэу къэпсэлъащ Алэдамэ. — Сэращ, ди анэ! Сэ… СыкъэкIуэжащ.
  • — Дауэ жыпIа? — и макъыр зэуэ ехуэхащ цIыхубзым, и фэри пыкIащ. — Зэ жыIэжыт!
  • Гуащэнагъуэ и Iэпэхэр зэщIэкIэзызэу щыхъум, къамэр, хуэмыIыгъыжу, IэщIэхуащ, езыри етIысэхыжащ.
  • — СыкъэкIуэжащ… Алэдамэщ ар! — анэм дежкIэ мэбакъуэ.
  • — КъэкIуатэт мыдэ, моуэ къетIысэх… — и нэпсыр къекIуащ, и жьэпкъыпэр покIэзызыхь цIыхубзым.
  • Алэдамэ абы бгъэдокIуатэри, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щотIысэх. Бзылъхугъэр щIалэм и нэкIум тоIэбэ, и Iэпэ зэщIэкIэзызэхэр и щхьэц фIыцIэм хегъэлъадэ, зыкъеший, и быныр мэкIэ къицIыхужын нэхъей, хьэуар нэпсейуэ зыщIешэ. ИкIэм-икIэжым, зыкъредзри, IэплIэ къыхуещI.
  • КъекIуркъым зи къуэр зыгъуэтыжа мэуэт анэм, гуфIэми гуIэми, и макъыр иутIыпщу пыхьэну. КъекIуркъым, ауэ емыкIу къамыщIыну ищIатэмэ, зэщыджэу, гущIыхьэу, и гушыкъур трикъутэу гъуэгынут, КIэбгъулъ мэзыжьыр къигъэпсалъэу. Мэзым щIэт хьэуа хьэлъэр къыдежьууэ, дыгъужь анэхэр къыдэкъугъыу, уеблэмэ зи джэдыкIэр хамэ абгъуэхэм кIэщIэзыдзэ кIыгуугу нэгъунэ къыдэгугуу и макъыр иутIыпщынут апхуэдиз илъэс дэкIауэ зи быныр къэзыгъуэтыжа гуащэм… Ауэ, щэху дыдэу, зэхэпх къудейуэ «еблэгъэж, си щIалэ» жиIэу, нэпс пщтырыр и нэпкъ лъагэм къытелъэда мыхъумэ, зы псалъэ леи къыфIигъэкIакъым.
  • Зи гур гъащIэм щыкIа, зи псэр щIыпIэ жыжьэм къыщызынэу хэкум зи лъэр къэзыхьэсыжа щIалэм анэ дамэм зыхиIубащ, и нэпс къекIуар игъэпщкIуу. Алэдамэ фIыуэ ищIэжырт зыхалъхуа гъащIэ бзаджэр зыми зэрыщымысхьыр. ИтIанэми, и гум зишхыхьыжырт, Мэуэтейм зэгуэр и гуащэу щыта и анэм къылъыса тхьэмыщкIагъэр хуэмышэчу.
  • Псы Iуфэм щыпсэу нартхэр зауэ зэпымыухэм зэрыхэтым къыхэкIыу, мэуэтхэм я цIыхухъухэми гъащIэшхуэ яIэтэкъым. Уеблэмэ аслъэныгъуэм нэмысыр куэдт, абы къыхэкIыу зи ныбжь хэкIуэта лIыжьхэри мащIэ дыдэт. Арат абыхэм пасэу унагъуэ щIызэрагъэпэщыр. Лъэпкъыр кIуэдыжыгъуэ имыувэн, псынщIэу щIэблэ къащIэхъуэн щхьэкIэ. Абы къыхэкIыу, Алэдамэ алъандэрэ и анэм деж къемыкIуэлIэжу, зыщымыгугъыным щыгугъыу гъащIэм и зэхуэдитIыр зэрыблигъэкIам хущIегъуэжат. ЩIалэм и ныбжьым ит хэкурысхэм цIыкIуитI-щы яIэжу унагъуэщ, Алэдамэ иджыри фызкъэмышэщ.
  • — Сыт ухуэдэ, ди анэ? — зэ зыкъещIэж Алэдамэ.
  • — Сылъэрытетщ, Псатхьэм и фIыщIэкIэ! — и нэпсыр ирелъэщIэкI цIыхубзми, зыкъеIэт. — КъетIысылIэт Iэнэм, си щIалэ. ТхьэлъэIушхуэкIэ сыныппежьэн хуеящ, ауэ…
  • — Умыгузавэ, ди анэ. Укъызэрызгъуэтыжа къудейр сыт и уасэ?! ЕтIысэх, кхъыIэ! — мэлъаIуэ анэ хуабагъэм хуэзэша щIалэр.
  • — Дыщысынуи дыхунэсынщ. Моуэ, зэ, ерыскъы тIэкIу Iэнэм къытезгъэгъэувэ, уэ гъуэгуанэ кIыхь къызэпыпчауэ къыщIэкIынущ, — унэм шхыну щIэлъым щыщ къытрегъэувэ Iэнэм.
  • Алэдамэ къыгурыIуащэтэкъым, нэф хъуа и анэр унагъуэ Iуэхум зэрыпэлъэщымрэ зэрыпщафIэмрэ. Ауэ, зы илъэсу къыщIэкIынукъым Гуащэнагъуэ и нэм зэримылъагъужрэ — зэресэжам и щыхьэту, дэнэ деж сыт щылъми, блэмыIэбыкIыу тоIэбэ. Къуэр абы пэрыуакъым, зы псалъэ къыфIимыгъэкIыу, нэщхъейуэ кIэлъыплъурэ и щхьэр игъэкIэрэхъуа мыхъумэ.
  • Гум и пIэкIэ зи бгъэ лъагэм гъущI щIыIэжь илъу псоми ягугъа нэрыбгейр къызэфIэзэрыхьауэ папщэрт, апхуэдизкIэ гухэхъуэт зэрыгъуэтыжа зэанэзэкъуэм уаIуплъэнуи. Яхэпсэлъыхьыну къызэремыкIури, абдеж зэрыщылейри къыгурыIуэри, Удынэ зигъэбзэхыжащ. Абы и лэжьыгъэр хьэлъэт, теплъэкъукI хъунутэкъыми, Аскъалэ игъэзэжащ.
  • Гуащэнагъуэ, дауи, хуэпIащIэрт и къуэр здэщыIа щIыпIэм, абы щигъэхъа IуэхуфIхэм зыщигъэгъуэзэну. Шэч къытрихьэххэртэкъым ар и адэ хуэфэщэн зауэлIу къызэрекIуэлIэжам, дэнэ щыхэмытами, и цIэр фIыкIэ ираIуэу а щIыпIэхэм зэрыщыпсэуам. НэгъуэщIу и нэгу къыхущIэгъэхьэртэкъым, нартхэм къащIэхъуэртэкъым щIэблэ мыхьэнэншэ. Ауэ ар иужькIэщ. Хабзэм къекIуркъым гъуэгуанэ тета цIыху ешар умыгъэхьэщIауэ, зумыгъэгъэпсэхуауэ упкърыупщIыхьыну.
  • Хьэтуссэм хуэдэу, дыщэмрэ дыжьынымрэ къакъутэ къалэшхуэхэр яухуэртэкъым нартхэм. Абыхэм я щхьэр лъагэу езыгъэIэт хабзэ дахэ зэрахьэрт, ипэIуэкIэ зэи зыми ямылъэгъуа лIыхъужь ерухэр къащIэувэрт, пщIэ я зэхуаку дэлът. Арат абыхэм я къулеигъэу къалъытэр. ИкIи я хабзэтэкъым адэм и пщыгъуэр къуэм Iэпихыу. АтIэ, пщыр зауэм хэкIуэда е узыфэ гуэрым ихьа нэужь, жылэр зэхуэсырти, лъэпкъым нэхъ хахуэу, нэхъ зауэлI лъэрызехьэу, фIыщIэ нэхъыбэ къэзылэжьауэ яхэтыр пщыуэ хахырт. ЛIакъуэ укъуэдия мыхъуу, дэтхэнэ зыми лъэкIыр игъэлъагъуэу, абы папщIэ пщы щIыхьыр къилэжьыну хуитт.
  • А лIыхъужьхэр къэунэхурт, уэгум къихута вагъуэщIэм хуэдэу. Къахуэблэрт лъэпкъми, и чэзур къыщысым деж… хьэуэ, ужьыхыжыртэкъым, икIуэдыкIыжырт. Ахэр Шыхулъагъуэм хуэмурэ хэшыпсыхьыжыртэкъым, адрей вагъуэхэм хуэдэу… Ахэр уэгум ибзэхыкIыжырт напIэзыпIэм. КъащIэнэр я цIэрат, зэрахьа лIыгъэм папщIэ цIыхум къаIурынэж цIэ закъуэр. Дауи, гуузт зи щIалэгъуэ, зи дахэгъуэ, зи фIыгъуэ дыдэу кIуэдыж щIалэхэр иужьрей зауэм ебгъэжьэну. ЯхузэфIэкIыну псори щэхуу къэнауэ, здынэсыну лъагапIэхэми я лъэр намыхусауэ. Арат зауэлIыр щIэпсэужыр, и гъащIэм мыхьэнэуэ хэлъу къыщыхъур. Апхуэдэ гъащIэт абыхэм яцIыхур, нэгъуэщI щыIэу ящIэххэртэкъым.
  • Нарт щауэхэм ящIэрт гъащIэшхуэ зэрамыIэри, къыхуауха мащIэр лIыгъэкIэ гъэнщIауэ зэрыпсэуным яужь итт, нэхъри нэхъыфIыж зэрыхъуным пылът.
  • Къумал
  • Алэдамэ и адэр зауэм щигъуэта фэбжьым илIыкIат… ЦIыхухъур аращ къызыхуигъэщIар — зауэм. Бзылъхугъэм и натIэращи, Гуащэнагъуэ и щхьэгъусэм и щIыбым шабзэшэ хэлъу е еупщIэтэхауэ къыхуашэжатэкъыми, ирипагэрт абы. Уэрыш — Алэдамэ и адэм — и зэманыгъуэм и къарукIэ, акъылкIэ, зэфIэкIхэмкIэ къихьэхуат а щIыхьри, екIурэ-ещхьу ирихьэкIащ, лIы хуэдэуи дунейм ехыжащ: ажалым и нэм щIэплъэу, хэкур ихъумэу. Зыщымысхьыжу бийм пэщIэтащ ар дэрдэнейхэр къащытеуам икIи и щхьэр хилъхьат. Ауэ, абы и пэ къихуэу сыт хуэдиз дэрдэней зауэлI хигъэщIар! Нобэр къыздэсым цIыхухэм яIуэтэж Уэрыш и иужьрей махуэр, абы щыгъуэ игъэлъэгъуа хъыжьагъэр, лIыгъэр…
  • ЩIэплъыпIэмкIэ щетIысэхыж дыгъэплъ гуащIэм и бзийр Гуащэнагъуэ и нэгум къридзэми, щIыфэкIэ зыхищIэ мыхъумэ, Iэджэ щIауэ и нитIым зыри ялъагъужыртэкъым. КъызэрыгуэкI цIыхум и нэм илъагъум нэхърэ нэхъыбэ зыхищIэрт Гуащэнагъуэ — абы и тхьэкIумэмрэ и пэмрэ нэхъ жан хъуат.
  • Гупсысэхэм жыжьэ дыдэ яхьауэ зыщIыпIэ щыхэтми, а и IитIыр зэса лэжьыгъэр зэпымыууэ ещIэ. Гуащэм и напIэр имыгъэхуадэу щысщ, и Iэхэм езыр-езыру хъыр яджри. Илъэс дапщэ хъуа ар нэрыбгей щIыналъэр Мэуэтейм къызэрыхуэупса нэжьгъущIыдзэр жылэшхуэу щепсыха КIэбгъулъ мэзыжьым зэрыщIэтIысхьэжрэ, и щхьэр фызшу хахуэхэм ярихьэлIауэ хъы яхуиджу зэрадэпсэурэ! Нэрыбгейхэр мыдрей бзылъхугъэ къызэрыгуэкIхэм хуэдэу псэлъэрейкъым, атIэ зэкIуэцIылъщ, зэIусэр къыгуахыу, зызытрашащIэр ирахыу, псэлъамэ, пагъэщхъыу, пхъашэу…
  • ЛIыгъэкIи, къарукIи, акъылкIи адрей нарт лъэпкъхэм ефIэкI дзэмыхэр шынагъуэщ. НэжьгъущIыдзэр зрикIуа зауэ губгъуэм лъы къуалэрэ хьэдэ защIэрэ фIэкIа, псэ Iуту зы цIыху къызэранэкIынукъым. Абы къыдэкIуэуи, езыхэм мащIэ дыдэщ хэщIыныгъэу яхьыр. Ари зэрымыщIэкIэ яукIа мыхъумэ, къарукIэ, лIыгъэкIэ, бзаджагъэкIэ зы нэрыбгей бийхэм хагъэщIэфынукъым. Куэд щIауэ кIуэдыжа хъунт ахэр, я щэхухэр апхуэдизу быдэу ямыхъуматэмэ, я хабзэжьхэм темытатэмэ.
  • Зы лIыныбжь хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, нэрыбгейхэм къагурыIуащ я гужьгъэжьымрэ зэрахьэ залымыгъэмрэ кIуэдыжыпIэ яхуэхъункIэ зэрышынагъуэр, кIуэ пэтми я лъыр нэхъ фIей зэрыхъур, мыцIыхубз-мыцIыхухъуу къызэрызэхэнар, абы щIапIыкI щIэблэри гущIэгъуншэу къызэрытэджыр. Ауэ щыхъум, лъагъуныгъэ къабзэ лъыхъуэ, къызэрыгуэкI унагъуэм, гъащIэм щIэбэг нэрыбгей гуп щIэлъэIуащ къаутIыпщыну, дэкIуэну хуит къащIыну. Ар, дауи, щхьэгуащэм идакъым, апхуэдэ гупсысэ зиIа пщащэхэр яукIащ, ауэ загъэбзэхыу хьэт лъэпкъхэм яхыхьэжыфаи къахэкIат. Абыхэм фIыуэ ящIэжырт нэрыбгейхэм я щэхухэр хэIущIыIу ящIмэ къащыщIынури, алъандэрэ къагъэщIар зыщагъэгъупщэу ялIхэм ящIыгъуу загъэкIуэдын, гъащIэщIэ щIадзэн яхузэфIэкIащ, я бзэри быдэу яIыгъащ.
  • КъыкIэлъыкIуэ щхьэгуащэхэм гу лъатащ нэрыбгейхэм я гъунэгъу нарт щIыналъэхэм зэрызаужьыр, зэрыбагъуэр, къищынэмыщIауэ, Алыджейм и мызакъуэу, адрыщI къэралыгъуэшхуэхэм къазэункIэ зэрышынагъуэр. Нэрыбгейхэр тенджызым пэжыжьэу зэрыпсэум къыхэкIыу, хыдзэ яIэтэкъым, хым тету зэуэфынутэкъым, кхъухь зэрагъэкIуэфыртэкъым. А зырт зыхуэмыIэрыхуэр, къызэрыщIэкIымкIи, я тIасхъапIэр. Ауэ щыхъукIэ, псы Iуфэм щыпсэу лъэпкъ лъэщ гуэр IупэфIэгъу къэщIауэ, зэгурыIуэныгъэ ещIылIэн хуейти, нэрыбгейхэм я щхьэгуащэ Къатинэ Ябгэрэ абы и чэнджэщэгъухэмрэ тегушхуащ алъандэрэ зы гуащи я гущхьэ къэмыкIам…
  • БЖЬЫХЬИТХУ ипэкIэ Къатинэ Ябгэр мэуэтыпщым хуэупсащ хэщыпыхьауэ пщащэ минкIэ. Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэдарэ лъхуэн-пIэн ныбжь дахэм ит тхьэIухудхэр КIэбгъулъ мэзым щепсыхат, ар я хэщIапIэу къратати. Абы щаухуа быдапIэ лъагэм укъеплъыхмэ, Мэуэтейр зэрыщыту Iэгум илъым хуэдэу уолъагъу, хым кхъухь мыцIыху къытехьамэ, нэжьгъущIыдзэ зэщIэузэдар мэзым къыщIэкIынурэ бийм хьэлэчыр халъхьэнущ, аращ я къалэнри.
  • Щхьэгуащэм нэрыбгейхэм унафэ ткIий къахуищIат лIы дэкIуэну я гущхьэ къамыгъэкIыххэну, я щэхухэр ямыIуэтэну, щIалэ цIыкIу къалъхумэ, зэрахабзэу, яукIыжу хъыджэбз цIыкIухэр ягъэсэну. А унафэр зэрагъэзащIэм, дауи, цIыху щхьэхуэхэр кIэлъоплъ, нэрыбгейхэм я щIыналъэу Iуащхьэмахуэ лъапэмрэ Мэуэтеймрэ я зэхуакум хъыбарегъащIэхэр, бзэгузехьэхэр, тIасхъэщIэххэр щэхуу щызэхэзокIуэ.
  • Щхьэзакъуэ дыдэу дунейм къытена Гуащэнагъуэ зэрымыщIэкIэ пэшэгъу къыхуэхъуат мис апхуэдэ хабзэ ткIийхэм щIапIыкIа нэрыбгейхэр. Зи ныбжьыр хэкIуэта, зи нэхэм ямылъагъуж цIыхубзыр зыхаши мыхъуу, зыхамышэуи ялъэмыкIыу щыхъум, быдапIэм пэмыжыжьэу унэ хуащIщ, хьэпарий гъэсар хъумакIуэу къыхуагъанэри, зрашэлIэжауэ арат.
  • Ипэхэм, Гуащэнагъуэ куэдрэ хуэныкъуащ и кIэзехьэхэм, къуалэбзууэ Iущащэ и псэлъэгъухэм. И губампIэр, и гупсысэхэр зригъэзын имыгъуэту, и къуэ кIуэдами и хъыбар къыжезыIэн зы цIыхуи мы псыхъуэжьыр зи кIыхьагъым димыгъуатэу. Ауэ щыхъукIэ, зыми гу къылъамытэу нэпс гуащIэхэр щIигъэкIащ зыкъомрэ… Илъэс бжыгъэкIэ. И нэбжьыц фIыцIэ кIыхьышхуэхэр нэпсым зэкIэригъэпщIэжарэ и напIащхьэр къэпщыжауэ. ЗыкъызэщIищIэрэ, мывэ тыкъыр нэхъей, и тэмакъыщIэм гуIэныр къыщIэгъуэлъхьамэ, укIытэрэ ирикъухыжу. Гъащ… ЖэщкIэрэ… Нэф хъуху!
  • И щхьэгъусэм ирихьэкIа пщыгъуэм ирипагэу къэгъуэгурыкIуащ Гуащэнагъуэ. Ауэ абы нэхърэ нэхъыбэжу ар иджы иропагэ хы адрыщIкIэ щыпсэу хьэтыпщым и блыгущIэту, и хъумакIуэу, абы и гъэсэну щыта и къуэ закъуэр къызэрекIуэлIэжам. КъекIуэлIэжам и закъуэ, псы Iуфэм нэхъ и гъунэгъуу, Хьэмэз псэупIэ щиухуэри, и анэр зришэлIэжащ Алэдамэ.
  • — ЩакIуэ сокIуэ, ди анэ. Зызгъэгувэнкъым, — унэщIэм къыщIэбэкъукIащ Алэдамэ.
  • — Мэзытхьэм и нэфI къыпщыхуэ, щIалэ! — пыгуфIыкIащ анэр, и щхьэр Алэдамэ и лъэныкъуэмкIэ кърихьэкIри.
  • Гуащэнагъуэ имыщIэу щыттэкъым пщыхьэщхьэ хуегъэзэкIым цIыхур щакIуэ зэрымыкIуэр. Анэм къыгурыIуат щIалэм зиплъыхьыну, къиущыхьыну, гупсысэну зэрыдэкIри, зэран хуэхъуакъым. И къуэр къызэрекIуэлIэжрэ илъэсым щIигъужами, иджыри къэс ныбжьэгъу зыри къызэримыщIар, зы пщащи къызэримыгъуэтар Гуащэнагъуэ игу къеуэрт. Бзылъхугъэ Iущым къыгурыIуат и щIалэ закъуэр зыгуэрым зэрыхуэщыгъуэр. ГъащIэм къыщохъу апхуэдэ куэд, дауи, къиутIыпщынущ Алэдамэ зыIыгъ гупсысэм. Ауэ дапщэщ?! КIыхьлIыхь зэрыгъэхъуащ. И ныбжьыр мэкIуатэ, зэманыр къыпщысхьын уэ! Арами, анэм хигъэзыхьыркъым щIалэр. КъыздекIуэлIэжам пщащэ щIыкIафIэхэр щымащIэкъым, нарт хъыджэбзхэр дахащэщ, Iущщ, гъэсащ. Зэ мыхъуми зэ зыгуэр и нэ къыфIэнэнкъэ… Мыдэ зэ цIыхухэм яхыхьэ хъуарэт, жэщищ-махуищкIэ екIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ джэгухэмрэ кIуэуэ къиубларэт!
  • Алэдамэ хуэмейуэ аратэкъым, Гуащэнагъуэ зэрыщIэхъуэпсым хуэдэу, унагъуэу тIысыжыну, и анэр арэзы ищIыну. Ауэ абы и гур гъущI кIапсэкIэ зэщIапхам хуэдэу, зыгуэрым имыутIыпщу иIыгът. Сыт ар? И лъагъуныгъэ мыужьыхарэ хьэмэрэ губгъэн?! Псори фIыт, и анэри псэут, ауэ зыгуэр къыхуэтт щIалэм. Абы и гур ныкъуэт, зищIысыр езы дыдэм къыгурымыIуэжу. Зэса щIыналъэ жыжьэм хуэпабгъэрэ? КъыздекIуэлIэжар къыгурымыIуащэрэ, зыхимыщIэрэ, хэмызэгъэжрэ?! Иджыри ищIэркъым, ауэ и гур нэщIщ. НэщIыпсщ. Ар зэригъэнщIыжын гуэру къыщIэкIынт зылъыхъуэри. ЗекIуэ йожьэ щIэх-щIэхыурэ, Iэшэлъашэр зрегъэцIыхуж, къэралыкумкIэ кIуэцIрокI. Ауэ зыми тригъэгупсысыкIыфыркъым и бгъэр зыкъуз, мывэ тыкъыру пщэм къыщIэгъуалъхьэ губгъэным.
  • Дауэ мыхъуами, Алэдамэ и блэкIам хьэлъкъ етыжауэ бжэ зэхуэщIащ. Ар хуейкъым и гущIэр къизылъэсыкIа Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыну. И анэм фIыщIэ хуещI лейуэ къызэрыпкърымыупщIыхьым щхьэкIэ. Хьэт къэралыгъуэм иужь дыдэу къыщыхъуа Iуэхугъуэм къыIуригъэупщIыIуэжат Алэдамэ абы зэрыщытыншари, пщIэуэ щиIари.
  • Хуей-хуэмейми, и нэгум къыфIыщIидзэрт фIыщэу илъэгъуа пщащэм и нэ фIыцIэр, иджыри къэс IэгукIэ зыхищIэу къыщыхъурт абы и щIыфэ къамылыфэм и щабагъыр, къилыпщIырт и Iубахъэ пщтырым.
  • … Алэдамэ и щхьэр иутхыпщIащ, мэзыкум щIыхыхьар щызыгъэгъупщэжа гупсысэхэр зыкIэригъэщэщыж нэхъей. Абдежым щIалэм и тхьэкIумэм къицырхъащ жыжьэу къэIу макъ гуэрхэр. Мыщэ?! Зыгуэр мэпапщэ, мэщэIу, мэгурым, хьэкIэкхъуэкIэ гуэри мэпырхъ… Алэдамэ и нэр зэтрипIэри, макъыр къыздиIукIыр къилъыхъуэу зыщIэдэIукIащ. Пырхъыр здэщыIэр щIалэм и сэмэгурабгъумкIэт. А лъэныкъуэмкIэ щIагъуэ зэрыщымыIэр ищIэми, Алэдамэ щIэпхъуащ. Абы къыIурыIуат лъы пщтырым и мэ шыугъэр. Ар хьэкIэкхъуэкIэм илътэкъым. ЦIыхут. Мес, пабжьэр зыгуэрым зэредзэ, гурым макъыр нэхъри къоблагъэ. Алэдамэ жэрыжэм тету и шабзэр зэфIидзэщ, ишэщIри, пабжьэм хэлъащ…
  • УIэгъэ хъуа кхъуэпIащэм и хьэдзитIым лъыр къыпыжу лIы гуэр пэкIэ кърехуэкI. ХьэщхьэрыIуэм пэмылъэщурэ зи псэр пыхуа щакIуэр къамэкIэ абы къыкIуэцIыпыджэну яужь итщ, ауэ и Iэпщэм къару хэлъыжкъыми, кхъуэпIащэм и фэ Iувым пэлъэщыркъым. Алэдамэ шабзэшэр иутIыпщри, кхъуэм и пщэм техуащ. Алъандэрэ щIым хиубэу зыщхьэщытар къигъанэри, шабзэшэр къыздикIа лъэныкъуэмкIэ зричащ абы, Хьэмэзыжьыр къигъэпсалъэу гъуахъуэу. Алэдамэ напIэзыпIэм шабзэр къиузэдыжщ, тришащIэри, гъунэгъу дыдэ къэхъуа мэзыкхъуэм и нэм техуэу еуащ. Къызэмылын дыркъуэ зыгъуэта хьэкIэкхъуэкIэр Алэдамэ и пащхьэ къихуащ, и фIалъэ лъакъуитIыр щIэхури.
  • ЛIыр псэут. Ар кхъуэм зэхикъутат, и Iэ-и лъэр зэхичэтхъати, лъы щIэкIырт. Узым зэщIиубыда цIыхухъум Алэдамэ щхьэщылъэдащ. УIэгъэхэр щыпхыкIын хуейт — языныкъуэм лъыр псыгъуэ цIыкIуу къриутхыкIырт, лъынтхуэхэр зэпичауэ. Ар псэлъэжыфыртэкъым, и макъыр къыхудэшейртэкъым, гурым, хэщэIукI мыхъумэ. Алэдамэ лIым и джанэ кIапэр къыпитхъыурэ лъы къыздриутхыкI и уIэгъэхэр псынщIэу зэщIипхащ. Пшапэр зэхэуэпат, кIыфI хъумэ, лIым зыри хуищIэжыфынутэкъым.
  • Абы фIыуэ ищIэжырт уIэгъэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрагъэхъужым и щэхуу хьэтыпщым дилъэгъуа IэзэкIэри, къыгурыIуащ къупщхьэ къутахэр я пIэм игъэувэжауэ шыгъукIэ зэщIэшхэн зэрыхуейр. Ауэ абы и пэ къихуэу лIыр мэзым щIэхауэ унэ къабзэ гъэIэпхъуэн, и уIэгъэхэр тхьэщIын, дыжын хуейт.
  • ЩIалэм жыг къудамэ зыбжанэ къыгуищIыкIщ, лIым и лъакъуэ, и Iэ къутахэр абыхэм ирипхри, къызэфIэмэха лIышхуэр и дамэм телъу мэзыкум къыхихащ. КIыфI хъуарэ цIыхухэр зэгъэжауэ, Алэдамэ и шыр пщIантIэм къыдэлъэдэжащ.
  • — Уи мастэхэр дэнэ щыIэ, ди анэ? Къэхь псынщIэу! Шылэ Iуданэ, санэху, шыгъу, псы къабзэ… ИIэ, ди анэ, псынщIэу! — хьэлъэ гуэр зэрихьыр къыгурыIуащ анэм, Алэдамэ и бэуэкIэмкIэ.
  • — Сыт къэхъуар, си щIалэ? — щтэIэщтаблэу къыщылъэтащ къуэм пэплъэу щыс анэр.
  • — КхъуэпIащэм ичэтхъауэ мэзым зылI къыщIэсхащ. Уэздыгъэ зытIу пыгъэнэн хуейщ иджыри, зыри слъагъуркъым, — и щхьэцым псы къыпыжрэ нэгум къилъэдэжу пщIэнтIат Алэдамэ.
  • … ЛIым уIэгъэу иIэр Алэдамэ итхъэщIщ, санэхукIэ игъэкъабзэщ, идыжщ, и къупщхьэхэр я пIэм иригъэувэжщ, быдэу зэщIипхэри, шыгъукIэ зэщIишхэжауэ, зэанэзэкъуэр я хьэщIэ мыцIыху мэхам щхьэщытщ. Пщэдджыжьыпэщ. КъуэкIыпIэмкIэ нэхулъэр къыщызэкIэщIетхъ.
  • — ПхузэфIэкIыр пщIащ, Алэдамэ. Иджы Псатхьэм гущIэгъу къыхуищIмэ, псэунщ, — жи Гуащэнагъуэ.
  • — Хущхъуэ зэхэщIэн хуейщ, армыхъумэ плъыржьэрым щIидзэмэ, и узыр узитI ищIынущ, — лIым и Iэпкълъэпкъыр ишытIэурэ ешауэ, Алэдамэ и IитIыр зэщIэкIэзызэрт.
  • — Хэт и адэ, хэт и щхьэгъусэ… Тхьэм ещIэ абы къежьэу унэм щIэсым и гум щыщIэр, — лIы мыцIыхум и унэгуащэр и щхьэ ирилъытауэ, фIэгуэныхьщ Гуащэнагъуэ.
  • — Хъужынщ… Къупщхьэузыр кIэрымыкIыу ирихьэкIынущ и гъащIэр, — хэщэтыкIащ Алэдамэ.
  • — Мэуэтхэр сцIыхужмэ, ар абы и псэм техуэнукъым, си щIалэ. Япэу къэхъей зауэм кIуэнущ, и щхьэр хилъхьэн щхьэкIэ, — щэху дыдэу жеIэри, зеIэт анэм. — Жьэгум пхъэ тIэкIу пэрыздзэнщ.
  • — Зызгъэкъэбзэжынщ сэ, — жиIэу, Алэдамэ щIэкIыпIэмкIэ зыкъыщигъазэм, Удынэ бжэблыпкъым къиуващ, къэхъуар къыгурымыIуэу зиплъыхьу…
  • Гуащэнагъуэ и къуэр къызэрекIуэлIэжрэ, Удынэ и щIэупщIэхэр нэхъ кIащхъэ ищIат. Зэи имыцIыхуа анэм и фэ зриплъ бзылъхугъэм и гур къыхуеIэрт абы, зишыIэми. Ауэ пщэдджыжьыпэм щхьэ къахыхьэн хуей хъуа нэрыбгейр? Дзыхь къыхуимыщIу, къыкIэлъыплърэ?! Алэдамэ къэуIэбжьащ.
  • Адрейхэм зыкIи емыщхь, лIыгъэ, хахуагъэ зыхэлъу фэ зриплъ щIалэ зэпIэзэрытым щыукIытэрт Удынэ. Хэт и гугъэнт псэущхьэу дунейм тетым я нэхъ ерууэ къалъытэ нэрыбгейр къызэрыгуэкI цIыхухъум щыукIытэну?! Нэрыбгейм къыгурыIуэртэкъым апхуэдэу щIыщытыр. Гуащэнагъуэ и къуэ пагафэм гу лъимытэххэ хуэдэт Мэуэтейм цIыхухъуу исым я хъуэпсапIэ бзылъхугъэ дахэм. Къапщтэмэ, адрейхэр хъуапсэнэкIуу къызэреплъым хуэдэу зэи къеплъатэкъым, итIанэми, гурыщIэ мыцIыху гуэрхэр Удынэ и пкъым къыщызэщIэушэрти, абы игъэшынэрт пщащэр.
  • Бын дэзгъуэтарэт жиIэу, игу дыхьэн зылI ирихьэлIакъым ар, зауэлI хахуэ теплъафIэхэр Мэуэтейм щыкуэдми. Ауэ пщащэм нэмыплъ хуэзыщI Алэдамэ хузэфIэкIащ хэку псы Iуфэм къезышэлIэжа кхъуафэжьейм къызэрибэкъукIыу нэрыбгей гущIыIэр мафIэ лыгъейм хидзэну. Удынэ апхуэдизкIэ шынэрт жейм хэту Алэдамэ и цIэр къриIуэу Iуэщхъунуи, зэрымыжеиным яужь итт. Удынэ и гъащIэм зыкъызэридзэкIат, идэ-имыдэми.
  • Иджыпстуи, жэщкIэ зэпщIыхь щIалэм и нэгум щыщIэплъэм, нэрыбгейм и гур щIэпхъуащ, ауэ зэрызыкъримыгъэщIэным яужь иту, и нэщхъыр зэхиукIащ.
  • — Сыт къэхъуар? — къыщIобакъуэ нэрыбгейр.
  • — Мэзым къыщызгъуэтащ мыр… — пIэм хэлъымкIэ и щхьэр ещI Алэдами, лъэныкъуэ зрегъэз, хьэщIэр къыщIигъэхьэу.
  • И фэр пыкIарэ Iупэ щхъуантIэ хъужауэ пIэм иукъуэдия лIым щыIуплъэм, Удынэ къэуIэбжьри, къикIуэтыжащ. Зэм Алэдамэ йоплъ, зэм Гуащэнагъуэ хуоплъэкI. Ину хощэтыкIри, ауэ щыт тетIысхьэпIэм йотIысэх.
  • — Сыт? — пщащэр апхуэдизу зыгъэгузэвамрэ къэзыгъэуIэбжьамрэ къыгурымыIуэу щIоупщIэ Алэдамэ.
  • — Мо уи пIэм хэлъыр пцIыхурэ?
  • — СцIыхукъым. Уэ пцIыхурэ?!
  • — Тыуарщ мыр…
  • Гуащэнагъуэ ар зэрызэхихыу къэскIащ.
  • — … Ди пщырщ, — щэхуу пещэри, и напщIэр еIэт Удынэ.
  • Алэдамэ гъуэлъыпIэмкIэ зригъэзэкIщ, и жьакIэр ирилъэщIэхри, хэщэтыкIащ. Удынэ и щхьэр бжэмкIэ ищIащ, «ныщIэкI» жыхуиIэу.
  • Мэуэтым и щхьэ къезыхьэлIа цIыхум, бийми ныбжьэгъуми, и унэм исыху зыхуей псори хуищIэнущ, пщIэ-нэмыс кIэлъызэрихьэнущ, апхуэдизкIэ пщIэ хуещI хьэщIэми. Гуащэнагъуэ и хьэщIэр уасэншэт, зыми хуэмыдэжу елIэлIэн хуейт, гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэт. Ауэ щыхъум, цIыхубзым шэнтыр гъуэлъыпIэм и гъунэгъуу игъэуври, етIысэхащ.
  • — Уэ умэуэтми, уи гъащIэр ди бий нэхъыщхьэу алыджхэмрэ хамэ лъэпкъхэмрэ щызэхэс щIыналъэм щыпхьащ. Ар цIыхум ящIэ. Армырми дзыхь къыпхуащIыщэркъым, уазэрыхэмыхьэм щхьэкIэ. Иджы ди пщыр мылIэ-мыпсэууэ уи унэ илъщ. Уэри, уи анэри, ар зэзышэлIауэ щыта дэри жэуапым драшэлIэнущ, — къытехьащ Удынэ, и нэм хъуаскIэр къыщIидзу.
  • — Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр? — пщащэм и ткIиягъым щыгъуазэми, Алэдамэ и псэм хутегъэхуакъым Удынэ дзыхьмыщIу къызэреплъыр.
  • — Псори зэрыщытам хуэдэу къызжеIэж, зы псалъэ умыбзыщIу! Хьэдэгъуэдахэ къыщыхъуащ къэралыгъуэм. Iуэхум и пэжыпIэр къатIэщIыну яужь ихьэмэ, сыкъыпщхьэщыжыфынукъым, — нэхъри и макъым зригъэIэтащ нэрыбгейм.
  • И гум дыхьа цIыхухъу закъуэм лей къылъысынкIэ шынэрти, Удынэ хуейт щIалэр хейуэ къыщIэкIыну.
  • — СыпщыукIыу гурыщхъуэ къысхуэпщIу ара? — и нэщхъыр зэхиукIэри, губжьа плъыртетым и нащхъуэм щIэплъащ Алэдамэ.
  • — АтIэ сыт си гугъэн хуейр? Сэ сыхъумакIуэщ. Си пщым сытеплъэкъукIауэ къыщIокI, ар мылIэ-мыпсэууэ уи пIэм щиукъуэдиякIэ! — Удынэ къыщитхъыным зымащIэт иIэжыр.
  • Ар хуейтэкъым гухэлъ зыхуищIа цIыхухъум и щхьэр щIыфIахын щхьэусыгъуэ къылъыкъуэкIыну.
  • Алэдамэ абы зыри пидзыжакъым, и пэр зэIыкIыу къытехьами. Нэрыбгейр къыщинэри, унэмкIэ иунэтIащ.
  • — Дэнэ укIуэрэ? Зыри къызжепIэнукъэ?! — кIэлъыджащ абы Удынэ.
  • — Япэрауэ, уэ узиунафэщIкъым, уплъыртетми, — къигъэзэжри, нэрыбгейм бгъэдэкIуэтащ Алэдамэ. — ЕтIуанэрауэ, зыгуэр сукIыну яужь сихьатэмэ, ар щызукIам деж и хьэдэр къыщызнэжынут, си унэм къэзмыхьу.
  • Алэдамэ къызэкIуэкIат, бзылъхугъэм апхуэдэ гурыщхъуэ икIагъэ къызэрыхуищIам щхьэкIэ. ЩIалэр щыпапщэкIэ, гъуэзыр Удынэ и нэгум жьэхихуэу, гъунэгъу дыдэу бгъэдэкIуэтати, пщащэр абы и нэм щIэмыплъэфу и напIэр иридзыхащ. ЦIыхухъу губжьауэ бауэ-бапщэм и бгъэ лъагэр дэкIуейуэрэ зэрехыжым еплъу щытт Удынэ, зыхуэмыгъэхъейуэ. Ар Алэдамэ щыукIытэрэ щышынэрэ къыпхуэщIэркъым. Къызэрилъам, зэрызыхуэмышыIам, бзылъхугъэр зэригъэшынам теукIытыхьыжат щIалэри, и пащхьэ къит тхьэIухудым и щхьэц Iувым къыпих мэ IэфIыр къыIурыуарэ, къэзыгъэгубжьа Iуэхугъуэм тригъэгупсысыкIыжу.
  • — Сыт къэхъуар, Алэдамэ? — и щхьэр зэрехьэхам хуэдэу, щэху дыдэу щIэупщIащ Удынэ.
  • Хэт илъэгъуат щхьэщэмыщI нэрыбгейм и щхьэр ехьэхауэ?! Езы дыдэм гу зылъитэжу пIэрэ, и напIэр едзыхауэ цIыхухъу и пащхьэ зэритыр?
  • — Нэшэс! — апхуэдэ дыдэу щэхуу пидзыжащ абы щIалэм, и губжьыр Iупсым щIыгъуу иригъэхри. — НакIуэ къалащхьэм, Гуащэм сыхуэгъазэ.
  • Сыт ар зищIысыр? ЛIо иджыпсту къэхъуар? ЦIыхуитIым я зэхуаку зыгуэр къыщызэщIэлыдащ, къыщыуащ, зым адрейм гу лъригъатэу, зэришалIэу, я нэр зэхуихьу, я дунейр зэжьэхигъауэу.
  • ЦIыху гъэунэхупIэм ихуащи, щхьэж сыт ищIысми зэхэкIынщ дяпэкIэ…
  • ПСЫ Iуфэм къыщхьэщыт Iуащхьэхэм еубгъуэкIат Аскъалэр. Языныкъуэ Iуащхьэ задэхэм тращIыхьа псэупIэхэм унэсын папщIэ гугъу уехьын хуейт. Хьэтуссэ и уэрам Iэхуитлъэхуитхэм ягъэфIа щIалэм фIыуэ ищIэжырт ар. Мэуэтейм и лъагъуэ нэшэкъашэхэр хамэм къегугъуэкIми, езы мэуэтхэм куэду къахуэсэбэпырт Iуащхьэ задэхэм зэрытесыр. Псом япэрауэ, щэхуу къебгъэрыкIуа бийр иджыри жыжьэ дыдэ щыIэу къахутэрт. ЩIэплъыпIэмкIэ дыгъэр щетIысэхыжым нэс зэрыщыту уи Iэгум илъым хуэдэу уолъагъу. Алэдамэ щыцIыкIум щыгъуэ, и лъакъуэхэр быдэ, жэр ищIын папщIэ, и вакъуэ адэм куэдрэ къыщригъэжыхьырт а къуакIэбгыкIэхэм. Мис, иджыпстуи, ар докIуей Iуащхьэм, тенджызым щIэх-щIэхыурэ къыхуеплъэкIыу. Мэуэт гуащэм деж макIуэ, пщым къыщыщIар хуиIуэтэну. И псалъэм шэч къытрахьэмэ, а Iуащхьэм псэууэ къызэремыхыжынури фIы дыдэу ещIэ Алэдамэ. Езым и закъуэкъым а Iуэхум зи щхьэ хэзылъхьэнкIэ хъунур. Аращи, шыIэныгъэрэ акъылрэ хэлъу псэлъэн хуейщ, лей къатемыхьэн папщIэ.
  • — Сэ япэ сигъэщ, уэ укъацIыхуркъым абыхэм, — щIалэм и ижьырабгъуу къакIуэ бзылъхугъэр япэ ищащ.
  • Алэдамэ щыму хуеплъэкIащ абы, и напщIэ лъэныкъуэр иIэтри. ЩIалэм иджыри къэс хузэхуэгъэхъуртэкъым Iэщэ-фащэкIэ хуэпа фызшу унафэщIхэр, дзэзешэхэр мэуэтхэм къазэрыхэпшэхъуа щIыкIэр. Алэдамэ зэрыщыгъуазэмкIэ, нэрыбгейхэр къэралыгъуэ щхьэхуэу Насып Iуащхьэ и Iэшэлъашэм, къуэкIыпIэмкIэ щопсэу, цIыхухъу зыхамыгъэхьэу. ЗауэлI хъыжьэхэм зыкIи къакIэрымыхуу дзэзешэ лъэрызехьэхэр, шабзауэ Iэзэхэр яхэтщ нэжьгъущIыдзэм, джатэри лъэщу ягъэIэрыхуэ, шуудзэ гуащIэщ. Иджы, илъэс мин дэкIыжауэ, бгырыс лъэпкъыр щхьэ къахыхьэн хуей хъуа псы Iуфэм Iус мэуэтхэм? А упщIэм Алэдамэ псэхугъуэ къритыртэкъым. МыхъумыщIагъэ гуэр ягу илъу къыщыхъурти, дзыхь яхуищIыртэкъым.
  • Хьэргъэшыргъэ къыхэмыкIыу Iуэхур мыужьыхынкIэ зэрыхъунур быдэу ящIэри, Алэдамэрэ Удынэрэ   ящIыгъущ нэрыбгей гуп. Ахэр сытми хуэхьэзырщ, къикIуэти ящIэркъым.
  • — Фыз кIэкъуащIэм сыкъыкъуэплъу сесакъым, — шым елъэдэкъауэри, бзылъхугъэм япэ ищыжащ Алэдамэ.
  • — Сэ сыфызкъым! — и нащхъуэм уафэхъуэпскIыр къыщIидзу щIалэм къыхуоплъэкI Удынэ.
  • — АтIэ, ухэт?! — подыхьэшхыкI Алэдамэ.
  • Езы Алэдами къыгурыIуэжыртэкъым бзылъхугъэм щIехъурджауэр, щIыщIэнакIэр. ЩIалэр къызэрекIуэлIэжрэ зрихьэлIа бзылъхугъэхэм ящыщу зэуэршэрылIэр Удынэ и закъуэт. Ари Гуащэнагъуэ деж лъагъунлъагъу къыщыкIуэ закъуэтIакъуэхэм, зэрызиIэжьэ тIэкIум къриубыдэу зэпадзIа мыхъумэ, нэхъыбэу зэжьэхэуэркъым. Мэуэтхэр нэрыбгейхэм есэжами, жыжьэу къапекIуэкIмэ, лейуэ зэлъэмыIэсмэ нэхъ къащтэ. Алэдамэ аракъым. Абы къыфIэIуэхукъым ахэр зэрылIыукI Iэзэр. Иджыпстуи щIалэр нэгъуэщIынэкIэщ къыбгъурыт нэрыбгейм зэреплъыр — ар дахагъэм, лъхуэн-пIэным, жьэгур хъумэным къыхуигъэщIа бзылъхугъэ зэкIужщ, тхьэIухудщ. Ауэ лIыукIкъым, ябгэкъым, залымкъым!
  •  
  • Псалъэгъэнахуэ
  • Къэлъхъей — Колхида, современная Абхазия
  • Маитэ — национальный орнамент по металлу
  • Тэджэлей — рубаха под кольчугу
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ)