Адэжь хэкум и хьэщIэ лъапIэхэр
2019-08-08
- Налшык щыIэ «Долинск» зыгъэпсэхупIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Иордание, Тырку, Израиль къэралхэм, ди гъунэгъу Ставрополь щIыналъэм щыщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр къегъэблэгъэным теухуа зэхыхьэ.
- — Си гуапэщ нобэ гуп дахэу дызэрызэхуэсар. Илъэс зыбжанэ хъуауэ дызэхохьэ мыпхуэдэу, ди лъэпкъэгъу сабийхэр Хэкум къыдошэжри зыдогъэгъэпсэху, я нэгу зыдогъэужь. АдэкIи мы IуэхуфIым къыпытщэну ди мурадщ. «Фыкъеблэгъэж» нывжызоIэ, — захуигъэзащ хьэщIэхэм КъБР-м и граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор.
- Утыкум кърагъэблэгъащ хамэ къэралхэм къикIахэм я тхьэмадэхэр. Абыхэм жаIащ Хэкум къихьэжыну зэрагуапэр, щIэблэм хабзэр, бзэр зэрахьэным мыпхуэдэ IуэхуфIхэр и псыпэхэшу къызэралъытэр.
- — Дыкъызэревгъэблэгъар егъэлеяуэ ди гуапэ хъуащ, дыкъыфхуэпIащIэуи гъуэгу дыкъытехьащ. Ди щIалэгъуалэм сахоплъэри, сигу хохъуэ. Ахэращ дэ нэхъыбэу гулъытэ зэттын хуейр лъэпкъыу зытхъумэжыным теухуауэ. Мы зэIущIэри абы хухэха Iуэху дахащэри, къызэзыгъэпэщахэр Тхьэм фигъэпсэу! — жиIащ Тыркум къикIа гупым я пашэ Ииних Фикрэт.
- — Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыбгъэдэкIыу, Налшык къалэ Хасэм къабгъэдэкIыу фIэхъус гуапэ фызох. Хэкум щывгъэкIуэну махуэхэр гукъинэж фщыхъуну, вгъэзэжа нэужь къыфIущIэнухэм мыбы дахагъэу щыфлъагъумкIэ фадэгуэшэжыну, ахэри мыбыкIэ къэвгъэхъуэпсэну дыфщогугъри, Тхьэм псоми къыдигъэхъулIэ, — жиIащ НафIэдз Мухьэмэд.
- Iуэхур макъамэрэ къафэкIэ ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, ДыщэкI Артур, ХьэхъупащIэ ФатIимэ, Гергокаевэ Хьэлимэт, «Бзэрабзэ» уэрэджыIакIуэ, «Шагъдий» къэфакIуэ гупхэм.
- Зэхыхьэм и кIэухым хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ зэщIыгъуу сурэт зытрагъэхащ.
- УЭРКЪ Жыраслъэн.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.