Гъуэгухэр зэрагъэпэщыж
2019-07-30
- Старэ Шэрэджымрэ Котляревскэмрэ якудэлъ гъуэгур зэрагъэпэщыж.
- Гъуэгум кумблIэмб куэд игъуэтат, транспортзехуэхэр гугъу иригъэхьу. Фэбжь къыхэкIынкIэ шынагъуэу, абыхэм къыпакIухьын хуей хъурт, щыуэлбанэм шэдылъэ зэрыхъум нэхъри, гугъу иригъэхьырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу хозяйствэмрэ «Автомост-строй» IуэхущIапIэмрэ зэкъуэту ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжыным иужь ихьащ. Асфальтыр щытелэжьыкIа щIыпIэхэр метр бжыгъэкIэ къытрагъэкъэбзыкIри, щIэуэ тралъхьэж.
- Гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, гъуэгу дамыгъэхэри къагъэщIэрэщIэжынущ, гъуэгубгъу бетон IулэжьыкIахэри зэрахъуэкIынущ.
- Старэ Шэрэдж — Котляревскэ гъуэгур яфIэтын-шу къагъэсэбэп Аруан, Прохладнэ, Май щIыналъэхэм щыпсэухэм. Лэжьыгъэм йопIэщIэкI, фокIадэм и кIэм ар яухын хуейуэ я къалэнщ.
- Шэрэдж Дисэ.