ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дызэкъуэтмэ,  дызыпэмылъэщын  Iуэху  щыIэкъым

2019-07-16

  • Ди газетым зэрытетащи, бадзэуэгъуэм и 5 — 6-хэм Черкесск къалэ щызэхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэ. Абы кърихьэлIат хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр, хасэ тхьэмадэхэр, лъэпкъ Iуэхум гуузлыуз хузиIэхэр.

  • Къалмыкъ Юрий и фэеплъым деж.

  • КъШР-м и премьер-министр Уэз Аслъэнрэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ.

  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и псалъэ.

  • Уэхъутэ Александррэ профессор Яир Ауронрэ.

  • Тхьэухъуэ Зухьер (Израиль) жиIэн и куэдщ.

  • ГъэзэщIакIуэ гупым я лэжьыгъэм щIадзэн ипэ къихуэу ахэр щыIащ ДАХ-м и япэ тхьэмадэу щыта, лъэпкъым къалэнышхуэ хуэзыщIа Къалмыкъ Юрэрэ къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, генерал-лейтенат Хъупсырокъуэ Назиррэ я фэеплъу Черкесск дэтхэм деж. ЛIыкIуэхэм фэеплъхэм удз гъэгъахэр тралъхьэри, нэхъыжь Iумахуэхэм къагъэна Iэужь дахэр, абыхэм лъэпкъым хуащIа лэжьыгъэ иныр ягу къагъэкIыжащ.
  • КъШР-м и премьер-министр Уэз Аслъэн, КъШР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Астэжь Франческэ, Хьэбэз щIыналъэм и тхьэмадэ ЩакIуэ Руслан, УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым Къэрэшей- Шэрджэсым егъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ясько Юрий сымэ хэтащ ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсым.
  • ЗэIущIэм и пэщIэдзэм КъШР-м и Iэтащхьэм, Правительствэм къыбгъэдэкIыу Уэз Аслъэн хьэщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ.
  • — Нобэрей зэIущIэм къыщащтэну унафэхэмрэ Iуэху еплъыкIэ щхьэпэхэмрэ нэрылъагъу тхуэхъуну, лъэпкъ Iуэхур езыгъэфIэкIуэн куэд къыфхэкIыну си гуапэщ. Сыхуейт ди республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид зыкъызэрыфхуигъэза псалъэм сыкъыфхуеджэну.
  • «Къэрэшей-Шэрджэсым ис лъэпкъхэм, сэ езым къызбгъэдэкIыу ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым фIэхъус гуапэ фызох! Къэралми ди республикэми лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI ди цIыхухэр къызыхэкIа лъэпкъхэм иригушхуэу къэгъуэгурыкIуэным ехьэлIауэ, я анэдэлъхубзэр, хабзэр, хъумэным гулъытэ хэха хуащI. Мыбдеж мыхьэнэшхуэ иIэщ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэным, псом хуэмыдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Лъэпкъ зэгурыIуэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм тегъэщIауэ лажьэ ДАХ-м лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. Узэкъуэтмэ-улъэщщ. Зэманым, цIыху щхьэхуэхэм къытхуагъэув лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ зэгъусэу дапэщIэтын хуейщ. Ди адэжьхэм я деж къыщежьа зэкъуэтыныгъэр дгъэпэжмэ, лъэпкъ къэс и щхьэ ихъумэжыфыным и мызакъуэу, ипэкIэ дыкIуэтэну нэхъ тынш хъунущ.
  • ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым я лэжьыгъэр къехъулIэну, я пщэм дэлъ къалэныр ехъулIэу зэфIахыну си гуапэщ».
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр ефIэкIуэну Ясько Юрий захуигъэзащ къызэхуэсахэм.
  • Лъэпкъым и Iуэху пэрытхэр дэгъэкIыным ехьэлIауэ зэхыхьэм упщIэ зыбжанэ къыщаIэтащ, псалъэмакъ щхьэпэхэри щрагъэкIуэкIащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къызэIуихри, мы зэхыхьэм зытепсэлъыхьыну яубзыхуа Iуэхугъуэхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ.
  • Къэрэшей-Шэрджэсым и «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий псалъэ ирата иужь, 2019 гъэм и япэ мазихым я хасэм ищIахэмрэ зэфIигъэкIахэмрэ утыку кърихьащ.
  • Бырсекъуэ Орфан(Сирие)

  • Сохъут Аскэр(Краснодар)

  • Уэлджыр Оксанэ(Германие)

  • Къудей Аслъэн(Къэбэрдей Шууей Хасэ)

  • Iэдэмокъуэ Альберт(КъШР)

  • — Хуабжьу ди гуапэщ адыгэ Iуэху зезыхьэ хьэщIэ гуп къызэрытхуеблэгъар. Шэрджэс Хасэр республикэм къыщаIэт лъэпкъ Iуэхухэм, зэхыхьэхэм дыхэтщ, ди гупсысэр зэIущIэхэм къыщыдогъэлъагъуэ. Дэ къызэдгъэпэщ зэхыхьэхэри мащIэкъым. Лъэпкъым, бзэм, тхыдэм зи цIэр къыхэщ ди нэхъыжьыфIхэр къыщалъхуа махуэхэр гулъытэншэ тщIыркъым. КъШР-м къыщызэрагъэпэщ пшыхьхэм, зэпеуэхэм, бзэм, хабзэм, тхыдэм хуэгъэпса дауэдапщэхэм дыхэтщ. Бзэр щIэблэм Iузылъхьэ егъэджакIуэхэри дгъэлъапIэ, гулъытэ яхуэтщI зэпытщ. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым къытщIэувэ щIэблэм къызэрагъэпэща ЩIалэгъуалэ хасэм и лэжьэкIэм, абы къиIэт Iуэхухэм, кIэщIущу лъэпкъ Iуэхум зэрыхэтым, абы и пщэдейм зэригъэгузавэм. 2019 гъэм, адыгэ тхыбзэм и махуэм, фестиваль гъэщIэгъуэн къызэдгъэпэщат, абы къыкIэлъыкIуэу Адыгэ ныпым и махуэри дахэу дгъэлъэпIащ. Щыгъуэ-щIэж махуэм, илъэс къэси хуэдэу, зэгъусэу, тхыдэ напэкIуэцI гуауэр дигу къэдгъэкIыжри, ди адэжьхэм я щхьэ кърикIуам дыхуэщыгъуащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт: Къэрэшей — Шэрджэсым и адыгэ къуажэ къэси Урыс-Кавказ зауэм и фэеплъ дэтхэм, накъыгъэм и 21-м жылэдэсхэм Iэ далъэну зэрызэхуэсыр, абдеж, блэкIар ягу къагъэкIыжым и мызакъуэу, лъэпкъым и къэкIуэнур егъэфIэкIуа зэрыхъуну Iэмалхэм щытопсэлъыхь.
  • Дызэрыт гъэм ди деж щыхьэщIащ адыгэм ди тхыдэр, псэукIэр къызэрымыкIуэу зыфIэгъэщIэгъуэн, дэ къыдэхьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зылэжь, зэрылъэпкъыу ди ныбжьэгъуфI Осташкэ Андрей. Абы къыхузэдгъэпэща конференц иным Адыгэхэм теухуа альманахым лъэтеувэ щыхуэтщIащ.
  • ЩIалэгъуалэр зэрыбуунэтIым куэд зэрелъытар хэт зымыщIэр?! А Iуэхум жыджэру телажьэхэм ящыщщ «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэр. Зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа адыгэ щIалэгъуалэр КъШР-м къешэри щIыпIэ дахэхэм зыщрегъэплъыхь. Дэри абыхэм защIыдогъакъуэ.
  • Анэдэлъхубзэр хъумэным, ар щIэблэм яIурылъхьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, зэманым къигъэув лъэпощхьэпохэм щытепсэлъыхь зэIущIэхэр мызэ-мытIэу зэхэтшащ. ИужькIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм дригъэблагъэри, бзэм ехьэлIауэ диIэ гукъеуэхэм, хэкIыпIэу къэтлъытэхэм едэIуащ. Абы яужькIэ министерствэм я лIыкIуэхэр курыт еджапIэхэм кIуэурэ, бзэр джыным и IуэхукIэ, абы щыIэ щытыкIэхэмрэ гугъуехьхэмрэ зрагъэщIащ.
  • Шапсыгъым и лIыкIуэхэр.

  • «Шэрджэс Шууей Хасэм къыбгъэдэкIыу Тхьэпщыкъуэ Альберт къыхелъхьэ»

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр.

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыр мэлажьэ. Черкесск къалэ, 2019 гъэ, бадзэуэгъуэм и 6

  • КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министервствэм тхухиха грантымкIэ адыгэ фестиваль гъэщIэгъуэн къызэдгъэпэщащ. Щхьэхуэу и гугъу сщIыну сыхуейт жылагъуэ зэгухьэныгъэм къегъэщIылIауэ лажьэ «Адыгэбзэ хасэм» къыхилъхьэхэм. Псалъэм папщIэ, ныбжьыщIэхэм я «Джэгурэш» зэпеуэм ди сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну хэтщ. Я къэухьым зегъэужьынымкIэ, акъыл жану къэхъунымкIэ, къызыхэкIам фIылъагъуныгъэ хуащIынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ апхуэдэ зэпеуэхэм. КъищынэмыщIауэ, дэ дыдолажьэ Шууей хасэми. Адыгэшыр хъумэным, ар нэхъыбэм къегъэцIыхунымкIэ, а шы лъэпкъыр и фIыпIэхэр хэIущIыIу щIынымкIэ Iуэхухэр зэфIыдох. Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым ди щIалэхэм шы зиIэмрэ фащэ зиIэмрэ я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр. Ар и щыхьэтщ зэгуэрым дызыгъэгузавэу щыта лъэпкъ гупсысэр щIалэгъуалэм я деж къызэрыщыушым. Къалэн, мурад ди бэщ, ахэр гъащIэм хэпщэнымкIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым, — жиIащ Аслъэным.
  • АдэкIэ псалъэмакъым къыпызыща Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м и лэжьыгъэм Шэрджэс хасэр жыджэру зэрыхэтыр, сыт хуэдэ Iуэхури екIуу зэрызэфIихыр къыхигъэщащ.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыр зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ УФ-м къэрал щIыб IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей мылъку къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм зэраIущIам. А зэIущIэм ДАХ-м дежкIэ нэхъыщхьэу щыжаIахэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ а зэхыхьэм хэта Сэхъурокъуэ Хьэутий.
  • Къэралым мин бжыгъэкIэ щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщу а зэIущIэм ирагъэблэгъар 78-рэ къудейт. Урысей Федерацэм и Президентым и Администрацэм, Правительствэм, УФ-м и Президентым и фондым я лIыкIуэхэр, Стратегическэ къэхутэныгъэхэмкIэ институтым, Хамэ къэралхэм ядэлажьэ институтхэр, щIэныгъэлI, журналист цIэрыIуэхэр щызэхуэсат абы. Къэралым и мурадхэм щыщ куэд а зэIущIэм сэтей къыщащIащ. Ауэ абы щыжаIахэм щыщу нэхъ гулъытэ зыхуэщIыпхъэу ДАХ-м и тхьэмадэм къыхигъэщащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм зэрыдэлажьэмрэ хэкум къэкIуэжахэм я Iуэхур зэрыкIуатэм, а унэтIыныгъэмкIэ зэфIагъэкI лэжьыгъэм хэлъ ныкъусаныгъэмрэ ар зэрыпхуегъэфIэкIуэну Iэмалхэмрэ.
  • — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ нобэкIэ тщIэри тхузэфIэкIри мащIэщ, ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зэрефIэкIуэным нэхъыбэу яужь дитыпхъэщ, сыщогугъ абыкIэ къэралми нэхъыбэу зыкъытщIигъэкIуэну, — къыхигъэщащ Хьэутий.
  • «Хэкум къэкIуэжахэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ ядевгъэкIуэкIрэ? Абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэр тэмэм? Бзэр зэрагъэщIэжынымкIэ сыт хуэдэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтрэ? Я цIыкIухэр сабий садым етыным, курыт еджапIэм щIэгъэтIысхьа хъунымкIэ гугъуехьхэм дауэ пэлъэщрэ? Езы балигъхэм IэщIагъэ зэрагъэгъуэтыжыну яужь ит?» – апхуэдэ упщIэхэр къыщаIэтащ абы. А унэтIыныгъэхэмкIэ ныкъусаныгъэхэр щыIэу къызолъытэри, сыхуейт си къуэдзэхэмрэ хасэ тхьэмадэхэмрэ Iэмалу щыIэм хэплъэну зи гугъу сщIы Iуэхухэр нэхъыфI зэрыхъунум дегупсысыну, хабзэм къыдит Iэмалхэм ипкъ иткIэ, ди лэжьыгъэр едгъэфIэкIуэну, — пищащ Сэхъурокъуэм. –Абы щытепсэлъыхьащ тхыдэр нэпцIу ятхыным пэщIэтыным, щIалэгъуалэм хуэгъэпса лэжьыгъэхэм. БлэкIар зэгъэдзэкIауэ ди пащхьэ къизылъхьэхэр, зи акъыл зэмыпцIа пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ абыкIэ къагъапцIэу гъуэгу нэпцI тезышэр мащIэкъым. ЩIэблэр, лъэпкъыр, ди щхьэхуэныгъэхэр ягъэкIуэдыну щIэхъуэпсу ди яужь итыр куэд мэхъу. Ар ди гум идгъэху хъунукъым.
  • Москва щекIуэкIа зэIущIэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм пщIэ лей къызэрыхуащIыр хьэкъ сщищIащ икIи хуабжьу си гуапэ хъуащ, зэхэщIыкIым къаруушхуэ къыпхелъхьэ, лъэпкъым и дежкIи апхуэдэ зэхэщIыкI дыщиIэну согугъэ, — къыхигъэщащСэхъурокъуэ Хьэутий.
  • ДАХ-м щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей, Шапсыгъ Адыгэ Хасэхэм ирагъэкIуэкIа зэхуэсышхуэхэмрэ хэхыныгъэхэмрэ къарикIуахэм.
  • КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къэпсэлъэныгъэм и пэщIэдзэм къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ профессор Аурон Яир я пашэу Израилым къикIа кинематографист гупыр. Абыхэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Беслъэней къуажэм дэса адыгэ унагъуэхэм Ленинград щыщ журт сабий 32-рэ кърагъэлауэ зэрыщытам теухуауэ фильм трахыу КъШР-м щыIэти, ДАХ-м и зэIущIэм къекIуэлIауэ арат. А Iуэхур къызэригъэпэщат Урысейм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр.
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гугъу ищIащ накъыгъэм и 31-м Налшык къалэ щекIуэкIа зэIущIэшхуэм. КъАХ-м и лэжьыгъэр, IуэхущIафэр, мурадхэр кIэщIу абы къигъэлъэгъуащ. Мухьэмэд и псалъэхэм къыпищащ КIэкIыхъу Мэжид.
  • ХьэфIыцIэмрэ КIэкIыхъумрэ я къэпсэлъэныгъэр къызэщIикъуэжу Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ езыр а зэIущIэшхуэхэм зэрыхэтар, тIуми лIыкIуэхэр къахуэарэзыуэ хасэ тхьэмадэу зэрыхахыжар.
  • — Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым апхуэдиз илъэскIэ хасэ тхьэмадэу щытахэм дзыхь къыхуащIу, къыкIэлъыкIуэ пIалъэми лэжьэну къызэрыхуагъэфэщар. Ар и щыхьэтщ Мухьэмэдрэ Мэжидрэ зэфIагъэкI Iуэху инхэм. Я лэжьыгъэр адэкIи ирагъэфIэкIуэну, нэхъыфIыж ящIыну си гуапэщ, — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
  • Политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум хуэгъэпса дауэдапщэхэм теухуауэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщыпсалъэм, Къалмыкъым и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и зы номер къызэрыдагъэкIар жиIащ. Тхылъ ягъэхьэзыращи, илъэсым и кIэ хъухукIэ дунейм къытрагъэхьэну я мурадщ. ХьэфIыцIэм къыхигъэщащ нобэкIэ Къалмыкъ Юрэ и цIэр ирыраIуэу КъБР-м щащIар мащIэ дыдэу къызэрилъытэр, ауэ къэна илъэс ныкъуэм а Iуэхур зэрагъэзэхуэжыну зэрыщыгугъыр.
  • «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ЛIымыщокъуэ Рэмэзан а Iуэхум ехьэлIауэ Адыгейм щызэфIагъэкIахэм тепсэлъыхьа иужькIэ, къыхигъэщащ а лIы щэджащэм и цIэр Мейкъуапэ и уэрамхэм я зым фIащыну Урысейм и юристхэм я ассоциацэм зэрызыхуагъэзар.
  • ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэу Бэгъущэ Алий, Къэзанокъуэ Мурат, Борэ Эльдар сымэ ЩIалэгъуалэм я IуэхумкIэ, спортым, туризмэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ ДАХ-м и къудамэм и лэжьыгъэмрэ мурадхэмрэ тепсэлъыхьащ.
  • Апхуэдэуи зэIущIэм къыщызэдащтащ фокIадэм и 20-м Адыгэхэм (Шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэр Урысей Федерацэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм зэрыщагъэлъэпIэнум хуэгъэпса планыр. Абы ипкъ иткIэ, «Иужьрей илъэс 1000 псэуа адыгэ цIэрыIуэхэр», «Адыгэхэр: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей», адыгэ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсауэ «Тхыдэм и напэкIуэцIхэр» фIэщыгъэм щIэт тхылъ-сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр зэхэтынущ, «Адыгэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу», «Дэ куэд щIауэ шэрджэскIэ къыдоджэ», «Адыгэхэр: дыгъуасэ, нобэ пщэдей» рубрикэхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къыщызэIуахынущ. Адыгэхэм я дунейпсо махуэм теухуа гуфIэгъуэ пшыхьхэр Налшык, нэгъуэщI къалэхэми, къуажэхэми щызэхашэнущ. Хабзэ зэрыхъуауэ, «Адыгэ псалъэ» (Налшык), «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Шэрджэс хэку» (Черкесск), «Шапсыгъ» (Лазаревский) газетхэм я номер зэгуэт къыдагъэкIынущ, Адыгэхэм я дунейпсо махуэр ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ, лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI дауэдапщэ куэди къыщыхьащ абы.
  • Шууей хасэм и тхьэмадэ Къудей Аслъэн къыхилъхьэри, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым Къэбэрдей шы лъэпкъым и махуэр, Адыгэхэм я дунейпсо махуэм дэщIымыгъуу, щхьэхуэу — жэпуэгъуэм и япэ щэбэтым ягъэлъэпIэну ягъэуващ. Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыхагъэщащ къэбэрдей шы лъэпкъыр адыгэхэм ейуэ гъэувыным и IуэхукIэ ЮНЕСКО-м тхылъымпIэхэр зэрагъэхьар, а Iуэхум жыджэру яужь зэритым.
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм захуигъэзащ Адыгэхэм (Шэрджэсхэм) я махуэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэу, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ я лъэпкъ махуэшхуэу ягъэувыну я тхьэмадэхэм лъэIу тхылъ хуагъэхьыну.
  • ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан и гугъу ищIащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIалэгъуалэр Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2019 гъэм щIэгъэтIысхьэным и Iуэхур зэрыкIуатэм. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, хамэ къэрал щыщ ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэу Адыгей къэрал университетым цIыху 36-рэ, КъБКъУ-м 74-рэ щоджэ. Дызэрыт илъэсым Адыгейм Сирием щыщу цIыхуих, Иорданием щыщу блы, КъБКъУ-м Сирием щыщу щым, Иорданием щыщу плIым, Тыркум цIыхуитI щIэтIысхьэну я тхылъхэр къагъэхьащ. Псори зэхэту цIыху 22-рэщ хэкум еджапIэ къэкIуэну зезыгъэтхар, ауэ иджыри зэман щыIэщи, а бжыгъэр нэхъыбэ хъуну щогугъ.
  • ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Бабыгу Эргун (Тырку) къигъэлъэгъуащ адэжь хэкум и университетхэм кърат тIысыпIэхэм щIагъэтIысхьэн зэрамыгъуэтыр, къакIуэхэм я нэхъыбэр хэмызагъэу, къамыухауэ ягъэзэжын хуей зэрыхъур. Абы къыхэкIыу Бабыгум къыхилъхьащ Налшык, Мейкъуапэ еджапIэ къакIуэхэр гъащIэм хэгъэзэгъэнымкIэ кIэлъыплъакIуэ гуп къызэгъэпэщын хуейуэ къызэрилъытэр.
  • КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м и сабий зыгъэпсэхупIэхэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр къегъэблэгъэным ехьэлIауэ ящIэхэмрэ ялэжьхэмрэ и IуэхукIэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым щыщу Бабыгу Эргунрэ Тхьэухъуэ Зухьеррэ (Израиль) къэпсэлъащ.
  • ДАХ-м и Хасащхьэм хэт Сэхъут Аскэр зэIущIэм щыжиIащ Сирием щекIуэкIа зауэм я щхьэр къыхахыу хэкум къэкIуэжа адыгэхэм ящыщу Урысей Федерацэм и паспорт зрамыта иджыри зэрыщыIэр (нэхъыбэу нэхъыжьхэращ). А къэнахэм нэхъ тыншу я Iуэхур зэфIэкIын папщIэ хэкIыпIэу къилъытэхэри къигъэлъэгъуащ. Апхуэдэуи Сэхъутым утыку кърихьащ щIэныгъэлIхэмрэ тхыдэджхэмрэ елэжьауэ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэ егъэкIуэкIуэкIыкIэм и проектыр. Абы жиIащ хабзэм къемызэгъ куэд иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэм хэгъэкIынымкIэ а проектыр щхьэпэну, ар адыгэр щыпсэу щIыпIэхэм, къэралхэм щыхэплъэрэ къызэдащтэмэ, лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэху ину къызэрилъытэр.
  • ЩIэныгъэлI цIэрыIуэхэу, адыгэ щIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зыгъэзэщIа КIуэкIуэ Жэмэлдинрэ МэрэтыкъуэКъасымрэ гъэ къакIуэ илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъум ирихьэлIэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жьауэ щIэту ныбжьыщIэхэм я деж зэпеуэ къыщызэрагъэпэщыну ДАХ-м бзэм елэжь и къудамэм и цIэкIэ Табыщ Мурат къыхилъхьащ.
  • — ЩIыпIэцIэхэм щыщу иджыри зэхуэдмыхьэсыфа, къэдмыхутэфа щыIэмэ, абыхэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэ ныбжьыщIэхэм едгъэщIыну сыхуейт. ЩIэблэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм дедгъэхьэхым и мызакъуэу, тхыдэми нэхъ куууэ зыщагъэгъуэзэнымкIэ, анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъунымкIэ щхьэпэну къызолъытэ, — пищащ Табыщым.
  • Теркъул Мухьэмэд (Черкесск) къыхилъхьэри, Дунейпсо Адыгэ Хасэм ЭтикэмкIэ и комитет къызэрагъэпэщыну ГъэзэщIакIуэ гупым къызэдащтащ.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэр Iуэху дахэкIэ яухыжащ. Хасэм и лэжьыгъэм, адыгэ Iуэхум илъэс куэд щIауэ хэлэжьыхьхэу МэшхуэфI Нэждэтрэ Iэдэмокъуэ Альбертрэ ДАХ-м и щIыхь тхылърэ медалрэ хуагъэфэщащ.
  • ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхыхьэм зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм ятеухуа унафэхэр IэIэткIэ къащтащ, икIи къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр фокIадэ мазэм и 19-м Налшык щрагъэкIуэкIыну зэгурыIуащ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Налшык-Черкесск-Налшык.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.