Гъэсэныгъэм и фIыгъэкIэ
2019-07-16
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ «Жемчужина России Эльбрус-2019» зыфIаща зэIущIэр. Абы хыхьэу къызэIуахащ американ сурэтыщI Лихацкая Еленэ и «Ксило-лето» гъэлъэгъуэныгъэр.
- КъБКъУ-м, ХудожествэхэмкIэ Урысей академиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ, хабзэ дахэ хъуауэ Iуащхьэмахуэ и лъапэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэшхуэм зрешалIэ сурэтыщI гъуазджэм и цIыху цIэрыIуэхэр. Абы зыкърагъэхьэлIэ ди къэралым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, профессор Пащты Герман и творческэ лъэщапIэм зыщызыгъэсахэм.
- Мы зэIущIэм къэкIуащ сурэтыщI цIэрыIуэхэу Чаусов Василий, Сахаровэ Еленэ, Дэцырхъуей Рузанэ, и адэм и жэрдэм псори дэзыIыгъ Пащт-Хъан Алим. Саугъэт лъапIэ и егъэджакIуэм къыхуишащ Пащты Герман и гъэсэн, Нью-Джерси щыпсэу Лихоцкая Еленэ. Абы Кавказым къишащ философие гупсысэ куукIэ гъэнщIа, цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я зэхущытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ ксилографие лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
- Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин и псалъэм къыхигъэщащ абыхэм художественнэ мыхьэнэ ин зэраIэр икIи сурэтыщIым фIыщIэ хуищIащ и IэдакъэщIэкIхэр США-м къришу Урысейм къызэришам папщIэ. «Зи гупсысэрэ зи лэжьыгъэрэ зэтеува сурэтыщIым и хъэтIыр умылъэгъункIэ Iэмал иIэкъым, абы хуэдэ дыдэуи Еленэ и щIыбагъым къыдэт и егъэджакIуэм и Iэужьми гу лъумытэу къанэркъым», — къыхигъэщащ министрым, ди республикэм и щэнхабзэ гъащIэм увыпIэ хэха щызубыд гъэлъэгъуэныгъэр къазэрехъулIар зэригуапэри къыщыхэщащ.
- Пащты Герман къыхигъэщхьэхукIащ щэнхабзэм мыхьэнэуэ иIэм нэхърэ мынэхъ мащIэу лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэрылъытэныгъэмрэ ехьэлIа къалэнышхуи гъэлъэгъуэныгъэм зэригъэзащIэр. Красноярск и художественнэ училищэр 1996 гъэм къэзыуха Лихоцкая Еленэ Штат Зэгуэтхэр псэупIэ зэрыхуэхъурэ абы щрихьэкI и жылагъуэ лэжьыгъэмкIэ наIуэ ещI ди къэралым и еджапIэм щекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ абы и IэщIагъэлI гъэсэкIэмрэ, щэн- хабзэмрэ гъуазджэмрэ зэгурыIуэныгъэм, мамырыгъэм я джэлэсу зэрыщы- тыр.
- — Ленэ псэ хьэлэл зиIэ цIыху къабзэщ, унэтIыныгъэ куэдым и къалэмыр щызыгъэунэхуа IэщIагъэлI нэсщ, — жиIащ Герман. — И IэщIагъэм хэлъ щэхухэмкIэ и гуапэу цIыхухэм ядогуашэ. И гъэлъэгъуэныгъэр къиша къудейкIэ зэфIэмыкIыу, зэIущIэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным, егъэкIуэкIыным и къару зэрырихьэлIам папщIэ фIыщIэшхуэ хузощI.
- Апхуэдэуи Пащтым къыхигъэщащ сурэтыщIым и лэжьыгъэ дуней псом щалъэгъуахэм щыщ зыбжанэ университетым тыгъэ зэрыхуищIыр.
- — Хуабжьу си гуапэщ мы Iуэху дахэм сызэрыхэтыр. Ди еджапIэм щылажьэхэми, щеджэхэми, республикэм и хьэщIэхэми Еленэ и тыгъэхэр ялъэгъуну, ди цIыхухэм я щэнхабзэ, псэкупсэ къулеигъэм хагъэхъуэну сыщогугъ. Лихацкая Еленэ, Пащты Герман сымэ хуэдэхэр емызэшыжу зэрылажьэм и фIыгъэкIэ университетым пшыхь гукъинэжхэр щокIуэкIри, тхьэм фигъэпсэу, — жиIащ КъБКъУ-м и ректорым и къуэдзэ Умэт Мурат.
- Еленэ псалъэ щратым къыхигъэщащ лэжьыгъэхэр Кавказым къринэныр ди щIыпIэм и дахагъэмрэ ди цIыхухэм я гуапагъэмрэ зэратхьэкъуам къызэрыхэкIар. «Телъыджэщ уи псэм щыщ Iыхьэ абы хуэныкъуэу къэплъытэхэм къахуэбгъэнэныр, — жиIащ абы. — Университетым и хъугъуэфIыгъуэхэм си IэдакъэщIэкIхэм щыщ зэрыхэлъынур, абыхэм студентхэм я къэухьым зэрызригъэужьынур си гуапэщ».
- «Ксило-лето» гъэлъэгъуэныгъэм иращIэкIа зэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, Пащты Герман къызэхуэсахэм яжриIащ «Жемчужина России Эльбрус-2019» сурэтыщI симпозиумыр бадзэуэгъуэм и 14 пщIондэ зэрыщыIэнур, мастер-классхэм здыщIэсым, дунейм и дахагъэм здыхэплъэм, кIуэрыкIуэм тету, жыхуаIэм хуэдэу ящIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнкIэ ар зэрызэхуащIыжынур.
- КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.