Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. ЩIалэгъуалэм я махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-06-27
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- ЩIалэгъуалэм я махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
- ЩIалэгъуэр гугъапIэхэмрэ Iуэхушхуэхэмрэ я лъэхъэнэщ, дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи гукъинэ зэманщ. Иджырей щIалэгъуалэр гъащIэм хуэжыджэрщ икIи щIэныгъэфI зэрагъэгъуэтыну, зыми IэщIэмылъу, щхьэхуиту щытыну, здынэсам къыщымыувыIэу, сыт хуэдэ Iуэхухэми, абыхэм нэхъ гугъу дыдэхэри яхэту, тегушхуэну хьэзырщ. Лэжьыгъэм фызэрыхуэжыджэрым, жэрдэмрэ жэуаплыныгъэрэ зэрыфхэлъым, Хэкум сэбэпынагъ къыхуэфхьыну фызэрыхущIэкъум нобэ куэдкIэ елъытащ къэралым тэмэму адэкIэ зэрызиужьынур.
- Республикэм и щIалэгъуалэм я щIэныгъэр, зэфIэкIыр, къарур Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм зегъэужьыным хуэгъэзауэ къызэрагъэсэбэпыфынум шэч къытесхьэркъым. Дэри тхузэфIэкI къэдгъэнэнкъым фи зэфIэкIыр лэжьыгъэ IэнатIэми жылагъуэ гъащIэми тэмэму къыщывгъэсэбэпынымкIэ зыхуеину Iэмалхэр зэтегъэувэным и лъэныкъуэкIэ.
- Узыншагъэ быдэ, насып, фIэщхъуныгъэ фиIэну, зыхуэвгъэувыжа мурадхэр тэмэму зэвгъэхъулIэну си гуапэщ.