ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэралми лъэпкъми яхуощхьэпэ

2019-06-27

  • Адыгэхэр дызэрыгушхуэ щIэныгъэлI щэджащэхэм ящыщщ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ингуш Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, хэкупсэ нэс, абазэ еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Агырбэ Юрэ Исуф и къуэр. Мы махуэхэм Агырбэм егъэлъапIэ илъэс 80 зэрырикъуар.

  • Агырбэ Юрэ Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Псыжь къуажэм къыщалъхуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ абы сабиигъуэ тынш зэримыIар. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ и адэ Исуф. Абы и ужькIэ куэд дэмыкIыу, езым и ныбжьыр илъэсибгъу фIэкIа иримыкъуауэ, и анэри дунейм ехыжащ. Апхуэдиз гуауэм иримыщIыкIыу, гъащIэр фIыуэ илъагъуу, щIэныгъэм и нэхум игури и псэри хузэIухауэ къэтэджащ щIалэ цIыкIур. Юрэ щеджари къыщыхъуари Черкесск къалэм дэт школ-интернатырщ. Абы и унафэщIхэм, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я фIыгъэщ сабийм и гур мыкIуэду, цIыху хэтыкIэ ищIэу, балигъ гъащIэм хуэхьэзыру жылагъуэм зэрахыхьар.
  • 1955 гъэм Агырбэм дыщэ медалкIэ къиухащ школыр икIи лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ Тимирязевым и цIэр зэрихьэу Москва дэт мэкъумэш академием. Студент илъэсхэр купщIафIэу, еджэным ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэу, академием щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэру ирихьэкIащ адыгэ щIалэщIэм. 1960 гъэм абы къигъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ зэриIэм щыхьэт техъуэ дипломыр IэщIэлъу.
  • IэщIагъэлI щIалэм, зэрыжаIэщи, IэплIэешэкIкIэ къыщыпежьащ хэкум. Жыджэрагъышхуэ зыхэлъ Агырбэр экономист нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ Къэрэшей-Шэрджэсым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и управленэм, иужькIэ а IуэхущIапIэм экономикэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и пашэу ягъэуващ. ЗэфIэкI лъагэ къызыкъуэкI лэжьакIуэшхуэр ауэрэ ягъэкIуащ КПСС-м и обкомым мэкъумэш лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и инструктору. Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу, щытхъу пылъу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу игъэзащIэрт Юрэ. Апхуэдэ лэжьыгъэфIым къыдэкIуэу, абы иригъэкIуэкIырт и IэщIагъэм епха къэхутэныгъэхэр. 1967 гъэм ар щIэтIысхьащ щеджа академием и аспирантурэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ икIи иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр щызэхуэхьэса щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIи и къалэмыпэм къыпыкIащ. 1970 гъэм Агырбэм хъарзынэу пхигъэкIащ и диссертацэр икIи экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ.
  • Абдеж къыщыувыIакъым Агырбэр. Академием мэкъумэш хозяйствэм и экономикэмкIэ и кафедрэм лэжьэну къагъэна щIэныгъэлI ныбжьыщIэм ассистентым деж къыщыщIэдзауэ профессорым нэс гъуэгуанэр зэпичащ. А илъэсхэми абы зэи зэпигъэуакъым къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. 1997 гъэм ирихьэлIэу Агырбэм игъэхьэзыращ и доктор диссертацэр. А илъэс дыдэм ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктори хъуащ.
  • Агырбэ Юрэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ, къэралым щыцIэрыIуэ IэщIагъэлI щыпкъэщ. Тимирязевым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Мэкъумэш академием илъэс 50-м щIигъуауэ щылажьэ абы и щIыбагъ къыдэлъщ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, методикэ, педагогикэ мылъкушхуэ. Профессор цIэрыIуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ къэралми лъэпкъми къахуэщхьэпэн щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд. Абыхэм я бжыгъэр псори зэхэту 200-м нос.
  • Абыхэм яхэтщ монографие щхьэхуэхэри, щIэныгъэ-методикэ лэжьыгъэхэри, студентхэр зэрырагъаджэ тхылъ хьэлэмэтхэри, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ зыбжанэ хамэ къэралхэми къыщыдэкIащ. КъинэмыщIауэ, академием зэрыщылажьэрэ мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным жыджэру яужь итщ ар, абы и нэIэм щIэту, ар я щIэныгъэ унафэщIу ягъэхьэзыращ кандидат, доктор диссертацэ куэд. А псори, къапщтэмэ, хэлъхьэныгъэшхуэщ иджырей мэкъумэш экономикэм адэкIи зиужьынымкIэ.
  • Юрэ студентхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ хэкIыпIэ куэд къэзыгъэсэбэп егъэджакIуэ нэхъ лъэщхэм хабжэ. Абы къыхэкIыу Агырбэм сыт щыгъуи зыхэт гупым пщIэрэ нэмысрэ щиIэщ. Апхуэдэу ар куэдрэ ирагъэблагъэ ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щекIуэкI щIэныгъэ зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Агырбэм и Iуэху еплъыкIэхэр куэдым яфIэхьэлэмэтщ, щапхъэу, мардэу ягъэлъагъуэу. ЩIэныгъэлI гумызагъэр жыджэру хэтащ Германием, Венгрием, Болгарием, Польшэм, Чехием, Словакием, Югославием, Китайм къыщызэрагъэпэща щIэныгъэ конференцхэм. Юрэ ядолажьэ а къэралхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэми аспирантхэми. ЩIэныгъэм и кандидатхэу абы игъэхьэзырахэм яхэтщ хамэ щIыпIэхэм щыщ цIыху 12.
  • Апхуэдэ дунейпсо цIэрыIуагъ иIэу мэпсэу, мэлажьэ ди лъэпкъэгъу щыпкъэр. А псоми къадэкIуэу ар хуэжыджэрщ жылагъуэ гъащIэм. Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум иригузавэу къэгъуэгурыкIуэ цIыху щыпкъэр сыт щыгъуи хущIокъу лъэпкъым и пщIэр зэриIэтыным, абы и цIыху пажэхэр зэригъэфIэным. Агырбэр Москва щыIэ Адыгэ Хасэм и нэхъыжьхэм я Советым и унафэ-щIу пIалъитIкIэ хахыжащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупми хэтащ.
  • Агырбэ Юрэ мызэ-мытIэу хахащ академием и профсоюз, парт комитетхэм. Ар хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм, Совет Союзым и Къэрал планым я къэпщытакIуэ гупхэм, абы Iуэху куэд щызэфIихащ академием и экономикэ факультетым и щIэныгъэ Советым, УФ-м и Къэрал Думэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым. Мы зэманым Агырбэр хэтщ Кавказым и лъэпкъхэм я Урысей конгрессым и хасащхьэм, Москва дэс адыгэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и хасащхьэм и тхьэмадэщ.
  • И лэжьыгъэм гурэ псэкIэ илъэс куэдкIэ зэрыбгъэдэтам папщIэ Агырбэм къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ зыбжанэ, щытхъу, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд. Абыхэм ящыщщ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «ЩIыщIэр къызэраIэтам папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран», «Москва илъэс 850-рэ ирокъу» медалхэр, нэгъуэщIхэри.
  • ЩIэныгъэлI щыпкъэ, хэкупсэ нэс, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди щIыналъэм, Урысейм я мызакъуэу къэрал куэ-дым къыщацIыхуа къэхутакIуэ Iэзэм, еджагъэшхуэм до- хъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу иджыри куэдрэ дунейм тетыну, адыгэ лъэпкъым хуэлэжьэну.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.