Щхьэ апхуэдизу къулей журтхэр?
2019-06-27
- Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэм ятетхыхь «Форбс» журналым журт лъэпкъым щыщ цIыху куэдым я цIэ-унэцIэхэм уащрохьэлIэ. Сыт абыхэм ящыщ куэдыр апхуэдизу щIэкъулейр?
- «Аргументы и факты» газетым къехь Москва и раввин нэхъыщхьэ икIи Европэм и раввинхэм я советым и президент Гольдшмидт Пинхас а упщIэм кърита жэуапыр. Абы зэрыжиIамкIэ, дунейм и нэхъ цIыху къулей дыдэхэм журт куэд зэрахэтыр пIалъэ кIыхькIэ зэфIэува хабзэхэм я Iэужьщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, езыхэм я лъэпкъым бий куэд къазэрыпэщIэтым къыхэкIыу, журтхэр хуабжьу гугъу зрагъэхьу лэжьэн хуейт.
- «Мелардырыбжэхэм я мызакъуэу, журтхэр куэду яхэтщ Нобель и саугъэтыр зратахэми, — къыхегъэщхьэхукI Урысейм и журт зэгухьэныгъэхэм я федерацэм и жылагъуэ советым и Iэтащхьэ Горин Борух. — Зи лъахэм ирахуауэ щыта лъэпкъым зригъэсащ сыт хуэдэ щытыкIэ хьэлъэми къикIыфу. Абы и деж мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэ щыхъуащ щIэныгъэ зригъэгъуэтыным. Журтхэм япэ ирагъэщыр Iэпщэ къарутэкъым е спортым къыщахь ехъулIэныгъэхэртэкъым, атIэ я щIэныгъэр зыхуэдизырт. Мис иджы долъагъу апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм къытхуишахэр. АрщхьэкIэ журт куэдым икъукIэ фIыуэ зыкъыщагъэлъагъуэ ахъшэшхуэ щыземыкIуэ IэнатIэхэми: еджагъэшхуэхэу, егъэджакIуэхэу е дохутырхэу. Дэтхэнэ IэнатIэми журтыр щыхущIокъу япэ итыну».
- Дэкъузэныгъэри зыгуэркIэ сэбэп хъуащ: Урысей империем и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIагъэтIысхьэхэр журт мащIэ дыдэт — Петербургрэ Москварэ проценти 3-м, адрей къалэхэм проценти 5-м щыщIигъу хъунутэкъым. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу еджапIэ нэхъыщхьэм щIэхуа журт щIалэр е хъыджэбзыр, Iэмал зэриIэкIэ, щIэныгъэ нэхъ куу зригъэгъуэтыным хущIэкъурт.
- Гольдшмидт щIегъуж журт лъэпкъыр ехъулIэныгъэхэмкIэ зыщIыщымытхъужыфыну IэнатIэхэри зэрыщыIэр: «Атлетикэр, футболыр е мэкъумэш хозяйствэр. Журт мэкъумэшыщIэ губгъуэм къыщыбгъуэтын нэхърэ ар Мазэм къыщыплъыхъуэну нэхъ тыншщ».