ХьэрычэтыщIэхэр Бахъсэн щызэхуозэ
2019-05-25
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ икIи къыщыпсэлъащ Бахъсэн къалэ дэт Агропромышленнэ бизнес-инкубаторым накъыгъэм и 23-м къыщызэрагъэпэща, Урысей Федерацэм и хьэрычэтыщIэхэм я махуэм ирырагъэхьэлIа зэIущIэ зэIухам.
- «КъБР-м и хьэрычэт цIыкIу, курыт IэнатIэхэм зегъэужьын икIи защIэгъэкъуэн» зыфIаща зэхыхьэшхуэм и лэжьыгъэм хэтащ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, республикэм и промышленностым телажьэ предприятэ нэхъ пажэхэм ящыщу 50-м нэблагъэм я тхьэмадэхэр, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм, банк IэнатIэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- КIуэкIуэ Казбек, зэIущIэр къыщызэIуихым, республикэм и бизнес-жылагъуэм щыщу кърихьэлIахэм я махуэ лъапIэмкIэ ехъуэхъуащ икIи къыжиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хьэрычэт цIыкIумрэ курытымрэ заужьын папщIэ а IэнатIэхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ иужьрей лъэхъэнэм ди щIыналъэм къыщрахьэжьа Iуэхугъуэхэм гулъытэ хэха зэрыхуащIыр.
- — Дызэрыт лъэхъэнэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ властыр бизнес-жылагъуэмрэ банк IэнатIэм Iутхэмрэ жыджэру ядэлэжьэнымкIэ унэтIыныгъэщIэхэм лъыхъуэным, — къыхигъэбелджылыкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек. — Ахэр, дэ къызэрытлъытэмкIэ, хьэрычэт Iуэхум къыщыхалъхьэ проектхэм, къыщрахьэжьам къыщыщIэдзауэ я гъэзэщIэгъуэм нэсыху, и кIыхьагъкIэ ядекIуэкIынымкIи защIэгъэкъуэнымкIи щхьэпэ хъун хуейщ.
- КъаIэта псалъэмакъым теухуауэ я Iуэху еплъыкIэр къагъэнэIуащ 2018 гъэм ирагъэкIуэкIа «ЛъагапIэщIэхэр» зэпеуэм щытекIуахэу Ксанаевэ Марьянэрэ Къущхьэ Иналрэ. Абыхэм къыхалъхьа бгъэдыхьэкIэхэм къызэрыхэщымкIэ, иджырей унэтIыныгъэхэр экономикэм къыщагъэсэбэп щыхъуа мы лъэхъэнэм, хэкIыпIэ нэхъыщхьэу щыIэр хьэрычэт Iуэхум зезытыну гукъыдэж зыщIа щIалэгъуалэм еджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр жыджэру ядегъэкIуэкIынырщ, апхуэдэуи, абыхэм кредит ахъшэхэмкIэ защIэгъэкъуэнырщ.
- УФ-м и Президент Путин Владимир и накъыгъэ указым щыгъэува къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъунум хуэунэтIауи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зыкъегъэIэтын и лъэныкъуэкIи зэфIагъэкIын хуейхэм щытепсэлъыхьым, КIуэкIуэ Казбек къызэрыхигъэщамкIэ, дызэрыт лъэхъэнэм республикэм и промышленностым зегъэужьынымкIэ Iэмал нэхъыщхьэу щыIэр инновацэ технологиехэр къэгъэсэбэпынырщ.
- Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ дэIыгъыным, мэкъумэш кооперацэ къызэгъэпэщыным, зегъэужьыным хуэунэтIауэ къыхалъхьауэ щыта щIыналъэ проектхэм я гугъу ящIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ — мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Говоров Сергейрэ экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Рахаев Борисрэ.
- ЗэIущIэм и кIэухым хьэщIэхэм къаплъыхьащ республикэм и промышленностым и IуэхущIапIэ пажэхэм — «Тэрчналмэс», «Кавказкабель ТМ» АО-хэм, «Текстиль-Индустрия», «Севкаврентген», «Бахъсэн-Автозапчасть» ООО-хэм, «Эрпак» ЗАО-м, нэгъуэщI куэдми — я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъэгъуа «Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIыналъэ бейщ» экспозицэ-жармыкIэм и дапхъэ гъэщIэрэщIахэр.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.