Железноводск къалэм Матовников А. А. щригъэкIуэкIащ мэкъумэш продукцэ къэлэжьынымрэ нэгъуэщI къэралхэм ещэнымрэ теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ икIи къыщыпсэлъащ КIуэкIуэ К. В.
2019-05-25
- УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников А. А., УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Д. Н. сымэ дыгъуасэ Железноводск къалэм щрагъэкIуэкIащ ди щIыналъэм агропромышленнэ комлексым зыщегъэужьыным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ министр Чеботараев С. В., КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В., округым хиубыдэ субъектхэм я унафэщI-хэр.
- «Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм зыхуеину Iэмал псори зэрыщыIэм къыхэкIыу мэкъумэш продукцэу нэхъыбэ къыщыпхуэлэжьынущ. Ди деж продукцэр нэгъуэщI къэралхэм щыщэнымкIэ щыIэ зэфIэкIхэм хэгъэхъуэн, мэкъумэш IэнатIэм щылажьэхэр нэхъыбэ щIын хуейщ. Ар сэбэп хъунущ цIыхухэр нэхъ нэгъэсауэ лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ»,-жиIащ Матовников Александр зэIущIэр къыщызэIуихым.
- Урысейм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым къыхигъэщхьэхукIащ Кавказ Ищхъэрэм нэгъуэщI къэралхэм гъавэ, лымрэ гъэшхэкIхэмрэ, апхуэдэу ерыскъы хьэзырыр зэрыщищэр. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хиубыдэ щIыналъэхэм 2019 гъэм и япэ мазиплIым мэкъумэшхэкIрэ ерыскъыуэ нэгъуэщI къэралхэм доллар мелуани 108-рэ и уасэ щащащ.
- «2024 гъэм ирихьэлIэу округым нэгъуэщI къэралхэм иригъашэ продукцэр хуэди 3,5-м щIигъукIэ нэхъыбэ ящIын хуейщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, иджыпсту къаIэрыхьэ доллар мелуан 350-р доллар мелард 1,3-м нэсынущ. А мурадым телэжьэн хуейщ округым хиубыдэ дэтхэнэ субъектри. Къапщтэмэ, къызэрыдбжамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и экспортыр иджырей сом мелуан 17,8-м щегъэжьауэ доллар мелуан 41-м нэсынущ. IэфIыкIэ зыщI предприятитIым я закъуэ нэгъуэщI къэралхэм щащэ продукцэм доллар мелуани 9,6-р къыщIахынущ», — жиIащ Патрушев Дмитрий.
- УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарев Сергей къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Кавказ Ищхъэрэр зи социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьауэ екIуэкI щIыналъэхэм зэращыщыр.
- КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм къигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш хозяйствэм и продукцэр сом мелард 46,9-м зэрынэсар. Гъэ кIуам гъавэу тонн 1 мелуанрэ мини 128-рэ кърахьэлIащ. Мы гъэм ар аргуэру проценти 5-кIэ нэхъыбэ хъуну щогугъ.
- Илъэситхум къриубыдэу, къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек, гъавэу кърахьэлIэр тонн мелуан 1,5-кIэ нэхъыбэ хъун хуейщ. Псом япэу ар къызыпэкIуэнур мелиорацэм зэрызиужьынурщ. «Агропромышленнэ комплексым и продукцэр нэгъуэщI къэралхэм щыщэныр» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ а мурадым 2019 гъэм сом мелуани 111-м щIигъу трагъэкIуэдэнущ.
- АдэкIэ щIыналъэм и унафэщIым къигъэлъэгъуащ 2018 гъэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ зэмылIэужьыгъуэу тонн мин 250-м нэблагъэ къызэрырахьэлIар. Республикэм иджыпсту псори зэхэту тонн мини 118-м щIигъу зыщIэхуэ пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэу 31-рэ щыIэщ. Мы гъэм аргуэру тонн мин 30 зыщIэхуэн хъумапIэу 10 хьэзыр ящIын хуейщ.
- Апхуэдэу щIэгъэхуэбжьауэ зеужь консерв промышленностми. Гъэ кIуам а IэнатIэм условнэ консерв банкIыу мелуан 341-рэ (Урысейм щащIам и процент 18,4-р) къыщIигъэкIащ.
- Агропромышленнэ комплексым зегъэужьыным хуэгъэзауэ республикэм щагъэхьэзыращ инвестицэ проекту 15.
- КъБР-м и IэтащхьэмрэПравительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.