Дунейпсо Адыгэ Хасэм и фIыщIэ
2019-05-25
- Накъыгъэм и 20 — 21-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэмрэ адрей жылагъуэхэмрэ щекIуэкIащ Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъум теухуа фэеплъ Iуэхухэр.
- Дауэдапщэхэм хэта жылагъуэ, лъэпкъ, дин зэгухьэныгъэхэм, щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэм, жылагъуэ хабзэр къызэзыгъэпэща хабзэхъумэ органхэм, апхуэдэу екIуэ-кIа Iуэхухэр тэмэму къэзыгъэлъэгъуа цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм фIыщIэ ин яхузощI.
- ДяпэкIэ екIуэкIыну апхуэдэ цIыхубэ, жылагъуэ Iуэхухэри Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымкIэ, зэрыщыту урысей къэралыгъуэр япэкIэ кIуэтэнымкIэ сэбэп хъуну ди гуапэщ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.