ТекIуэныгъэ
2019-05-09
- КIуащ БетIал
- Гъэбырыб уи ныпхэр,
- Махуэм я нэхъыфI,
- ЩIэзылъхьам бий гупхэр —
- Дыгъэ мыункIыфI!
- Дыгъэм пшэр пхисыкIыу
- ЩIыр зыгъэнэхуауэ,
- Укъепсащ, гущыкI
- Зауэр щIым тепхуауэ.
- Сыт хуэдиз гуфIэгъуэ
- ЦIыхухэм къахуэпхьа,
- Сыт хуэдиз гуIэгъуэ
- Уэ хьэдрыхэ пхьа?!
- Сыт хуэдиз бынунэм
- Адэр хэпшэжа!
- Сыт хуэдиз лэгъунэм
- Щауэ ипшэжа!
- Зи щхьэр хэзылъхьахэр
- Тхэткъым зигу къэмыкI,
- Анэм къапыхьахэр
- Махуэ дигу имыкI.
- Пщащэу лъагъуныгъэ
- Дапщэм ептыжа!
- Дэ ди текIуэныгъэ,
- Бэр дэзыхыжа.
- Уэркъэ дуней иныр
- МафIэм хэзыхар!
- Полякыр, румыныр
- ЛIэрт — хуэгумэхар.
- Фучик и лъэпкъ дахэр
- Ем къезыгъэлар,
- Петен ища лъахэр
- Хуит къэзыщIыжар!
- Уэркъэ, ТекIуэныгъэ,
- Гитлер кхъэ ищIа
- Къэралым лъэкIыныгъэ
- Псэуну хуэзыщIар.
- Уэрщ а псор зи фIыгъэр,
- Дуней хейр къохъуэхъу,
- Уардэу ТекIуэныгъэ,
- Сигуми жеIэр хъуэхъу!
- 05. 1945 гъэ