ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ
2019-05-09
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и жьы щIыIэр зыщIимыхуа ди къэралым искъым. Къэгъуэтыгъуейщ щалъхуа щIыналъэм псэемыблэжу къыщхьэщыжахэри къызыхэмыкIа унагъуэ. Абыхэм сыт щыгъуи дэ зыубгъуауэ датотхыхь икIи бий ерур изыгъэкIуэту и гъуэм изыукIыхьыжахэм ящыщу зи цIэ къидмыIуа, зи лIыгъэм дытемытхыхьа щыIэжу фIэщщIыгъуейщ.
- Нобэрей къыдэкIыгъуэм и 2-нэ, 5-нэ напэкIуэцIхэр иджы хухэтхащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм я Iыхьлыхэу ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэм. Мыбы и пэкIэ къыдэкIа номеритIми хуэфащэ увыпIэ абыхэм щедгъэубыдащ. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жыхуаIэращи дыкъызытехъукIыжахэм зэрахьа лIыгъэм дэри, редакцэм и лэжьакIуэхэм, ди Iыхьэ хэлъу, дригушхуэну дыхуиту къытщохъу. Дыщогугъ абыхэм ятеухуа тхыгъэхэр щIэщыгъуэ фщыхъуну.