Балъкъэр лъэпкъыр зэрырагъэкIрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум теухуа нэщхъеягъуэ Iуэхухэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
2019-03-12
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек балъкъэр лъэпкъыр зэрырагъэкIрэ илъэс 75-рэ зэрырикъу нэщхъеягъуэ Iуэхухэм хэтащ икIи Налшык дэт мемориалым деж удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ.
- ЩIыналъэм и унафэщIым щыгъуазэ зищIащ лей зытехьа цIыхухэм я документу, хьэпшыпу щэ бжыгъэхэр щызэхуэхьэса музейм.
- «Дэ а гузэвэгъуэ Iуэхур сыт щыгъуи ди гум илъщ икIи зэрыщыту Къэбэрдей-Балъкъэрыр абы дронэщхъей. Балъкъэр лъэпкъым и дежкIэ ар сыт хуэдизу хьэлъэу щытами, и гумрэ и псэмрэ игъэкIуэдакъым, гущIэгъуншэ хъуакъым, зызэщIиIэтэжри щалъхуа республикэм къигъэзэжащ. Дэ тхузэфIэкI псори длэжьынщ ди республикэм щыщ дэтхэнэри тэмэму псэун икIи абы зэи лей къытемыхьэн папщIэ. Иджырей Урысей Федерацэм хуэдэ къэралым апхуэдэ хабзэншагъэхэр зэи къызэрыщымыхъужынур быдэу си фIэщ мэхъу», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
- А зэман гъущIэгъуншэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр ягъэлъэпIэну къэкIуахэм яхэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и депутатхэр, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм и жылагъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэр.
- Нэщхъеягъуэ Iуэхухэр а махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и адрей къалэхэмрэ районхэмри щекIуэкIащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.