ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гу  зылъытапхъэр мащIэкъым

2019-02-02

  • ЩIышылэм и 31-м УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ хэхакIуэхэм яIущIащ.

  • Депутатыр зыдагъэIэпыкъуну къэкIуахэм лъэIу зэхуэмыдэхэр яIэт. Псалъэм папщIэ, Дыгулыбгъуей къуажэ щыщ ЗэкIурей Мухьэмэд жиIащ 9-нэ линие уэрамым тес унагъуэ 14-м илъэс куэд щIауэ газ зэрамыIэр, метр 600 зи кIыхьагъ хьэблэм гъэсыныпхъэр зэрырамышэлIам теухуауэ мызэ-мытIэу зэрытхьэусыхам зыри къызэримыкIар.
  • — Ар, дауи, Iуэхушхуэщ. Ауэ, сызэрыщыгъуазэмкIэ, зи гугъу пщIы хьэблэр къэрал программэм храгъэубыдащ, мыгувэуи газыр ирашэлIэн хуейщ. Арами, уи лъэIум и Iуэху зесхуэну, Правительствэм къыщысIэтыну укъызогъэгугъэ, — жиIащ Марьяш Иринэ.
  • Зы цIыхум и лъэIур къызэрымыкIуэу Iуэхушхуэу къыщIэкIащ — налшыкдэс Къардэн Хьэзрэталий къыхилъхьащ Ашуровымрэ Суворовымрэ я уэрамитIым я зэпылъыпIэр зэIуахыжыну.
  • — «Искожымрэ» «Александровкэ» районымрэ зэпылъщ, гъущI гъуэгу фIэкI яку дэмылъу. Нэхъапэм абдеж автомашинэхэр щызэблэкIыу, гъуэгур зэIухауэ щытащ, ауэ иужькIэ зэхуащIащ. Абы лъандэрэ транспортыр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащи, иджыт а зэхэкIыпIэм цIыхур щыхуэныкъуэр. Псалъэм папщIэ, Суворовым и цIэр зезы- хьэ уэрамым мафIэс къыщыхъуамэ, «Искожым» дэт мафIэсгъэункIыфIым гъуэгуанэшхуэ къызэпичын хуейщ, зы районым къыдэкIыу адрейм нэсын папщIэ. Нэхъ тынш хъунутэкъэ, асыхьэту гъущI гъуэгум икIатэмэ?! — жриIащ абы депутатым.
  • КъищынэмыщIауэ, Къардэныр тепсэлъыхьащ автомашинэхэм нэхъ хуэм зыщащIын папщIэ языныкъуэ щIыпIэхэр зэры-траIэтыкIыр хабзэм къызэремызэгъыр, ди къэралым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэхэм апхуэдэ зэрыщымыIэр.
  • — А Iуэхум зыри зэрыкIэлъымыплъым къыхэкIыу, дэтхэнэми и куэбжэпэм къытрилъхьэну хуиту къелъытэри, куэд гугъу йохь, — жиIащ цIыхухъум.
  • — Iуэхушхуэхэр къэпIэтащи, сэ схузэфIэкIымкIэ зыпщIэзгъэкъуэнущ. Апхуэдэ лъэIукIэ зэ зыкъысхуагъазэри, Прохладнэ щIыналъэм лэжьыгъэш-хуэ щедгъэкIуэкIауэ щытащи, мыбыи зыгуэр етщIэнщ, — къигъэгугъащ ар Марьяш.
  • Депутатыр зыкъыхуэзыгъэза дэтхэнэ зыми гупсэхуу едэIуащ икIи абыхэм я Iуэху дэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуну псалъэ яритащ.
  • — Мыпхуэдэ зэIущIэхэр мазэм и 4-нэ тхьэмахуэм идогъэкIуэкI, къалэ, къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм дыкIуэурэ цIыхухэм захудогъазэ. Нэхъ къыхэгъэщыпхъэу Iуэхугъуэ зыбжанэм гу лъыстащ. Псалъэм папщIэ, къуажэ пхыдзахэм аптекэ дэткъым. Ари гурыIуэгъуэщ, цIыху мащIэ зыдэс жылэхэм хущхъуэ щапIэ къыщызэIупхыным фейдэ хэмылъу къалъытэу аращ. Ауэ цIыхухэр хущхъуэншэу къэбгъанэ хъунукъым. КъищынэмыщIауэ, дзэ дохутыр зимыIэ жылэ, курыт еджапIэ зыбжанэ диIэщ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, курыт еджапIэ къэс стоматологым и пэш иIэн хуейщ. ИмыIэрэ — медпунктым хэтыпхъэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сабийм и дзэм укIэлъымыплъмэ, уз зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэхъей. Гу лъытапхъэщ жылэ пхыдзахэм автобус, маршруткэ зэрымыкIуэми. Сыщыгъуазэщ ЛашкIутIарэ Ташлы-Талэрэ я цIыхухэр транспорт зэрамыгъуэтым гугъу зэрыригъэхьым. Апхуэдэщ банкоматхэм я Iуэхури. ЗэрытщIэщи, нэхъыбэм я пенсэмрэ улахуэмрэ карточкэм ягъакIуэ. Ауэ ахъшэр абы къызэрырахыжынум зыри егупсысакъыми, жылэ пхыдзам дэсыр ахъшэ хуэныкъуэмэ, банкомат къилъыхъуэу къалэм макIуэ. А псори унафэ зыгъуэтын хуей Iуэхущ, — жиIащ Марьяш.
  •  
  • Фырэ Анфисэ.