Журналистхэм я зэхыхьэшхуэ
2018-12-08
- Дыгъэгъазэм и 5 — 6-хэм Грознэ къалэм щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм, Урысейм, гъунэгъу республикэхэм я хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я журналистхэм я VI зэхыхьэшхуэр. МахуитIым къриубыдэу зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр икIи купщIафIэхэр къызэрагъэпэщащ, унэтIыныгъэм и щэхухэмрэ щIэхэмрэ ухагъэгъуазэу.
- Къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан къыхигъэщащ властымрэ жылагъуэмрэ зэкъуэгъэувэнымкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къаруушхуэ зэраIэр. Абы журналистхэр къыхуриджащ я псалъэм хуэсакъыну, цIыхубэм я деж хъыбар пэжхэр зэрынахьэсыным хущIэкъуну.
- ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм я зэхуэсышхуэм хьэщIэ лъапIэхэр къахуеблэгъащ. Апхуэдэхэщ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, КИФЩI-м и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, нэгъуэщIхэри. Гъэлъэгъуэныгъэхэм зыщаплъыхьа нэужь, ахэр хэтащ Щугорев Дмитрий иригъэкIуэкIа пленар зэIущIэ нэхъыщхьэм.
- Зэхыхьэм и кIэух пшыхьым щагъэлъэпIащ «Медиа-Кавказ-2018» зэпеуэм пашэ щыхъуахэр. Гуапэщ ди республикэм щыщ ди лэжьэгъуитхум я цIэхэр абы къызэрыщраIуар. ЗэIущIэр зэрекIуэкIам нэхъ зыубгъуауэ щыгъуазэ фыщыхуэтщIынущ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.