КIуэкIуэ Казбек зи щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуа цIыхухэр щригъэблэгъащ «Урысей зэкъуэт» партым и жылагъуэ екIуэлIапIэм
2018-12-01
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ жылагъуэ екIуэлIапIэу Налшык дэтым щахуэзащ и щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм.
- Абыхэм къаIэтащ псэупIэр егъэфIэкIуэным, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм, сабий куэд зэрыс унагъуэхэм ядэIэпыкъуным пыщIа лъэIухэр.
- ЦIыхухэм я тхьэусыхафэхэмрэ лъэIухэмрэ хэплъэну икIи ахэр пIалъэ пыухы-кIахэм ирихьэлIэу дагъэкIыну республикэм и Iэтащхьэм яхуигъэуващ зыхуэфащэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.