Видеоконференц зэпыщIэныгъэхэм я Iэмалхэр къагъэсэбэпри, КIуэкIуэ К. В. хэтащ Урысейм зыхъумэжыныгъэмкIэ и IэнатIэм къыпэщыт къалэнхэр гъэзэщIыным щызэдэлэжьэным теухуауэ щыта IV щIэныгъэ-практикэ зэхуэсым
2018-12-01
- Урысейм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр, армэм и генерал Шойгу Сергей и унафэм щIэту Москва щекIуэкIащ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я IV щIэныгъэ-практикэ конференцыр, Урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и IэнатIэм къыщыув къалэнхэр гъэзэщIа хъун папщIэ хъыбарегъащIэ и лъэныкъуэкIэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэм теухуауэ щытар. Видеоконференц зэ-пыщIэныгъэхэм я Iэмалхэр къагъэсэбэпри, абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
- ЩIэныгъэ зэхуэсым къыщыщыпсалъэм, Урысейм и дзэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIым къыхигъэщащ «иджырей зэманым щыIэ щытыкIэхэр къэплъытэмэ, хэкур хъумэным хуэунэтIауэ къэув къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ къэрал властым и орган псори зэгъэуIуауэ лэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр».
- Шойгу Сергей къыхигъэбелджылы-кIащ «IуэхущIапIэ псори зэдэууэ лэжьэным хуэгъэзауэ Штаб нэхъыщхьэм зэхилъхьэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр Зыхъумэжыныгъэр къызэгъэпэщынымкIэ лъэпкъ центрым хъарзынэу къызэригъэсэбэпыр, зэдэлэжьэным мыхьэнэуэ иIэр абы зэрыхигъахъуэр».
- «Нобэ IэнатIэм гулъытэ нэхъыщхьэр псом япэу зыхуэгъэзар Урысейм и дзэ гу-пу Сирием щыIэхэм я лэжьыгъэр тэмэму зэфIагъэкIынырщ икIи мамыр псэукIэр зэтрахуэжынымкIэ а къэралым зыщIэгъэкъуэнырщ, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэр иджырей техникэ лъэщхэмкIэ къызэгъэпэщынырщ, дзэм къулыкъку щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я псэукIэм пыщIа Iуэхухэр зэтеухуэнырщ, къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ щIыналъэхэм защIэгъэукъуэнырщ, апхуэдэуи нэгъуэщI куэдым хуэунэтIащ ди лэжьыгъэр», — жиIащ зыхъумэжыныгъэмкIэ министрым.
- IэнатIэхэр адэкIи зэдэлэжьэным хуэгъэ-за Iуэхухэр убзыхунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэбакъуэу Шойгу Сергей къигъэлъэ- гъуащ «КъуэкIыпIэ — 2018» зыгъэсэныгъэ-хэр. Абыхэм наIуэ къащIащ граждан, щIыналъэ зыхъумэжыныгъэм хуэунэтIа къалэнхэр зэхэлъхьэнымрэ гъэзэщIэнымрэ, дзэ лIэужьыгъуэ гупхэр къэгъэсэбэпыным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр.
- «Зыгъэсэныгъэхэм кърикIуахэм къа-гъэлъэгъуащ къэрал властым и органхэм я къалэнхэр зауэ щекIуэкI зэманми фIы дыдэу зэрагъэзэщIэфынур», — къыхигъэщхьэхукIащ зыхъумэжыныгъэмкIэ министрым икIи «шэч зыхэмылъщ IуэхущIапIэхэм я апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм адэкIи зегъэужьын зэрыхуейр».
- Дзэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIым зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ Урысей Федерацэм и Президентым 2024 гъэм нэсыху тещIыхьа, лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр къызэригъэувар. Ахэр гъэзэщIэн мурадкIэ, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм 2019 — 2025 гъэхэм ятещIыхьа и планым хагъэхьащ медицинэ Iуэхутхьэбзэр егъэфIэкIуэным, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зегъэужьыным, дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ я псэупIэхэр егъэфIэкIуэ- ным, апхуэдэуи узыншагъэм зэран хуэхъу мыхъумыщIагъэхэм зыдрамыгъэхьэхыным цIыхухэр къыхуеджэным пыщIа Iуэхухэр.
- «А къалэнхэр нэсу щыпхуэзэщIэнур ар зэхьэлIа министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ быдэу дапыщIауэ дадэлажьэ-мэщ», — жиIащ и псалъэм и кIэухым зыхъумэжыныгъэмкIэ министрым икIи зэIущIэм хэтхэм захуигъэзащ зэгъусэу ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьыну, абы щыгъуэми иджырей технологиещIэхэм я IэмалыфIхэр къэгъэсэбэ- пыным нэхъ трагъащIэу.
- Зыхъумэжыныгъэ IэнатIэм и Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ Лъэпкъ центрым и унафэщI, генерал-полковник Мизинцев Михаил конференцым къыщыщыпсалъэм жиIащ зыхъумэжыныгъэ IэнатIэм нобэ щызэдэлажьэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр псори зэхэту 160-рэ зэрыхъур — Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми я къэрал къулыкъущIапIэ нэхъыщхьэхэм, министерствэ, IуэхущIапIэ, къэрал корпорацэ хуэдэхэу.
- Абы зэрыжиIамкIэ, хъыбархэмкIэ зэхъуэжэн и лъэныкъуэкIэ абы къызэщIеудыбэ Iуэхугъуэ 330-рэ. Апхуэдэуи ар гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм хъыбархэр зэрызэIэпах и къудамэ 50 мэхъу, федеральнэ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ абоненти 154-рэ видеокIэ зэпызыщIэщ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм игъэхьэзыращ, Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ
- и министерствэм хъыбарегъащIэ икIи цыхубзэ
- зэпыщIэныгъэхэмкIэ и департаментым
- 11и материалхэм япкъ иткIэ.