ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Альпинист цIэрыIуэр школакIуэхэм яхуозэ

2018-11-22

  • Ислъэмей дэт курыт еджапIэ №1-м къуажэдэс щIалэгъуалэм щаIущIащ КъБР-м АльпинизмэмкIэ, бгым дэкIыным-рэ спорт туризмэмкIэ и федерацэм и президент Ольмезов Абдул-Хьэлым. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ Бахъсэн щIына-лъэ администрацэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Чылар Аринэ. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ «2017 — 2019 гъэхэм Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и щIалэгъуалэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр гъэзэщIэныр» программэм ипкъ иткIэ.

  • Къуажэ администрацэмрэ Бахъсэн щIыналъэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымрэ спортымкIэ и къудамэмрэ къызэрагъэпэща зэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэу Iэхъуэбэч Андзор, БешкIур Азэмэт, Ислъэмей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Iухъу Аслъэн, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран къуажэдэсхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ЛампIэжь Владимир сымэ.
  • ЗэIущIэр къыщызэIуихым Iухъу Аслъэн къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ ЩIы хъурейм щынэхъ лъагэ дыдэ Эверест тIэунейрэ дэкIа ди лъахэгъум. Ольмезовыр илъэс 25-кIэ щылэжьащ УФ-м и МЧС и Iуащхьэмахуэ къэзылъыхъуэ-къегъэлакIуэ къудамэм. 500-м щIигъурэ къегъэлакIуэ операцэхэм хэтащ, Iуащхьэмахуэ и щыгум 220-м щIигъурэ дэкIащ.
  • ЕджакIуэхэр яфIэгъэщIэгъуэну щIэуп-щIащ Ольмезовыр Эверест щыдэкIым къызэринэкIа гугъуехьхэм, зэман дапщэ абы текIуадэми, альпинист цIэрыIуэм адэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр иIэми.
  • Абдул-Хьэлым къызэхуэсахэм яхуиIуэтэжащ цIыху къызэрырагъэла хъыбар гъэщIэгъуэнхэр, бгым къытенэурэ яшэча гугъуехьхэр.
  • «Бгыхэм фIыуэ укъалъагъун папщIэ ахэри фIыуэ плъагъун хуейщ! ЩIэх-щIэхыурэ ди бгыхэм фыкIуэ, спортыр IэщIыб фымыщI», — къыхуриджащ абы щIалэгъуалэр.
  • КъыдэкIуэтей ныбжьыщIэр хэкупсэу къэгъэхъуным, КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ дэлъыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIым папщIэ Ольмезов Абдул-Хьэлым къыхуагъэфэщащ Бахъсэн щIыналъэм и ЩIыхь тхылъымрэ районым и еджакIуэхэм ягъэхьэзыра саугъэтхэмрэ.
  • Къызэхуэсахэм зэIущIэм и кIэухыу фэеплъ сурэт зытрагъэхащ.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ Замир.