«Бахъсэн аузым пшагъуэр щхьэщытщ»
2018-11-22
- Налшык дэт «Принт Центр» типографием иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ КIэбышэ Лилэ «Бахъсэн аузым пшагъуэр щхьэщытщ» зыфIища и тхылъыр.
- Лилэ фIыуэ яцIыху ди щIэджыкIакIуэхэм: ар илъэс куэдкIэ «Адыгэ псалъэм» щылэжьащ, пенсэ тIысыжа иужькIи абы и IэдакъэщIэкIхэр мызэ-мытIэу ди газет напэкIуэцIхэм къытехуащ.
- Тхылъыр къызэIуех тхыдэр зи лъабжьэ «Бахъсэн аузым пшагъуэр щхьэщытщ» повесть гъэщIэгъуэным. Революцэм ипэ зэманым щегъэжьауэ щыIа зэрызехьэхэр, гъащIэщIэм къыздихьа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ гугъуехьхэмрэ цIыхухэм зэрагъэвар унагъуэ щхьэхуэхэм я щапхъэкIэ ди пащхьэ кърелъхьэ тхакIуэм.
- КIэбышэм и тхылъым къыхигъэщхьэхукIащ «Адыгэ бзылъхугъэхэр» Iыхьэр, я акъылыфIагъкIэ, дуней тетыкIэ екIукIэ, зэфIэкI лъагэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ ди лъэпкъым къыхэкIа бзылъхугъэхэм ятеухуар. Абыхэм ящыщу Урысейм и Ипщэ федеральнэ щIыналъэм япэ дыдэу «мэкъу-мэш щIэныгъэхэмкIэ доктор» цIэр зыхуагъэфэща, профессор Шукай ФатIимэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Атэлыкъ ФатIимэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэ, Бахъсэн къалэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ сымэ, нэгъуэщIхэми ятеухуа тхыгъэхэр итщ абы.
- ГъащIэр, цIыхугъэр, лъагъуныгъэр, насыпыр, цIыхугъэншагъэр, фитIнагъыр, зэхэщIыкIыр, гущIэгъур я лъабжьэщ «Нинэ», «Блэ-кIам есщIэнур сыт?», «Мазэр щыхьэту», «Къысхуэгъэгъу», «Псори блэкIынущ», «Нэлат», «Къигъэзэжащ» Iуэтэжхэм.
- Лилэ и сюжетхэр уи фIэщ хъууэ еухуэ, уеблэмэ языныкъуэхэм къэмыгупсыса Iуэхухэр я лъабжьэу къыпщохъу. Псом хуэмыдэу удехьэх КIэбышэм щIыуэпсым и дахагъыр къыщритхэкIкIэ, абырэ зи гугъу ищI лIыхъужьымрэ я гукъыдэжыр, я щытыкIэр щызэригъапщэр мащIэкъым.
- КIэбышэ Лилэ егъэгумэщI ди хъуреягъым щекIуэкI зэхуэмыдэныгъэм, напIэдэхьеигъуэ фIэкIа мыхъу гъащIэр языныкъуэ- хэм мыхъумыщIагъэкIэ зэрагъэнщIым, цIыху хейм лей къызэрытехьэм, гуауэ зиIэм игу зэрыхэщIым.
- Щомахуэ Залинэ.