Дахущывгъэт нэхъ гумащIэу, Анэхэм дахуэвгъэсакъ
2018-10-25
- Куэд къэзыгъащIэм куэд елъагъу, жаIэ игъащIэми. Ар шэч зыхэмылъщ. Апхуэдэ дыдэщ «ГъащIэр матэ щIэдзакъым» жыхуиIэ псалъэжьри. Дунейм ущытеткIэ, ар щхъуэкIэплъыкIэ защIэкъым, нэгъуэщI плъыфэхэри мымащIэу къыхохьэ. ФIыи Iеи, гуапи гуауи мымащIэу зылъэгъуа бзылъхугъэщ зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуа нанэ дахэр. ГъащIэ купщIафIэ, и лэжьыгъэкIи и унагъуэкIи щызу, къэзыгъэщIа нанэр жьыщхьэ махуэщ — и бынхэм я гуфIэгъуэ куэд хэплъащ, фIыуэ илъагъу, къызыхуигъэщIа Iуэху пэрытащ, нэхъыщхьэращи, и махуэ лъапIэм IущIащ и акъылыр жану, и гупсысэр къабзэу, къыщыгугъ дэтхэнэ зыми и чэнджэщ щхьэпэхэр ирихьэлIэфу. Ди гуапэу дохъуэхъу Мыкъуэжь (Бицу) КIулэ Мурат и пхъум и махуэмкIэ, зыгъэгушхуэн фIэкIа имылъагъуу бынхэми абыхэм къалъхужахэми иджыри куэдрэ Тхьэм ящхьэщигъэт.
-
Мыкъуэжь КIулэ щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ зи гъащIэ псор тезыухуахэм ящыщщ. Ар илъэс 53-кIэ Аушыджэр курыт школым щылэжьащ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу, зы зэманкIэ урысыбзэмкIэ егъэджакIуэу. И ехъулIэныгъэхэм папщIэ щIыхь тхылъхэмрэ дамы-гъэ лъапIэхэмрэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ. Псалъэм папщIэ, 1960, 1968 гъэхэм КIулэ къыхуагъэфэщащ КъБАССР-м ЦIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм, щIэблэр езыгъаджэхэм, школ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ я профсоюзым и обко- мым я щIыхь тхылъхэр. 1977 гъэм екIуэкIа социалист зэхьэзэхуэм щытекIуауэ щытащ, а гъэ дыдэм «ЦIыху-бэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ отличник» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Илъэситху дэкIри, РСФСР-м ЦIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм и унафэкIэ — «ЕгъэджакIуэ нэхъыжь» цIэр къыхуагъэфэщащ.
- КIулэ и лэжьыгъэм къыпэкIуа щIыхь тхылъхэракъым езым дежкIэ нэхъыщхьэр — сабийхэм псэ хьэ- лэлкIэ зэрабгъэдэтарщ, иригъаджэ къудей мыхъуу, гъэсэныгъэ нэс зэраритыным сытым дежи зэрыхущIэкъуарщ икIи ар шэчыншэу бзылъхугъэм къызэрехъулIарщ.
- — Сыт щыIэ фIыуэ плъагъу IэщIагъэм урилэжьэн нэхърэ нэхъыфI. Апхуэдэм дежщ уи къарури уи зэфIэкIри нэсу Iуэхум щепхьэлIэфыр, сэбэп зыпылъ Iуэхугъуэшхуи щыблэжьыфынур. Сэ си IэщIагъэм пэсщIын щыIэкъым, сабийхэм сахэмытуи си гъащIэр си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым, — жриIауэ щытащ КIулэ зэгуэр зэпсэлъа журналистым. — Ахэр си насыпщ, си гурыфIыгъуэ мыухыжщ. ЕхъулIэныгъэ гуэрхэр сиIэмэ, ар псом япэу зи фIыщIэр цIыкIухэм яхузиIэ лъагъуныгъэрщ.
- IэщIагъэр къыхыумыхыу езым укъыщыхих щыIэр пэжмэ, зы мэскъалкIэ шэч къытумыхьэу жыпIэ хъунущ КIулэ егъэджакIуэным къызэрыхуигъэщIар. Ар ауэ сытми къызэрыгуэкI егъэджакIуэ къудейтэкъым, атIэ зи лэжьыгъэр зи псэм хэлъхэм ящыщщ.
- — Лэжьыгъэ тынш щыIэкъым, — жеIэ КIулэ. — Уи IэщIагъэм гуфIэгъуэрэ гухэхъуэгъуэрэ къущитынур, къыщыпхуихьынур, насыпыфIэ ущыхъунур махуэ къэс гугъу удехьу лъагапIэ гуэр къыщыпщтэрщ. ЕгъэджакIуэу мылэжьэфу языныкъуэхэр щIэпхъуэжынри къызыхэкIыр гугъуехьхэм зэрыщышынэрщ е я мыIэщIагъэ къызэрыхахырщ. А IэщIагъэр къыхэзыхахэм мыпхуэдэ чэнджэщ ес-тынт: псом япэрауэ, сабий фIыуэ умылъагъуу, егъэджакIуэ IэщIагъэм зупщыт хъунукъым; цIыху хэтыкIэ, псэлъэкIэ пщIэн, цIыху къабзэ дыдэу дунейм утетын хуейщ. Абы къищынэмыщIауэ, сабийр къызыхэкIа унагъуэр зыхуэдэр зэгъэщIапхъэщ, а цIыкIум и гурыгъу-гурыщIэхэр къыбгурыIуэн папщIэ. Псом хуэмыдэжу пэщIэдзэ классым щIэсхэр езыгъаджэм пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэн хуейщ адэ-анэхэм. Мыри зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым: уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн щыбуха махуэм уи егъэджакIуэнри бухащ.
- КIулэ зыхэт егъэджакIуэ гупым сытым дежи фIыкIэ къахэщырт — езыр къызэрыгуэкIт, лэжьыгъэр фIыуэ илъагъурт, бын пэлъытэ хуэхъу сабийхэм зы жыпхъэм иту ябгъэдыхьэр-тэкъым, дэтхэнэ зыми епсэлъэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэт мыхъумэ. Дерсхэр щиткIэ, гулъытэ хэха яхуищIырт нэхъ къыкIэрыхухэм. И гу щабагъэр КIулэ зэи зэран къыхуэхъуакъым и гъэсэнхэм щIэныгъэ нэс яритынымкIэ, сыту жыпIэмэ еджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ ятеухуауэ яхуэткIийт. Арат абы и классхэр я щIэныгъэкIи, яхэлъ IэдэбагъкIи, зэрызэрыIыгъкIи адрейхэм къащIыхэщыр.
- КIулэ и лэжьыгъэр къуажэдэсхэм апхуэдизкIэ ягу дыхьэрти, дэтхэнэри хущIэкъурт и сабийр абы Iэрагъэхьэну. Уеблэмэ зы илъэскIэ нэхъ пасэу е нэхъ кIасэу зи быныр школым зыгъакIуи щыIэт, а егъэджакIуэ Iэзэм и классым хэхуэн папщIэ.
- И дерсхэр гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу зэхигъэувэрт КIулэ. Езым и IэкIэ ищIыжа, гумызагъэу зэхуихьэса нэрылъагъу хьэпшыпхэр куэду къызэрыщигъэсэбэпым къыдэкIуэу, псоми егупсысауэ, зэпишэчауэ зэрыщытым абы и дерсхэр тынш, гъэщIэгъуэн ящIырт. ЖыпIэнурамэ, КIулэ и егъэджэкIэр зэ зылъэгъуам ар щыгъупщэртэкъым, уеблэмэ абы и лэжьэкIэр районым ит школхэм щапхъэ яхуэхъурт. И щIэныгъэм зэпыу имыIэу зэрыхигъахъуэм, и лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпыну щIэ гуэр къызэрилъыхъуэ зэпытым и псэр къулей ищIым къыщымынэу, щIэблэм ябгъэдилъхьэфри игъэбагъуэрт.
- КIулэ куэдрэ къыщыпсэлъащ егъэджакIуэхэм я район зэIущIэхэм, секцэхэм, конференцхэм. Апхуэдэуи щIэх-щIэхыурэ пэщIэдзэ классхэм я гъэсэнхэм папщIэ дерс зэIухахэр иригъэкIуэкIырт. Абыхэм кърихьэлIэрт егъэджакIуэхэр, педучилищэм и методистхэр, РОНО-м и инспекторхэр, КъБАССР-м ЦIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым пэщIэдзэ классхэмкIэ и IэщIагъэлI нэхъыжь Багъ Николай къыхилъхьэри, «Бицу КIулэ Мурат и пхъум и лэжьэкIэр додж» къыхуеджэныгъэм щIэту егъэджакIуэм дерс зэIухауэ 48-рэ итауэ щытащ.
- ЦIыхубз емызэшыжыр илъэс зыбжанэкIэ щытащ класс нэхъыщIэхэр езыгъаджэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу.
- КIулэ и зэфIэкIым, и ехъулIэныгъэхэм теухуа тхыгъэхэр зыбжанэрэ тетащ район, республикэ газетхэм. ЖыпIэнурамэ, и гъащIэри и гуащIэри къыдэлэжьахэм, иригъэджахэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ я дежкIэ щапхъэу къекIуэкIащ.
- КIулэ унагъуэшхуэм къыхэкIащ, Бицухэ Муратрэ Гуащэгъагърэ я бынипщIым я нэхъыжьщ. И адэм и лъэныкъуэкIэ псори щIым телэжьыхьу щытами, и дэлъхухэмрэ и шыпхъу закъуэмрэ хэти литературэр, музыкэр, хэти егъэджэныгъэр, медицинэр IэщIагъэ яхуэхъуащ. Псалъэм папщIэ, республикэм фIы дыдэу къыщацIыху усакIуэ Бицу Анатолэ, Музыкэ театрым и хормейстер нэхъыщхьэу лэжьа Юрэ, КъБКъУ-м и педагогикэ колледжым и унафэщIым и къуэдзэу щыта Георгий сымэ. КIулэ и щхьэгъусэ Хьэбалэ, и адэр пасэу фIэкIуэду, езым щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну Iэмал имыIами, творческэ цIыхухэм, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм пщIэ яхуищIырт, адыгэ литературэм, театрым дахьэхырт.
- Театрым и артистхэм абы щыгъуэм къуажэ-къуажэкIэрэ къакIухьырт спектаклхэр щагъэлъагъуэу. Утыкум къыхуигъэщIахэу ТIыхъужь Алий, Къаздэхъу СулътIан, Мысостышхуэ Пщызэбий сымэ, нэгъуэщIхэми я джэгукIэр щызрагъэлъагъуфыну махуэхэм пэплъэрт Хьэбалэрэ КIулэрэ. Еплъа иужь лэжьыгъэр къазэрыщыхъуар жаIэжу, артистхэм я джэгукIар зэпкърахыу щыст. Апхуэдэ унагъуэм бын Iей къихъуэнт?! Зэрыщытыпхъэр, ящIэн хуеймрэ ящIэ мыхъунумрэ лейуэ щытепсэлъыхьтэкъым Мыкъуэжьхэ я унагъуэм, «щэ жыпIэ нэхърэ зэ ебгъэлъагъумэ нэхъыфIщ» жыхуиIэр зэрыхьэкъыр ящIэрт.
- — Гъуазджэм хуаIэ фIылъагъуныгъэм и закъуэтэкъым ди адэ-анэр зэзышалIэр. ГъащIэм хуаIэ еплъыкIэмрэ я гупсысэкIэмрэ зэрызэтехуэр арагъэнт, псом япэрауэ, а тIур псалъэншэу зыгурызыгъаIуэр, — жаIэ и бынхэм.
- — Ди анэм и дыщыр тпэмыжыжьэу псэурти, дэ абы куэдрэ дыщыIэт, — игу къегъэкIыж КIулэ ипхъу, «Iуащхьэмахуэ» журналым и лэжьакIуэ Людмилэ. — Щэбэт махуэу ди анэ дэлъхухэр къыщызэхуэсыжыр махуэшхуэ пэлъытэт, уэрэдыжьхэр дахэу жызыIэ ди анэшхуэмрэ Георгийрэ къыхадзэу, мыдрейхэр дежьууэ, IуэрыIуатэ хъыбарыжьхэр жаIэжу зэхэсхэт. Ди сабиигъуэр таурыхъым ещхьу къытщагъэхъуат а ди нэхъыжьыфIхэм».
- КIулэ адыгэбзэр куууэ зыхэзыщIэ закъуэтIакъуэм ящыщщ. И дэлъху Бицу Анатоли, и къуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатоли я IэдакъэщIэкI усэхэм я къэпщытакIуэ нэсщ.
- И бынхэу Анатолэрэ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Арсенрэ я япэ егъэджакIуэу щытар КIулэщ, шэч лъэпкъ къытумыхьэуи жыпIэ хъунущ я зэфIэкIхэр я анэм къарита лъабжьэ быдэм тращIыхьа блыныр арауэ зэрыщытыр.
- Мыкъуэжьхэ я унагъуэм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу къыщалъытэр щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэщ. Я ехъулIэныгъэхэр адэ-анэм хуаIуатэу, гуныкъуэгъуэхэм зэгъусэу хэкIыпIэ къыхуагъуэту еса зэанэкъилъхухэр быдэу зэрыIыгъщ, зэ- дэлъху-зэшыпхъухэр зэрызэхущытыпхъэм и щапхъэ нэсу.
- Иджыпсту КIулэ нанэ жьыщхьэ махуэщ, абы къыщIохъуэ къуэрылъху хъыджэбзитI — Ланэрэ Залинэрэ, Ланэ ипхъу цIыкIу Самирэ.
- Узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ щымыщIэу иджыри куэдрэ мы дуней дахэм тетыну КIулэ ехъуэхъу и бынхэм къабгъэдэкI тыгъэщ илъэс зэхуэмыдэхэм Толэ и анэм хуитха усэ сатырхэр, удз гъэгъа пэлъытэу зы Iэрамэу зэхуихьэсыжахэр.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Псалъэ жагъуэ
- Зэгуэрым, семыгупсысу,
- Зы псалъэ къызжьэдэкIат.
- Ар мамэ и гущIэм нэсри,
- И нэпсыр къыщIигъэкIат.
- КIиякъым мамэ. Схуэшхыдэу,
- Зы псалъи къызжимыIат.
- И IэлъэщI кIапэм щэху дыдэу
- И нэпсхэр кIуэцIигъэпщкIуат.
- А напIэзыпIэм си псалъэм
- СыкIэлъыпхъуэнут, слъэкIам,
- Ауэ шэм хуэдэкъэ псалъэр —
- Къимыгъэзэж, пIэщIэкIам.
- СымыщIэу сщIэнур, сыхэплъэу,
- Сэ махуэ псор есхьэкIат:
- Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ
- Щхьэ си жьэм къыжьэдэкIа?
- Сэ шыгъушыпсыпIэм сыхэлъу,
- Жэщ кIыхьри езгъэкIуэкIат:
- Зи псэм щыщ хъуахуэ
- къысхэлъым
- Сэ дауэ сегуэуэкIа?
- Анэгухэм нэхърэ нэхъ пIащIэ,
- Нэхъ махэ умыгъуэтын,
- Зы мыхьэнэншэу
- къыпфIэщIри
- Яхуохъур ахэм удын.
- Дахущывгъэт нэхъ гумащIэу,
- Анэхэм дахуэвгъэсакъ.
- Сэ псалъэ жагъуэ жысIар зэ,
- ЗезгъэIэтауэ си макъ —
- Тенауэ, къупщхьэ
- къысфIэщIу,
- Иджыри фIэлъщ си тэмакъ.
- * * *
- Ирожэ гъуэгум пIащIэу ди машинэр,
- Си анэр сщIыгъуу докIуэ къалэ жыжьэ.
- Блолъэтыр жыгхэр, бгыхэр къыдогъанэ —
- ЩIэ щIэткъым тлъагъухэм, къиднэхэм ди ужьым.
- Машинэм дызэридзэу зэми дехьыр,
- Хъыринэ дисым ещхьу, зэми йощIэ…
- Иригъэша хъунт мы гъуэгуанэ кIыхьым —
- Зеущэхур мамэ, сэ зыкъызегъэщIри.
- Ар жейм здыхэтым хэщэтыкIырт, къащтэрт,
- Абы сэ сеплъырт седэхащIэу псэкIэ:
- Си анэ, жей уэ, жей укъыхэмыщту,
- Иджыри иIэщ дынэсыным Iэджэ.
- Абдежым, сымыщIэххэу, гу лъызотэ
- И щхьэцыр си анэм зэрытхъуам хужьыбзэу.
- И нэкIум телъ зэлъахэми си нитIыр,
- ЖыIэмыдаIуэу, зэуэ сфIытоплъызэ.
- Ар дауэ, гумащIагъэр къызэлыжу
- СфIэщIыжу махуэ къэскIэ сыбдэщIыгъути.
- Иджы сыноплъри, си гум зефыщIыжыр —
- Пхэлъыж щымыIэу, уипхъэхащ уэ жьыгъэм…
- Апхуэдэу щхьэ ухуа мы дунеижьыр —
- Гулъытэр къинэу сыт щыгъуи иужьым?
- Ячыху лъэбакъуэ, хъууэрэ тпэIэщIэ,
- Хохьэжыр пшэхум ди анэхэр дымыщIэу.
- Ирожэ гъуэгум пIащIэу ди машинэр,
- Сыдэплъу абджым нэпсхэр къысфIыщIокIыр:
- Сыкъигъэнауэ къызбгъурыс си анэр
- ЗыщIыпIэ макIуэ, макIуэ сэ сIэщIэкIыу…
- Си анэм деж
- Зауаем илыпщIащ уи сабиигъуэр,
- ХадапщIэм уахэтащ уи къэжэпхъыгъуэм,
- Уэ уащыщащ зыгъэунэхуахэм гъаблэр,
- Пхъэ дамэрыхьми зыхэпщIащ и хьэлъэр…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- ЛэжьапIэм, унэм я кум удэмыкIыу,
- Уи гъащIэр епхьэкIащ хьэзабхэмыкIыу.
- Дакъикъэ быным уатеплъэкъукIакъым,
- Уэ зыри мы дунейм теплъагъукIакъым…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- Зы дыщэхэкIи уэ зыкIэрыплъхьакъым,
- Зы туфлъэ екIуи уэ зылъыптIэгъакъым.
- Сыт хуэдэу уэ уэкIунут бостей лъапIэ,
- ЕкIунут уи лъэхэм алэрыбгъу щабэ…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- Хьэлэлу сыхуэлажьэми къэралым,
- СомитI я кIапэ схузэтеубыдакъым.
- ЦIыкIуфэкIухэр мыхъумэ, арэзы сыкъищIу,
- Зы фэилъхьэгъуи къыпхуэсщэхуфакъым…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- Зы псалъэ дыджи уэ къыбжьэдэкIакъым,
- Уи жагъуэ къащIкIи — жэуап пхуетыжакъым.
- Уи псэ хеищэм къегъэнэху уи нэгур,
- Уи нэгум къегъэнэху узыдэс жьэгур…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- Анэшым сыщыцIыкIум сыкъэнамэ,
- Нэху згъэщт, сыпхуэзэшауэ сыгъынанэу.
- А гъэхэм сфIощI си деж къагъэзэжауэ,
- Сыдэсыжыфкъым къалэм уэрыншауэ…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- Куэд мыщIэу къуажэм сынэIэпхъуэжынущ,
- Уи жьыщхьэр згъафIэу сыббгъэдэсыжынущ.
- Уи щхьэнтэр тыншу узгъэгъуэлъыжынущ,
- Уи шхыныр хуабэу укъэзгъэтэджынущ…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- ЗызэщIэдгъакъуэу, ди Iэр зэрыIыгъыу,
- БжэIупи хади укъыщесшэкIынущ.
- Апхуэдэу уэрэ сэрэ дызэщIыгъумэ,
- Уи баш хьэншакъри сыт зэрыпщIыжынур?
- Дэтхынщи ар — блэкI гуэрхэм еттыжынщ…
- Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
- МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ.