Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр
2018-08-09
- Лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хуэгъэпсауэ Волонтёрым и илъэсым ирагъэжьа «Маяки дружбы» проектым хэтхэр иджыблагъэ ди республи- кэм щыхьэщIащ.
- Проектым ипкъ иткIэ, щIалэгъуалэ гуп Кавказымрэ Поволжьерэ экспедицэ макIуэри, а
- щIыпIэхэм жылагъуэ-псапащIэ Iуэхухэр щалэжь — пасэрей ухуэныгъэхэр къагъэщIэрэщIэж, псыежэххэмрэ псыхъуэхэм-рэ ягъэкъабзэ, щIыпIэхэр зрагъэцIыху, жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ яIуощIэ. А Iуэхум хэт дэтхэнэми и къалэнщ илъэгъуахэр къызэрыщыхъуар и блогым щитхыжыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ а щIыпIэхэр нэхъыбэм къацIыхуну, лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурымыIуэныгъэхэр нэхъ мащIэ хъуну щогугъ къызэгъэпэщакIуэхэр.
- Ди къэралым и хэгъэгу 18-м, КъухьэпIэ Гъунэгъум щыщ ныбжьыщIи 120-рэ проектым хэтынущ. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу абы цIыхуитху хагъэхьащ. ШыщхьэуIум и 3 — 9-хэм ахэр Кавказ Ищхъэрэм, Абхъаз, Осетие Ипщэ щIыналъэхэм щыхьэщIащ. Абы къыкIэлъыкIуэу ныбжьыщIэхэр ирагъэблэгъащ Астрахань, Волгоград, Саратов, Самарэ, Ульяновскэ областхэм, Къалмыкъым, Чувашием, Тэтэрстаным.
- Налшык къэкIуа щIалэгъуалэ гу-пым фIэхъус ярихри, зэIущIэр къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Граждан жылагъуэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и унафэщI КIурашын Анзор. Абы къихигъэщащ проектым мыхьэнэ ин иIэу къызэрилъытэр, къэкIуэнур зей щIалэгъуалэр зэрыцIыхумэ, зэкIэлъыкIуэмэ, лъэпкъ зэгурымыIуэныгъэхэр зэрыкIуэщIынур.
- — Лъэпкъ куэд щыпсэу щIыналъэм зэгурыIуэныгъэ илъын папщIэ, а лъэпкъхэр зэрыцIыхун, я щэнхабзэм и дахагъэр ящIэн, зэрылъытэн хуейщ. А Iуэхухэращ зыхуэунэтIар мы проект гъэщIэгъуэныр, — жиIащ КIурашыным.
- Проектым хэт щIалэгъуалэм жаIащ хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну Iуэхум зэ-рыхыхьар. Абыхэм къыхагъэщащ ди щIыпIэм теухуауэ Интернетым иратхэмрэ езыхэм я нэкIэ ялъэгъуамрэ зэрызэщхьэщыкIыр, мы щIыналъэм щалъэгъуа дахагъэ, гуапагъэ псомкIи Iэмал имыIэу я щIэджыкIакIуэхэм зэрадэгуэшэнур.
- Къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Налшык дэтым.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Холлаевэ Марзият трихащ.