ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФIыщIи щытхъуи яхуэфащэщ

2018-07-17

  • Зауэм и лъэужьыр зэманым щIиуфэ хуэдэт, ауэ абы зеиншагъэрэ къулейсызыгъэу къытхуихьар къыпхуэмыбжыным хуэдизщ. ХэкIуэдахэм ящыщ куэдым я кIуэдыкIамрэ къыщIамыгъэзэжамрэ я щхьэусыгъуэр нобэр къыздэсым зыми ищIэркъым. Гуауэрэ тхьэмыщкIагъэу цIыху гъащIэм къыщыхъуу хъуар а зауэр щекIуэкIа дыдэм халъхуа сабийхэми ягъэващ.

  • Бахъсэн Максим къыщалъхуар зауэр Къэбэрдейм иджыри къэмысауэщ. Абы и адэр, бынищым щхьэщачри, къэралыр ихъумэжыну зауэм дашат. ЩIэх дыдэу хъыбар къэIуат ар зэрымыпсэужымкIэ. Макс (апхуэдэут щыцIыкIуам абы зэре-джэу щытар) и анэр фызабэу къыщынам щIалэ дыдэт. И щхьэгъусэм къыщигъэзэжыным пэплъэу, и лIым и фэеплъу унэм къыщIина пыIэм ечэнджэщ защIэурэ, и бынищыр ипIащ.
  • Макс и анэм сыт къыжримыIэми, къэгъазэ имыIэу ищIэнут. Апхуэдэурэ шко-лым щIотIысхьэри, ищхьэ классым нэса-уэ, губгъуэм мэкъуауэ яшэн хуей мэхъу. А зэманым къэрал унафэр ткIийт, жаIэр пщIэн хуейуэ, ущхьэхи укъикIуэти хъунутэкъым, умыдэIуэныр емыкIу зыпылъ Iуэхуу ябжырт.
  • — ЩIалэ цIыкIухэр пщыкIуплI дыхъуу, зы егъэджакIуэ, Шумэ, къыткIэлъыплъыну гъусэ къытхуащIри, мэкъуауэ дыкIуэну гъуэгу дытеуващ, — гукъэкIыж сырхэр и нэгум къыщIохьэж Максим. — Гъуэгуанэр егъэлеяуэ кIыхьт икIи гугъут, ауэ къэдгъазэ хъунутэкъым, «напэтех» къытфIащынут. Бгылъэ щIыналъэт, гъуэгум и бгъунлъагъымрэ и задагъымрэ шынагъуэт. МашинэкIэ урижэн сщIэркъыми, ерагъыу лъэсу къыщыпкIухьыф къудейт — зы лъэныкъуэмкIэ бгыр джафабзэт, сэкIэ гуаупсыкIам ещхьу, екIуэкIыпIэри щыхупIэ защIэт, мывэ гъэжа зэпытым хуэдэу. Адрей лъэныкъуэри джабэщIу задэт, а бгитIым я зэхуакур, уеплъыхамэ уи нэр нэмыплъысу, къуэ куут, псышхуэр хъущIэу щежэхыу.
  • Гупыр хьэлъэзешэ машинэ дису докIуэ, зы лъэныкъуэмкIэ машинэм щIэлъ шэрхъ зэгуэтыр щIым тету, адрейр жьым хэту. А щIыпIэм машинэкIэ зэи зыри ихьатэкъым, ауэ дэ лIыгъэм зедгъэхьурэ докIуэ. А зэманым техникэр мащIэ дыдэти, дыхэнами, дыкъыхэзычыжын машини дгъуэтыххэнутэкъым, зыщIыпIэ дыщыхуами, зы зэман зэ дыкъагъуэтыжынкIэ хъунт.
  • Машинэр зэрызекIуэ хъуну гъуэгур иухащ. МэкъупIэу зыхужаIам дынэсын папщIэ, адэкIэ иджыри километриплI хуэдиз лъэс защIэкIэ ткIужын хуейщ. Ди гъуэмылэри, дызыщIэсын чэтэн унэхэри, ди тепIэнщIэлъынри, шэмэджхэри, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэри къыздэтщтати, ахэр псори дамащхьэ защIэкIэ дэтлъэфын хуей хъуащ.
  • Зыдгъэпсэхуурэ дыкIуэ щхьэкIэ, бгылъэ щIыналъэ дэгъэзыкIыгъуэхэм, ебгъунлъэкI гъуэгуанэ кIыхьым зэрыхэдгъэщIыр гугъу дыдэ дыдехьурэщ, ди къарум дыхигъэIэбэурэщ. Къыздэтщта кIэртIоф, къэбыстэ хуэдэхэр хьэлъэт, тхудэхынутэкъыми, кумб гуэр къэдгъуэтри итлъхьащ. ИужькIэ ахэри тIэкIу-тIэкIуурэ дгъэIэпхъуэжащ. А лъэхъэнэр зауэ нэужьти, къэралыр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи къулейсызт. ЦIыхухэр, хэщIыныгъэу яIам къищынэмыщIауэ, ныбэкIи хуабжьу гугъу ехьащ.
  • Ди гуп цIыкIум бгыщхьэ тафэм здэтлъэфа ерыскъыр къытIэщIэухати, «шхын къэсшэнщ», — жиIэри, гупым ди уна- фэщI Шумэ къуажэм къехыжащ, дэ, щIалэ гупыр, губгъуэм дыкъыхинэри. Зы махуи, махуитIи, тхьэмахуи кIуащ, ди нэхъыжьыр нэкIуэжыркъым. Шхын щхьэкIэ долIэ. Дылэжьэн сщIэркъыми, дыкъэмытэджыжыф хъуащ.  Лъэрымыхь дыхъуащи, дыкъомэх.
  • «Ярэби, мэзым дыкIуэмэ, тшхын щыдгъуэтыну пIэрэ?», — жытIэри, дежьащ. КилометритI хуэдизкIэ дыкIуауэ, жыгым абрикос пыту къэтхутэри тшхащ, ауэ, итIани, дыкъарууншэщ. Щымыхъужым, къэбыстафэ, кIэртIофыфэ хыфIэддзэжахэм дахэщыпыхьыжу дыхуожьэ. Ахэри доух, домэжалIэ. Апхуэдэурэ махуиблыр кIуащ. Ерыскъы щхьэкIэ долIэ. Унэм дыкIуэжынущи, дыкъарууншэщ, гъуэгуанэри кIыхьщ. «ФынакIуэ, дывгъэгъэзэж», — жеIэ зы нэхъыжь къытхэтти. «ФынакIуэ», — жыдоIэри, дыкъызэщIотаджэ. ЩIалищым шэмэджхэр къыдогъанэри дыкъожьэж, адрейхэм яIыгъхэр я адэхэм я фэеплъти, къыздащтэж.
  • Дыкъежьэжа щхьэкIэ, дыкъэкIуэфыркъым, доджалэ, дыкъарууншэщи. Шэмэдж зыIыгъхэми хыфIадзэу хуожьэ. Ди щхьэр унэм тхьыжыну дыхуеIэ щхьэкIэ, дыкIуэфыркъым. Шхын щхьэкIэ долIапэ. Хэт къомэхри къыщыдолъэфыж, зыр адрейм тоджалэ. Апхуэдэурэ километриплIыр лъэсу къэткIуащ. Абы гугъуехьу текIуэдамрэ зэману ихьамрэ тщыщхэм ящIэжыркъым, зым адрейр губгъуэжьым къызэридмынэн яужь дитащ армыхъуамэ.
  • МашинэкIэ дызыпхыкIауэ щыта гъуэгум дыкъэсыжащи, абы дытету докIуэ. Къуажэм езыгъэзыхыж зекIуапIэр зэхуэщIат, мы дунейм теттэкъым абы машинэкIэ узэрыщхьэпрыкIыфыни укъызэрыдэкIыфыни. Тонн мин бжыгъэ хъунт ятIэрэ мывэу абдежым къыщехар. ЩIы зэтелъэлъар Iуащхьэ задэу ди гъуэгуанэм къыпэуващ. Сытыт тщIэнур? Джабэ нэкIум аргуэру дегъуэлъэкIащ, дыкъарууншэ дыдэщ, дыпсэлъэжыфыркъым. Дыджэнущи, ди макъ къикIыжыркъым. Зыгуэрым дыкъилъагъуну е дызэхихыну дыхуей щхьэкIэ, зыри тхуэгъэкъарукъым. Языныкъуэхэм деж къэхъуахэри хуиту къысхуэгубзыгъыжыркъым, ди нэхэр зэтепIауэ дызэрыщылъар нэхъыбэщ.
  • Ауэрэ си щхьэкIэ, «лIыгъэ зыхэдмылъхьэу хъунукъым» жызоIэри, сыкъызэфIотIысхьэ.
  • Псори, аргуэрыжьу, дыкъызэфIоувэри джабэ нэкIум зыдогуашэ. Мы зы лъагапIэм зытIэтыжыфатэмэ, адэкIэ къуажэм хуиту дызэрыдэплъэнур си гурыфIыгъуэт. Ди къарум дызэрыхэIэбэр зыхэтщIэжу, ди лъэ къызэрихькIэ джабащхьэм дыдопщ.
  • «Мес, мес!» — жиIэри къэгуоуащ дэ къытхуэгузавэу зэхэт гупым яхэт, япэу гу къытлъызыта Шумэ. Дэри, тхьэмахуэм щIигъукIэ ерыскъы тIумыхуауэ ди псэр унэм нэтлъэфэсыжу арати, къытхуэгузавэ гуэрым дыкъызэрилъэгъуар къыщытщIэм, ди гур мамыр хъужри, бгыщхьэм дытеукIуриящ щIалэ цIыкIу пщыкIуплIри.
  • Зы дакъикъи емытIысэхауэ, дэ щхьэкIэ гузасэу зэхэту арат ахэр. Партым и райкомым и япэ секретарым и машинэр щытт, ерыскъым я нэхъыфI дыдэр илъу. «Победа» щIыхут а зэманым щыIар, секретарым ейуэ. Абы и гъусэу щытщ колхозым и председателыр, шхын нытхуишэну къехыжа ди егъэджакIуэр, нэгъуэщIхэри. Сытми, машиниплI хъурт къызэдежьахэр. Ар егъэлеяуэ пщIэшхуэ къызэрытхуащIыр, къызэрытхуэгузавэр къэзыгъэлъагъуэт. Бгым зэрыгъэкIийуэ, гуфIэщауэ ныкIэрыхьэхэри, къыддэIэпыкъуурэ дыкърашэхыжащ.
  • «ФыкъитIысхьэ», — жиIащ япэ секретарым. ЩIалэ цIыкIуийр си гъусэу «Победа»-м зыдогъахуэ. Адрейхэм борт зиIэ машинэм зрагуашэри, псори къуажэм дыкърашэхыжауэ щытащ.
  • НыбэкIэ гугъу ехьа щIалэ гупым тIэкIу-тIэкIуурэ къыпаупщIу къыдату арат «голландскэ» жыхуаIэ кхъуейр (ар япэу щысшхари абдежыращ), «ямызэгъмэ» жаIэри. Шхыным дыщыужат, пэжу. Абы иужькIэ япэ секретарыр къуажэм къыдэкIуейри собранэ дищIащ, щытхъу тхылъхэри къыдитауэ щытащ, — жиIэжырт Максим.
  • А гупыр гугъу зэрехьам, бэлыхьрэ хьэзабу ягъэвам ущегупсысыжкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. ИкIи, къызэрыслъытэмкIэ, фIыщIэрэ щытхъушхуэрэ яхуэфащэщ а зэманым лIыгъэ зыхэлъа щIалэ цIыкIу пщыкIуплIми.
  •  ЩОДЖЭН  Риммэ.
  • Зеикъуэ  къуажэ